ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ДжатитI зэдэзыгъабзэ  Ахъмэт МуIэед

2018-10-11

  • Иджыблагъэ и ныбжьыр илъэс 70 ирикъуащ «Адыгэ амазонкэхэр» романыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Ахъмэт МуIэед. А тхылъым еджа куэдым къагъэлъэгъуащ ар иужьрей зэманым лъэпкъым къыхэхъуа фIыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу къызэралъытэр. ЩIэныгъэлIхэм, критикхэм, жаIэм къищынэмыщIауэ (абыхэм мыхьэнэ ямыIэу къэтлъытэу аракъым), цIыху къызэрыгуэкIхэм зи гугъу ящI а тхылъым теухуауэ ягъэIу щытхъум адыгэ лъэпкъым укъызэрыхэкIам уи щхьэр лъагэу уегъэлъагъуж. УщымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым романым теухуауэ Интернетым къралъхьэхэм. Япэрауэ, «Амазонкэхэр» «Нарт» эпосым ущымыгъуазэмэ — къыбгурыIуэнукъым, и фIагъри нэсу пхузыхэщIэнукъым. ЩIалэгъуалэр а тхылъым зэры-тепсэлъыхьыр IэхъуэгъуэтегъэкIыукъым, атIэ тхыдэмрэ эпосымрэ я тегъэщIапIэущ.

  • Дэтхэнэ тхакIуэм дежкIи нэхъ лъапIэр и Iэпэ къыпыкIар къагурыIуэнырщ, ар зэхащIыкIынырщ, дерс къыхахынырщ. Тхылъым и купщIэм и кууагъыр, тхыдэм дежкIэ иIэ мыхьэнэр къэгъэнауэ, абы къыщыхъу дэтхэнэ зы Iуэхури гъащIэм ухуэзыущийщ, узэщIэзыузадэщ. Тхылъым къемыкIу, къемызэгъ хэту къалъытэу ар «хьэрэм» зыщIахэм яхуэгъэзауэ жысIэнут: уи адэшхуэ-анэшхуэр узэрыхуейуэ я щIалэгъуэм зэрумыгъэпсэуфынум хуэдэу, тхыдэми ухуэIэмалын-шэщ, ауэ дэтхэнэми ди къалэнщ абы зыщыдгъэгъуэзэну.
  • Къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу «Адыгэ псалъэ» газетым папщIэ интервью дэтщIыну дызэпсэлъа Ахъмэт МуIэед Къанжэ Iуащхьэр зэIущIапIэу къызэрыхихари гъэщIэгъуэн тщыхъуащ. ТхьэIухудхэм ятеухуауэ тхылъитI и Iэдакъэ къыщIэкIами, гурыIуэгъуэт ар зымыутIыпщ гупсысэ гуэр и гущIэм щегъуэлъхьэхауэ зэрихъумэр. Абы и жэуапри, Ахъмэтым и гъащIэм теухуауэ гъэщIэгъуэну къыджиIахэри ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.
