Гъуэгуанэ купщIафIэ
2018-10-11
- Зи нэм имылъагъухэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм (ВОС КБР) иджыблагъэ игъэлъэпIащ IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщ-рэ илъэс 90 зэрырикъур.
- Махуэшхуэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, министерствэхэм, КъБР-м и Профсоюз IуэхущIапIэхэм я зэгухьэныгъэм я лIыкIуэхэр, дин, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
- Зэхыхьэм ягу къыщагъэкIыжащ Зи нэм имылъагъухэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къикIуа гъуэгуанэр, апхуэдэуи абы и лэжьакIуэхэр дамыгъэ лъапIэхэмкIэ ягъэпэжащ.
- IуэхущIапIэр хущIокъу мащIэу фIэкIа зи нэм имылъагъухэр гъащIэм хэшэным, егъэджэным, апхуэдэуи лэжьапIэ къахуэгъуэтыным. Мы зэманым абы зи нэм имылъагъу цIыху мини 2-м нэблагъэ хэтщ.
- Зэхыхьэм кърихьэлIахэр еплъащ ВОС-м и район къудамэхэм хэтхэм я IэкIэ ягъэхьэзыра хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэм. Ахэр щэкIым, пхъэм, хьэпIацIэщыгъэм, тхылъымпIэм къыхащIыкIат.
- Къызэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъэзащ IуэхущIапIэм и унафэщI Шэрэдж Ларисэ. Абы махуэшхуэм зыкърезыгъэхьэлIахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи жиIащ зэгухьэныгъэм и лэжьа-кIуэхэр зэкъуэту, гууз-лыуз яIэу зэрыщытым и фIыгъэкIэ сыт хуэдэ я гугъуехьри къызэранэ-кIын зэрахузэфIэкIыр.
- Республикэм зи нэм имылъагъухэм папщIэ япэ лъэщапIэхэр (кIапсэхэр зэраухуэным, хадэхэкIхэр зралъхьэ матэхэр зэращIым щыхуагъасэу) Май къалэм 1935 гъэм къыщызэIуахауэ щытащ. Абы щыгъуэм апхуэдэ IуэхущIапIэхэр ВОС-м Ставрополь крайм щиIэ правленэм и нэIэ щIэтт. Къыхэгъэщыпхъэщ Хэку зауэшхуэм и зэманым зауэлIхэр зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр къызэрыщIагъэкIыным зэгухьэныгъэм хэтхэми я гуащIэ зэрыхалъхьар.
- КъищынэмыщIауэ, Зи нэм имылъагъухэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм гулъытэ хэха хуещI ныкъуэдыкъуэхэр унэкIэ къызэрызэрагъэпэщым- рэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэмрэ.
- — Зи нэм имылъагъухэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм нобэ щIыналъэ къудамэу 75-рэ иIэщ. БлэкIа илъэс 90-м Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм нэрылъагъу ищIащ и мыхьэнэмрэ сэбэпынагъымрэ. Сыт и лъэныкъуэкIи абы ныкъуэдыкъуэхэм защIегъэкъуэф, гъащIэм ахэр хэгъэзэгъэным йогугъу. Сыщогугъ адэкIи апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм ар тетыну, — жиIащ Зи нэм имылъагъухэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и правленэ нэхъыщхьэм и унафэщI Неумывакин Александр. Абы IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI тыгъэхэр зыхуагъэфэщахэм яритыжащ.
- Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ ВОС-м щэнхабзэрэ спортрэ и тегъэщIапIэу узыншагъэр щрагъэфIакIуэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Баженов Владимиррэ ВОС-м и президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ, ВОС-м и Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дубовик Сергейрэ.
- Апхуэдэуи зэIущIэм хэтащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим, КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулат, КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн, КъБР-м и Парламентым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщIым и къуэдзэ Канунниковэ Татьянэ, цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ КъБР-м уполномоченнэу щыIэ Зумакулов Борис, нэгъуэщIхэ-ри.
- Махуэшхуэр ягъэдахащ республикэм и уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ.
- Бгъэжьнокъуэ Санэ.