Дагъыстэным и махуэхэр
2017-02-10
- Дагъыстэн Республикэм и махуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу щекIуэкIынущ. Абы хэту къызэрагъэпэщыну я мурадщ КIуэкIуэ Юрийрэ Абдулатипов Рэмэзанрэ я зэIущIэ, Дагъыстэным и ЦIыхубэ Зэхуэсымрэ КъБР-м и Парламентымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм Iэ щыщIадзыну зэхуэс, «Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэр Урысейм и щэнхабзэ къулейм зэрыхэгъуазэр» зэхыхьэр, лъэпкъ IэпщIэлъапщIэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ, театр теплъэгъуэу зэхэгъэува «Си Дагъыстэн» Iуэхугъуэр.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.