«Адыгэ псалъэр» адыгэ унагъуэ псоми илъын хуэдэу
2018-09-25
- ПщIэ зыхуэтщI ди щIэджыкIакIуэхэ!
- ФокIадэм и 1-м щIидзауэ КъБР-м Пощт зэпыщIэныгъэхэмкIэ и управленэм ирегъэкIуэкI 2019 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм къыфIэрыхьэну газетхэм, журналхэм Iэ трегъэдзэным теухуа лэжьыгъэр.
- Газетхэм ящыщу «Адыгэ псалъэм» и закъуэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым ди анэдэлъхубзэкIэ къыщыдэкIыр. ДызэригугъэмкIи, ар яIэрыхьэн хуейщ дэтхэнэ зы адыгэ унагъуэми.
- ГъэщIэгъуэн куэд къивгъуэтэнущ ди газетым и къыдэкIыгъуэхэм — политикэ, экономикэ, щэнхабзэ, гъуазджэ, спорт хъыбарыщIэхэр, ди тхыдэм, ди хабзэ-бзыпхъэхэм ятеухуа тхыгъэхэр, нэгъуэщI куэди.
- Газетым Iэ щытевдзэ хъунущ КъБР-м и пощт IуэхущIапIэхэм.
- «Адыгэ псалъэм» и Iэ тедзапщIэр илъэс ныкъуэм сом 612-рэ кIэпIейкIэ 78-рэ хъууэ аращ.
- Ди индексыр 51531