ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ тхыдэм и гъуэгуанэ кIыхьыр

2017-10-18

  • Къаныкъуэ-Фырэ  Анфисэ
  •  Адыгэхэмрэ ахэр къызытехъукIыжа лъэпкъыжьхэмрэ я тхыдэр илъэс мин бжыгъэ мэхъу. Абы и щыхьэт нэхъыщхьэщ ди бзэмрэ ди хабзэмрэ нэхъ жьы дыдэхэм, нэхъ гугъухэм зэрыхабжэр. КъищынэмыщIауэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэлъыта, адыгэ хабзэ къекIум хуэдэ лъэпкъым зэригъэпэщын папщIэ, зэман кIыхькIэ яубзыхуа, ягъэфIа, яджа лъабжьэ уиIэн хуейщ. Хьэтхэмрэ хьетхэмрэ къащIэнауэ къыкъуахыж дэфтэрхэм, хьэпшыпхэм, мывэм, кхъуэщынхэм тедза тхыгъэхэм адыгэбзэкIэ укъоджэф икIи абы тетхэм ятепщIыхьмэ, дэ а лъэпкъыжьхэращ дакъызытехъукIар.
  • Хьет къэралым и дамыгъэ (герб).

    Дызытепсэлъыхь къэралыгъуэшхуэхэм я зэманым щаIыгъа увыпIэм, щаIа пщIэм, зэрахьа лIыгъэмрэ къарумрэ яхуэфэщэн лъэужьу къыщIэкIащ иджы-рей адыгэм къикIуа гъуэгуанэри. Европэми, Азие- ми, Африкэми, я тхыдэр гъэнщIащ а щIыналъэхэм адыгэхэм щагъэхъа Iуэхушхуэхэмрэ щагъэлъэгъуа зэфIэкIымкIэ. ЛIыгъэм, хабзэм, щIыхьым, нэмысым, гъэсэныгъэм, Iущыгъэм, дахагъэм я щапхъэу, адыгэ лъэпкъым къыхэжаныкIа къулыкъущIэхэм, унафэщIхэм, зауэлI хахуэхэм, пщы лъэрызехьэхэм, пащтыхь гуащэ щэныфIэхэм, щIэныгъэлIхэм дрипагэ хъунущ.

  •  
  • Хьэтхэмрэ хьетхэмрэ
  •  
  • Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2500 гъэхэм ирихьэлIэу Анадолэм къэIэпхъуауэ щытащ хьетхэр. А зэманым абы нэгъуэщI лъэпкъыгъуэ щыпсэурт — хьэтхэр. Япэ дищынщи, къыхэдгъэщынщ Анадолэм къэIэпхъуа хьетхэр бысымым (хьэтхэм) нэхърэ нэхъыбэу зэрыщытар. Хуэм-хуэмурэ лъэпкъитIыр зэхэшыпсыхьащ, уеблэмэ хьэтхэм хьэщIэхэм я бзэри, я хабзэри, я щэнри къащтащ икIи, щIэныгъэлIхэм къызэралъытэмкIэ, а хьетыбзэращ адыгэбзэри, убыхыбзэри, абазэбзэри иужькIэ къызытехъукIыжар.
  • Сулумэш хьет пащтыхьым Борэным и тхьэм тыгъэ ирет.

    Хьэтхэр пщыгъуэ-пщыгъуэу гуэшауэ, зэмызэгъыу, зыкIи зэпымыщIауэ псэурт. Ауэ, а лъэпкъитIыр зы зэрыгъэхъуа нэужь, нэхъри заубгъури, тенджыз ФIыцIэмрэ Мысырымрэ (Египетым) я зэхуаку дэлъ щIыналъэр яубыду къэралыгъуэшхуэ къэунэхуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ индоевропей хьет лъэпкъым хьэтхэм зауэ къазэрыримыщIылIар, къазэрытемыуар, атIэ ТIууащIэм (Месопотамием) къиIэпхъукIыу, Дарданеллхэмрэ БосфорымкIэ къыдэкIри, къазэрыгухьар. Ауэ, языныкъуэ щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ищхъэрэ-къуэкIыпIэмкIэ къикIщ, кавказ къуршыжьхэм щхьэпрыкIри, АнадолэмкIэ ягъэзауэ аращ. Дауэ хъуами, а лъэпкъитIым я бзи, я хабзи, я фIэщхъуныгъи зыкIи зэщымыщу, щхьэж езым и тхыдэ абрагъуэ иIэжу зэрихьэлIат, ауэ зэкIэщIэпч мыхъуну зы лъэпкъ хъуауэ щытащ иужькIэ.

