ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Чэрим Марианнэ Зым хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым

2017-01-28

  • Сыту жьгъей дыщIэныкъуакъуэр!
  • ДизыгъэкIуэтри сыту ин!
  • Гъуэгу хуит пхызыш а къару лъэщым
  • ЗыпэщIэдмысэу зедгъэхьамэ,
  • Абрагъуэу дыздиузэщIынт.
  • ЗырикIщ зыIэрыдгъэхьэфахэр,
  • КъыдэхъулIахэм дагъэпуд;
  • Ямылъэгъуам, къызэрымыкIуэм
  • «ЗекIуэлI» дэ тхуэдэм фIимыщынт.
  • Рильке Райнер
  •  
  • Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж дэтхэнэ цIыхури щIохъуэпс дунейм зэрытетам и нэщэнэ дахэ къызэринэкIыну. Арагъэнщ ехъулIэныгъэ щхьэкIэ зэпеуэныр дыпсэуху щIэдмыухыр. «ЖаIэнкIэ хъунум» адыгэм сыт щыгъуи мыхьэнэшхуэ ирет, и щIыхьыр зыIэт щытхъу игъэIуным къарууш-хуэ трегъэкIуадэ, мылъку хелъхьэ, щIакIуэкIапэ тоувэ, уеблэмэ псалъэм и гъэру къигъэщIа джэгуакIуэ факъырэм пщIэ лей хуещI.
  • «Абы и кхъащхьэр хэкIуэдэжынкIи хъунщ, ауэ и пшыналъэр дунейр къутэжыхукIэ Iунущ», — къехь Урыс-Кавказ зауэм и тхыдэтх генерал-майор Дубровин Николай адыгэ уэрэдыжьым щыщ пычыгъуэ, шэрджэсхэм я хахуагъ къызэрымы-кIуэм тегъэщIапIэ хуэхъур къыгурыIуа къыфIощIри. Граф Паскевич Иван, вице-канцлер Нессельро-де Карл 1831 гъэм хуригъэхьа дэфтэрым унафэщIэ къыщыхелъхьэ: «ХъунщIэтеуэхэм щхьэусыгъуэ яхуэхъу зауэлI хъыжьагъэм и пщIэр зэредгъэхуэхын Iэмал къэдгъуэтын (хуейщ)».
  •  
  • Фащэмрэ лIыгъэмрэ зэпэIэщIэ зэрыхъурэ
  • «ЛIыгъэншэу лIэщIыгъуищэ къэбгъащIэрэ лъэужьыншэу укIуэдыж нэхърэ, мащIэ дыдэ бгъащIэрэ лIэ-щIыгъуищэкIэ уи лъэужьыр мыкIуэдыжмэ нэхъыфIкъэ!» — жеIэ Сосры-къуэ, и иужьрей зекIуэр щыпаубы-дым. А зэманым щегъэжьауэ «лIыгъэ» псалъэм и мыхьэнэр хъулъхугъэми бзылъхугъэми я Iэпкълъэпкъ зэрыхыкIэм, Iуэху тегушхуэкIэм, текIуэныгъэм хуэзышэ къызэрымыкIуэ Iэзагъ къэгъэлъэгъуэкIэм ехьэлIауэ къокIуэкI. Ауэ адыгэ фащэр Iэщэмрэ шымрэ япэIэщIэ зэрыхъурэ, а псалъэм къидгъэкIым зиубгъуащ, мащIэуи зихъуэжащ. Нобэ дызэрегупсысымкIэ, лIыгъэ хэлъщ бийм текIуэфми, зытемыкIуэнум зыпэщIимысэн хуэдэу акъыл зыхурикъуми, лей зэримыхьэу псоми фIыкIэ ядекIуэкI тэмакъкIыхьми. НэгъуэщIу жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъ къарум ехьэлIауэ къежьа щытхъур иджы акъылым, гум, хьэл-щэным нэхъ идопх. «Лъэщыр бийм текIуаракъым — и щхьэ и унафэ зыщIыжыфращ», — жаIэ нэхъ куужу Iуэхум хэплъэхэм. Лъэпкъ куэдрэ хабзэ зэмылIэужьыгъуэу зэхэт дунейм зыщуплъыхьмэ, сыт хуэдэ зэмани дэнэ щIыпIи псэр зыхьэхуу цIыхубэм зифI екIыр ем гугъэр зыхихыжа IэщIагъэлI псэ къабзэхэращ.
