ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2018-02-23

  • ТхылъыщIэ
  • «АдрыщI  ныджэ»
  • Дунейм къытехьащ куэдрэ дызыпэплъа, цIыху Iэджэм я нэ къызыхуикI лэжьыгъэ гъэщIэгъуэн. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я фIыгъэкIэ къыдэкIащ Къармэ Iэсият и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъ.
  •  
  • КъАХ-м и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и гулъытэр махуэ-махуитIым къызэрыхэмыкIар фIы дыдэу дощIэ, дыщыгъуазэщ Iэсият и усэхэм ящIэлъ гупсысэ куур къызыгурыIуэ мащIэм ар зэращыщми. «ЛъэпкъылI Iущым усэхэм къызэреджэу къыгурыIуат адыгэ бзылъхугъэм Тхьэм къыбгъэдилъхьауэ иIэ зэфIэкIыр, абы и усэ хъэтIыр зым ейми зэремыщхьыр, и усэбзэр зэрышэрыуэр, и адыгэбзэр макъамэ гуакIуэу гумрэ псэмрэ зэредэхащIэр. ХьэфIыцIэр куэд щIауэ щIэхъуэпсырт Iэсият и усэхэр щызэхуэхьэсауэ тхылъ къыдигъэкIыну», — щетх тхылъым и пэублэ псалъэм Мэлей (Къуэдзокъуэ) ФатIимэ.
  • А закъуэтIакъуэм са-щыщу жысIэмэ, щхьэщытхъу сыхъунри Iуэхум хэлъщ, ауэ «АдрыщI ныджэ» тхылъыр «мыдрыщI» хъуным, жыпIэнурамэ, хуабжьу и нэ къыхуикIырт. СыщIэхъуэпс къудей мыхъуу, а махуэр къызэрызгъэIэгъуэнми зэрыслъэкIкIэ сыхущIэкъурт. Зэрахуэфащэр сщIэрти, сыхуейт дунейм къытехьэу, цIыхухэр къеджэну. Сэ усэбзэкIэ схуэмытхыу си гум щызгъафIэ лъахэ лъагъуныгъэри, адэ-анэ гурыфIыгъуэри, адэшхуэ-анэшхуэм я псалъэ Iущри хэухуэнати, згъафIэрт…
  • Нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэ псыIэрышэу къабзэ адыгэбзэкIэ Iэсият и усэхэм щызэподжэж пасэрей зэманымрэ нобэрей гъащIэмрэ. Хъуэпсэгъуэщ и бзэр, зыми емыщхь гупсысэщ дызыщIигъэдэIур. МащIэщ апхуэдэхэр — аращ хуэсакъыпэу хъумэн щIыхуейри.
  • «АдрыщI ныджэ» тхылъым и IуплъапIэри, ар зэрыгуэша Iыхьэхэри зэрагъэдэхар дуней псом къыщацIыху, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI, скульптор, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент СэвкIуий Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэрщ. Iэсият и усэхэм хэлъ щIагъыбзэ «щIэтIысыкIам», а сурэтхэр тращIыкIам ещхьу лъэщу поджэж. ХьэфIыцIэ Мухьэмэд къыгурыIуащ тхылъыр а сурэтыщIым зэрыхуэныкъуэр.
  • Усэхэм я гугъу щхьэхуэу тщIынкъым, утепсэлъыхьыну щIэбдзэми, ар лейщ. Лейщ — уеджэн хуейщи, уеджа иужьщ гупсысэр къыщытIэтэнур, псалъэр къыщеблынур.
  • Тхылъым и бжыгъэр 250-рэ хъууэ аращи, ар зыIэрызыгъэхьэну хуейхэр еужьэрэкIмэ нэхъыфIщ.
  • ИСТЭПАН Залинэ.
  •  
  • Къуажэхьхэр
  • Iэтэм джэдыкIэ хэзылъхьэ
  • Зи бжьакъуэхэр къешэха,
  • Шэд хэсыным дихьэха.
  •  
  • Унэм щIэсхэр зи ныбжьэгъу,
  • Хамэ псори зи жагъуэгъу.
  •  
  • Ди шыгъуэгум къыщыджэ,
  • ВакIуэ кIуэным хуезыджэ.
  •  
  • Шэдыр зи унапIэ,
  • Зи нэшхуитIыр упIэрапIэ.
