ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ фащэм и мыхьэнэр

2018-10-11

  • Лъэпкъ щIэинхэр зыхъумэхэм, ахэр щIэблэм деж нэхьэсыным елэжьхэм ящыщщ Налшык къалэм сабий творчествэмкIэ и «Нарат» IуэхущIапIэр. Иджыблагъэ абы Адыгэ фащэм и махуэм траухуа Iуэху дахэ щрагъэкIуэкIащ. Фащэм и мызакъуэу, зэхуэсым гулъытэ ин щыхуащIащ лъэпкъ хабзэхэми щэнхабзэми.

  • ЗэIущIэр къызэIуахыным и пэ къихуэу, IуэхущIапIэм къекIуалIэ ныбжьыщIэхэм лъэпкъ фащэхэр ящыгъыу уэрамыр къызэхакIухьащ, джэгур яублэри, адыгэ къафэхэм зэрыхуэIэкIуэлъакIуэм цIыхухэр хагъэплъащ.
  • Iуэхум кърагъэблэгъат КъБКъУ-м адыгэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Абазэ Албэч, Налшык къалэм дэт Сабий-ныбжьыщIэ спорт школым и унафэщIым и къуэдзэ ГъуэплъащIэ ТIэхьир, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ, нэгъуэщIхэри.
  • «Нарат»-м и унафэщI Къэгъэзэж Жыраслъэн жиIащ адыгэхэм я фащэм и дахагъэм нэгъуэщI лъэпкъ куэд зэритхьэкъуар, ар къащтауэ зэращыгъыр. «КъызэрыслъытэмкIэ, лъэпкъ фащэу дунейм тетыр къапщтэми, адыгэм ейм хуэдэу пщIэшхуэ пылъу зэрахьэфа нэгъуэщI щыIэкъым. Абы псом япэу и щхьэусыгъуэр сыт и лъэныкъуэкIи ар зыхуей хуэзауэ, зыми емыщхьу дахэу яду зэрыщытарщ. Ди зэманым къахьэса апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэр дгъэпуд хъунукъым, дгъэлъапIэ мыхъумэ», — жиIащ абы.
  • Я хабзэмрэ бзэмрэ фIыуэ зэралъагъум и щыхьэту щIалэгъуалэр усэхэм гукIэ къеджащ, уэрэдхэр жаIащ, пасэрейм цIыхубзхэм яхэлъа хабзэмрэ иджырейхэмрэ зэрагъапщэу теплъэгъуэ кIэщI ягъэлъэгъуащ. Апхуэдэуи фащэр зэрызэхэлъыр, зэрад щIыкIэхэр, уэркъхэмрэ гуащIэрыпсэухэмрэ ар зэщхьэщыкIыу зэрахьэу зэрыщытар къаIуэтащ.
  • Iуэхур къызэзыгъэпэща, цIыкIухэр зыгъэхьэзыра егъэджакIуэ Къашыргъэ Залинэ къыхигъэщащ адыгэ фащэр щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэ-хэм зэращыщыр, абы и мыхьэнэр щIалэгъуалэм деж нахьэсыфмэ уасэ зимыIэ къулеигъэу къызэрилъытэр.
  • КIэхумахуэ ФатIимэ цIыкIухэм яжриIащ езым и щхьэкIэ адыгэ фащэ фэилъхьэгъуищ зэрызэригъэпэщар икIи иригушхуэу ахэр зэрызэрихьэр.
  • — Фащэр зэрыщыптIагъэ къудейм узэрыадыгэр къигъэлъагъуэркъым, абы уи гупсысэкIи зыIыгъыкIэкIи удекIуу щытын хуейщ, — жиIащ а бзылъхугъэм. — Мынэхъ мащIэу мыхьэнэшхуэ иIэщ цIыхум и анэдэлъхубзэр зэрищIэмрэ абы пщIэ зэрыхуищIымрэ. Куэдым иджыпсту егъэджакIуэхэр ягъэкъуаншэ ди сабийхэм адыгэбзэр зэраIэщIэхум теухуауэ. Сэ сызэреплъращи, псори зэлъытар унагъуэращ. Зи тхыбзэ, зи бзэ зымыщIэ цIыхум и лъэпкъым хуищIэфынур мащIэщ. Адыгэм хуэдэ лъэпкъ дахэм укъыхэкIауэ, ар насыпышхуэу къыумылъытэныр щыуагъэшхуэщ.
  • Фащэм и тхыдэм, ар махуэ къэс щIызэрамыхьэж хъуам и щхьэусыгъуэхэм кIэщIу ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ Абазэ Албэч.
  • — Нобэ фащэр къэтщтэжу зетхьэну дыхуеймэ, ар зыми къытпиубыдыркъым. Къызэрыхагъэщащи, псори къыщежьэр унагъуэращ. Зы щапхъэ къыфхуэсхьынщи, сэ псалъэм папщIэ си анэдэлъхубзэмкIэ сыкъыщыпсэлъэфащ Париж дэт Сорбон университетым, Амман адыгэхэм я дунейпсо зэIущIэ щекIуэкIам, Тыркум. ЖысIэну сызыхуейращи, ди бзэм и мыхьэнэр ин хъуныр дэ езым дэлъытыжащ. Нобэрей гуфIэгъуэ махуэм и фIыгъэкIэ лъэпкъ фащэхэр щызытIэгъа мы сабийхэм занщIэу я теплъэкIэ, гупсысэкIэ зэрызихъуэжам гу лъыботэ. Аращ адыгэ дунейр зэрыщытар, зэрыщытын хуейри.
  • ЗэIущIэр ныбжьыщIэхэм зэхуащIыжащ хъуэхъу дахэкIэ.
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.