  • ЗыгурыдгъэIуэну дызыхущIэкъур щэныфIагъымрэ IэщIагъэмрэ зыр адрейм зэрыдэIэпыкъу щIыкIэрщ. Хьэл-щэн дахэм IэщIагъэр иригъэфIакIуэрэ хьэмэ IэщIагъэм щэныфIагъым зригъэужьрэ? Зыр зыхэ-лъым адрейр езыр-езыру Iэрыхьэрэ, хьэмэ тIум язым фIэкIа зылъымыс щыIэ, щIылъымысри сыт? ЩэныфIагъыр хьэлщ, гум и щытыкIэм иукъуэдий зекIуэкIэщ. IэщIагъэр зэфIэкIщ, зебгъэужьыну Iэмал узыхуиIэ Iэпкълъэпкъымрэ акъылымрэ я къэгъэсэбэпыкIэщ. ТIури къыбдалъху хуэдэу щытщ, ауэ Сальери Моцарт зымыгъэхъур нэрылъагъукъым.
  •  
  • ЗызыгъэщIагъуэр щIагъуэкъым
  • «Ярэби, лэжьэрейхэр еджауэ, еджахэр лэжьэрейуэ щытащэрэт!» — щыже-Iэ урыс тхакIуэ Чехов Антон «Зэшыпхъуищ» пьесэм. Дэри ди зэхэтыкIэм хуэчэмыр къэдгъэнэIуэн мурадкIэ дыпсалъэмэ: «Ярэби, щэныфIэхэр зыгуэрым хуэIэзэу, зыгуэрым хуэIэзэхэр щэныфIэу щытащэрэт!» — жытIэну къыщIэкIынщ.
  • IэпщIэлъапщIагъкIэ адрейхэм къахэщ цIыхум пщIэрэ щIыхьрэ хуэфащэ зыщI гуэр бгъэдэлъщ. Гулъытэм хуэгулъытэнши, утыку зыхуэмыхьыххи яхэтщ абыхэм. ГъэщIэгъуэнращи, цIыхум и ехъулIэныгъэхэр нэхъ лъагэху, абы къыщохъу адрейхэм зыкIи къащхьэщымыкIыу, лейуэ зыщIыхиIэтыкIын бгъэдэмылъу.
  • ЗыгъэщIэгъуэныр зи нэщэнэ гъащIэм езым утрегъэгушхуэ и зэхьэзэхуэшхуэм ухыхьэну, уеблэмэ ухэмыхьэну Iэмал къуитыркъым. Ауэ зэпе-уэр зэзауэм хуэмыкIуэжын папщIэ цIыхум нэхъ мащIэ дыдэу бгъэдэлъын хуейр сыт? «Дуней гъащIэр мылъкурэ бынкIэ зым адрейм зыщыхуэвгъэщIагъуэ джэгупIэщ», — жеIэ КъурIэн лъапIэми.
  • УпщIэ дгъэувахэм жэуап къахуэдгъуэтынымкIэ адыгэбзэр къыддоIэ-пыкъу: «зыгъэщIэгъуэныр» узытрагъэгушхуэ хьэлу зэрыщымытыр езы псалъэм и зэхэлъыкIэм къыхощ. «ЩIагъуэ» мыхьэнэр «фIым» пэгъунэгъущ, «гъэщIэгъуэным» и лъэпкъэгъущ: «фIыуэ лъытэн», «къызэрымыкIуэхэм, махуэ къэс узримыхьэлIэхэм яхэбжэн». Ауэ «зыгъэ-» префиксым ар зыпыувэ лъабжьэм «щытыкIэр зыбгъэдэмылъ» мыхьэнэ ирет: зыгъэинын, зыгъэгубзыгъэн, зыгъэIэзэн, зыгъэнэмысыфIэн, н.къ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, «зыгъэ-щIэгъуэ-н» псалъэм и зэхэлъыкIэм зыбгъэщIэгъуэну зэрыемыкIур къыбгурегъаIуэ: «зы-зыгъэ-щIагъуэр ипэжыпIэкIэ щIагъуэкъым»,- къыджиIэ хуэдэщ а псалъэм.
