ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Пашэр Ислъэмей щыхагъэщIами…

2018-10-11

  • Ди республикэм футболымкIэ и чемпионатым и зи чэзу джэгугъуэхэр зэхэтащ. Абыхэм зыпэмыплъа бжыгъэ зыбжанэ къарикIуащ.

  • Дыщэ медалхэм пэгъунэгъу дыдэ хъуа «Автозапчасть»-р Ислъэмей къуажэм щIыпIэ коман-дэм 25-нэ джэгугъуэм щыIущIат. Хэгъэрейхэми чемпионыгъэм я гугъэр хахыжакъым икIи абы папщIэ бэнэныгъэ гуащIэ ирагъэкIуэкI. Щыхьэту ирикъунщ хьэщIэхэм бэлыхь зэрытрагъэлъар. Джэгум и кIыхьагъкIэ хэгъэрейхэм тепщэныгъэр яIыгъащ икIи Бахъсэн къикIахэр бжыгъэшхуэкIэ хагъэщIащ. Тхьэмахуэ дэкIри, «Автозапчасть»-м и губжьыр «ХьэтIохъущыкъуейм» трикъутащ.
  • ДызыхуэкIуэ джэгугъуэм бахъсэндэсхэм я нэгъабэрей чемпионыгъэм аргуэру къытрагъэзэжыфынущ. Апхуэдэу къэхъунущ «Автозапчасть»-р Псынэдахэ щытекIуэрэ «Ислъэмейм» ХьэтIохъущыкъуей къуажэм очкоищ къыщимыхьыфмэ.
  • «ГупкIэм пысхэри» зоныкъуэкъу. Къэхъун икIа «Керт»-м тхьэмахуэ ипэкIэ ефIэкIри, кIэух увыпIэр икIэм-икIэжым ибгынащ Шэджэм и «Шэрджэ-сым». АрщхьэкIэ фIэщщIыгъуейщ ар гуп нэ-хъыщхьэм къыхэнэну.
  • Зитыпа хуэдэщ Сэрмакъ и «Союз»-м. Псыкуэд щыIэу абы и гъуэм топий хэгъэрейхэм къыдагъэкIащ. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, ар кърагъэлъэхъшэхынри Iуэхум хэлъщ.
  • «Псыкуэдым» и пашэ Бэчбо Мурат зэпеуэм къызэрыхэжаныкIам я бжыгъэр 46-м нигъэсащ. Абы зыкъомкIэ и фIыгъэщ зыхэт командэр, мыгъэрей зэхьэзэхуэм топ нэхъыбэ дыдэ (92-рэ) къыщыхудагъэкIами, курыт увыпIэхэм къызэрыщынэр.
  • АдэкIэ щыгъуазэ фыхуэтщIынщ Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и зи чэзу зэIущIэхэм къарикIуа бжыгъэхэм. Мис ахэр: тIощIрэ етхуанэ джэгугъуэ«Тэрч» (Тэрч) — «ЛогоВАЗ» (Бабугент) — 2:1, «Малка» (Малкэ) — «Бедик» (Арщыдан) — 4:3, «Ислъэмей» (Ислъэмей) — «Автозапчасть» (Бахъсэн) — 3:0, «Налшык» (Налшык) — «Нарт» (Нарткъалэ) — 3:3, «Родник» (Псынэдахэ) — «Къундетей» (Шэджэм) — 2:3, «Шэрджэс» (Шэджэм) — «Керт» (Къэхъун) — 1:0, «Псыкуэд» (Псыкуэд) — «Союз» (Сэрмакъ) — 8:1, «ХьэтIохъущыкъуей» (ХьэтIохъущыкъуей) — «Нартан» (Нартан) — 4:2;тIощIрэ еханэ джэгугъуэ«Автозапчасть» — «ХьэтIохъущыкъуей» — 5:1, «ЛогоВАЗ» — «Ислъэмей» — 2:3, «Къундетей» — «Налшык» — 1:4, «Керт» — «Тэрч» — 1:1, «Нартан» — «Родник» — 7:1, «Бедик» — «Псыкуэд» — 2:6.
  • Хьэтау Ислъам.