Загъэпсэху, зэпоуэ
2017-07-13
- ХьэтIохъущыкъуей жылагъуэм щекIуэкIащ «Старт нэжэгужэхэр» зыфIаща зэпеуэхэр. Абы жыджэру хэтащ Бахъсэн щIыналъэм и гъэмахуэ лагерхэм зыщызыгъэпсэху сабийхэр.
- Зэхьэзэхуэм хэтахэр я ныбжьым тещIыхьауэ гупи-щу ягуэшри, я зэфIэкI здынэсыр ягъэунэхуащ: Iэрыхуагъэр, жэрагъыр. Апхуэдэу сабийхэм драгъэкIуэкIащ я къарур здынэсыр къызэрахутэ джэгухэр.
- «Мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм къыдэкIуэтей щIэблэм я узыншагъэр ирагъэфIакIуэ къудей мыхъуу, ахэр зэкъуе-гъэувэ, я зэфIэкIхэми хегъахъуэ», — жиIащ щIыналъэ администрацэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэным-рэ спортымкIэ и къудамэм и унафэщI Гузиев Мухьэ-мэд. Зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэм медалхэр, кубокхэр, спорт Iэмэпсымэхэр иратащ.
- Iуэхур къызэригъэпэщащ Бахъсэн район администрацэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымрэ спортымкIэ и къудамэм.
- Лъостэн Музэ.