  • Абы къыпэщIэувэ мыхьэнэхэм дылъыхъуэмэ, япэу къытIэрыхьэр нэмысыфIэ, шыIэныгъэ зыхэлъ, цIыху Iэдэб, Iэсэ псалъэхэращ, ауэ дигу нэхъ дыхьэр «нэм зыщIэзымыIу», «зифI утыку изымыхьэрей» купщIэрщ. Зэрытлъагъущи, дунеягъэр псоми зыгуэркIэ зыщагъэщIагъуэ губгъуэ-ми, абы и хьэлэлри хъий гуэрым зэритым адыгэбзэ губзыгъэр щыхьэт хуохъу.
  •  
  • Щэнымрэ щэнхабзэмрэ
  • ЗыгъэщIэгъуэныр зэрытыпхъэ хъийм икIа нэужь, «къызыфIэщIы-жын» псалъэр утыку къохьэ. Мы тхыгъэм щыдимурадыр, япэрауэ, зызыгъэщIагъуэр зыкъызыфIэщIыжам къызэрыщхьэщыкIыр; етIуанэу, къызыфIэмыщIыжа икIи зызымыгъэщIагъуэ цIыху щIагъуэр а тIуми зэрефIэкIыр зыгурыдгъэIуэнырщ, апщIондэху гу зылъыдмытэ гуэр къыкъуэплъыным дыщыгугъыу.
  • «КъызыфIэщIыжын» псалъэр «Iуэхур зэрыщымыту лъагъун е гурыIуэн» мыхьэнэ къэзыгъэлъагъуэ «фIэщIын» глаголым, «унэтIыныгъэ» къэзыгъэлъагъуэ префикс «къ(ы)»-мрэ зыгъэзэж мыхьэнэ зиIэхэу суффикс «ж(ы)»-мрэ префикс «з(ы)»-мрэ япыувэри къэхъуащ.
  • Бзэм зэрыхэт мыхьэнэмкIэ «къызыфIэщIыжа» зыхужаIэ нэрыбгэм и щхьэр, и цIыху сурэтыр езым къызэрыщыхъумрэ абы къыхуэзэну къызыхуихуэ цIыхухэм зэралъагъумрэ зэщхьэщокI. Псалъэм папщIэ, зыкъызыфIэщIыжар сэрамэ, фIыуэ зыдэс-лъагъужыр схэлъкъым, Iейуэ зыдэзмылъагъужыр схэлъщ, ар нэрылъагъуу щыт теплъэрэ хьэлу, е нэрымылъагъу зыхэщIэкIэ-гупсысэкIэу щытми.
  • Iуэхур зэрыщыт дыдэмрэ сэ ар къызэрысфIэщIымрэ я зэхуакум пэжуи пцIыуи къыщIэкIынкIэ хъуну щытхъумрэ дагъуэмрэ къыдоувэ. Си щытыкIэм теухуауэ сэ езыр сыщыуэнкIэ е сызахуэнкIэ зэрыхъунум хуэдэ дыдэу, сыкъэзыцIыхухэм сызрагъэу-вэ сурэтыр пэжынкIэ е нэпцIынкIэ мэхъу. Ныбжьэгъурэ жагъуэгъуу цIыхухэр щIызэхэздзым и щхьэусыгъуэр арагъэнщ: щытхъу сфIэфIмэ, зигу срихьхэр е сызыгъэлъапIэхэр согъэныбжьэгъу, си ныкъусаныгъэхэр сэзыгъэлъагъужхэр согъэбий. Е, лей зезымыхьэ цIыхуфI дыдэ сымыхъуауэ, сызыхущIэкъу мурадым сызэрылъэмыIэсынур си фIэщ хъумэ, щыуагъэншэу захуагъэм сыхуэзыунэтIхэр нэхъ къызощтэ.