  •  
  • Къанжэ Iуащхьэ
  • Сэ куэдрэ сокIуэ Амазонкэхэм я Iуащхьэм (Кэнжэ деж); а Iуащхьэм епхауэ хьэлэмэт гуэри си гъащIэм къыщыхъуащ. Зыбжанэрэ къыхэнэжауэ ди классым щIалэ тыкъырыфI щIэст, шкIэ фермэм щылажьэу. Илъэс 14 дыхъуу арагъэнт, си ныбжьэгъумрэ сэрэ шыдыгукIэ пхъашэ дыкIуэу, абы дрихьэлIэри, шкIэхэр хуэдгъэхъумэ, езым гум из пхъэ къытхуишэну къыщыдэлъэIум, арэзы дыхъуащ. ЩIалэр дутIыпщри, дэ Ныуэжь кIагуэ и Iуащхьэм деж кIэрыт жыгым дыщIэтIысхьащ. Си гъусэм кIагуэ дытар иубгъури, жеящ. Сэ мыр солъагъу. Ишри и Iэщэ-фащэри нэр къыпхутемыхыу зэщIэлыдэу, езыр хур хъыджэбзым хуэдэу дахэу зы пщащэ къызбгъэдохьэ. Шым къепсыхщ, къызбгъэдэтIысхьэри, зыри жимыIэу заулрэ къызбгъэдэсауэ, пхъашэ кIуар къэсыжу къыщыгуом, тхьэIухудым и шым зытридзэжри, къысхуеплъэкIыу-рэ бзэхыжат. ГъэщIэгъуэнракъэ, сыжеяуи сщIэжыркъым абдеж. ИтIанэ, пасэрейм лъэрыгъ зэрыщымыIар къыщысщIар зэман дэкIыжа иужьщ (IV лIэщIыгъуэм Индием къыщежьауэ аращ лъэрыгъыр). Cи нэгу къыщIыхьа хъыджэбзми и шыр лъэрыгъыншэт.
  • ГъэщIэгъуэнракъэ, Амазонкэхэм я Iуащхьэм сыщытетым деж абыхэм ятеухуауэ нэхъ согупсысэф. Ашэмэз и хуейр, Къанжэ унэр здэщытар, псынэр, бжыхьищэр — абдежщ псори. ИджыкIэ а щIым жыг хасэри зэфэзэщ ящIащ, армыхъумэ, псори зэхэгъэщхьэхукIауэ щытащ.
  • Амазонкэхэр зэрыщыIам и щапхъэ диIэщ адыгэхэм. Псалъэм папщIэ, хьэгъуэлIыгъуэ щекIуэкIым деж нысэ зыхуаша гуащэшхуэм, гъы нэпцI зищIу- рэ, «Адыдыд мыгъуэ, нэщIгъущIыдзэ къытхуашащи, сишхынущ»,- жиIэурэ пщIантIэм дож. НысащIэм зы гуп и гъусэу макIуэри, нанэм еубзэурэ къашэж. Ар зы, етIуанэрауэ, нысащIэм и щхьэтепхъуэр нобэми къамэщ е башщ зэрытрахыр. Амазонкэхэр зэхакъутэн ипэкIэ чэщанэм зырызурэ къыдэкIыурэ лIы иратыну гурыIуауэ щытащ. Я хьэпшыпыр яIэщIэлърэ шыр Iэдэжу яIыгъыу къыдэкI тхьэIухудхэм я ныбжьымкIэ еупщIырти, абы хуэкIуэу езыхэм яIэ щIалэм иратырт. Ауэ зэщхьэгъуситIыр щхьэхуэ хъуа и ужькIэ щхьэтепхъуэ щIагъым хъыджэбзудхэм щагъэпщкIуа къамэмкIэ щIалэр яукIыурэ щIэпхъуэжи къахэкIырт. Ар къащIа иужькIэ, щхьэтепхъуэр бжьыпэ-кIэ трахыу кърагъэжьат. НэгъуэщI зы гъэщIэгъуэни щыIэщ. Къанжэ унэр здэщытам и Iэхэлъахэм укIуауэ, мэзым ущIыхьауэ абы зы тыхь гуэр къыщIумынэу укъыщIэкIыж мыхъуну къалъытэрт. Армырамэ, Iэмал имыIэу зыгуэр къыпщыщIынут. Ар къуажэдэсхэми ящIэрт, сэри згъэунэхуат куэдрэ.
  • Амазонкэхэр къызэрежьар
  • Илъэситху ныбжьым ситу арат си адэшхуэм амазонкэхэм ятеухуа хъыбар япэу къыщызжиIэжам. Абы щегъэжьауэ адэшхуэр псэуху зы махуэ къэмынэу сыкIэрысащ, нэхъыбэ къасщIэмэ сфIэфIу. Си анэмрэ абы и нысэгъумрэ жаIэу щызэхэсх щыIэт: «А псор сабийм щIыжриIэр сыт, къыгурыIуэ щыIэкъым абы иджыри?»
