Лъагъуныгъэ уэрэд цIэрыIуэхэр
2018-10-11
- Псалъэхэр ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр ейщ.
- Макъамэр Къэжэр Индрис ейщ.
- Си къэшэн
- Бадзэуэгъуэ дыгъэм
- щIыгур къигъажьэу
- Жьэражьэу уэгум къыщиувэкIэ,
- ЗиIэтрэ уплъэмэ, зыгъэукIытэу,
- ЗыгъэупщIыIури сэ си къэшэнщ.
- Тенджызыр губжьрэ тенджызыр
- къиурэ,
- Къэукъубеяуэ щызэрызехьэкIэ,
- Щхьэщыхьэрэ хэплъэмэ, зыгъэукIытэу,
- ЗыгъэувыIэри сэ си къэшэнщ.
- Бадзэуэгъуэ махуэм я нэхъ
- кIыхьыгъуэм
- Аргъынэм Iуту езылъэщIэкIхэм,
- Ягу къыщридзэкIэ шэмэдж дэдзэнхэр
- Ящызыгъэгъупщэри ар си къэшэнщ.
- Мэлыхъуэ цIыкIухэу Къущхьэхъум
- тесхэу,
- Гъатхэри бжьыхьэри зылъэзыгъэIэсым,
- Я гъуэмылашэр щалъэIэсыжкIэ,
- КъызэреупщIри сэ си къэшэнщ.
- Пщыхьэщхьэ пшапэм си мыIуэхущэу
- Гупэ уэрамымкIэ зыщыблезгъэхкIэ,
- Тхылъым бгъэдэсу нэхур зыгъэщу
- Слъэгъуа хъыджэбзри сэ си къэшэнщ.
- Пщыхьэщхьэ пшапэм еша-елIауэ
- ЛIы гуп зэхэсым къащыIурыплъэкIэ,
- Зи гугъухэр ящI пэтми яхуэмыухыу
- Нэху къатезыгъащхьэри сэ си къэшэнщ.
- Псалъэхэр Мысачэ Пётр ейщ.
- Макъамэр Балэ Мухьэдин ейщ.
- Хэплъыхь — Iыхьэншэ
- Си ныбжьэгъухэм сахэплъамэ,
- Щэхуурэ сохъуапсэ,
- Сэ си закъуэ фIэкI къэнакъым
- ЗимыIэ щхьэгъусэ.
- Ежьу:
- Хэплъыхь-Iыхьэншэу,
- Сыщхьэгъусэншэу
- Илъэсхэр макIуэ,
- Уей!
- СыщыщIалэм зызгъэпагэу
- СщIырт сэ хэплъыхьищэ,
- Дахэ псоми дагъуэ хуэсщIырт,
- СфIэщIу схуэмыфащэ.
- Ежьу
- Хъыджэбз цIыкIухэм сайпсэлъамэ,
- «ЛIыжь къунан!» — къызжаIэ,
- А жэуапым си гур си бгъэм
- Мылу щегъэщIыIэ.
- Ежьу
- Щхьэцхэр ещхьми бжьыхьэ жэпым,
- Гъатхэу си гур щIалэщ,
- Си пыIэщхъуэм и щIагъ щIэткъым
- Ноби сэр нэхъ щIалэ.
- Ежьу:
- Хэплъыхь-Iыхьэншэу,
- Сыщхьэгъусэншэу,
- Си гъащIэр схьынкъым,
- Уей!
- Псалъэхэр Къуэдзокъуэ Хьэсэнейщ.
- МакъамэрДаур Аслъэн ейщ.
- Уэрэ сэрэ
- Мы уэрэдыр хэкIуэтауэ пхуэзусами,
- Мы си щхьэцым уэс мыткIужыр
- къытесами,
- Сэ къысфIощIыр уэрэ сэрэ
- Япэу нобэ дызэхуэзэу.
- Уэрэ сэрэ, уэрэ сэрэ
- Япэу нобэ дызэхуэзэу.
- ГъащIэ гъуэгур къыттехьэлъэу
- къыздэткIуами,
- Гугъуехь псоми дызэгъусэу
- дытекIуами,
- Сэ къысфIощIыр уэрэ сэрэ
- Гъуэгум нобэ дыздытехьэу.
- Уэрэ сэрэ, уэрэ сэрэ
- Гъуэгум нобэ дыздытехьэу.
- Бгым дыдэкIыу къехыжыпIэм
- дыкъэсами,
- Пщэдей махуэр гум зыхищIэу
- къеIусами,
- Сэ къысфIощIыр уэрэ сэрэ
- Гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъу.
- Уэрэ сэрэ, уэрэ сэрэ
- Гъуэгуанэшхуэ къытпэщылъу.
- Псалъэхэр Бицу Анатолэ ейщ.
- Макъамэр Жырыкъ Заур ейщ.
- Къосыр уэс11
- Къосыр уэс,
- Къосри — жьыбгъэм кърехьэкI.
- ПIащэу, щабэу…
- ЩIылъэ псор еуфэбгъу.
- Сэ уэращ… Уэ зыр нобэ сигу укъокI:
- Уэс къыщесыр фIыуэ уэ уолъагъу.
- Къосыр уэс,
- Ар къыстосэ си закъуэ.
- Уэ нэгъуэщIым иджы удэщIыгъущ.
- Сыныппоплъэ, дахэ,
- сигу пхуэныкъуэу:
- Уэс къыщесыр фIыуэ уэ уолъагъу.
- Къосыр уэс… Си гум уэ укъэкIауэ
- Гурыгъу мафIэм си бгъэр ес.
- Сигу уизгъэхужынут уэ куэд щIауэ,
- Уэ уизгъэхужынут си гум, ауэ
- Къосыр уэс… Къосыр пIащэу,
- щабэу уэс…