Мэздэгу къалэм и къэунэхукIар
2018-09-11
- Тхыдэджхэм къахэкIынкIэ хъунущ Мэздэгу къалэр къэунэхунымкIэ щхьэусыгъуэу увар 1759 гъэм къэ-хъуа Iуэхугъуэр арауэ тезыгъэчыныхьхэр.
- ЗэрызэкIэлъыкIуам хуэдэу къэтIуэтэжынщи, дэ жытIэну дызыхуейр мыращ. XVIII лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэр екIуэкIырт. Къэбэрдей ЦIыкIу (Джылъахъстэней) щIыналъэм щыпсэу пщыхэм ящыщ зыр, Къаншокъуэ (Кончокин) Кургъуокъуэ, Дагъыстэным и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Кизляр быдапIэм кIуэри, абы зыщригъэумэхъащ («умэхъын» — крещение), чыристан диным зэрихьам щыхьэт иритехъуэу.
- КIэлъыкIуэ лъэбакъуэу, зи гугъу тщIы гъэм, щэкIуэгъуэм и 26-м, Къаншокъуэм Кизляр быдапIэм и комендантым деж иIуэхуащ, езым хуэдэу чыристан диныр къэзыщтэ къэбэрдей адыгэхэмрэ осетинхэмрэ щигъэтIысын папщIэ, Мэздэгу и тIуащIэм щIы къыщыхупачыну зэрылъаIуэм теухуа и тхылъыр пащтыхь гуащэм деж нигъэсыну зыхуигъазэу.
- АдэкIэ зэрыхъуар аращи, Урысейм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и коллегием къызэрыхилъхьауэ, Къаншокъуэ Кургъуокъуэ подполковник цIэр къыфIащащ, нэгъуэщI лъэпкъхэр зытепсэукI щIыр къатехыным хуэIэзэ къэралыр езыми православнэ диныр къэзыщта адрей бгырысхэми ахъшэкIэ къадэIэпыкъуащ.
- Къызыщыхъуни щыIэщ урысхэм Мэздэгу быдапIэр щIаухуар Къаншокъуэ Кургъуокъуэ и лъэIукIэ къежьа Iуэхуу, ар мыхъуатэмэ, пащтыхь дзэпщхэм апхуэдэ лъэбакъуэ ямычынкIэ хъуну. А лъэхъэнэм ехьэлIа тхыдэм мызыгъуэгукIэ куууэ зэрыхэдмыщIыкIым къыхэкIыу тлъэмыкIыу къакIуэ а гупсысэм пэувыну къытщохъу Интернетым дызыщрихьэлIа мы пычыгъуэ цIыкIур.
- Ар зытеухуар аращи, 1762 гъэм и жэпуэгъуэм Сенатым къыбгъэдэкIа тхыгъэ пащтыхь гуащэ Екатеринэ ЕтIуанэм къыIэрыхьауэ щытащ. Абы къыщыгъэлъэгъуат «Къэбэрдей ЦIыкIум щыщ пщы Къаншокъуэ Кургъуокъуэ, къыдэIэпхъуэхэр и гъусэу, хьэблэщIэу щагъэтIысын мурадыр хуаIэу, Мэздэгу и тIуащIэм щIы кIапэ «зэрыщыхупачамрэ» а щIыпIэм къалэ щыухуэн зэрыхуеймрэ». АрщхьэкIэ, «быдапIэм и проектыр 1757 гъэм ягъэхьэзыракIэт».
- КъыхэдгъэбелджылыкIынщи, иужьрей псалъэухамкIэ дэ къэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ, Мэздэгу и тIуащIэм зыщагъэбыдэн гупсысэр урыс дзэпщхэм ягу къизыгъэхьар къэбэрдеипщ Къаншокъуэр зэрыармырар, атIэ, езы пащтыхьым и блыгущIэтхэм а щIыпIэм теухуауэ илъэситI ипэкIэ ящIа унафэу зэрыщытыр.