  • ПцIыт ар, сэ къызгурымыIуэ зыри хэттэкъым абы. А хъыбархэм си дежкIэ яIэ лъапIагъыр тIукIэ игъэбагъуэрт ар къызэрызжаIэж бзэм и дахагъым. Си адэшхуэм хуэдэу адыгэбзэ дахэрэ къабзэрэ зыIурылъа срихьэлIакъым. Ар дунейм щехы-жам гъащIэр къыстеункIыфIауэ къысщыхъурт.
  • Сэ къысфIэщIырт амазонкэхэм я хъыбарым псори щыгъуазэу. КъызэрыщIэкIамкIэ, зымыщIэр нэхъыбэт. Си адэшхуэм ар тхылъу къыдэзгъэкIыну игу къэмыкIагъэнкIи хъунщ, ауэ, хъыбарыр имыгъэкIуэдыжын мурад иIэу, сигу изубыдэну къызэлъэIурт.
  • Насып сиIэти, гурыхуагъэкIэ Тхьэр къысхуэупсат, армыхъумэ апхуэдиз хъыбарыр сигу схуиу-быдэрэт?! Курыт еджапIэми университетми гугъу сехьу зы махуэ сыщеджакъым — си гурыхуагъэм и сэбэп къызэкIащ. Илъэсрэ ныкъуэрэ сыщыхъум кIэлош цIыкIурэ цылъэпэд хужьрэ сщыгъыу ятIэм сыхэнауэ зэрыщыта нэгъунэ сощIэж (ятIэм сыкъыхачыжри, кIэлошыр къэнати, зызукIыжу сыгъат). Си анэшхуэр илъэс-рэ ныкъуэрэ сыхъуу дунейм ехыжащ. Ар къызэрызэдэхащIэу щытар, абы и Iэ щабэхэр нобэми си нэгу щIэтщ. Иджыблагъэ зэныбжьэгъухэр дызэхуэсауэ дыщыцIыкIуар дигу къэдгъэкIыжырти, первэ ныкъуэм дыщыкIуам ящыгъахэр яжесIэжати, хуабжьу ягъэщIагъуэрт. АбыкIэ си щIалэри, къуэрылъхухэри сэщхь хъужащ. А псор щIыжысIэращи, а гурыхуагъэм и фIыгъэщ амазонкэхэр дунейм «къызэрытехьар».
  • Филолог-тхыдэдж благъэ диIэ-ти, абы зыхуэзгъазэри амазон- кэхэм я гугъу хуэсщIати, ахэр щымыIауэ, сэ зи гугъу сщIыр таурыхъыу жиIэри, пIалъэкIэ си Iуэхур зэпиудат. Зэман дэкIауэ, «Нарт» эпосымрэ амазонкэхэм-рэ зэпыщIэныгъэ быдэ зэраIэр згъэунэхури, нэгъуэщI тхыдэдж гуэрым зыхуэзгъэзати, абыи жэуапыншэ сищIат.
  • Си гупсысэхэмрэ тхылъымпIэмрэ
  • Камчаткэм ухуакIуэу зэманкIэ сыщылэжьащ, щIымахуэм щIыIэ дыдэ хъуауэ, щакIуэ пщыIэм сыщIэсу адыгэбзэкIэ стхын къезгъэжьауэ щытащ тхылъыр. А щIыпIэм ухуакIуэхэр зэрыщымымащIэм къыхэкIыу лэжьыгъэншэ зэи дыхъуртэкъым, уеблэмэ, хущIыхьэгъуэ щыдиIэри зэзэмызэт. Сытми, лэжьыгъэ IуэхукIэ щIыпIэ-щIыпIэкIэ къэскIухьу щытати, абыхэм си тхылъыр щыкIуэдат. ИужькIэ, ди щIыналъэм сыкъэкIуэжауэ, хадэм сыкIуэри тхылъыр тхын щIэздзауэ щытащ, сыхуэпIащIэу, апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ згъэтIыгъуа си гупсысэхэр сегугъуу тхылъымпIэм «IэщIэслъхьат».