  • Абу-Симбел. Мысыр (Египет)

    Иджырей Тыркур здэщыIэ щIыпIэм деж щыса Хьэт къэралыгъуэм, абы и тепщэхэм, псэукIэм, ирагъэкIуэкI зауэхэм ятеухуа тхыгъэ куэд къыхэнащ аккадхэмрэ ассирийхэмрэ къащIэна дэфтэрхэм. Ахэр тегъэщIапIэ пщIымэ, хьэтхэмрэ иджырей адыгэ-абазэ лъэпкъхэр къызытехъукIыжа къащкъэхэмрэ (тенджыз ФIыцIэм Iуса лъэпкъщ) зы бзэщ зэрыпсалъэу щытар. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ, а лъэпкъыгъуэхэр зэблагъэу аратэкъым, атIэ Хьэт къэралыгъуэр, Анадолэмрэ Мысырым-рэ я закъуэ мыхъуу, КолхидэмкIи (Абхъазым) къыдригъэзейуэ тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм екIуэкIыу Iусауэ аращ, Темэн (Тамань) хытIыгуныкъуэм нэсыху.

  • Пасэрей адыгэхэм «Уащхъуэ, мыващхъуэ кIанэ!» (мо уафэ къащхъуэмрэ мывэ щхъуэмрэ я цIэкIэ) жаIэу, тхьэ яIуэу щытащ. А жыIэгъуэр къыщежьари Хьэт къэралыгъуэм и зэманырщ. Хьэтхэр мажусий динт зэрытри, тхьэ нэхъыщхьэу къалъытэр Уэлбанэм и Тхьэрат, тхьэ зэраIуэри апхуэдэут. Адыгэхэр хьэтхэм къазэрытехъукIам и щыхьэтхэм ящыщ зыщ ар.
  • Дызытепсэлъыхь зэман жыжьэм Хьэт къэралыгъуэмрэ Мысырымрэ зауэ гуащIэ я зэхуаку къыдэ- хъуащ. Рамзес ЕтIуанэр пащтыхьыгъуэм зэрытетрэ илъэс 34-рэ щрикъум, Хьэт къэралыгъуэмрэ Мысырым-рэ мамыр зэгурыIуэныгъэ зэрызэращIылIэрэ илъэс 13 щрикъум ирихьэлIэу, хьэтхэм я пащтыхь Хьэттусилэ и пхъур Рамзес ЕтIуанэм щхьэгъусэу ишащ икIи Маатхорнефрурэ (дыгъэм хуэдэу дахэ) мысырыцIэр къратащ. А зэманым хамэ къэрал къикIа пщащэхэр пащтыхьым и фызхэм ящыщ зыуэ, мыхьэнэшхуэ ямыгъэзащIэу къалъытэрт, ауэ Рамзес благъэ хуэхъуа лъэпкъым хуиIэ пщIэм и щыхьэту, Хьэттусилэ и пхъур и щхьэгъусэ нэхъыщхьэ ищIауэ щытащ. «Пщащэм и адэм и зауэлIхэр щIыгъуу, былым бжыгъэншэхэр япэ иту, Мысырым и лIыкIуэу цIыху нэхъыщхьэхэр, цIэрыIуэхэр щIыгъужу, пащтыхь гуащэр Рамзес деж нашэсауэ щытащ икIи пащтыхьым и щхьэгъусэр хуабжьу игу ирихьат», — тетщ Абу-Симбел блыным, а Iуэхугъуэхэр къыщыгъэлъэгъуам. Илъэсий дэкIри, Хьэттусилэ ипхъу нэхъыщIэри Рамзес ЕтIуанэм щхьэгъусэ хуэхъуащ.
  • Хьетхэм я пащтыхь.

    Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 1700 гъэхэм ирихьэлIэу хьэтыбзэмрэ хьэт щэнхабзэмрэ кIуэдыжыпащ. Нэхъ тэмэ-му жыпIэмэ, къахэпшэхъуауэ щыта хьетхэм яхэшыпсыхьыжащ. Хьэтхэм я къалащхьэу щыта Хьэтусэр зэтракъутэжри, хьетхэм я пащтыхьышхуэ IэнитIэ нэгъуэщI къалэ иригъэухуащ икIи Сириемрэ Вавилонымрэ къизэун хузэфIэкIащ. IэнитIэ и щIэблэм пащтыхьыгъуэр зэIэпахыурэ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 700 гъэ пщIондэ дунейм тетащ хьетхэр. А зэман жыжьэм ирихьэлIэу хьетхэм апхуэдизкIэ щIыналъэ куэд къаубыдати, къазэуа лъэпкъхэм яхэшыпсыхьыжу щIадзэри, я бзэми я хабзэми къыхэна щIагъуэ щымыIэу Ассирием и зыIэтыгъуэм дэкIуэдыжащ. «Хьет!» жезыгъэIэу щыта лъэп-къым и тхыдэ гъуэгуанэр апхуэдэу къызэпыудами, Урым пащтыхьыгъуэр къэунэхухукIэ хьетыбзэм ирипсалъэ лъэпкъ мащIэ дэкъузахэр щыIауэ жаIэ, ауэ я тхыбзэр зэраIэщIэхужар хьэкъщ.

