Я бзэр зэтемыхуэми, зэгуроIуэ
2017-02-10
- Дагъыстэн Республикэм и махуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым нобэ къыщызэIуах. Абы хуэгъэпса зэIущIэхэм хэтыну ди республикэм къэкIуэнущ цIыху 200-м нэблагъэ. Дагъыстэныр ящыщщ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу Урысейм и хэгъуэгухэм, абы и щIыналъэм исщ цIыху мелуани 3-м щIигъу. Илъэс куэд щIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрми щопсэу дагъыстэнхэм я лIакъуэ зыбжанэм къыхэкIахэр.
- Дагъыстэным щыщу ди республикэм исщ цIыху мини 10-м нэблагъэ. Нэхъыбэу ахэр щопсэу Налшык, Тырныауз, Прохладнэ, Май, Нарткъалэ, Тэрч къалэхэм.
- 2000 гъэм и накъыгъэ мазэм «Дагъыстэн» лъэпкъ-щэнхабзэ центр къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы и къалэн нэхъыщхьэр лъэпкъым и хабзэ нэхъыфIхэм зегъэубгъунырщ — зэныбжьэгъугъэ, зэгурыIуэныгъэ яку дэлъу я гъунэгъухэм ядэпсэунырщ, апхуэдэу дагъыстэнхэм я лIакъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм я бзэр, щэнхабзэр я адэжь щIыналъэм пэжыжьэу псэухэм егъэщIэнырщ. Илъэс къэс центрым ирегъэкIуэкI Дагъыстэным и зэкъуэтыныгъэм и махуэм, усакIуэшхуэ Гамзатов Расул и фэеплъыр гъэлъэпIэным теухуа зэхыхьэхэр.
- Апхуэдэу классикыр илъэс 90 щрикъум къызэрагъэпэщауэ щытащ интернет-конференц. Абы щыгъуэ КъБР-м и Iэтащхьэм, Правительствэм, Парламентым къабгъэдэкIыу Дагъыстэн Республикэм щыпсэухэм тыгъэ хуащIащ дамаск розэ хэсапхъэу 90, Мэхъэчкъалэ и «Акгель» жыг хадэм щыIэ гуэлым и гъунэгъуу Дагъыстэнымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэныбжьэгъугъэм и аллее къыщызэIуахащ.
- Илъэс къэс тэтэр, тырку, азербайджан лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я гъусэу Гъэрэ ЩIырэ щызэхэкI махуэшхуэр ягъэлъапIэ. Абдежым утыку къыщрахьэ я шхыныгъуэхэр, Дагъыстэным щыпсэу лъэпкъхэм я макъамэхэр кърагъауэ.
- КъищынэмыщIауэ, центрыр жыджэру хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкI жылагъуэ Iуэхухэм: Республикэм и къэралыгъуэм, Налшык къалэм я махуэхэр гъэлъэпIэным, лъэпкъ шхыныгъуэхэм я гъэлъэгъуэныгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм зэгъусэу къызэрагъэпэщ «Ди къарур — зэкъуэтыныгъэрщ» IуэрыIуатэ фестивалым.
- Республикэм и еджапIэхэм щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI дагъыстэн щэнхабзэм и махуэхэр. Апхуэдэ зэIущIэхэм щытопсэлъыхь Дагъыстэным и тхыдэм, щэнхабзэм, географием, апхуэдэуи «Дагъыстэн» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и IуэхущIафэхэм.
- 2012 гъэм щегъэжьауэ «Дагъыстэн» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщIщ Сурхайханов Ибрэхьим-Хъалил. Къэбэрдей-Балъкъэрми нэгъуэщI щIыналъэхэ-ми ар къыщацIыху сурэтыщI икIи скульптор цIэрыIуэу. Абы и IэдакъэщIэкIщ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием и ректору, жылагъуэ, политикэ лэжьакIуэу щыта Жырыкъуэ Борис, Никарагуа и лъэпкъ лIыхъужь Сан-Дино Сесарэ Аугустэ, командарм Катуков Михаил сымэ, политикэ залымыгъэ зытехьахэм я фэеплъхэр, абы ищIащ «ЩоджэнцIыкIу лъэпкъым я лIакъуэ жыгыр» сурэтыр, ЩоджэнцIыкIу Алий илъэси 100 щрикъум къыдагъэкIа фэеплъ медалыр, Соттаев Яхья и фэеплъ ухуэныгъэр.
- Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Сурхайхановым жылагъуэ лэжьыгъэри творчествэри здехь икIи шэч къытримыхьэу жеIэ а тIур зыкIи зэран зэрызэхуэмыхъур. Гъунэгъу республикэм щыщ лъэпкъым и лIакъуэм щыщхэу ди щIыналъэр хэщIапIэ зыхуэхъуахэр зэрыIыгъыу бгъэпсэуныр Iуэху щхьэпэщ. Лакхэм, даргинхэм, лезгинхэм, авархэм, табасаранхэм, къумыкъухэм, нэгъуэщI лIакъуэхэм щыщу ди щIыпIэм щыIэхэр псори Дагъыстэн щIыналъэм и щIэблэу зэрыщытыр къагурыIуэу мэпсэу.
- Хьэлышх Аннэ.