Лъэпкъым гурэ псэкIэ хуэлэжьа КъардэнгъущI Зырамыку
2018-01-30
- Налкъутналмэсыр зэщIолыдэ, зэщIопщIыпщIэ и лъэныкъуэ псомкIи. ДэнэкIэ умыгъазэми, къыпхухэгъуатэркъым нэхъ фагъуэ, нэхъ фэншэ. Апхуэдэу и IуэхущIафэ псори дахэрэ къыхэпхынур къыпхуэмыщIэу, IэнатIэ хуэхъум зэфIэкIышхуэ къыщигъэлъагъуэрэ угъурлыуэ илъэс куэдкIэ адыгэ культурэм хуэлэжьа тхакIуэ, артист, щIэныгъэлI цIэрыIуэ КъардэнгъущI Зырамыку къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ къыщалъхуа, щапIа Псыгуэнсу къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм.
- Нэрылъагъут мы махуэшхуэм къуажэдэсхэм куэд щIауэ зэрызыхуагъэхьэзырыр. ЩэнхабзэмкIэ унэм и пэIущIэ пэшым и блыным фIэлът къуажэм дэт курыт еджапIэхэм щIэс цIыкIухэм Зырамыку теухуауэ ящIа сурэтхэр, блын газетхэр. Зи лъэ вакъэ изылъхьэу къуажэм дэсыр зэIущIэм къекIуэлIат жыпIэми, ущыуэну къыщIэкIынукъым.
- Къуажэдэсхэм махуэшхуэр даIыгъыну, дагъэлъэпIэну яхуеблэгъат КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерст-вэм и къудамэхэм я унафэщIхэу Мыз Маринэрэ Табыщ Муратрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIэ институтым и лэжьакIуэ нэхъыжьхэу Гъут Iэдэмрэ Хъуажь Фахърирэ, республикэм и ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэд, Аруан щIыналъэм и администрацэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Риммэ, щIыпIэ самоуправленэм и советым и унафэщI КIущ Валерэ, Аруан районым ЩIэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Жэрыщты Олег, «Адыгэ псалъэ» газетым, радиом я лэжьакIуэхэр, КъардэнгъущI лъэпкъым и нэхъыжьхэр, нэгъуэщI куэди.
- Пшыхьыр езыгъэкIуэкI-хэм фIэхъус сэламыр яха нэужь, зэIущIэр къызэIуихыну псалъэ иратащ КIущ Валерэ.
- — Дэ догушхуэ КъардэнгъущI Зырамыку хуэдэ лIы щыпкъэ ди къуажэм, ди лъэпкъым къызэрыхэкIам щхьэкIэ. А лIы Iумахуэм тхуилэжьамрэ къытхуищIамрэ махуэ бжыгъэкIэ дытепсэлъыхьми, зэрытхуэмыухыныр нэрылъагъущ. ХужыпIэнрэ ущIытепсэлъыхьынрэ и куэдрэ хуэбгъэфэщэн псалъэ гъуэтыгъуейуэ апхуэдэщи, къытхуигъэна хъугъуэфIыгъуэр хэдмыгъэкIуэдэжу абы ди нэхъыщIэхэр щIэтпIыкIыу, нэхъыжьхэм гъуэгугъэлъагъуэ тхуэхъуу дывгъэпсэу, — жиIащ КIущым. Абы къыдэкIуэуи и псалъэхэм къы-хигъэщащ Iуэхур щекIуэкI ЩэнхабзэмкIэ унэм Зырамыку и цIэр фIащыну яужь зэритри.
- КъыкIэлъыкIуэу псалъэ иратащ илъэс куэдкIэ Зырамыку дэлэжьа Гъут Iэдэм.
- — Ар зэи плъагъуртэкъым нэщхъейуэ, гукъыдэжыншэу, губжьауэ. Гуп уэршэ-рым хэтмэ, сыт хуэдэ Iуэхум теухуауи ирехъуи, а ирагъэжьа псалъэмакъым екIун хъыбар, гушыIэ къыбжиIэурэ, уи ныбафэр узауэ уигъэдыхьэшхыу куэдрэ ущигъэсыфынут. Удэлэжьэнуи удэгъуэгурыкIуэнуи цIыху тыншт, — жиIащ абы.
- КъардэнгъущIыр я пашэу IуэрыIуатэр зэхуахьэсыжу экспедицэ зэрыкIуэу щы-там, я лэжьэкIам, я зэхуаку дэлъа щытыкIэхэм теухуа хъыбархэмкIэ Гъутыр ядэгуэшэщ пэшым щIэсхэм. ЩэнхабзэмкIэ унэм къахуэнэн хуэдэу, Зырамыку теухуауэ езы Iэдэм итхахэр зэрыт тхылъищ тыгъэу яритащ.
- КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэу Мыз Маринэрэ Табыщ Муратрэ КъардэнгъущIым хуэдэ лIы щыпкъэ къащIэхъуэу, я блэкIар ящымыгъупщэрэ я къэкIуэнур дахэу псэуну жанхъуэтхьэблэдэсхэм ехъуэхъури, ЩэнхабзэмкIэ унэщIэм тыгъэу тхылъ зэхуэмыдэхэр иратащ.
- ГъэщIэгъуэнт илъэс куэдкIэ егъэджакIуэу лэжьа къуажэдэс нэхъыжь Лъостэн Хьэзрит и къэпсэлъэныгъэри. Пэшым щIэс куэдым Зырамыку яцIыхуу щытами, ахэр Хьэзрит зэрехъуапсэр я нэгум къищырт, сыту жыпIэмэ абы и насып кърихьэкIат Зырамыку дэлажьэ къудей мыхъуу, абы и «Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ» пьесэм къытрищIыкIыу игъэувауэ щыта спектаклми Заудин и ролыр игъэзащIэу щыджэгуну. Лъостэным спектаклым зэрызыхуагъэхьэзырауэ, зэрыщыджэгуауэ, театреплъхэр къазэрыIущIауэ щытар къекIуэлIахэм ялъэгъуам хуэдэу я нэгу къыщIигъэхьат.
- КъардэнгъущI лъэпкъым я нэхъыжь Мусэрбии къызэхуэсахэм псалъэ дахэ куэд яжриIащ, лъэпкъым Зырамыку хуэдэлI къыпхэкIыныр, ар къыбдалъагъуныр, абыкIэ угушхуэу утыку уитыныр зэрынасыпышхуэр къыхигъэщащ и псалъэмакъым. Пшыхьыр къызэзыгъэпэщахэми къекIуэлIахэми фIыщIэшхуэ яхуищIащ Мусэрбий икIи КъардэнгъущIым зэхуихьэсыжауэ езым игъэзащIэ уэрэдхэр, хъыбархэр зытет диски тыгъэу унэщIэм яритащ.
- ЗэIущIэм къыщыпсэлъа дэтхэнэми КъардэнгъущI Зырамыку хужаIэн я куэд- рэ зэманыр къаймэщIэкIыу апхуэдэт. Сыту жыпIэмэ зылI хузэфIэкIын хуилэ-жьащ абы адыгэ лъэпкъым, жьым щхьэ ядишхыу, щIэм лъакъуэ ядишхыу, и гушы-Iэр япэ итрэ, сыт хуэдэ гуп хэмыхьами, къепщIэпщIэкI цIыхухэм дэрэжэгъуэ ин яхилъхьэрэ гупгъэдахэу къэгъуэгурыкIуащи.
- Махуэшхуэм хуагъэхьэзыра сценарийм тету адэкIэ екIуэкIащ пшыхьыр. Фащэ дахэ зыщыгъ, екIуу хуэпа еджакIуэ цIыкIухэм, иджыри зэ къытрагъэзэж щIыкIэу, къызэхуэсахэр кIэщIу щагъэгъуэзащ илъэс блыщIкIэ лъэпкъ щэнхаб-зэм хуэлэжьа КъардэнгъущIым и гъащIэм. ЩIэи гъуни иIэкъым абы IуэрыIуатэхэкIыу зэхуихьэсыжам: нарт пшыналъэхэр, хъыбарыжьхэр, таурыхъхэр, псалъэжьхэр, къебжэкIхэр, гъыбзэхэр, жыпIэнуракъэ — «Адыгэ IуэрыIуатэкIэ» зэджэу нобэ дызэрыгушхуэр зэрымыкIуэдыжам Зырамыку и фIыщIэрэ и гуащIэрэ хэлъщ.
- Апхуэдэу еджакIуэхэм утыкум щагъэзэщIащ Зырамыку зэхуихьэсыжа уэрэ-дыжьхэм ящыщ зыбжанэ. Утыкум къыщеджащ акъыл жан, гушыIэ ин зыбгъэдэлъа, зи лъэужьри хэмыгъуэщэжыну и лъэпкъ гъащIэм пхрызышыфа КъардэнгъущI Зырамыку лIы ес цIыкIум хужаIа псалъэ дахэхэм, хуауса усэхэм.
- КъекIуэлIа псоми фIыщIэ хуащIри уджкIэ зэхуащIыжащ адыгэ IуэрыIуатэм и налкъутналмэс, адыгэ уэрэдыжьхэм, псалъэжьхэм, псалъэ шэрыуэхэм, къуажэхьхэм, нэщэнэхэм, таурыхъхэм, хъуэхъухэм я хъумакIуэу щыта КъардэнгъущI Зырамыку къыщалъхуа махуэм иращIылIа пшыхьыр.
- ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.