ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыхьым и аллеем

2017-10-14

  •  Дыгъуасэ, жэпуэгъуэм 13-м, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм ягу къагъэкIыжащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэу я псэ емыблэжу хэкIуэдахэр. Абы теухуат Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм, мамыр зэманым зи къалэн зыгъэзащIэу зи псэр зыта хабзэхъумэхэм я ЩIыхь аллееу Налшык щыIэм деж щекIуэкIа фэеплъ пэкIур. КъБР-м и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я лIыкIуэхэр, республикэм и къарузехьэ, хабзэхъумэ IэнатIэхэм, жылагъуэ, дин, ветеран зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ абы кърихьэ-лIат.
  •  
  • 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м, террорист щIэпхъаджащIэхэр Налшык къалэ къыщытеуа махуэм, хэкIуэда хабзэхъумэхэм я фэеплъ пэкIур къызэIуахри япэу псалъэ иратащ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Ромашкин Игорь.
  • — Нобэ дигу къыдогъэкIыж, я фэеплъым пщIэ худощI зи къалэным пэрыту хэкIуэда хабзэхъумэхэр. Илъэс 12 дэкIащ щIэпхъаджащIэхэр Налшык къалэм къызэрытеуэрэ, ауэ дыгъуасэ хуэдэщ ар къыщыхъуар икIи гум имыхужынщ. Республикэм и шынагъуэншагъэмрэ мамырыгъэмрэ яхъумэу хэкIуэда хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэ дэтхэнэри къимыкIуэту пэщIэтащ бзаджащIэ ерухэм. Дэ ахэр зэи тщыгъупщэнукъым, сыт щыгъуи ди гум илъынущ, — жиIащ министрым. Абы къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мамырыгъэмрэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ хабзэхъумэхэм куэдкIэ зэрелъытар.
  • ХэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуащIу зы дакъикъэкIэ щымри, псалъэмакъым пищащ экстремизмэм пэщIэтыным-кIэ гъэзэщIакIуэ властым и лэжьыгъэр зэзыгъэуIу IуэхухэмкIэ КъБР-м и министр Къуэшырокъуэ Залым.
  • — Илъэс зыбжанэ и пэкIэ республикэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм — щIэпхъаджащIэхэр хабзэхъумэ IэнатIэхэм щытеуам — хэкIуэдахэр дигу къыщыдгъэкIыж фэеплъ махуэщ нобэ. Я псэм емыблэжу хабзэхъумэ 35-м зауэ зэрыхьзэрийм дыщахъумащ. Абы иужь илъэсхэми бандитхэм яIэщIэкIуэ-дащ хабзэхъумэхэр, дин лэжьакIуэхэр, къызэрыгуэкI цIыхухэр. Нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щытыкIэр щызэпIэзэрытщ, ауэ терроризмэм дуней псом зыкъыщыуегъащIэ. Урысейр абыхэм пэрыту япэщIэтщ, ди республикэми цIыхухэм я мамы-рыгъэмрэ зэпIэзэрытыгъэмрэ ехьэлIауэ псори щалэжь, — къыхигъэщащ Къуэшырокъуэм.
  • АдэкIэ псалъэ иратащ КъБР-м щыIэ МВД-м зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда и лэжьакIуэ, полицэм и подполковник Бу-кин Анатолий и анэ Буки-нэ Еленэ. И нэпсхэр къекIуауэ абы игу къигъэкIыжащ илъэс 12 и пэкIэ къэхъуар. «Налшык къалэм и 2-нэ ОВД-м бзаджащIэхэр къыщытеуам къэхъуар къыдгурымыIуэу, зыгъэсэныгъэхэр екIуэкI къытщыхъуащ. АрщхьэкIэ, щIэпхъаджащIэхэр ирагъэкIуэту унэм дыкъыщыщIэкIыфар шэджагъуэ нэужьырщ. Сэ срогушхуэ сфIэкIуэда си къуэм къигъэлъэгъуа хахуагъэм, мыпсэужу ЛIыгъэм и орденыр къызэрыхуагъэфэщам», — жиIащ Еленэ.
  • КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и унафэщI Гугъуэтыж Ахьмэд щIалэгъуалэр къыхуриджащ терроризмэмрэ экстремизмэмрэ пэIэщIэну, ди мамыр псэукIэм зи гъащIэр щIэзытахэр ящымыгъупщэну, я фэеплъым пщIэ хуащIыну, я Хэкур фIыуэ ялъагъуну.
  • КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Сыжажэ Алим хэкIуэдахэм тхьэ яхуелъэIуащ. Благочиннэ Бобылев Валентини апхуэдэ Iуэхугъуэр зэфIигъэкIащ.
  • ЗэIущIэм кърихьэлIахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм я фэеплъым.
  • АдэкIэ къызэхуэсахэр ирагъэблэгъащ Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. Ахэр еплъащ «Долгая дорога к миру» документальнэ фильмым.
  • УЭРДОКЪУЭ Женя.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.