  •  
  • Унэр Iэзэу зэтезылъхьэ,
  • Iэтэм джэдыкIэ хэзылъхьэ.
  •  
  • Зи щIыбыр банэ,
  • Зи ныбэр пцIанэ.
  • Зэхэзылъхьар  Щоджэн Леонидщ.
  •  ЖЭУАПХЭР:
  • Хыв. Хьэ. Хьэрхьуп. Хьэндыркъуакъуэ. ХъумпIэцIэдж. Цыжьбанэ.
  •  
  • ГушыIэхэр
  • Шэрэ къэбрэ
  • ФатIимэ я гъунэгъу фызым еджэрт:
  • — Данусэ! Къэб пшхынумэ, шэ къэхьи, къакIуэ! Къэб бэлыхь згъэ- ващ.
  • Данусэ къыжриIэрт:
  • — Алыхь, сшхынтэмэ къэб, ауэ шэр имыкIуту нысхуэхьынукъым. Къэбыр къэхьи, къакIуэ.
  • ФатIимэ абы педзыж:
  • — Къэбыр хьэлыуащэу къыщIэкIащ. Несхьэжьэмэ, зыпкърылъэлъынущи, нэсхь хъунукъым.
  • — Ана…мыгъуэ, атIэ дауэ хъуну?
  • Ярэби, ФатIимэрэ Да-
  • нусэрэ зыгуэркIэ зэгурыIуэу шэмрэ къэбымрэ зэдашхауэ пIэрэ? Абы и пэжыпIэр къызжезыIэм мэджэрыш хуэсщIынт!
  • Бекъул Барэсбий.
  •  
  • Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
  • Адыгэхэр бгыхэм щопэкIу. Сурэтыр Грузинский П. И. ищIащ. 1842 гъэ

  • Хъыбар
  • Адэм и уэсят
  • ЛIыжь Iущ гуэр, и лIэгъуэр къыщыбла-гъэм и къуэр ириджэри, уэсят къищIыжащ:
  • — Сэ дунейм сохыж. Уи гъащIэкIэ узрикъун — мылъку къыпхузогъанэ, къыпхуэзгъанэр си пщIэнтIэпскIэ къэзлэжьащ. Ныбжьэгъу ирипIыгъынуми цIыхугъэ иризепхьэнуми, узэрегуакIуэщ. Сыпхуэарэзыщ, сигу зэбгъэбгъакъым. Уэсят къыпхузогъанэри, укъызэдаIуэмэ, ущIегъуэжынкъым. Уэсят къыпхуэзгъэнар мыращ: япэрауэ, уипщ щIыхуи йомыт, щIыхуи къыIуумых; етIуанэрауэ, зыхуэмыфащэм хуумыщIэIа: псыхэкIуадэ хъунщи, ухущIегъуэжынщ; ещанэращи, уи фыз уи щэху йомыхьэлIэ.
  • И къуэм апхуэдэ уэсят къыхуигъанэри, лIыжьыр дунейм ехыжащ.
  • ЩIалэр куэдрэ егупсысащ адэм къыхуи-гъэна псалъэм, гъэунэхупIэ имыхуэурэ, зыбжанэрэ екIуэкIащ.
  • И адэр лIэри, зы илъэс хуэдэ дэкIауэ, щIалэм зэхихащ я пщыр щIыхуэ къезытын зэрылъыхъуэр.
  • — Ди адэм и уэсятыр згъэунэхунщ, — жери щIалэр пщым деж кIуащ.
  • — Узэрыгузавэр зэхэсхати, сыкъэкIуащ, — жиIащ щIалэм. — Ди адэм къысхуигъэнауэ, мылъку сиIэщ, щIыхуэ ухуейуэ зэхэсхащи, уэстыфынущ.
  • — Дэгъуэкъэ, — къыжриIащ пщым, — мыпхуэдэ пIалъэм фIэзгъэкIынкъым, уэстыжынщ.
  • ПIалъэмкIэ зэгурыIуащ.
  • ПIалъэр къэсри, щIалэр пщым деж кIуащ, арщхьэкIэ щIыхуэр къритыжакъым, пIалъэм пIалъэ къыхигъэкIыжащ. Аргуэрыр къыщысым, щIалэм тригъэзащ, щхьэусыгъуэ ищIри, абдежми къритыжакъым щIыхуэр. «ЩIыхуэр къызэтыж» жриIэху, пщым пIалъэ къыхигъэкIыурэ, илъэси илъэситIи кIуащ, ар щхьэусыгъуэ яхуэхъури, пщымрэ щIалэмрэ зэщыIеящ.