- Арати, 1763 гъэм и бадзэуэгъуэм Мэздэгу и тIуащIэм, быдапIэ щаухуэн мурадыр яIэу, къыщыхутащ урысей дзэлIрэ къэзакъыу 287-рэ, а псоми подполковник Гак Пётр я пашэу. «Кавказская война» тхылъ гъуэзэджэр зи IэдакъэщIэкI Потто Василий гу зэрылъитамкIэ, а Iуэхугъуэр уващ Урысейм Кавказыр къизэун зэрыщIидза япэ лъэбакъуэу.
- Мэздэгу и тIуащIэм урыс быдапIэ къызэрыщыунэхуар къэбэрдеипщхэм ягу ирихьыныр Iэмал зимыIэт. Сыту жыпIэмэ, япэрауэ, щIэпхъуэжыну зи щхьэ къихьэ я мэкъумэшыщIэхэмрэ унэIутхэмрэ ар зыгъэпщкIупIэ яхуэхъурти. ЕтIуанэрауэ, зэрыщыту къатщтэмэ, а Iуэхугъуэр къыщIэкIащ езы Къэбэрдейм и пщIэр куэду езыгъэлъэхъшэх, и лъэр щIэзыгъащIэ щхьэусыгъуэшхуэу, и IэмыщIэ илъа и щIыналъэр, къемыупщIыххарэ и фIэфIыныгъи хэмылъу, Урысейм зэрызыIэщIилъхьам къыхэкIыу.
- А псом япкъ иткIи, Къэбэрдейм и тепщэхэм лIыкIуэхэр Санкт-Петербург яутIыпщауэ щытащ, Урысей пащтыхь къэралыгъуэжьым и Iэтащхьэхэм быдапIэр ягъэсеижыну паубыдмэ, зэхащIыкIынкIэ гугъэхэу. Зэрызыхуагъэзар къыхуагъэдэхэн дэнэ къэна, абы иужькIэ урысхэр Мэздэгу щIыгум куэду къитIысхьэу хуежьащ, я нэхъыбэр IэщэкIэ зэщIэузэда дзэлIхэу.
- Ауэрэ, 1765 гъэм ирихьэлIэу, быдапIэр къуэтIыхькIэ къаухъуреихьыжащ, щIы лъагэ зэтетхъуами топ узэдауэ 40-м щIигъу трагъэтIысхьащ.
- Абы и ужькIэ къекIуэкIа псоми мызыгъуэгукIэ я гугъу дымыщIу, ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа тхыдэтх Потто Васи- лий а Iуэхум ехьэлIауэ итхауэ щытам иджыри зэ дыкъеджэжынщ: «Урысхэм къэбэрдей адыгэхэр къахущIэкIащ узытеплъэкъукIынкIэ Iэмал зимыIэ ныкъуэкъуэгъу лъэщхэу. Абыхэм Кавказым щаIэ пщIэр ин дыдэт»
- А псом къадэкIуэуи, пащтыхь дзэпщхэм адыгэхэр ягъэкъуаншэрт, лIэщIыгъуэкIэрэ я зэхуаку дэлъа зэкъуэтыныгъэ дахэм ахэр епцIыжа хуэдэу. Къэбэрдеипщхэми я жэуапыр хьэзырт: «Ди щIыгум фикI, быдапIэхэр вгъэсеиж, фи деж ныщIэпхъуа ди пщылIхэм къевгъэгъэзэж. Фэ фощIэ дэ ди гъунэгъухэм фIыуэ дазэрыхущытыфыр». АрщхьэкIэ, дызэрыщыгъуазэщи, абдежым щыщIэзыдза зэпэщIэувэныгъэ кIыхьым икIи хьэлъэм Къэбэрдейр фIым хуишакъым, дапхуэдиз лIыгъи бэшэчагъи а лъэхъэнэм къыщимыгъэлъэгъуами…
- ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ.