ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Дзэ  еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэтIысхьэну хуейхэм  папщIэ

2018-10-11

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Налшык къалэ дзэ комиссариа-тыр хоплъэ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм, нэгъуэщI министерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я Дзэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм 2019 гъэм щIэтIысхьэну хуейхэм я тхылъхэм.

  • Дзэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щеджэну мурад зыщIахэм а IуэхумкIэ зыхуагъазэ хъунущ КъБР-м и Налшык къалэм и дзэ комиссариатым. Абы и хэщIапIэр: Налшык, Уэлджырым и цIэр зезыхьэ уэрам, 26 (45-нэ пэш). ЕкIуалIэ щыхъунур блыщхьэ, бэрэжьей, мэрем махуэхэрщ, сыхьэти 9-м къыщыщIэдзауэ 17 пщIондэ (сыхьэт 13-м къыщыщIэдзауэ 14 хъуху я зыгъэпсэхугъуэ зэманщ).
  • ЯIыгъын хуейщ паспортыр, дзэм къулыкъу щызыщIэну къызыпэщылъым абы теухуауэ кърата тхылъыр (дзэм къулыкъу щызыщIам — абы щыхьэт техъуэ и тхылъыр).