  • Иджы фIымрэ Iеймрэ я пщалъэр щхьэж зэригъэувым елъытамэ, сэ сфIэфIыр зыгъэзахуэ щэнхабзэ, цIыхубэ зэхэтыкIэ щызекIуэ щIыпIэр къыхэсхынущ, апхуэдэ цIыхухэр щынэхъыбэ зэхуэсыпIэр е зэхуэсыгъуэр сфIэфIынущ, щымащIэм е здэщымыIэх-хэм япэIэщIэу сызэрыщытынум сыхущIэкъунущ. Псалъэм папщIэ, сабийр къыхуэпхъашэ дэджэгуэгъу е гъэсакIуэ здэщыIэ, сыт щыгъуи къыхуэIэфI адэ-анэр здэщымыIэ еджапIэм е джэгупIэм мыкIуэн щхьэкIэ магъ. Балигъхэм зыхащIэр сытым дежи къамыгъэлъагъуэми, зыхущIэкъур ардыдэращ.
  • ЦIыхум езым дежкIэ нэхъыфIыр зэпымычу IупщIу илъагъужу щыткъыми, гъуэгум тет гухэр зэблэзыгъэкI уэздыгъэхэм ещхьу, плъыжь, гъуэжь, удзыфэ къытхуэзыгъаблэ щэнхабзэр ди зэпрыкIыпIэхэм тыдогъэувэ, абы иукъуэдий зекIуэкIэм Iэуэлъауэншэу дызэрытетынум дыхущIокъу. Нэхъыжь-нэхъыщIэкIэ дызэхэтщ: гъащIэм нэхъыбэрэ хэта нэхъыжьым уимыгъэбэлэрыгъыу захуэм ухуиунэтIыныр къехъулIэн хуей хуэдэу щытщ, адыгэ хабзэмкIэ ар абы икIи и пщэрылъщ.
  • Ныбжьрэ IэпкълъэпкъкIэ хэхъуа, зи гъащIэ еплъыкIэм зиубгъуа, гъэунэхугъуэкIэ нэхъ бейуэ щыт цIыхум зимыужьу, нэхъ бзаджэу жыпIэмэ, фIым хуэмыузэщIа «сабиижьу» къыщынэ куэдрэ къохъу. Сыт щхьэкIэ? Дохутырым — витамин, егъэджакIуэм — гъэсэныгъэ, лъэпкъылIым — хабзэ узыншэ хуэныкъуэу къыщыхъунущ апхуэдэ нэрыбгэм. Ауэ дэ дызыхуейр цIыху псори зэхуэзыгъадэ, псори акъылэгъу дыздэзыщIын, шэч къызытедмыхьэжын, упщIэ дгъэувам щыуагъэншэу пэджэжын жэуапт, апхуэдэ щыIэмэ.
  •  
  • Лей зезыхьэм  сыт зэрихьэр?
  • Тхыгъэм псалъащхьэ хуэтщIа псалъэжьыр зытеухуар цIыхум къыдалъху Iэзагъырщ. «Зым хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым» жаIэ. Дэтхэнэ цIыхуми пщIэ щIыхуэпщIын щхьэусыгъуэ гуэр бгъэдэлъщ, ар нэрылъагъу ехъулIэныгъэу щымытми, абы къыхэкIыу зыри бгъэикIэ хъунукъым. Ар хэти къыгурыIуэ хуэдэу щытщ. «Хьэдрыхэ» псалъэр къызэрыхэхуэм псалъэжьым и купщIэр нэхъ кууж ещI: зыгуэрым удэзыхьэх дуней тетыкIэ думылъагъуми, абы Iей псори къыщIыхуэгъун фIы гуэр хэлъми пщIэркъым, ухуэпсалъэу и гуэныхь къытумых жыхуиIэщ.