  • Пэжым ухуеймэ, апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ зэхуэсхьэса лэжьыгъэр тхылъымпIэм тезгъэзэгъа иужь, нэщI сыхъуат. Сызэгупсысын симыIэу сыкъэнауэ схужыIэнукъым, иджыри тхылъ зыбжанэ ирикъун гупсысэ си щхьэм щызызогъэзахуэ. Псалъэм папщIэ Сицилием «Диодор»-кIэ еджэу тхыдэдж гуэр яIэщи, абы етх: «Ди эрэм ипэкIэ илъэс минищкIэ гуэргуэнхэр къакIуэри, Ливиер яубыдащ». «Нарт» эпосым Гуэргуэныжь и хъыбарыр гъэщIэгъуэну къыхощыж. Сэтэней-гуащэ чынтхэм щаубыдам ар щхьэхуит къэзыщIыжыну ежьэ гупым Гуэргуэныжьи гъусэ ящIат. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу чынтхэм я быдапIэм гъунэгъу хуэхъуа нартхэм, я шы пырхъ макъымкIэ къамыщIэн хуэдэу, я шыпэхэр прагъэпхыкIат. Гуэргуэныжь и шыпэр пипхыкIыпэри, шыр мыбэуэфу зэгуэудат. Жылэр къыщIэнакIэу и шыр гъуэгум къытринэн и щхьэ хуимыгъэфащэу и блэгущIэм щIилъхьэри, ар адэкIэ кIуауэ щытащ. Иджы, нэхъ гъэщIэгъуэнращи, урымхэм, индхэм я эпосым, нэгъуэщI лъэпкъхэми я мифхэм апхуэдэу шыр и блэгущIэм щIэлъу зыIыгъ щIалэм и сурэтыр хэтщ, «Горгоны» тетхауэ. Апхуэдэ щапхъэр гъунэжщ.
  • Мазэ ныкъуэ
  • Амазонкэ фIэщыгъэр мазэ ныкъуэращ къызытекIар. Абыхэм я мэIухухэр мазэ ныкъуэ щIыкIэу щытауэ дэфтэрхэм къыхощыж. Дэ хабзэжьу къытхуэнауэ диIэщ, дызыщышынэм и цIэ дыдэмкIэ демыджэу нэгъуэщI зыгуэр къыхуэдгупсысу, (блэ — кIэкIыхь, дыгъужь — щхъуэжь, мыщэ — лъэбыцэжь). Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, хъыджэбзудхэм я цIэ кърамыIуэн щхьэкIэ амазонкэ фIащауэ аращ. «ЦIыхубз IэщакIуэ» жиIэу зэзыдзэкIхэри щы-Iэщ.
  • Тхылъым хужаIахэр
  • Си тхылъыр къыдэкIа иужь, Адыгейм щыщу къыздеджа щIалэ къысфIэнат «Уи тхыгъэм ди анэжьхэр щыбгъэпудащ. Тхыдэр апхуэдэ дыдэу щытами, птхын хуеякъым», — жиIэри. Адыгэхэр фIы дыдэу зылъагъу тхыдэдж Осташкэ Андрей си тхылъым еджа иужь, мы псалъэхэр жиIат: «Мы дунейм тхыдэджу тетым амазонкэхэр ейуэ къызэрыщIрагъэдзын щыхьэт мэлъыхъуэ, уэ уи тхылъыр ахэр адыгэу зэрыщытам и щыхьэт нахуэщ».
