ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэкупсэ нэс Лосэн Тимур

2017-10-17

  • Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, лъэпкъ пшыналъэр хъумэнымрэ ар егъэфIэкIуэнымрэ зи гуащIэ хэ­зылъхьэ пшынауэ, уэрэдус, макъамэтх цIэрыIуэ Лосэн Тимур ди редакцэм къедгъэблэгъащ.
  •  
  • — Тимур, зы зэманкIэ узэIэ­бэ­кIыжмэ, цIыхухэм нэхъыбэу укъы­зэрацIыхуу щытар пшынауэ Iэзэущ. Иужьым уэрэдхэмрэ ма­къамэхэмрэ тхыным уазэрыхуэмыхамэр бгъэ­лъэгъуащ икIи а лэжьыгъэхэр цIы­хубэм ягу зэрыдыхьэм и щы­хьэтщ щIэупщIэшхуэ яIэу уэрэд­жыIакIуэ куэдым ахэр зэрапхъуэ­тамрэ уи пшыхьхэм цIыхушхуэ къызэрекIуа­лIэмрэ. Пшынауэ Iэзэм зэуэ уэрэдуси макъамэтхи къы­зэ­рищIыкIыжар сфIэгъэщIэгъуэнщ.
  • — Пэжщ, зы зэманкIэ пшынауэу ­утыку ситащ. Ауэ, фIы псори зэгуэр еух жыхуаIэращи, а Iуэхуми зэгуэр кIэ игъуэтащ. УщыщIалэм деж зы гупсысэкIэ уиIэми, лIыпIэ ущиу­вэкIэ нэгъуэщIынэкIэ гъащIэм ­уоплъ. IуэрыIуатэр и лъабжьэу адыгэм къыддекIуэкI цIыхубэ уэрэдыжьхэм къи­щынэмыщIауэ, тIэкIу ди япэ итахэм я Iэдакъэ къыщIэкIа уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ си еплъыкIэр хэслъхьэу къэзгъэщIэрэщIэжынырт сызыщIэхъуэпсыр. А лэжьыгъэхэр мыхъу­мыщIэу схужыIэнукъым, атIэ ди нобэрей зэманым нэхъ къезэгъыу езгъэфIэкIуэну сыхуейт. Сэ пшыналъэри уэрэдри си Iэпэгъут, пшыхьхэр къызэгъэпэщыныр, егъэкIуэкIыныр къэскIуа гъуэгуанэти, ар щымыщ хэмыту ди адыгэ щыIэкIэм къигъэувэжыпхъэу къэслъытэрт. Ар зэзгъэхъулIэн папщIэ, япэщIыкIэ макъамэхэр стхащ. Абыхэм псалъэхэр яхуэзытхын гуэрым Iэмал имыIэу сыдэлэжьэн хуейт. Апхуэдэхэри ди­Iэт, ауэ си зэфIэкI сеплъыжыныр нэхъ сфIэигъуэу а Iуэхум сеувэлIащ. Си макъамэхэм псалъэхэр щащIэслъхьэжым, зэрымыщIэкIэ ахэр зы гъэщIэгъуэн гуэру зэувэлIэжащ, макъамэр зэрыджэгум хуэдэ дыдэу псалъэхэри джэгуу. Абы и щхьэусыгъуэр пшыналъэхэр зэрыбзэрабзэм хуэдэу псалъэхэри бзэрэбзэн хуейуэ къы­зэрысщыхъур арагъэнт. Къэбгъэлъагъуэмэ, Бэч Азэмэт игъэзащIэ «Мэздэгу къафэм» и псалъэхэр къы­зэрымыкIуэу гугъущ, ауэ абыхэмрэ макъамэмрэ апхуэдизкIэ зэдэбзэрэбзащи, адыгэу дуней псом щыпсэухэм ягу дыхьащ.