  • Ауэ мыбдежым дызытепсэлъыхьыну дызыхуейр нэгъуэщIхэм къахуэщхьэпэн Iэзагъ зыбгъэдэлъым, апхуэдэ узэщIыныгъэ зымыгъуэтам елъытауэ, цIыхушхуэ хъуну е пщIэ зыхуригъэ-щIыну Iэмал нэхъ зэриIэракъым — апхуэдэм и зэран адрейхэм емыкIыну хуэбгъэфащэ нэхъ зэрыхъурщ.
  • Хьэл мыгъуэхэр къызэщIэпкъуэмэ, я нэхъыбэр утыку къитхьа «къызыфIэщIыжын» мыхьэнэм къызэщIеубыдэ. ЗыкъызыфIэщIыжам зыхуэзэну къыхуихуэ дэтхэнэм нэхъри нэхъыфIу зелъытэж, абы шэч къытезыхьэ псо-ми ебгъэрыкIуэныр фIэзахуэщ. «Сэ сынэхъыфIщи — сыхуитщ», — тепщэ тегушхуэкIэкIэщ ар Iуэхум зэрыбгъэдыхьэр. КъурIэнми къыщокIуэ апхуэдэм теухуауэ: «ФIы къыщехъулIэм деж, «ар си щIэныгъэкIэ къэзлэжьащ», — (жеIэри йогупсыс)».
  • Иджы дэIэпыкъуэгъуншэу, сэр-сэру пэжыр слъагъун папщIэ, захуагъэм и хьэтыркIэ «сэрэ-адрейхэмрэ» зэхэгъэжым сыIэщIэкIыфын хуейщ, сэрмырахэм сазэрыхуэпхъашэм хуэдэ дыдэу си щхьэми худэзмычыхыу. Уимыгъэбэлэрыгъыу зозыгъэлъагъуж нэхэр къэпщIыгъуафIэкъым: гур мыплъэмэ, нэр плъэркъым.
  • Нэхъ Iэгъуэу аргуэру дызылъэIэсыр лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ щIэныгъэ зэхуэзыхьэса ди анэдэлъхубзэ махуэращи, «лей» псалъэм зыгуэр къыджеIэ. Лейр узыхуэныкъуэ дыдэу щымыт хьэпшыпщ. Вакъэ лей, щыгъын лей, н. къ. «Лей зезыхьэм» зэримыхьэми хъуну гуэр зэрехьэ. Псалъэм папщIэ, бзэгу, пцIы… «Си пIэм сыкъыумыш» псэлъафэми къыхощ ар: сэ сыздэщытыпхъэм деж сыщытщ, ауэ уэ уи зыщIыкIэм си пщэрылъыр сымыгъэзэщIэжыф сещIри, дэ тIум ди зэранкIэ зэрыдунейуэ зэхэмызэры-хьын щхьэкIэ, си пIэм сыкъикIыу уэ уздэщытын хуейм деж узгъэувыжы-ныр къалэн сщыбощI. Ар жызыIэм цIыху зэпIэзэрыт («зэрытын хуей пIэм ит») фIэтщмэ, лей зезыхьэри къызытехьэри яхуэмыфащэ, я цIыхугъэмкIэ хамэ щытыкIэм иту жыпIэ хъунущ, акъыл гъущэкIэ Iуэхум убгъэдыхьэмэ. КIуэ, тэмакъкIыхьым и псапэр зэрынэхъ иныр, лей къытехьэм хуэбэшэчыр ГущIэгъущIрейм фIыуэ зэрилъагъур, лей зезыхьэр илъагъу зэрымыхъур зымыщIэ щыIэ къыщIэкIынкъым.
  • ПлъапIэр узыхуейр зыIэрыбгъэ- хьэн къудейрамэ, ущытмэ, удалъэнт, ущылъмэ, уубзэнти зэфIэкIат. Ауэ текIуэныгъэмрэ дэкъузэныгъэмрэ шэчыншэу хеигъэми залымыгъэми я Iэпэгъуу щыткъым. Аракъэ зытеухуар муслъымэнитI зэпэуврэ зым адрейр иукIмэ, тIури жыхьэнмэм зэрыкIуэнум теухуа хьэдисыр?! «Сыт щхьэкIэ, зыр цIыхуукIщ, адрейри жыхьэнмэм кIуэныр захуагъэ?» — жаIэу лIыкIуэ лъа-пIэм щеупщIым, «Абыи и къуэшыр иукIыну хуеящ», — къажриIэжауэ щытащ.