  • «Нарт» эпосыр зыдыгъуа псоми узыр ептащ» — къызжезыIахэри щыIэщ.
  • Тхылъыр къыдэкIа иужь, бий къысхуэхъуахэри мащIэкъым. Романыр щыстхым щыгъуэ тхыдэ дэфтэр щхьэкIэ сызэлъэIуахэм «Утхыдэджкъым, зэрыпщIынур сыт? Уэстынукъым, уухуакIуэмэ, кIуэи, чырбыш телъхьэ. ПтхынуIамэ, сэ къызжеIи, зэгъэкIуауэ стхыжынщ», — къызжезыIахэм тхылъыр къыдэкIа иужькIэ заущэхужащ.
  • Мыри къыхэзгъэщыну сыхуейт, сэ уухуакIуэкъым къызжаIэмэ — си жагъуэ хъунущ, си IэщIагъэр аращи, ауэ утхакIуэкъым къызжаIэкIэ си щхьэм иризгъэжэнукъым. Адыгэм ущиубми къыщыпщытхъуми иригъэлейуэ и хьэлщ. Си романыр классикэу къэзылъыти, мыхъумыщIэ дыдэу жызыIи срихьэлIащ. Сэ тIумкIи сыарэзыкъым. Классикэр сэракъым, зи гугъу сщIы Iуэхурщ. Апхуэдиз къарурэ зэманрэ зытезгъэкIуэдар цIыхум къагурыIуэмэ, сэркIэ насыпщ.
  •  
  • ЩIакхъуэ хъурейуэ, гъащIэ джэрэз
  • Сабийхэм уахуэтхэн нэхъ гугъу щыIэкъым, ахэр къэбгъапцIэ хъунукъым. Абы къыхэкIыу сабий тхыгъэхэм хуабжьу куэдрэ согупсыс. Си къуэрылъхур илъэсий ныбжьым иту тренировкэ сшауэ и гъэсакIуэр «Узигъусэр хэт?», — жиIэри къеупщIати, «Сыт, умыцIыхуура си адэшхуэ-тхакIуэр?!», — жэуап иритыжати, къызэрымыкIуэу си гуапэ хъуат. Си къуэрылъхухэм си Iэдакъэ къыщIэкIа сабий усэхэр къанэ щымыIэу гукIэ ящIэ, итIанэ дауэ цIыкIухэм уазэрыхуэмытхэнур?!
  • Илъэс куэд щIауэ сабийхэм сахуэмытхауэ, 1973 гъэм, Камчаткэм сыщыIэу нысхуахьа «Iуащхьэмахуэ» журналым (Iэ тездзауэ абы нысхуэкIуэрт адыгэ газет, журналхэр) Нало Заур хуабжьу къыщысщытхъуу тету сыкъеджати, дамэ къыстригъэкIам хуэдэу тхэн щIызигъэдзэжат. Пэжым ухуеймэ, усэр гугъу дыдэущ къызэрызэхъулIэр. Куэдым хуэдэу, сэри щIакхъуэ хъурейм сыкIэлъыжэурэ си гъащIэр кIуащ.