  • ИтIанэ, макъамэ Iэмэпсымэхэм я пшыналъэкIэ дызэджэжым теухуа зы гупсыси сиIэт нобэрей зэманми декIуу, езым и щыIэкIи иIэжу згъэ­хьэзырыну. Апхуэдэу щыхъум, куэд щIауэ къыздэгъуэгурыкIуэ «Хьэ­тIохъу­щыкъуей къафэр» стхыжащ. Къэсейхьэблэ щыщ цIыхубз гуэрым ар игъэзащIэу зэгуэр сыщрихьэлIэм, диктофонкIэ стхыжащ. Абы и пшынэ еуэкIэм тIэкIу сыкъытекIыу а къафэр къэзгъэщIэрэщIэжащ икIи скрипкэ, виолончель макъамэ Iэмэпсымэхэри щIэзгъэувэжащ. А щIыкIэмкIэ «Хьэ­тIохъущыкъуей къафэр» пшыналъэу, «Мэздэгу къафэр» уэрэду Iуащ. Уэрэдымрэ пшыналъэмрэ зэпэ­щхьэхуэ щыхъум, ахэр щыдгъэзэщIэну адыгэ утыкур зыхуэдэнум теухуа упщIэ къэуващ. Пшыхь къызэгъэ­пэщын хуей щыхъум, пшынауэ джэгур зэхэтшащ. Илъэсищ и пэкIэ къэдгъэлъэгъуа а пшыхьым цIыхухэр куэду къыщыщIэлъэIум, аргуэру къытедгъэзэжащ. Абы кърихьэлIахэм интернет Iэмалыр къагъэсэбэпурэ къызэрыпэджэжа псалъэ гуа­пэхэр нобэр къыздэсым си тхьэкIу­мэм итщ.
  • — Иужьрей уи лэжьыгъэхэм я гугъу къытхуэщIыт, Тимур.
  • — Пшыналъэрэ уэрэдрэ тету альбом зырыз къыдэзгъэкIащ. Пшыналъэ альбомым пшынауэ джэгу дыдэр фIэсщыжащ икIи абы хэхуар «джэгу зэхэшэ» жиIэу архивым къыхэтхыжахэм ящыщу адыгэ щыIэкIэм тету къэдгъэщIэрэщIэжахэрщ. Пшыналъэ альбомым къафэ 12 къызэщIедгъэубыдащ, адыгэ лъэпкъ 12-м я нэщэнэу. Нэхъыщхьэращи, а лэжьыгъэхэм Iэпэпшынэри, шыкIэпшынэри, пхъэцIычри, пхъэтIаркъри, фэтIарпI­ри, скрипкэри, кларнетри, габойри, виолончелри хэдухуэнащ. Апхуэдэу макъамэ Iэмэпсымэ зыбжанэ хэзагъэу икIи а псоми пшынэм гъуэгу ­иратрэ зэщIагъэдэIуэжут сызэры­хуейри, ар къызэхъулIащ. «Джэгу зэхэшэм» «Къайсэр къафэ кIыхьыр» къыкIэлъыкIуащ. Адыгэм къыддекIуэкI а къафэжьым сэр нэмыщI куэд еуащ. Абы и лъабжьэр Iуэры­Iуатэуи классикэуи щымыту, атIэ а тIум я зэхуаку иту утыку къисхьэну сыщIэхъуэпсырт. Ар къыщызэхъу­лIэм, хуумыгъэфэщэну щIэупщIэш­хуэ иIэ зэрыхъуар гуапэ икIи гъэщIэгъуэн сщыхъуащ. Интернетым абы щеп­лъам я бжыгъэр псори зэхэ­плъ­хьэжмэ мин 700-м нызэрохьэс.
