Мэздэгу адыгэхэр
2018-09-11
- Мэздэгу адыгэхэр щIыналъитIым, Осетие Ищхъэрэ — Аланиемрэ Ставрополь краймрэ, щопсэу, ику иту къатщтэмэ, я бжыгъэкIэ щызэхуэдэу. Псори зэрыхъур мини 6-м нэблагъэщ.
- 2018 гъэм ирагъэкIуэкIа щIэпщытыкIыныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, Мэздэгу къалэ цIыху 41728-рэ щопсэу. Ди лъэпкъэгъуу абы дэсыр зэрыхъур 1280-м тIэкIу щIигъущ, нэгъуэщIу жытIэмэ, щыпсэухэм я проценти 3,3-щ.
- Мы иджырей ди зекIуэм дыздэщыIа Серноводск къуажэм и гугъу тщIымэ, ар Ставрополь крайм хохьэ. Абы дэс 1500-м щIигъум я нэхъыбапIэр адыгэщ.
- Тхыдэ мыжыжьэм къызэрыхэщыжымкIэ, алъандэрэ къутыр щхьэхуэу къекIуэкIа жылагъуитIыр, Аваловэрэ Азэнейрэ, лIэщIыгъуэ блэкIам, 1959 гъэм, зэгуагъэхьэжри, къуажэщIэ къагъэунэхуащ.
- Серноводск цIэр жылэ зэхыхьэжам щыкIэрыпщIар, а щIыпIэм щIы дагъэ къыщыщIашын мурадкIэ щрагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, сероводород куэду зыхэлъ щIыщIагъыпс пщтырхэр абдежым къыщыщIэукIа иужькIэщ. Абыхэм цIыхухэм я хущхъуэгъуэ хэлъу къахутащ. ИкIи, а зэманым къыщегъэжьауэ, къуажэщIэр здис щIыгум зи узыншагъэр езыгъэфIэкIуэну хуей зыгъэпсэхуакIуэхэр уэру къакIуэу хуежьащ. Къыхэдгъэщ зэрыхъунумкIи, а Iуэхугъуэр жылэдэсхэми илъэс куэдкIэ къахуэщхьэпащ, псынащхьэхэр ягъэкIуэдыжын мурадыр лIыщхьэхэм ящыщ гуэрым имыгъэзэщIэху… Ауэ, ар нэгъуэщI хъыбарщи, къыдэхъулIэмэ, абы иужькIэ дытепсэлъыхьынщ.
- БЭРАУ Бышэ.