  • Iуэхур абы нэсауэ, щIалэм и адэм и ныбжьэгъу къыхуепсыхащ. И адэм и ныбжьэ-гъур игъэхьэщIащ щIалэм, хуэфащэ нэ-мыс хуищIащ, иригъэжьэжын и пэ бащлъыкъкIэ зызэщIиуфэри шууэ дэкIащ. Къуажэбгъум щыджэгу щIалэ цIыкIухэм ябгъэдыхьэри, щIопщыр зыIэпигъэхуащ. ЩIалэ цIыкIур къыбгъэдэлъадэри щIоп- щыр къыхуишиижащ. ЩIопщыр къыIрихыж зищIри, щIалэр епхъухащ, щIалэ цIыкIур къипхъуатэри, щIакIуэ щIагъым щIидзащ. КъыкIэлъыпхъэра щхьэ-кIэ, къыщIыхьакъым, щIалэ цIыкIур мэзым щIихьэри и хьэщIэр дригъэшыжащ.
  • — Мыр анэмэт пхузощI, — жриIащ и хьэ-щIэм, и шыплIэм щIалэ цIыкIур дигъэтIысхьэри. — Къаным зэрыхуэфэщэнкIэ уи унэ игъэс, сыныщIэупщIэмэ, къысхуэшэж.
  • ЩIалэ цIыкIур ихьри, хьэщIэр ежьэжащ.
  • И къуэр кIуэдауэ, пщым игу фIы щыщIэнт? Iэджэм щыщIэупщIащ. Iэджэм щылъыхъуащ — дунейм хутехакъым и къуэр. ЩIалэм шэч къыхуащIакъым.
  • И адэм и етIуанэ уэсятри игъэунэхун мурад ищIащ щIалэм. Благъэ гуэр иIэт, и адэм мылъкуфI къыхуигъэнауэ. Къыхуигъэна щхьэкIэ зэригъэзэхуэфакъым, IэщIэшхыхьыжри, пщIантIэ нэщIым къы-дэнащ. «Мыр си благъэщ, сыдэIэпыкъун хуейуэ къыстохуэ», — жери щIалэм и благъэм Iэщи гъави иритащ.
  • Пщым и къуэр зэрыкIуэдрэ зыбжанэ щIауэ, пщыхьэщхьэ гуэрым, жьэгум здыдэсым, щIалэр «хьыI!» жери пыдыхьэшхыкIащ.
  • — Сыт ущIэдыхьэшхар? — жери и фызыр къыщыхьащ щIалэм.
  • — СыщIэдыхьэшхар бжесIэнщ, — жиIащ щIалэм. — БжесIар пIуэтэжмэ, сэри уэри дытекIуэдэнущ.
  • — СIуэтэжынкъым, — щыжиIэм, щIалэм и щэхур фызым жриIащ: пщым и къуэр къызэридыгъуар.
  • — Асымыгъуэт! — жери, нэху щыху жейм езэгъакъым фызыр, нэхущым къыщылъэтри, я гъунэгъум мафIэхьэ ежэкIащ. «Ди зэхуэдэ щэхущ, дыпIуатэ хъунукъым, унэм исым IэщIэщIар мыращ», — жери и лIым и щэхур гъунэгъу фызым хуиIуэтащ. Ар я гъунэгъум ежэкIри, пщым и къуэр зыдыгъуар иIуэтащ. Зым адрейр хуиIуатэурэ, щIалэм и щэхур жылэм хэз хъуащ. ЩIалэр яубыдри пщым деж яшащ. «УкIын хуейщ!» — жаIащ пщым и пщIантIэм щызэхуэжэсахэм. Псом нэхъ ихъу-илъыр щIалэм Iэщрэ гъавэрэ зрита и благъэрт.
  • — Ямыгъэпсалъэ яукIыркъым, жиIащ щIалэм. — Пщым и къуэр зыдыгъуар сэращ, здыгъуа щхьэкIэ, згъэкIуэдакъым, ди адэм и ныбжьэгъум и къанщ, хъыбар щезгъащIэ махуэм къаным зэрыхуэфащэкIэ къишэжынущ.