  • Адыгэу дунейм тетым ди лъэпкъ ­къафэ лIэужьыгъуэхэм хуаIэ еплъыкIэхэр дакъикъиблым щIигъу зи кIыхьагъ видеом къыщызэщIэс­къуэжащ. Интернетыр къэзгъэсэ­бэпри, «ХэкумкIэ мыр ноIукI» жысIэу зэбгрызгъэкIащ. А лэжьыгъэр си пшынауэ джэгуми зэ утыку къыщитхьати, кърихьэлIахэм ягу дыхьащ. Сирием сызыщрихьэлIа «Гуащэгъазэ къафэри» хэзгъэхьащ. Тыркум щы­псэухэр «къафэ къуаншэщ» абы зэреджэр. А къафэ хьэлэмэтым и цIэр щIыналъэхэм щызэтемыхуэми, я пкъыр зыщ. Гуащэ щIэпхъуэжам и ужьым и къэфэгъур йоувэри, ­лъэ­щIэмыхьэу кIэлъожэ, апхуэдэу къызэпекIуэкIыурэ псынщIэу икIи дахэ дыдэу къызэдофэхэр. АдэкIэ сыкъытеувыIащ, хэкурысхэм тхуэмы­хъумами, Тыркум, Сирием, Иорданием ис ди лъэпкъэгъу пшынауэ Iэзэхэм ди нобэм къахьэса «Лъапэрисэ», ­«Лъапэлъэф» къафэхэм. Абидэт и пшынэ еуэкIэр нэхъ сигу дыхьэрти, абы тету а къафэ лIэужьыгъуэхэр стхыжащ. Апхуэдэу мэздэгу адыгэхэм я архивым къыхэтхыжащ «Хъуромэм», «Гуащэгъазэ къафэм» я пычыгъуэ­хэр, Тыркум я «Лъапэлъэфым» щыщ, Умар Абидэт и фэеплъу, зы лъапэрисэ хэзгъэхьащ. Ауэ, а псоми ящыщу нэхъ сигу зыхуэзэгъар «тхьэш­хуэуджырщ». Абы макъамэ зыбжанэ къызэщIеу­быдэ. Псом хуэмыдэжу тхьэшхуэудж щIащIыж тхьэлъэIур нэхъ ягу дыхьащ. Црым Руслан и псалъэхэр абы щIэдгъэуващ, езыр еджэжу, зы хъыджэбз ­макъ дахэ ищхьэмкIэ къыщыIуу, ежьур и лъабжьэмкIэ щыIэу икIи абдежым тхьэ щелъэIуу. Пшынэхэр догъэувыIэри, ебжэ щIыкIэу, Црым Руслан и псалъэхэр къыхыдогъэщ. Абы дыкъыхокIыж, уджым дыхохьэжри, тхьэлъэIур зэ­худощIыж. Апхуэдэу «Чэбыхъан и пшыналъэри» абы хэзгъэхьащ. КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжу итхыжахэм ящыщщ   ар. Чэбыхъан хэкум щыцIэрыIуэ зи ишэгъуэ хъыджэбз дахэт. Лъапсэрых зауэжьыр къатепсыхэу щалъхуа щIыпIэр ибгынэн хуей щыхъум, абы и пшынэр къищ­тэри щIыналъэм къи­нэхэм иужь дыдэу зэ и къафэм къа­хуеуэжащ икIи и пшынэр и фэеплъу къахуигъэнащ. IуэрыIуэтэжурэ Чэбыхъан и пшыналъэр ди деж къахьэсащ. А къафэм и кум деж пшынэ макъыр изошэх, езы Чэбыхъан къежьу хуэдэу.
  • — Утыку къыбдит «Бзэрабзэ», «Рирадэ» гупхэр нэхъ гъунэгъуу къэдбгъэцIыхуамэ ди гуапэт.
  • — «Бзэрабзэ», «Бзэрабзей», «Джэ­раджэ» жыхуэсIэу къызэзгъэпэща мы щIалэгъуалэ гупым я цIэр зэкIэ зыгуэрым тедубыдакъым. ЩIалихрэ зы хъыджэбзрэ мэхъу «Бзэрабзэ» гупыр. Ахэр уэрэджыIакIуэхэу Дау Iэминэ, Къуэдзокъуэ Ислъам, Мэршэн МуIэед, Щокъуий Мурат, пшынауэхэу Чылар Нэсрэн, Къуныжь Тимур, фэтIарпIым еуэ Къуныжь Мухьэмэд сымэщ. Пэжщ, пшыхьхэр къыщы­зэдгъэпэщхэм деж хуэныкъуэ ды­­-щы­хъукIэ, гупым хэтхэм я бжыгъэм къыхэдгъахъуэурэ зыщедгъэубгъу щыIэщ, зы тIощIым нэблагъэу. Аращ «Бзэрабзей» хъужри.
