ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ Къэбэрдей- Балъкъэр

2017-06-14

  • «Неповторимая Кабардино-Балкария» фIэщыгъэм щIэту Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ тхылъыщIэ къыщыдэкIащ.
  •  
  • БлэкIа лIэщIыгъуэм и тхыдэм щыщу куэд зыщымыгъуазэ напэкIуэцIхэр, ди щIыналъэм, цIыху цIэрыIуэхэм ятеухуа гъэщIэгъуэн куэдым ущрихьэлIэнущ а къыдэкIыгъуэм.
  • Республикэм ижь-ижьыж лъандэрэ щыпсэу лъэпкъхэм ятеухуа очеркхэр, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр, революцэм ипэ лъэхъэнэр, Хэку зауэшхуэр къыщыгъэлъэгъуащ абы. Тхылъым щыбгъуэтынущ цIыху цIэрыIуэхэу Симонов Константин, Окуджавэ Булат, Андроников Ираклий сымэ Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщыIам теухуа хъыбархэмрэ абыхэм ди щIыналъэм хужаIахэмрэ.
  • БлэкIа лIэщIыгъуэм я IуэхущIафэкIэ зи цIэ къыхэнахэм ятеухуа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр щызэхуэхьэсащ етIуанэ Iыхьэм. Абыхэм ящыщщ Налшык и япэ хьэрычэтыщIэхэу къалъытэ Шуйскэхэ, Зипаловхэ, Вязмитинхэ. Тырныауз дэт вольфрам, молибден къыщIэхыпIэр япэу къэзыхутахэу Орлов Борисрэ Флёровэ Верэрэ, тхакIуэхэу КIуащ БетIалрэ Къущхьэ СулътIанрэ, бзэ щIэныгъэлIхэу Щэрдан Iэбурэ Фёдоровэ Маринэрэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Дэхъушокъуэ Мусэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Тхылъым ихуа сурэтхэм ящыщ куэд иджы япэу традзэу аращ.
  • Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм нэхъапэкIэ къыщыдагъэкIахэм хуэдэу иджырейри зыхуей хуэзэу дунейм къытехьащ. Тхылъым и псалъэпэр зытхар филологие щIэныгъэхэм я доктор ЩоджэнцIыкIу Нинэщ.
  • — Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кавказ Ищхъэрэм зэрыщыту и тхыдэр къэгъэлъэгъуэнымкIэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ къызэрымыкIуэу лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкI. Нэхъапэм дымыщIауэ абыхэм ди пащхьэ къралъхьэ Iуэхугъуэхэр зыми гу лъамытэу гъащIэм хэкIуэдэжынкIи хъунт. Тхыдэр зэхэхауэ, гурыIуэгъуэу зэратхым къищынэмыщIауэ, а псор сурэткIэ щIэгъэбыдэжауэ ди пащхьэ къралъхьэ. Котляровхэ къыдагъэкI тхылъхэм ущеджэкIэ ущыпсэу щIыналъэр зэрумыцIыхур къыбгуроIуэж, — щетх ЩоджэнцIыкIу Нинэ псалъэпэм.
  •  
  • ИНЭРОКЪУЭ  Данэ.