  • Хъыбар щригъащIэм, пщым и къуэр къашэжащ, къаным хуэфащэ хабзэ къыкIэлъызэрихьэри.
  •  Абы и ужькIэ пщым щIалэм щIыхуэр къритыжащ. Жьы хъууэ дунейм ехыжыху, адэм къыхуигъэна псалъэм тетащ щIалэр, щыщIегъуэжаи къэхъуакъым.
  •  
  • Лъэпкъ    шхыныгъуэхэр
  • Мэлыл пшэр, тебэкIэ гъэжьауэ
  • Мэлыл пшэрыр г 50-60 и хьэлъагъыурэ яупщIатэ е зэпауд, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, тебэм иралъхьэри псы щIыIэ щIакIэ, шыгъу хадзэ, зэIащIэурэ мафIэ иным тету зэ къытрагъэкъуалъэ, тхъурымбэр къытрахыурэ. ИтIанэ мафIэр щабэ ящI, тебащхьэр трапIэри ягъавэ псыр щIэвэщIэху, дагъэри къыщIидзыху. А дагъэ къыщIидзамкIэ лыр зэIащIэурэ ягъажьэ тхъуэплъ дахэ хъуху.
  • МафIэр цIыкIу ящI, тыкъырышхуэурэ упщIэта бжьыныщхьэ халъхьэ, зэIащIэ, тебащхьэр трапIэри, зэIащIэурэ дакъикъи 2-3-кIэ ягъажьэ, шыбжий хаудэри, зэIащIэурэ иджыри зы дакъикъэ хуэдизкIэ ягъажьэ. ИтIанэ зэIащIэурэ абы шатэ хакIэ, бжьыныху уба халъхьэри тебащхьэр тепIауэ мафIэ щабэ дыдэм тету хьэзыр хъуху дакъикъи 3-4-кIэ ягъэбэкхъ.
  • Iэнэм щытрагъэувэкIэ тепщэчым иралъхьэ, бжьын цIынэ зэпыгъэлъэлъа тракIутэ. Пщтыру пIастэ, мырамысэ хуабэ, щIакхъуэ и гъусэу яшх.
  • Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): мэлылу — г 350-рэ, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 40, бжьыныху укъэбзауэ — г 15, шатэу — г 50, бжьын цIынэу — г 20, псыуэ — г 15, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
  •  
  • Къундэпсорэ  форэ
  • Мы ерыскъыгъуэр щагъэхьэзырыр гъатхэрщ — хущхъуэ папщIэу зэхалъхьэу аращ. Зи шхалъэ узхэм, псчэрейхэм, зи бгъэм щIыIэ хыхьахэм, зи тхьэмщIыгъум лажьэ иIэхэм сэбэпышхуэ яхуохъу. Адыгэхэм куэд щIауэ къагъэсэбэп мы хущхъуэгъуэр.
  • Къундэпсор бинт тIуащIэ-щащIэкIэ дзэху тепщэчым иразэ, абы фо халъхьэ, фIыуэ зэIащIэри банкIым е кхъуэщын гъущэм иракIэ, и щхьэр ягъэбыдэжри щIыIапIэ-кIыфIыпIэм ягъэув.
  • Къыщагъэсэбэпынум и деж а зэрытыр фIыуэ яудыныщIэ. Шхэн и пэ къихуэу сымаджэм зэ ефэгъуэу г 100 махуэм щэ-плIэ ирифын хуейщ. Мы хущхъуэгъуэр щызрахьэлIэм деж ерыскъы сыр Iеи, пщтырыщи, щIыIэ дыди пшхыи уефи хъунукъым. Мы хущхъуэгъуэр хуабжьу сэбэпщ быдзышэкIэ сабий зыпI анэхэм я дежкIэ.