  • «Рирадэ» гупыр къызэзыгъэпэщари зыгъэлажьэри Лий Аслъэнрэ абы и щхьэгъусэ Иринэрэщ. Къыхэ­щы­пы­кIа мы хъыджэбз макъыфIэ цIыкIухэм зэщхьэгъусэхэм пшыхьхэр къыху­зэрагъэпэщурэ утыку кърашэ, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ драгъэхьэхыу. Быдэу си фIэщ мэхъу щэнхабзэм и IэфIыр пасэу зыхэзыщIэ сабийр псэуху лъагъуэ мыхъумыщIэ зэры­темыхьэжынур. Гупым и цIэр яфIэ­зыщари сэращ. А цIыкIухэм си пшыхьхэр, къесхьэжьэ Iуэхухэр ягъэдахэмэ сфIэфIу къыхызошэ. Апхуэ­дэу сэри я лэжьыгъэхэр ядэсIыгъыу дызэрогъэныбжьэгъу. Куэшей Алик зи художественнэ унафэщI «Нал цIыкIу» къэфакIуэ сабий ансамблми сфIэфIу садолажьэ. НыбжьыщIэ цIыкIухэр утыку къишэн, абыхэм                гъуэгу етын хуейщ. Гъуазджэм и ку­рыхыр зыхэзыщIэ щIэблэр фIым, дахагъэм, IэфIагъэм, цIыхугъэм, адыгагъэм, хабзэм я телъхьэу къэ­гъуэгу­рыкIуэнущ. А гупхэр сыт щыгъуи къызэрыскъуэувэр гуапэ сщохъу.
  • — Тимур, лъэпкъ гупсысэр къы­зыхэщ, пасэрей пшынэбзэ дахэр зи лъабжьэ уи макъамэмрэ пшыналъэхэмрэ дахьэххэр мы дызы­хуэкIуэ зэман гъунэгъухэм сыт хуэдэ лэжьыгъэкIэ бгъэгуфIэну уи мурад?
  • — Тхьэм жиIэрэ дыпсэумэ, дыузын­шэмэ, гъэ къэс зы пшыхь къызэзгъэпэщынущ. Япэу утыку къитхьа «Пшынауэ джэгум» къыкIэлъыкIуэ илъэсми щIэупщIэ иIащ, ауэ абы къытедмыгъэзэжу «Пшынауэ шоу» зыфIэтща программэщIэр къэдгъэлъэгъуащ. Ещанэ илъэсми «Пшыналъэ шэрыуэхэр» зыфIэтща концертыр ттащ. Апхуэдэу программищ тщIащ. КъищынэмыщIауэ, ди еплIа­нэ программэ хъуащ ди гъэсэн нэхъ къыхэжаныкIахэм ящыщ уэрэд­жыIакIуэ щIалэ ДыщэкI Артур мы ­гъатхэм хузэхэтша «Япэрей» пшыхь гукъинэжыр. Абы си псалъэрэ макъамэрэ зыщIэлъ уэрэд ­зыбжанэ зытет альбоми къыхудэдгъэкIащ.
  • Си пшыхьым и гугъу пщIымэ, дуней псор щыгъагъэ, жыгхэр къыщытIэпI, цIыхухэм я гум гугъэ дахэхэр, лъа­гъуныгъэр къыщыуш гъатхэр гъэм и зэманхэм къахэсхащ. Иджыри къыздэсым иужьрей илъэсищым гъатхэу утыку дыкъихьащ, ауэ мы гъэм хэт ищIэрэ, цIыху куэд къызэрыщIэлъэ­Iур къэтлъытэу, ИлъэсыщIэм пэгъу­нэ­гъуу пшыхь къызэдгъэпэщынкIи хъунщ. Гъатхэм утыку дыкъызэрихьэну программэми и ужь дитщ. Ди пшыхьыр цIыхухэм гъэщIэгъуэн, гукъинэж ящыхъун хуэдэу къызэрыдгъэлъэгъуэным дыхущIэкъунущ.