  • Бланэ щалъху мэкIуэж
  • Камчаткэм гъащIэ хьэлэмэт щокIуэкI. Пэжым ухуеймэ, абы щыпсэу цIыхухэр егъэлеяуэ хьэлэлщ, цIыхуфIщ, я дзыхь зэ къуагъэзамэ, игъащIэкIи къыпхуэпэжынущ. Абы и щIыуэпсым и беягъым и гугъу умыщIыххэ! Сыт и лъэныкъуэкIи ди Iуэхур щефIакIуэрт а щIыпIэм, ауэ си щIалэр хамэ щIыпIэм къызэрыщыхъум гупсэхугъуэ къызитыртэкъым. Хэкум и IэфIагъымрэ, къуэпсым и къарумрэ зыхимыщIэу къэнэнкIэ сышынэрт. И анэр зэрынэгъуэщI лъэпкъым емылъытауэ, си щIалэм адыгэбзэ фIы дыдэу езгъэщIат, ауэ лэжьыгъэ IуэхукIэ сыкъэтамэ, урысыбзэкIэ фIэкIа мыпсэлъэжу сыкъэкIуэжырт. «АдыгэбзэкIэ ущIэмыпсалъэр сыт?» сеупщIмэ, «Папа, у меня рот уже сломался»,- къызжиIэрт. Ар илъэсищ щыхъум хэкум дыкъэкIуэжати, сэ сщIэм хуэдиз адыгэбзэ ищIэу къэсшэжат. Абы адыгэбзэр зэрезгъэщIам и щэ-хур зыщ — ар куэдрэ зэрызэхихарщ. Таурыхъ куэд дыдэ адыгэбзэкIэ жесIэжауэ щытащ абы. Пщыхьэщхьэ къэс зэи зэхимыхауэ зы таурыхъ хуэсIуэтэжын хуейт, итIанэ «Пшагъуэм хэт цыжьбанэ» урыс шыпсэр адыгэбзэкIэ жезмыIэжмэ, пщэдджыжьым сабийр адыгэбзэкIэ къызэпсэлъэнутэкъым. Ар къэуша иужь и Iэпкълъэпкъыр хуэсшытIэурэ, хьэкIэкхъуэкIэхэр къедбжэкIырти, итIанэт унэм сыкъыщыщIэкIыр. Абы зэман хухэсхыфын папщIэ лэжьапIэфI дыдэу зыбжанэ зэсхъуэкIын хуей хъуат. НэгъуэщIу хамэбзэм упэлъэщынукъым.
  • (Ахъмэт МуIэед и къуэ Юрэ КъБКъУ-м экономикэмкIэ и факультетым щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ. Инджылызым щыIэ Манчестер къалэм и Техникэ университетым аспирантурэр къыщиухри, кандидат лэжьыгъэри щыпхигъэкIащ абы. КъБР-м къигъэзэжри, Информацэр хъумэнымкIэ къудамэм и унафэщIу банкым уващ (информацэр хъумэным хуэгъэпсауэ езым зэхилъхьэжа программэ хьэлэмэткIэ банкыр мэлажьэ). АдэкIэ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщIу, Къалэн куэд щагъэзащIэ центрыр къыщызэрагъэпэщым, абы и Iэтащхьэу лэжьащ. Программэ Iуэхухэм пыщIауэ Европэм щынэхъ инхэм ящыщу Москва дэт IуэхущIапIэм ира-гъэблэгъауэ иджыпсту щыIэщ. И щIэныгъэм хигъэхъуэну Инджылызым пIалъэкIэ кIуауэ щопсэу).
  • Насыпым
  • и къигъэхъуапIэр
  • СыцIыху насыпыфIэщ сэ. Алыхьым сэ къызбгъэдилъхьа насыпым хуэдизкIэ селъэIуфынутэкъым. Тхьэм и фIыщIэкIэ, унагъуэкIи бынкIи гуныкъуэгъуэ сиIэкъым. ЦIыхум и ехъулIэныгъэ псоми я лъабжьэр и унагъуэм илъ зэхущытыкIэрщ. Иджыпсту къару къызэзытри, сыт хуэдэ Iуэхуми сытезыгъэгушхуэри си къуэрылъхухэрщ.
  • Ди редакцэм къыбгъэдэ- кIыу дохъуэхъу Ахъмэт МуIэед, и къалэмыр мыубзэщхъуу, и зэфIэкI мыкIуэщIу, насыпу иIэр хуэбагъуэу, узыншагъэ щымыщIэу иджыри илъэс куэдрэ лъэпкъым, фIыуэ къэзылъагъухэм яхуэпсэуну!
  •  
  • Щомахуэ Залинэ.