  • Халъхьэхэр: къундэпсоуэ — г 2000, фоуэ — г 1500-рэ.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр»  тхылъым къитхыжащ.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 1 Колхоз тхьэмадэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 4. Пщым и дэIэпыкъуэгъу. 7. Ищэ хьэпшыпым е ерыскъым хуигъэува уасэм пхутемыкI цIыху. 8. Къэбэрдей-Балъкъэрым къеблагъэ хьэщIэхэм щыжаIэ щыIэщ: «Фыщыпсэу щIыпIэр … щIыналъэщ». 11. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 12. Щыгъыным хищIэ хьэпIацIэ къэзылъэтыхь. 14. Къурш лъэныкъуэмкIэ къриху жьы щIыIэтыIэ. 16. Таурыхъхэм къыхэщ шы лъэрызехьэ: икIи мэпсэлъэф, икIи мэлъэтэф. 18. Жыг закъуэ … хъуркъым. 19. Узыншагъэр хъумэнымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и министр … Мэрат. 22. Лъэпщ и Iэмэпсымэ. 24. КIыщокъуэ Алим и адэцIэр. 25. ЛIыжьыр мэтхьэусыхэ: «Си къуэрылъху цIыкIур сэхъуащи, … гъуази хуэзгъуэтыркъым». 27. Пшынэм и сэмэгурабгъу лъэныкъуэм тет Iэпэ. 28. Пасэрей Iэщэ зэрыпы-джэ. 29. ЗэныбжьэгъуитIыр … щIауэ зэроцIыху. 31. ДжэдыкIэ … е жыг … 34. Пхъэщхьэмыщхьэ плъыжь цIыкIу, купкъ илъу. 37. … и къуэгъурэ вы и гъуррэ. 40. Сауд Хьэрыпым пэгъунэгъу муслъымэн къэрал къулейсыз. 41. ГъущI куэбжэ зиIэ гъущI … щощIэ. 42. … еуэнымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм ди республикэм щыщ щIа- лэм бжьыпэр щиубыдащ. 43. БэнакIуэ цIэрыIуэ Махуэ Билал и къуажэ.
  • Къехыу:2. Зи нэхэр зэблэплъ цIыху. 3. Удзыжь зэщIэкIэжа, е пшэ … 5. Пасэрей фоч лIэужьыгъуэ. 6. Жыг къудамэр траупщIыкIа нэужь къытенэ IэпапIэ. 7. Адыгэ цIыхухъу балигъхэм нэ-хъапэм зэрахьэу щыта Iэщэ. 9. IэщIэвыщIэ. 10. Iэщым хуагъэтIылъ шхын. 13. ЦIыху мыхьэнэншэм щхьэкIэ жаIэ: «Ар … фIыцIэжь и уасэкъым». 15. Аргъуей зэзрэ … кхъуейрэ. 17. Ди лъэпкъэгъу, Урысей Федерацэм и цIыхубэ художник. 18. МахуэцIэ. 20. Ар куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ. 21. Пхъэ уадэш-хуэ. 23. Зимыхьэпшып щэхуу зыгъэкIуасэ. 26. Зеиншэ. 27. Гъэмахуэм Iэщым я фэр изых бадзэжь. 30. Нартыху … е дыгъэ … 32. Шы къэпщIэнтIам къыщхьэщих бахъэ. 33. Iэзэ къашэри … ирищIщ. 35. Урыс тхакIуэхэм ящыщу Нобель и саугъэтыр япэу зрата. 36. Шым и кIуэкIэ. 38. Iэщхэм я тхьэ. 39. … и жапIэр езым къегъуэтыж.
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  •  
  • Мазаем и 17-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым  и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:1. БажэкIэ. 4. Балъкъыз. 7. Макъ. 8. Гурэ. 9. Хьэм. 11 . ХьэщIэщ. 14. Пхъэр. 15. Сэмб. 17. Жасы. 18. Пщащэ. 20. Лъагъуэ. 25. Акъбащ. 26. Суд. 27. Бжьыдзэ. 32. Мащэ. 33. Данил. 34. ЩIэщхъу. 36. КIэщт. 38. Плъыр. 39. ЩIэблэ. 40. Щыхь. 43. Шыгъу. 45. КIуащ. 46. Мэгурым. 47. БжьапцIэ.
  • Къехыу:1 . Бэгу. 2. КIыщ. 3. КъуанщIэ. 5. Абдж. 6. Зым. 10. Хъуркъым. 11 . ХьэIупэ. 12. Щэбэт. 13. Псалъэ. 14. Пэж. 16. Блэ. 19. Арщыдан. 21. Пкъы. 22. Пщы. 23. Ибэ. 24. Гудзэ. 28. Шэнтщ. 29. АдрыщI. 30. Благъуэ. 31. ГъущIыпэ. 32. МэкI. 35. Хъуэр. 37. Къубгъан. 40. Щам. 41 . Бжы. 42. ЛIыжь. 44. Гъудэ.