  • Жэпуэгъуэм и 1-м, Пшыналъэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, ди етхуа­нэ программэр къэдгъэлъэ­гъуащ. Абы хыхьэу утыку къитшащ «Бзэрабзэ» щIалэгъуалэ гупыр. Концертым и программэр цIыхухэм щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн ящыхъуащи, догуфIэ. 3 D-кIэ зэджэ IэмалыщIэм тету, нэхъ ину къэIуну пшыналъэхэр нэхъ и щIыбагъымкIэ къэдгъэуващ, шыкIэ­пшы­нэ, Iэпэпшынэхэр нэхъ и гупэм къидгъэуващ, уэрэд­жыIакIуэхэр и кум щытащ. Пшыхьым микрофони фоно­грамми къыщыдгъэсэбэпакъым. Ди уэрэджыIакIуэ куэд абы къыхэтшащ. Ар щекIуэкIа, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал ­драмэ театрым и унафэщIхэм фIы­щIэ яхуэфащэщ, дызэхащIыкIыу пшы­­налъэ-уэрэд-концерт абы щед­гъэ­­­кIуэкIыныр къызэрыддаIыгъам папщIэ.
  • — Уи уэрэдхэр япэу артистхэм жаIэу щызэхэпхкIэ умыгъэщIэ­гъуэн плъэкIыркъым ахэр «зэхуэфащэу» зэрызэрыгъуэтыжыр. Ап­хуэ­дэу щыхъум деж шэч къытеп­хьэркъым а уэрэдхэм я гъащIэр кIыхь зэрыхъунумрэ яIэщIэмыу­жа­гъуэу куэдрэ цIыхухэм зэрызэ­Iэпа­хынумрэ. Ар дауэ къывэхъу­лIэрэ?
  • — Макъамэмрэ псалъэмрэ птхыуэ бутIыпщыж къудейкIэ зэфIэкIыркъым. А тIур хьэзыр хъуа нэужь, си гурылъхэр къыздиIыгъыу а лэжьыгъэр студием зыхуей щыхуэзгъэзэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу къыздэхъун къызолъыхъуэ. Абы и лъэны­къуэкIэ Лий Аслъэнрэ сэрэ дызэакъылэгъуу, ди Iуэху еплъыкIэхэр зэтехуэу дызэдолажьэ. Студие лэ­жьыгъэр зэфIэкIа нэужь, уэрэдыр е пшыналъэр зыгъэзэщIэнур къонаIуэ. УэрэджыIакIуэм е пшынауэм и гуп­сысэ гуэрхэри къыщытлъытэ къохъу. И пэм щыщIэдзауэ и кIэм нэс дызэ-акъылэгъуу дызэрызэдэлажьэр арауэ къыщIэкIынущ япэу пшыхьым цIыху­хэм щызэхах лэжьыгъэр ягу щIы­дыхьэм и щхьэусыгъуэри. Къэбгъэлъагъуэмэ, ДыщэкI Артур сыкъигъуэтри къызжиIащ си уэрэдхэм ящыщ игъэзэщIэну зэрыщIэхъуэ­псыр. Ауэ си уэрэдхэр зыхуэфащэу къэс­лъытэ нэхъыжьыIуэхэри диIэщ. Ап­хуэдэщ зи теплъэр, зыIыгъыкIэр, макъыр «Жьыщхьэ махуэ» уэрэдым хуэкIуэу къэслъытэ Молей Алихъан. Зы лэжьыгъэшхуэ зыдэпщIыни зы уэрэд е зы пшыналъэ зыдэбгъэзэщIэни къахокI.
  • — Уи лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса альбом къыдэбгъэкIыну уи мурад?