  • ДызыхущIэкъур зыгуэрым ил хуэдгъэузу, и щхьэ дгъэпуду, ипс пэдубыду ем къежьапIэ дыхуэмыхъунрамэ, ар къыдэхъулIэн-къыдэмыхъулIэныр зэлъытар ди къарур здынэсракъым, а щытыкIэм дизыгъэхуа щхьэусыгъуэращ. Дызытепсэлъыхьым щапхъэ IупщI хуохъу Тхьэр арэзы зыхуэхъун Хьэзрэт-Алий теухуа хъыбару Руми Джэлалуддин усэкIэ къиIуэтэжар. Лъыгъажэм хэт щэхьабэ махуэм и маисэр бий ириудам тришэщIакIэт, модрейр къэгубжьу къыщеубжьытхам. Арати, текIуэныгъэм зы уэгъуэкIэ фIэкIа пэмыжыжьэ Хьэзрэт-Алий маисэр ирихьэхщ, и Iэр бийм хуишийри къигъэтэджыжащ. «Сыт сыщIумыукIар?» — щIоупщIэ жагъуэгъур къэуIэбжьауэ. Бзэ зыбжанэм къыпхыкIыу къытIэрыхьа жэуапыр къызэрыдгурыIуэр мыпхуэдэущ: укъызэубжьытха нэужь сыкъэгубжьри, си IэбэкIэм сыпхурикъужын гукъэкIыр къыхэзэрыхьащи, си текIуэныгъэр «Алыхьым щхьэкIэ» сщIа псапэукъым, си бампIэр згъэтIысын щхьэкIэ сIэщIэщIа гуэныхьущ зэрыщытынур.
  • ГущIэгъубэм къыпхуимурадым упщуи упщылIуи, дунейм утетуи щIым ущIэлъуи, уеблэмэ Юнус бегъымбарым ещхьу джейм и кIуэцIым уи- лъуи улъигъэIэсыфынущ. Фирхьэуным и къуэдзэ хъуа Юсуф лъапIэр Мысырым къызэрыщыхутар пщылI къащэхуауэт. А гъуэгу дыдэм ирикIуащ адыгэ мамлюк сулътIанхэр. Тэурэтыр зи тыгъэ Мусэ бегъымбарыр къызыхэкIа лъэпкъыр, нобэ хэкужьым къэIэпхъуэжыну Iэмал зымыгъуэт адыгэхэм ещхьу, Мысырым щыхэхэст. Гьисэ лъапIэр дунейм къыщытехьа журт щIыналъэр, Кавказыр Урысейм зэрыхэтым хуэдэкъэпсу, Урым къэралыгъуэшхуэр зи тепщэ щIыпIэ пхыдзат. Мухьэммэд лIыкIуэ лъапIэм Мэчэм и щхьэр щыдихым щыгъуэ, зэкIуэлIэн унэ и гугъу умыщIи, гъуэгу зэрытеувэн махъшэ иIэтэкъым…
  • А щапхъэхэм къагъэлъагъуэ хейм гува-щIэхами гъуэгу зэригъуэтынур, узэрыхеин Iэмалхэм я нэхъ тыншри уздэщытын хуейм деж ущыту уи къалэныр бгъэзэщIэнырщ. Хейр лъэщщ, щытхъуми фэжагъуэми къигъапцIэркъым: фIым хуэщабэщ, Iейм хуэпхъашэщ, тIум щыгъуэми декIуэкIыгъуафIэщ. Зи гугъу тщIы хьэлыр екIуу къыщыгъэлъэгъуащ инд IуэрыIуатэм щыщ пракрит усыгъэм:
  •  
  • ЦIыху нэгъэсар щхьэхуитми,
  • Псоми яхуэжыIэщIэщ;
  • ЩэныфIэу мэIэбэ,
  • Бийм бгъэдэтми,
  • зэрыщымыткъым.
