ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэ

2018-02-22

  • Советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ мазаем и 15-м илъэс 29-рэ ирикъуащ. А махуэм Бахъсэн къалэ, зауэлI-интернационалистхэм я фэеплъым деж, щекIуэкIащ Я къалэн ягъэзащIэу нэгъуэщI къэралхэм щыхэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм теухуа пэкIу.
  • ЛIыгъэ зыгъэлъэгъуа ди щIалэхэм пщIэ хуащIыну къызэхуэсат Бахъсэн къалэ администрацэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, ветеранхэр, къэзымыгъэзэжа зауэлIхэм я Iыхьлыхэр, егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ.
  •  ПэкIур къызэIуихащ Бахъсэн къалэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Къардэн ФатIимэ: «Дэ сыт щыгъуи ди гум илъынущ Афганистаным щыхэкIуэда ди лъахэгъухэр. ЦIыхур псэущ, ар ящымыгъупщэху. А зауэм къыхэкIыжыну зи насып къихьахэм фIыщIэ фхузощI фи къалэным фызэрыхуэпэжам папщIэ», — жиIащ абы.
  • Депутатхэм я Бахъсэн район Советым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Ахъуэбэч Андзор Афганистаным щекIуэкIа зауэм хэтахэм фIыщIэ яхуищIащ къагъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ, щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ яхузэфIэкI зэращIэри къыхигъэщащ. «Гугъущ а махуэр уигу къэбгъэкIыжыну, а зауэ гущIэгъуншэм хэкIуэдащ ди къуэшхэр, адэхэр. «Афганхэр» Хэку зауэшхуэм зи гъащIэр щызыта адэшхуэхэм я Iуэхум пщIэ яIэу пызыща щIэблэщ».
  • Зауэм, лэжьыгъэм, къэрал кIуэцIыдзэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэмрэ пенсионерхэмрэ я советым, нэхъыжьхэм къабгъэдэкIыу къэпсэлъащ а зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Абазэ Хъусен.
  • ПэкIум хэтахэм захуигъэзащ КъБР-м и Дзэ комиссариатым Бахъсэн къалэмкIэ, Бахъсэн, Дзэлыкъуэ районхэмкIэ я къудамэм и унафэщI Сосналы Мухьэмэд.
  • — Нобэ дэ дыщызэхуэсащ Бахъсэн районым щыщу хэкIуэда зауэлI-интернационалистхэм я щIыхькIэ ягъэува фэеплъым деж. Дэ иджыпсту къытхэтщ къэралым и гъунапкъэр, мамырыгъэр хъумэнымкIэ я къалэнхэр пщIэрэ щIыхьрэ пылъу зыгъэзащIэу абы щыгъуэм къэкIуэжа ди щIалэхэри. Ину пщIэ фхузощI, фэ сыт щыгъуи лIыгъэ зыхэлъ цIыхуу, Хэкум хуэпэжыным и щапхъэу фыкъонэжри, — жиIащ Сосналым.
  • Афганистаным и ветеранхэм я Бахъсэн центрым и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Iэюб щIалэ хэкIуэдахэр зэращымыгъупщэм папщIэ къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ.
  • Зауэм теухуа усэхэм къеджащ Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэ №3-м и гъэсэнхэр, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм и уэрэджыIакIуэ Мэршэнкъул Резуанрэ Къунаш Рэмэзанрэ ягъэзэщIа уэрэдхэр псэкIэ зыхэзымыщIа къэнакъым.
  • ПэкIум хэтахэр зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда зауэлIхэм папщIэ дакъикъэкIэ щымри, я фэеплъым  удз гъэгъахэр тралъхьащ.
  •  
  • Дыгулыбгъу  Женя.