  •  
  • Синд-мэуэтхэр
  •  
  • Хьет къэралыгъуэр, дауи, зэуэ кIуэдыжакъым. Япэ щIыкIэ ар Къэркъэмыш, ТэрхъунтIасэ, Мырэ пащтыхьыгъуэ зыбжанэу щэщэжащ. «Жыхапхъэр зэфIэпщIыкIыну ухуеймэ — гъэлъалъэ», жыхуаIэрати, щыху- пIэм щыщхьэщыувэм нэхъри зэрыубыдыным и пIэкIэ, заугуэшри, хьетхэр махэ хъуащ. Мы пащтыхьыгъуищым щыпсэуахэм здаунэтIари, къащыщIари, я къалэхэм натIэ яхуэхъуари зыми ищIэркъым.
  • Хьетхэм я хьэщхьэвылъэ (сфинкс).

    Арами, тенджыз ФIыцIэмрэ Мэуэт (Азов) хымрэ я Iуфэм щыпсэуа синд-мэуэт лъэпкъхэр хьетхэм къазэрытехъукIыжам шэч хэлъкъым. Сыту жыпIэмэ, мэуэтхэм тхыбзэ ямыIами, хьетхэм я бзэри, я хабзэри, я щэнри, я фащэри зыхъумэжар ахэращ. Абы и щыхьэту къыщIэкIынущ адыгэхэм хьэт, хьет лъэпкъхэм епха унагъуэцIэхэр зэрызэрахьэр: Хьэтэ, Хьэткъуэ, Хьэту, Хьэтай, Хьэтыкъуэ, ХьэтIэхъу, Хьэтэгъур, Хьэтыкъуей лъэпкъ щхьэхуэр, нэгъуэщIхэри.

  • Ди лъэхъэнэм ипэкIэ VIII — VII лIэщIыгъуэхэм, ищхъэрэ-къухьэпIэ Кавказым къэралыгъуэщIэм зыщиубгъуат. А къэралыгъуэм ис адыгэ лIакъуэхэм мэуэткIэ еджэрт. А къэралыгъуэм щыпсэуащ торетхэри, досххэри, дандариехэри, синдхэри, псесхэри, керкетхэри, ахейхэри, нэгъуэщIхэри. ЛIакъуэ къэс езым и щIыгу гъэнэхуа иIэжт, щхьэж езым и пщым и унафэми щIэтыжт.
  • Мэуэтхэм ятетхыхьащ ди лъэхъэнэм ипэкIэ япэ лIэщIыгъуэм псэуа хэкумэтх (географ) цIэрыIуэ Страбон. Археологхэм къатIэщIа къалэжьхэр щыхьэт тохъуэ илъэс миным нэскIэ мэуэт щэнхабзэм зиужьурэ зэрыкIуам.
  • Абы щыгъуэ Мэуэтымрэ Алыджымрэ я захуэкум сату гъуэгухэр щыпхашат, алыджхэм санэри, дагъэри, хьэкъущыкъухэри, Iэмэпсымэхэри Кавказым къашэу. Кавказым исхэм хадэхэкIхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ я куэдти, алыджхэм къашэм пагъэкIуэжырт адыгэхэм я хьэцэпэцэхэр, лыр, бацэр, бажафэр, пщылIхэр.
  • Шыгу зэщIэщIахэмкIэ хьет зауэлIхэр Къадеш деж щытокIуэ. Ди лъэхъэнэм и пэкIэ ХIV лI.

