ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

НэхъыфIхэр ягъэпажэ

2018-02-22

  • «ДыгъафIэ къалэ» ТворчествэмкIэ сабий академием иджыблагъэ щагъэлъэпIащ ди республикэм и студент, аспирант нэхъыфIхэр. Абыхэм иратащ КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI стипендиехэр зэрыхуагъэувам щыхьэт техъуэ тхылъхэр.
  •  
  • ГуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ — КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Емуз Нинэ, абы и къуэдзэ Къэжэр Артур, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым и ректор Рахаев Анатолий, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и проректор Къудей Руслан сымэ, нэгъуэщIхэри. Ар къызэIуихащ Емуз Нинэ.
  • — Хабзэ хъуауэ, ди щIына- лъэм и щIалэгъуалэ пэрытхэр илъэс къэс догъэлъапIэ КъБР-м и Iэтащхьэм къыбгъэдэкI стипендиехэмкIэ, — жиIащ Ему-зым. — Мы гъэм зи цIэ къраIуа апхуэдэ ди лъахэгъу ныбжьыщIэ жыджэрхэм, ди гуапэ зэрыхъущи, яхэхуащ Налшык, Ставрополь, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм дэт еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр, аспирантхэр. Ахэр къыхэзыха эксперт гупым фIыщIэ ин яхузощI зэфIаха лэжьыгъэ купщIафIэм папщIэ. Зи цIэр фIы-кIэ нобэ къраIуэ ныбжьыщIэхэми  сынывохъуэхъу ехъулIэныгъэ лъагэхэр дяпэкIи зыIэрывгъэхьэну, лъагапIэщIэхэм фынэсыну.
  • КъэпщытакIуэ гупым зэрагъэбелджыламкIэ, республикэм и студент 40-рэ аспиранти 10-рэ яхэхуащ КъБР-м и Iэтащхьэм и стипендие зыхуагъэувахэм. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и магистрант, щIэныгъэ лэжьыгъэ 20-м щIигъу зи къалэмыпэм къыпыкIа Нэгъуей Залинэ, КъБКъУ-м и бакалавр, жылагъуэ псапащIэ Iуэхугъуэ куэдым я жэрдэмщIакIуэ Геккиевэ Дианэ, нэгъуэщIхэри. Абыхэм гуапэу ехъуэхъуащ Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, щыхьэт тхылъхэр щаритыжым.
  • — Нобэ дгъэпажэхэр фIыхэм я фIыж ныбжьыщIэхэращ, — къыхигъэщащ абы. — УлъэщIэмы-хьэу зызыужь щIэныгъэмрэ экономикэмрэ зи зэфIэкIхэмкIэ ядэхъу фэ, щIалэгъуалэм, сынывохъуэхъу гъащIэм хувиIэ мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ къывэхъулIэну, ди республикэм, къэралым я зыужьыныгъэм хуэгъэпса IуэхугъуэфI куэдкIэ иджыри дывгъэгуфIэну.
  • Апхуэдэ гулъытэ лъагэ зыхуащIа щIалэгъуалэм я цIэкIэ фIыщIэ псалъэ жиIащ                    КъБКъУ-м и студент Брофман Марк. Абы къыхигъэщащ къыхуащIа гулъытэм дэтхэнэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы IуэхугъуэщIэхэм зэрытригъэгушхуэр, я мурадыщIэхэмрэ гупсысэщIэхэмрэ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм я ехъулIэныгъэхэм хуэгъэпсауэ зэрыщытыр.
  •  
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.