Граф Орлов и адыгэ мэлыхъуэхьэр
2017-12-30
- Мы сурэтыр 1903 гъэм Друри У. Д. и IэдакъэщIэкIыу къыдэкIа «Инджылыз хьэ лъэпкъхэр» тхылъым щыщ пычыгъуэщ.
-
14-нэ Iыхьэ: Орловым и адыгэ мэлыхъуэхьэр (The Circassian Orloff Wolfhound). ЩакIуэхьэхэм я щапхъэ гъэщIэгъуэнхэм язщ Орлов и адыгэ мэлыхъуэхьэр. Абы теухуауэ куэдым дыщымыгъуазэми, мы тлъагъум и теплъэ бжьыфIэр, и къарур, и псынщIагъыр абы гулъытэ зэрыхуэфащэм щыхьэт тохъуэ. Илъэс пщыкIубл ипэкIэ Абджыпс Сэрейм щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэм хэтауэ щытащ мы хьэ лъэпкъым и щапхъэ гуакIуэхэм язу Замбако М. и Домовой зи цIэр.
- Ар хьэ дахащэт. Быдэу, лъагэу, и IэпкълъэпкъкIэ лъэщу, и теплъэкIэ мащIэу Дирхаундым (шотланд щакIуэхьэм) ещхьу, абы нэхърэ тIэкIу нэхъ лъахъшэу. И фэр плъыжь-гъуабжафэт, цы хъарзыни, хуэIуву, тету. Хьэр континентым щекIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэ куэдым щытекIуат, езыри нэхъапэм текIуэныгъэ къэзыхьа хьэхэм къатехъукIат. (АдэкIэ хьэм и Iэпкълъэпкъым и инагъ-лъагагъыр къребжэкI). Домовой зей езы Замбако зэрыжиIэмкIэ: «Орлов и адыгэ мэлыхъуэхьэр Сыбыр хьэджафэм и лъэпкъэгъущ, ауэ езыр хэзыгъэщхьэхукI гуэрхэри бгъэдэлъщ. Псалъэм папщIэ, и цым, ипщэрей псэущхьэхэм зэрахабзэу, мыIувыщэу и пкъыр щIеуфэ, цым и кIыхьагъыр дюймитI хъуми аращ. И плIэ лъакъуитIыр, и щхьэмрэ и куэхэмрэ, и тхы лъабжьэр нэхъ бэлацэщ. И бгъэмрэ и пщэмрэ цыр нэхъ Iуву къытелъщ, пщэдэлъ дэлъым хуэдэу. Адыгэ мэлыхъуэхьэм и лъакъуэхэр нэхъ зэхуэдэщ икIи нэхъ кIыхьщ, сыбырыхьэм ейм нэхърэ, и щхьэр нэхъ кIэщIщ, и натIэри апхуэдэу лъахъшэкъым, абы къыхэкIыу и нитIыр нэхъ хуиту маплъэ. ФэкIэ гъуэщ е фIыцIэщ. Мы хьэджафэр сыбырыхьэм елъытауэ нэхъ жэрщ, нэхъ гъэсауи къыщIэкIынщ, ауэ тIури зибгъэгъусэну фIыщ. Уэркъ хьэл зэрахэлъымрэ я теплъэ дахащэмрэ я фIыгъэкIэ мыбыхэм уи хьэщIэщри уи унэ щIыхьэпIэ-ри ягъэщIэращIэ.
- Замбако иджыри зэрыжиIэмкIэ, хьэм и фэм и гугъу пщIымэ, ар сыт щыгъуи фIыцIафэщ. Нэхъыбэм гъуэщ е фIыцIэщ, и джабэхэм, и ныбэм е лъакъуэхэм гъуэплъ IэпапIэхэр щыхэт къохъу, гъуэжьыфэ е хужь къыщIэлъадэу.
- Адыгэхьэр зезыхуэ гуэрхэм жаIэ ар сыбыр щакIуэхьэр арауэ, ипщэ лъэныкъуэкIэ зэрашам и теплъэмрэ и щытыкIэмрэ яхъуэжа къудейуэ. Ауэ ар хуэгъэфэщэныгъэ къудейщ. Сыбыр хьэджафэри адыгэ мэлыхъуэхьэри дэ ди Дирхаундымрэ Грейхаундымрэ (инджылыз мэлыхъуэхьэ) яхэтыжу псори пасэм щыIа зы хьэ лъэпкъым къытехъукIам нэхъ ещхьщ. Грейхаундым теухуа пасэрей кельт лъэпкъ хъыбарыжьым ар псоми я къежьапIэу пIэрэ жыуегъэIэ.
- ЗэзыдзэкIар Чэрим Марианнэщ