    Мэуэтхэр гъунэгъугъэкIэ япыщIат нэгъуэщI лъэпкъхэм: псалъэм папщIэ, ищхъэрэмкIэ тенджыз ФIыцIэм къыIутIысхьа киммерийхэмрэ скифхэмрэ, Тэнрэ Индылрэ я зэхуаку щыпсэуа щэрмэтхэм. Ауэ мэуэтхэр нэхъ зыпыщIар Боспор алыдж къэралыгъуэрат. Керчь псы дэжыпIэм и Кърым лъэныкъуэмкIи, мэуэтхэм я щIыналъэ Темэн хытIуащIэмкIи ди лъэхъэнэм ипэкIэ VI лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ алыджхэр гуп-гупурэ къитIысхьэу хуежьащ. Кърымым щыIэ алыдж къалэхэр зэгухьэри, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 480 гъэхэм яухуауэ щытащ БоспоркIэ зэджэ къэрал зэгухьэныгъэр. Абы Боспор пащтыхьыгъуэкIи еджэу тхыдэм хэтщ.

  • А зэманым Боспор къэрал унафэщIхэр хущIэкъурт щэрмэтхэм, мэуэтхэм, скифхэм зэхущытыкIэ тэрэз хуаIэну. Боспор къэралыгъуэм, пэжу, зиубгъуат, абы къыхэкIкIэ ди лъэхъэнэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм и кIэм мэуэт лIакъуэхэу дандариехэр, псессхэр, фатейхэр, досххэр Боспор пащтыхьыгъуэм и жьауэм щIохуэ.
  • Абы щыгъуэщ тхыдэм къыхэщыж адыгэ бзылъхугъэ Тыргъэтауэ Боспор пащтыхьыгъуэм щезэуар. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 388 гъэм къалъхуат Тыргъэтауэ, синдхэм япщ Джэгъэтей и щхьэгъусэу щытар. Боспор пщыгъуэм и тет Щэтир синдхэмрэ мэуэтхэмрэ къезауэрт, я щIыр иубыдыну хуейуэ. Тыргъэтауэ и адэ Шупашэ нэгъуэщI бын иIэтэкъым, езыр жьы дыдэ хъуати, ипхъу закъуэр мэуэтыдзэм и пашэу зауэм щыIащ. Тыргъэтауэ джатэр апхуэдизкIэ Iэзэу игъэIэкIуэлъакIуэрт, лIыгъэ абрагъуэ игъэлъагъуэу зауэрти, зауэлI нэхъ лъэрызехьэхэм зыкIи къакIэрыхуртэкъым. Иужьрейуэ зыхэта зекIуэм мэуэтхэм текIуэныгъэр къыщахьауэ, боспорыдзэм щыщу зы зауэлI закъуэ фIэкIа къэмынэу (хъыбарегъащIэу Щэтир деж яутIыпщыжауэ арат), псори зэтраукIэри къагъэзэжат. Тыргъэтауэ и адэр игъэгуфIэри, и щхьэгъусэмрэ и къуэмрэ деж игъэзэжат. Куэд дэмыкIыу, Щэтир дзэ зэхуишэсри, синдхэм къатеуащ. «Уи щхьэгъусэр я пашэу мэуэтхэм си дзэр зэтраукIащ. Силъ сщIэжыну сыкъэкIуащ: е уи щхьэгъусэр дукIынущ, е синдхэм зауэ фыдощIылIэ», — жиIэу, Щэтир щытригъэчыныхьым, и лъэпкъыр ихъумэжу, Джэгъэтей и щхьэгъусэр хытIыгум иригъашэу, лIэжыху абы щIэубыдауэ щаIыгъыну гурыIуащ пащтыхьым. Апхуэдэуи ящIащ. Мамыр зэгурыIуэныгъэ кърищIылIэри, Щэтир и пхъур Джэгъэтей щхьэгъусэу къритащ. Абдежым Синдейр Боспорым и дамэгъу мэхъу.
  • Боспорыпщым и пхъур Джэгъэтей кърагъашэ.

    Зи щхьэгъусэр зэпцIыжа, къызыщхьэщымыжа, лажьэ зимыIэу лей къызытехьа Тыргъэтауэ илъэс зыбжанэ- кIэ хытIыгум щаIыгъауэ, гъэпцIагъэкIэ абы къикIыжри, и дыщым игъэзэжащ. И адэр дунейм ехыжауэ ирихьэлIэжри, тетыгъуэр къызылъыса пащтыхьым дэкIуэжащ. Абы илъэс зыбжанэкIэ мэуэтыдзэ зэригъэпэщщ, Синдейм теуэри, илI къепцIыжам и дзэр зэтрикъутащ. Абдежи къыщымыувыIэу, и гъащIэр зэхэзыгъэзэры- хьа Щэтир и къэралыгъуэм ебгъэрыкIуэу щIидзащ. Къэралыгъуэр зэуэ хузэтекъутэнутэкъыми, щIэх-щIэхыурэ теуэу арат. Апхуэдэурэ, боспорыдзэр мащIэ щыхъум, Тыргъэтауэ зэрытекIуэнур къащыгурыIуэм, Щэтир и къуэр анэмэту къаритащ икIи мамырыгъэ зэращIылIэну къэлъэIуащ. Нэрыбгейр абы арэзы техъуат, ауэ Щэтир абы аргуэру къебзэджэкIащ, Тыргъэтауэ деж лъэIуакIуэ кIуа хуэдэу, лIыукIитI щэхуу иутIыпщри. ЛIыукIхэм пщэрылъ къыхуащIа Iуэхур ягъэзащIэу, Тыргъэтауэ теуат, зым и джатэр кърихри цIыхубзым хиIу- нуи хэтат, ауэ нэрыбгейм бгырыпх бгъуэшхуэ щIэпхауэ къыщIэкIри, абы ихъумат. БзаджащIэхэр яубыдри, къэзыгъэкIуари къыщIэкIуам и пэжыпIэри кърагъэIуэтат.

