«Урысейр зэрыщыту» фестивалыр ди деж щохьэщIэ!
2017-10-18
- Иджырей журналистикэм и урысейпсо зэIущIэу гъэ къэс «Дыгъэмыс» хьэщIэщым щызэхыхьэм хэту екIуэкIащ Лазаревскэ районым (Сочэ къалэ) теухуа гъэлъэгъуэныгъэ.
-
Илъэс зыбжанэ хъуауэ ирагъэкIуэкI «Урысейр зэрыщыту» фестивалым къызэщIиубыдэну ягъэпсауэ щыта Iуэхугъуэхэм ящыщу иджы зрагъэхъулIэфа гъэлъэгъуэныгъэр къызэгъэпэщыныр даIыгъащ Сочэ къалэм и Iэтащхьэ Пахомов Анатолий, Къалэ Зэхуэсым и унафэщI Филонов Виктор, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Богданов Всеволод, Кавказ Ищхъэрэм киномрэ телевиденэмкIэ и «Кунаки» фестиваль зэIухам и президент Кусэ-Шыхъуэ Сулиетэ сымэ.
- Мыгъэрей зэхыхьэм кърихьэлIат журналист миным щIигъу: телеканал лъэрыхьхэм я деж щегъэжьауэ тираж мащIэу къыдэкI район газетхэм деж иухыжу СМИ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIыкIуэхэр. ЗэIущIэр къызэзыгъэпэщахэм зэрыжаIэмкIэ, къэралым и щIыналъэ псоми къикIа журналистхэм Сочэ къалэр егъэцIыхуныр, и тхыдэм, щэнхабзэм, щIыпIэ дахэхэм щыгъэгъуэзэныр къызэрымыкIуэу Iуэху щхьэпэщ. ИкIи абы адэкIи къыпащэну я мурадщ.
- Я IэнатIэм зыщрихьэлIэ Iуэху къиинхэмрэ гъащIэм къахуигъэув къалэнхэм зэрыпэлъэщымрэ теп- сэлъыхьыну, я Iэзагъэм хагъэхъуэ-ну, я нэгу зрагъэужьыну Iэмал яIащ къызэхуэсахэм. Къапщтэмэ, зэхыхьэм и ещанэ махуэр зэрыщы-ту хухахат Лазаревскэ районыр зэгъэцIыхуным. Псалъэм папщIэ, пщэдджыжьым екIуэкIащ Сочэ и Къалэ Зэхуэсым и тхьэмадэ Филонов Виктор зыхэта пресс-конференцыр. Лазаревскэ районым къызэщIиубыдэ жылагъуэхэр къалэ парламентым и унафэщIым зэрицIыхум хуэдэу зыщIэ гъуэтыгъуейщ, сыту жыпIэмэ илъэс куэдкIэ абы и унафэм щIэтащ Сочэ и ищхъэрэ щIыналъэу зи гугъу тщIыр. Мы зэманым зыпэрыт къулыкъури абы пщэрылъ щыхуэхъуар Лазаревскэ хэхыпIэ округым и депутату щIыпIэ парламентым кIуэцIрыкIа нэужьщ.
-
Пресс-конференцым кърихьэ-лIа журналистхэр куэдым щIэупщIэрт: Олимп джэгухэм иужькIэ къалэм къыхуэна щIэиныр зыхуэдэм, зыгъэпсэхупIэ-зыгъэхъужыпIэу Сочэ дэт IуэхущIапIэхэм я зэфIэкIым, зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм ядэлажьэ IэнатIэхэм я къызэгъэпэщыкIэм, щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхущытыкIэм, нэгъуэщI куэдми.
- — НэхъыфIу узэрыцIыхун щхьэкIэ, нэхъыбэрэ узэIущIэн, узэпсэлъэн хуейщ, — жиIащ Филоновым. — Дэ дыщопсэу къызэрымыкIуэу гъэщIэгъуэн къалэм, дэтхэнэ лъэпкъым и щэнхабзэми пщIэ худощI, къэхъукъащIэ щыIэмэ, зэгурыIуэныгъэм-рэ мамырыгъэмрэ дгъэнэхъапэу- рэ, сыт хуэдэ Iуэхури зэфIэхыным дыхущIокъу.
- — Сочэдэсхэм дагъэлъагъу лъэпкъ куэду зэхэс къалэм и жылагъуэ ухуэкIэр щытын зэрыхуейм и щап-хъэ дахэ, — къыхигъэщащ Кусэ-Шыхъуэ Сулиетэ. — Шэч хэмылъу ар куэдкIэ я фIыгъэщ къалэ унафэщIхэми, лъэпкъ, щэнхабзэ, гъуазджэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэу 37-м я тхьэмадэхэми, къызэрыгуэкI къалэдэсхэми. КIэщIу жыпIэмэ, зи лъахэр мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ щытепщэу щытыну хуейуэ мыбы щыпсэу дэтхэнэ зыми.
-
Пресс-конференц нэужьым журналистхэм Iэмал яIащ дуней псом щыцIэрыIуэ кавказ гъэхьэщIэкIэр зыхащIэну. Ахэр щыIащ Лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым (и унафэщIыр Фроленков Александрщ). Абы лъэпкъ шхыныгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ щекIуэкIати, хьэщIэхэм затIыжащ кавказ ерыскъыхэкIхэмкIэ.
- КъищынэмыщIауэ, «Дыгъэмыс» хьэщIэщым и пэIущIэ пэшышхуэм къыщызэIуахат Лазаревскэ районым хыхьэ Чырмыткъуажэ жылагъуэм щыщ сурэтыщI Хьэпышт Хьисэ и IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэри. Лэжьыгъэхэр я бжыгъэкIэ куэдыщэ мыхъуми, зытеу- хуар хы ФIыцIэ Iуфэм и щIыдэлъху лъэпкъыу адыгэхэм — шапсыгъхэм — я «Нартхэр» пасэрей лIыхъужь эпосыр арат. Журналистхэм я мызакъуэу, къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIауэ а щIыпIэм зыщызыгъэпсэху хьэщIэ бжыгъэншэхэм а махуэм Iэмал яIащ сурэтыщIым епсэлъэнуи, щэнхабзэмрэ тхыдэмрэ я тегъэщIапIэу, Сочэ къалэм и блэкIар зрагъэщIэнуи.
- Мы зэхыхьэм хэтахэр концерт ирагъэплъащ, Лазаревскэ районым щыIэ Лъэпкъ щэнхабзэхэм я центрхэм я къарукIэ къызэрагъэпэщауэ. Iэгуауэшхуэ хуаIэту абы зыкъыщигъэлъэгъуащ Шахэшхуэ (Большой Кичмай) къуажэм щыщ «Шапсыгъым и нартхэр» сабий къэфакIуэ гупми. Къыхэгъэщыпхъэщ зи гугъу тщIы ансамблыр, Урысейм и мызакъуэу, хамэ къэрал куэдми къыщацIыхур, къызэрыунэхурэ етIанэгъэ илъэс 25-рэ зэрырикъур икIи а Iуэхугъуэм иращIэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэр Москва къалэм Лъэпкъ щэнхабзэхэмкIэ щыIэ унэм щрагъэкIуэкIыну мурад зэраIэр. АбыкIэ къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэр дэIэпыкъуэгъу къазэрыхуэхъуфынур Богданов Всеволод и гуапэу къыхигъэщащ.
- Ныбэ Анзор.
- Сочэ къалэ