ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сабийхэм папщIэ

2017-06-14

  • Налшык къалэ зыгъэбжьыфIэ ХьэтIохъущокъуэхэ я жыг хадэм ит сабий нэгузыужьыпIэм зэхъуэкIыныгъэхэр егъуэт.
  •  
  • Илъэсищ зэкIэлъыкIуэм къриубыдэу аттракционыр къанэ щымыIэу къагъэщIэрэщIэну я мурадщ. ЗэкIэ сэкъат зыгъуэтахэр зэрагъэпэщыж, жьы хъуауэ нэхъ зытешыныхьхэр Iуахыпащ. Абыхэм я пIэм къоувэ зэманымрэ ди сабийхэм я хъуэпсапIэхэмрэ сыткIи тещIыхьа нэгузыужьыпIэхэр. Аттракционыр пшапэр зэхэуэху лэжьэн хуэдэу и хъуреягъыр къагъэнэхунущ, билетхэр къэщэхуныр электрон Iэмалхэм хуагъэкIуэнущ.
  • Гъэмахуэм и пэщIэдзэм сабийхэм къапоплъэ батут гъэпщахэм я къалэр, «Хым щыщакIуэхэр» зыфIаща псы аттракционыр. Абыхэм сабийхэми балигъхэми я нэгу зыщиужьынущ.
  • Мы махуэхэм аттракционым сабийхэр щыкуэдщ. ДызрихьэлIа гъэсакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, щIыпIэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэмрэ хъыринэхэр куэдкIэ нэхъ шынагъуэншэ зэрыхъуамрэ щогуфIыкI.
  • Шэрэдж  Дисэ.