2017-02-01
- Мылъкушхуэ трагъэкIуэдэн хуей мэхъу
- УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Голодец Ольгэ жиIащ хамэ къэралхэм къикIа-уэ ди деж щылажьэхэм мылъкушхуэ ятекIуадэу. Урысейм апхуэдэу мелуанибл хуэдиз щолажьэ.
- «Абыи и закъуэкъым, — къыхигъэщащ Голодец, къэралым техникэ и лъэныкъуэкIэ зиужьынми зэранышхуэ хуохъу ахэр. ЩIэныгъэ, Iэзагъэ зэхьэлIэн хуэмей IэнатIэхэрщ гастарбайтерхэр нэхъы-бэу зыпэрытри, лэжьапщIэшхуи къыщахьыркъым, къыщыщIагъэкIми ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэкъым. КIэщIу жыпIэмэ, ди экономикэм фейдэ къыхуахьыркъым, апхуэдэу щытми, къэралым абыхэм мылъку ятрегъэкIуадэ: я сабийхэр пщIэншэу ирегъаджэ, медицинэ, нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэхэр яхуищIэн хуей мэхъу».
- Голодец къызэрыхигъэщамкIэ, Iэпщэ къарум нэхъ тещIыхьа IэнатIэхэр зэхуэщIыжын хуейщ, сыту жыпIэмэ, апхуэдэхэр техникэ зыужьыныгъэм лъахъэ хуохъу.
- ЩIыуэпсыр хъумэным хуэгъэзауэ
- Бельгием и Антверпен къалэм и Iэтащхьэ-хэм унафэ гъэщIэгъуэн иджыблагъэ къыдагъэкIащ.
- Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, автомобилыщIэхэм я закъуэщ къалэкум щызекIуэну хуитыр. Жьы хъуа машинэхэр ягъэува гъунапкъэхэм ирагъэхьэнукъым, абыхэм къапих Iугъуэмрэ гъуэзымрэ хьэуар зэрауфIейм къыхэ-кIыу. Апхуэдэхэм хабжэнущ бензинкIэ лажьэ машинэхэм ящыщу илъэс 20 хъуауэ къагъэсэбэпхэр, дизель гъэсыныпхъэ зрагъахъуэхэм щхьэкIэ — илъэс 15. Унафэр къызэпызыудхэм тралъхьэну къуэдыр зыхуэдизри яубзыхуащ — еври 125-кIэ етхьэкъунущ
- ЦIыхухэм я узыншагъэр, щIыуэпсыр хъумэным хуэгъэза а унафэр ягъэзащIэмэ, псэ зыIутым деж-кIэ зэрану хьэуам хаутIыпщхьэ пкъыгъуэхэр 2020 гъэм ирихьэлIэу хуэдитIкIэ нэхъ мащIэ хъуну мэгугъэ а жэрдэмыр къыхэзылъхьахэм.