ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Долъагъу я зэфIэкIхэр зыхуэдэр

2018-03-30

  • Сталиным и тетыгъуэм лей зыкIэлъызэрахьэр «цIыхубэм и бийуэ» къалъыта цIыху щхьэхуэхэм я закъуэтэкъым. Абыхэм яхэхуэрт лъэпкъ псохэри. Тхы­дэджхэм зэрыжаIэмкIэ, СССР-м и зэманым я лъахэм ирагъэкIащ псори зэхэту лъэпкъ 61-рэ. Хуабжьу ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм яхэтащ игъащIэ лъандэрэ ­къуэшым хуэдэу къыддэгъуэгурыкIуэ балъкъэрхэри.
  •  
  • 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м балъкъэр мин 37-рэ Налшык гъущI гъуэгу вокзалым Iэщ зэрызэрашэ вагонхэм щрагъэтIысхьэри, гъуэгуанэ жыжьэ трагъэуват. ЛIыжь-фы­зыжьхэм, сабийхэм я мызакъуэу, ирашэжьащ республи­-кэм и пащхьэм щаIэ фIыщIэхэмкIэ хуабжьу цIэрыIуэ хъуа политикэ, гъуазджэ лэжьакIуэхэр. Щхьэусыгъуэу къагъуэтащ балъкъэрхэр зэрыпхъуакIуэхэм ядэIэпыкъуа, иджыри щэхуу абыхэм япыщIа хуэдэу. АрщхьэкIэ иужькIэ наIуэ ­хъуащ балъкъэрхэр я лъахэм щIрагъэкIам нэхъ пэжу щыхьэт техъуэ нэгъуэщI щхьэусыгъуи: хуит къэхъу щIыналъэхэр Куржым хагъэхьэну я мурадт. Сыт хуэдэу щытами, Iуащхьэмахуэ лъапэ абы иратауэ икIи а щIыналъэм сов­хозищ къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. Ар ди нэхъыжьхэм фIыуэ ящIэж.
  • ЗалымыгъэкIэ ирашэжьа лъэпкъыр Къыргъыз, Къэзахъ ССР-хэм, Сыбырым яшащ. Гъуэгум здытетми а щIыпIэхэм нэса иужьи балъкъэрхэр зыхэта бэлыхьым щIэи гъуни иIэкъым. А гъащIэ хьэлъэм илъэс 13 и кIыхьагът. АрщхьэкIэ кIэ зимыIэ щыIэкъым. 1956, 1957 гъэхэм ди къэралым къыщыдэкIа унафэхэм япкъ иткIэ адрей лъэпкъхэм я ­гъусэу балъкъэрхэр хуит ящIащ я лъахэм къагъэзэжыну. Къэбэрдей АССР-р Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-ру зэрахъуэкIащ. КъэбгъэкIуэж къудейкIэ Iуэхур зэфIэкIыртэкъым. Ап­хуэдэ зэман кIыхьым зи лъапсэхэр кхъахэ хъуа балъкъэрхэр гъащIэм сыт и лъэныкъуэкIи хэгъэзэгъэжын хуейт. АбыкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ яхуэхъуащ ди республикэм щыпсэухэр: адыгэхэр, урысхэр, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщ­хэр. Балъкъэрхэм, а зэманым тепщIыхьмэ, зэпэщу щыт унэхэр  хуаухуащ. Абыхэм гъавэ щIапIэхэр щыхухахащ ­КъБАССР-м и нэгъуэщI районхэм. Балъкъэрхэр респуб­ликэм къэкIуэжащ ди щIыпIэм щыпсэу цIыхум и хуиты­ныгъэхэм яхуэдэ дыдэ яIэу.
  • СССР-р лъэлъэжа иужь властхэр адэкIи кIуэтащ: лъэпкъхэр я лъахэхэм зэрырагъэкIар къэрал псом щызэ­рахьа залымыгъэу къалъытащ, лей зытехьа дэтхэнэми сом мин 35-рэ иратащ. КъБР-м и Президентым и УказкIэ 1994 гъэр Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэу ягъэуващ. Къэбгъэлъэгъуэну ирикъунщ я лъахэм къызэрагъэзэжрэ ди къуэшхэм къыпхуэмыцIыхужыну ­зэрызаужьар. Абыхэм яхэтщ Урысейм и мызакъуэу, дуней псом щыцIэрыIуэ цIыхухэр. Уеблэмэ, апхуэдэ ехъулIэ­ныгъэхэмкIэ зыщымытхъужыфын нэхъ лъэпкъышхуэхэми яхэтщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, хэт Ленин саугъэтым и ­лаурету тIу зиIэр? Балъкъэрхэм яIэщ — усакIуэ телъыджэ Кулиев Къайсынрэ хьэршыр къэгъэIурыщIэным елэжьа еджагъэшхуэ Энеев Тимуррэ. Балъкъэрхэм къахэкIащ ­дунейм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Эверест дэкIахэр, гъэмахуэ олимпиадэхэм дыжьын, жэз медалхэр къыщызыхьахэр. Ар и щыхьэтщ лъэпкъыр зэрыузыншэм, зиузэщI зэпыту зэ­рекIуэкIым. ЦIыху мин къэс щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэу яхэ­тым и бжыгъэмкIэ балъкъэрхэм дуней псом пашэныгъэ увыпIэхэр щаIыгъщ.
  • Пэжщ, Совет Союзыр лъэлъэжа нэужь, ди къэралыр зыхэхуа гугъуехьхэм Iууащ балъкъэрхэри. Ауэ ди лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм, ахэр зэрызэдэIэпыкъум я фIыгъэкIэ къызэфIэщIакъым.
  • Ди республикэм и щIыпIэ псоми  щагъэлъапIэ гуфIэ­гъуэм ныбжьышхуэ имыIэми, хабзэ ­гъуэзэджэхэр къыдежьащ. Ахэр псом хуэмыдэу щаIэтыр КъБР-м и щыхьэр Налшыкщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, удз гъэгъахэр бгъэ­далъхьэ Кулиев Къайсын и фэеплъым, шыкIэ зекIуэ йожьэ, автомобилхэмкIэ къожэ. Хабзэу зэрыуващи, гуфIэ­гъуэм хэтщ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIы­налъэ псоми къикIахэр.
  • Тхыгъэ кIэщIым дэ къыщытхуэIуэтэнкъым ди къуэш ­балъкъэрхэм яхузэфIэкIа псори. Ахэр ди гъусэу мэпсэу  икIи долъагъу я зэфIэкIхэр зыхуэдэр. Нэхъыщхьэращи, абыхэм шэч къытрахьэркъым я къэкIуэнур фIыуэ зэры­щы­тынум.
  • Шал  Мухьэмэд.