  • Ридадэрэ Мстиславрэ зобэн. 1022 гъэ

    Абы иужькIэ Тыргъэтауэ Боспорым теуэри, Щэтир гуауэмрэ бампIэмрэ ихьыжыху езэуащ. Щэтир дунейм ехыжу и къуэ Горгипп пащтыхьыгъуэр къыщылъысым, дуней фIыгъуэр саугъэту Тыргъэтауэ къыхуишэри, мамырыгъэм щIэлъэIуну къыхуэкIуауэ щытащ икIи абдежращ зауэм щыщигъэтар.

  • Ди лъэхъэнэм и 1000 гъэхэм Адыгэ щIыналъэм къыщекIуэкIа Iуэхугъуэхэм нэхъ къахэгъэщхьэхукIыпхъэ-хэм ящыщщ кIасэгухэм (касогхэм) я пщу щыта Ридадэ зэрихьа лIыгъэр. Ридадэ зыхьхэмрэ кIасэгухэмрэ пщIэшхуэ къыхуащIырт икIи езы пщыми и лъэпкъыр и щхьэм нэхърэ нэхъ игъэлъапIэрт. Ридадэ пелуану щытауэ къыхощыж урыс тхыдэм, зыхэпсэукIа зэманми къарукIэ къытекIуэн зы цIыху лъэпкъым хэмытауэ. ЦIыхубэм Ридадэ хуиIэу щыта пщIэмрэ лъагъуныгъэмрэ я фэеплъу адыгэ уэрэдыжьхэм ежьууэ къыханащ «Уэ-Ридадэр».
  • 1022 гъэм кIасэгу лъэпкъым къебгъэрыкIуат тмутаракъан пщы Мстислав Хахуэр. Ар Ридадэ къыщищIэм, дзэшхуэ къызэригъэпэщри, бийм пежьащ. ДзитIыр щызэпэщIэувэм, Ридадэ къыхилъхьащ лъыгъажэ къыхэмыкIыу Iуэхур зэфIагъэкIмэ зэрынэхъыфIыр, IэпщэрыбанэкIэ пщитIым зызэрапщыту, хагъащIэм и щIыри, и унагъуэри, и гъащIэри текIуэм ейуэ. АбыкIэ зэгурыIуа пщитIыр зэрыубыдри, зэрытемыгъакIуэу махуэ ныкъуэкIэ зэзэуащ. Мстиславым къыгурыIуащ зэрытемыкIуэфынур икIи игъэпщкIуа сэр кърипхъуэт-ри, Ридадэр къиукIащ. Абы и ужькIэ Мстислав Ридадэ и щхьэгъусэмрэ и къуитIымрэ гъэру иубыдащ, кIасэгу адыгэхэм тын Iихыу щIидзащ, щIалитIми урысыцIэу Юрийрэ Романрэ къафIищыжащ, уеблэмэ ипхъу Татьянэ Роман щхьэгъусэу къритыжат, ауэ щIалэм щIэблэ къыщIэмыхъуэ щIыкIэ зауэм хэкIуэдащ.
  • Тыргъэтауэ. (Абы и ролыр Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щегъэзащIэ ЖьакIэмыхъу КIунэ).

  • Дауэ хъуами, урыс лъэпкъыжьхэу Белеутов, Алехнов, Клушин, Рябчиков, Викентьев, Гусев, Добрынский, Елизаров, Зайцев, Булатов, Поджогин, Симский, Образцов, Телегин, Сорокоумов, Глебов, Бобров, Бурунов, Кокошкин, Лопухин, Лупандин, Лаптев, Морев, Ушаков жыхуиIэхэр Ридадэ и щIэблэм къатехъукIыжауэ ятх тхыдэджхэм.
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).