  • — Зы пшыналъэ альбомрэ уэрэдхэр щызэхуэхьэса альбомитIрэ къыдэдгъэкIыну дгъэхьэзыращ. ­Къи­­щы­-
  • нэ­мыщIауэ, ди программитхум я видеонэтынхэри къызэрыдэдгъэ­кIы­ным хуэдгъэхьэзыращ. Дыпсэумэ, дыу­зыншэмэ, а альбомхэр утыку ­къитхьэну, ди гурылъхэр къыдэ­хъулIэну дыщогугъ. А лэжьыгъэхэр къыдэдгъэкIамэ, адыгэ макъамэ ­гъуазджэм хэлъ­хьэныгъэ хуэтщIы­фынут. Зэманыр зэрыгугъуми емы­лъы­тауэ, гугъуехьым пэщIэувауэ икIи пэлъэщыфу нобэ адыгэ Iуэхум, адыгэ щэнхабзэм, гъуазджэм хуэлажьэ цIыхухэм я гум зы къабзагъэ, зы дахагъэ гуэр къыщызыгъэушыфхэм фIыщIэ яхуэфащэщ. Лъэпощхьэпохэр къызэзы­нэкIыу зи IэнатIэм пэрытхэр Тхьэм иригъэфIакIуэ! Лъэпкъ ущыхъукIэ, зэгуэр гъуазджэм уи гупэр хуэбгъэзэнущ.
  • — Тимур, уи къафэхэм, уэрэдхэм, макъамэхэм, ди республикэм и мызакъуэу, дуней псом щыпсэу, адыгэхэм зэлъащIысауэ, щIэуп­щIэшхуэ яIэщ. Ар къэплъытэу, нэ­гъуэщI щIыналъэхэм зыкъыщыбгъэлъэгъуэну уи мурадкъэ?
  • — Псом япэу ди республикэм исхэм я пащхьэм ди лэжьыгъэхэр щыдгъэ­лъэгъуэныр ди къалэну къэтлъытэри, ар дгъэзэщIащ. КъыкIэлъыкIуэ гъэм Шэрджэс адыгэхэм, хьэжрэтхэм яхуэтшащ. ИтIанэ, кIахэ адыгэхэр ­едгъэплъащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, шапсыгъхэм далъэIэсыфакъым, ауэ, Тхьэм жиIэмэ, псапэ Iуэхум и про­граммэ диIэщи, къыдэхъулIэмэ, зэ нэхъ мыхъуми ар цIыхухэм яхэтхьэну ди мурадщ, къыткъуэувэн, гъусэ къытхуэхъун къыкъуэкIмэ.
  • Тыркум, Иорданием, Германием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм срагъэблагъэри, сагъэхьэщIащ. Тырку адыгэхэр нэхъ тпэгъунэгъущ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Сирием щыпсэухэм я Iуэхухэр зэхэзэрыхьащ. Тырку адыгэхэм я деж щедгъэжьэну а программэм и ужь дитщ, ар зыху­зэфIэкIыну Адыгэ хасэхэми, продюсерхэми пыщIэныгъэхэр яхудиIэщ. Гъэ къакIуэ а Iуэхум нэхъ зыхуэдгъэхьэзырынущ. Гъэмахуэр фестивалым и чэзущ. Бжьыхьэ, щIымахуэ лъэхъэнэхэм, цIыхухэр зэрылажьэр къэплъытэмэ, абы ирихьэлIэу ахэр зэхуэпшэсыну нэхъ гугъущ. Гъэмахуэм псори зэхуосыжри, фестивалхэр щекIуэкI къалэхэм щыбгъэлъа­гъуэ хъунущ.
  • — Зэман тхухэпхыу ди упщIэхэм жэуап къызэрептам папщIэ фIыщIэ пхудощI, Тимур. ФIыгъуэ мылъытэу лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ пшы­­налъэ щIэщыгъуэхэр хъумэ­ным, ахэр къэгъэщIэрэщIэжыным, егъэфIэкIуэным уи гуащIэ уемыблэжу дяпэкIи хэлъхьэныгъэфIхэр хуэпщIыну, пшынэбзэ дахэ уи лъэпкъэгъухэр щумыгъэщIэну, уи гурылъыфIхэр къохъулIэну ди гуапэщ.
  • Епсэлъар  ТЕКIУЖЬ  Заретэщ.