Ди сабийхэр зыхуей хуэзэрэ?
2017-07-13
- «Роспотребсоюз» IуэхущIапIэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм ди республикэм ит курыт еджапIэхэм егъэщIылIа сабий садхэр къепщытэ.
- Япэу ирагъэкIуэкIа Iуэхухэм сэтей къащIащ сабий гъэсапIэхэм ящыщ куэдыр санитар-къабзагъэ мардэхэм зэрытемытыр. Къапщтэмэ, ахэр щыIащ Налшык, Нарткъалэ, Псынабэ, Псыгуэнсу, Старэ Шэрэдж, Нартан жылагъуэхэм. Сабий садхэм къахэкIащ псы зимыIэхэр, зи фошыгъум хъумпIэцIэдж хищIахэр, зи пIалъэр икIа шхыныгъуэхэр къыщагъэсэбэпхэр, зи щIыIалъэхэр мылажьэхэр. Ныкъусаныгъэхэр здэщыIэ IэнатIэхэм зэман кIэщIым къриубыдэу псори ягъэзэкIуэжын хуейуэ хуагъэуващ. Къэпщытэныгъэхэм адэкIи пащэнущ.
- Шэрэдж Дисэ.