Джэш Вячеслав: Къэбэрдей-Балъкъэрыр щапхъэ хъуну дыщогугъ
2018-01-30
- Урысей Федерацэм и Президент хэхыныгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэрыхуэхьэзырым къытхутопсэлъыхь республикэм и хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм илъэс 30-м щIигъукIэ щылэжьа, 2010 гъэ лъандэрэ КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и унафэщI Джэш Вячеслав.
- — ЦIыхур хэхыныгъэхэм къекIуэлIэн щхьэкIэ, мы зэманым лэжьыгъэшхуэ идогъэкIуэкI. Псалъэм папщIэ, республикэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ хъыбарегъащIэ баннеру 50-м щIигъу щыдгъэуващ, къэрал, муниципальнэ IуэхущIапIэхэм плакат мин 15 щызэбгрыдгъэкIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и мызакъуэу, республикэм и щIыпIэ администрацэхэри мы Iуэхур къызэгъэпэщыным зэрелэжьыр. Дыхуейт цIыхухэр жыджэру хэхыныгъэхэм къекIуэлIэну, ди къэралым и къэкIуэнур езыхэми зэрелъытар къагурыIуэу. Президентыр щыхахкIэ, гуфIэгъуэ махуэшхуэ ар хъун хуейщ, макъамэр къеуэу, цIыхухэр гушхуэу. Куэдым зэращIэжщи, япэм апхуэдэущ зэрыщытар. Псом хуэмыдэу мы Президент хэхыныгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр фIыкIэ къыхэщыну ди гуапэт.
- — Гъатхэпэм и 18-м екIуэкIыну хэхыныгъэхэр нэхъ ипэкIэ щыIахэм сыткIэ къащхьэщыкIрэ, Вячеслав?
- — КуэдкIэ къащхьэщокI. Къапщтэмэ, адрей хэхыныгъэхэр щекIуэкIам мыпхуэдиз зэрызехьэ щымыIэу, дуней псор зэрыщыту къапщтэмэ, нэхъ мамыру щытащ. Псалъэм къыдэкIуэу, 2012 гъэм Президент хэхыныгъэхэр щекIуэкIам, КъуэкIыпIэ Гъунэгъур мамырт, щтапIэ ихьэжа апхуэдиз цIыхуи щымыIэу.
- Мыгъэрей хэхыныгъэхэм щIэуэ хэлъым и гугъу пщIымэ, ар — цIыхур и лэжьыгъэ- кIэ е нэгъуэщI щхьэусыгъуэкIэ здэщыIэну щIыпIэм Iэ щиIэтыну Iэмал зэриIэнурщ. Хэхыныгъэхэр щекIуэкIынум махуэ 20 иIэжу, район администрацэхэм я Iэтащхьэхэм щIыпIэхэм щылэжьэну комиссэхэр компьютеркIэ къызэрагъэпэщыпхъэщ.
- — Хэхыныгъэхэр къызэгъэпэщынымкIи, цIыхухэр абы къыхуеджэнымкIи къэбгъэсэбэп хъуну Iэмалхэм къахэхъуащ.
- — Пэжщ. Хэхыныгъэхэм хьэрэмыгъэ зэрыхэмылъыр къагурыгъэIуэнымкIэ сэбэпщ, псалъэм папщIэ, электроннэ IэIэтхэр зэрылэжьэнур. КъищынэмыщIауэ, республикэм хэхыныгъэхэр щекIуэкIыну щIыпIэ 354-м и процент 80-р видеокамерэкIэ къызэгъэпэщауэ щытынущи, абы къекIуалIэхэм, Iэ зэраIэтым, Iуэхур зэрекIуэкIым Интернет IэмалымкIэ цIыхухэр кIэлъыплъыфынущ.
- — Мы зэманым сыт КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэр зэлэжьыр?
- — Зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм Iэ щаIэтыну щIыпIэр абыхэм ятеухуауэ тщIыным долэжь. Зи нэм фIыуэ имылъагъухэм папщIэ Брайлым и шрифтыр яхудогъэхьэзыр. Ныкъуэдыкъуэхэм пэш щхьэхуэхэр къахузэдгъэпэщынущ (нэхъ нэхуу, сэбэп къахуэхъуну Iэмэпсымэхэр щIэту). КъищынэмыщIауэ, Iэ щаIэтыну пэшхэм я про-цент 90-р япэ къатым щекIуэкIын хуэдэу къыхэтхащ. Комиссэм хэтынухэм мы зэманым дыхоплъэж. Махуэ 46-рэ къэнащи, узытегузэвыхьын Iуэху диIэкъым, зэрыдубзыхуам тету зэман къэнам лэжьыгъэ псоми дыхунэсыну дыкъегъэгугъэ. Президент хэхыныгъэхэр зэIухауэ, зыри зэран мыхъуу едгъэкIуэкIыну догугъэ.
- — Къыхуеджэныгъэ лэжьыгъэхэр сыт щыгъуэ щIидзэрэ?
- — Пщэдей яух Президент къулыкъум щIэбэныну зыкъэзыгъэлъэгъуахэр ятхыныр. Абы и ужькIэ ахэр утыку къихьэну хуитщ. Республикэм и хъыбарегъащIэхэм къытрадзэн, къатын щIадзэнущ зэхьэзэхуэнухэм жаIэр. ТелевиденэкIэ къэпсэлъэнухэм я зэманыр пхъэидзэкIэ дгъэбелджылынущ.
- — Путиным дзыхь зригъэз гупым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ хэтынухэм я гугъу къытхуэщIыт, Вячеслав.
- — Абы ди щIыналъэм щыщу цIыхуищ хэхуащ: КъБР-м и Къэрал филармонием и симфоние оркестрым и дирижёр нэхъыщхьэ, Урысейм и цIыхубэ артист Темыркъан Борис, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Беппаев МутIэлип, дуней псом тIэунейрэ и чемпионкэ хъуа Кучинэ (Ласицкене) Марие. Ди гуапэ зэрыхъун-щи, ди лъахэгъу, СССР-м, УФ-м я Къэрал саугъэтхэр зыхуагъэфэща, Санкт-Петербург филармонием и симфоние оркестрым и унафэщI Темыркъан Юрий Санкт-Петербург къалэм къыбгъэдэкIыу а гу-пым хэтщ. Ахэр щIышылэм и 31 нэужьым, Путин Владимир IущIэнущ, абы къыщащтэ унафэм теухуауэ ди лIыкIуэхэр телевиденэм къыщыпсэлъэнущ, цIыхубэм яхуэзэнущ.
- Епсэлъар
- БАГЪЭТЫР Луизэщ.