  •  
  • А усакIуэ дыдэм и къыкIэлъыкIуэ сатырхэмкIи дызригъэхъуэпсэну хэтыр щабагъыр зи тебзэ цIыху хэтыкIэращ:
  •  
  • ЦIыхуфIыр къэгубжькъым,
  • Губжьми Iей игу къэкIкъым,
  • КъэкI хъумэ — жиIэкъым,
  • ЖиIэ хъуми — щIогъуэж.
  • Хуэфащэм нэхърэ нэхъ увыпIэ лъахъшэ ихуам и гур мэкIуэдри хэкIыпIэхэм хуемыплъэкIыжыфу йокIуэт. Ауэ ар, дэIэпыкъуэгъу зэригъуэту, а щытыкIэм къокIыжыф. Хуэмыфащэ лъагапIэм къыщыхутам и щхьэр мэуназэри, Iуащхьэм къехуэхым къыщыщIыр игу-и псэкIэ къыщощI. Тобэ къэзыхьыжам и псэкIуэдыр псапэ зэрыхъужым хуэдэ дыдэу, зыкъызыфIэщIыжам хабзэм зыдригъэкIуу ищIа фIы тIэкIури псэкIуэд мэхъуж. Сыт псэкIуэдыр зищIысыр? ГукIэ е IэпкълъэпкъкIэ бгъэв гухэщIыгъуэ къызрикIуэ IэбэкIэ, псэлъэкIэ, гупсысэкIэ. Гунэфым и зэплъыжыкIэращ «Гушхуэ Тхьэшхуэ и жагъуэщ» щIыжаIар: узэрыдэпсэлъеям хуэдиз дыдэрэ умыукIытэжауэ фIым и кIуапIэм уи нэр къыхуэплъэжыркъым. «Уа, акъыл! Къэна уи емыкIу къыщIэщын?» — уи гум зэхисэу къегъэлъагъуэ а зыкъэщIэжыкIэр тырку усакIуэ Кысакюрек Неджиб Фазыл.
  • «Дыщэ мэз бжэн» жеIэри инд IуэрыIуатэм таурыхъ дахэ гуэр хэтщ, инджылыз тхакIуэ Киплинг Редьярд итхыжауэ, совет зэманым урысыбзэ-кIэ ягъэува псысэ Iущхэм язт ар. Зи лъэгум дыщэ къыщIэщэщ мэз бжэ-ныр зыIэригъэхьэн папщIэ, индып-щым абы и ныбжьэгъу щIалэ цIыкIур гъэру иубыдат. Мэз бжэн гу къабзэм зримылъэфыхьу пщым зыхуейр хуищIэну къигъэгугъащ, ауэ гуригъэIуащ: «срикъуащ» зэрыжыпIэу, дыщэр зэрыщыту кхъуэщын къутахуэ хъужынущ. Дыщэ уэшхым зыщызымыгъэнщI пщым зыкъомрэ гуфIэурэ къижы-хьащ, ауэ хуэмурэ къытещащэ Iуащхьэр лъагэIуэ щыхъум, джалэри самэм щIэбэмпIыхьын щIидзащ. «Куэдщ, срикъуащ!» — жиIэу пщыр къызэрытхьэджэу, ахъшэ Iуащхьэр кхъуэщын самэ хъужри езыри абы хэлIыхьыжащ. Аращ зыкъызыфIэщIыжам къыщыщIыр. ФIымрэ Iеймрэ зэрызэхигъэкIын акъыл иIэ пэт, абы мылъкумрэ пщIэ нэпцIымрэ зыдрегъэхьэхри, щытхъупс IэфIыншэм и гур къиуIарэ и псэм щыхэхэсу гъащIэр ехь. Абы ухуегъэсакъ КъурIэн лъапIэм: «Iейщ зыкъызыфIэщIыжахэр зэкIуэлIэжыну щIыпIэр». Акъылэгъу къыбдэмыхъуж уи гум нэхърэ нэхъ гуащIэ жыхьэнмэ щыIэ?!
  • СыкъызыфIэщIыжыху си щхьэр согъафIэ. Си щхьэр згъэфIэху, сызыIурызылъэфэну си «псэжьыр» къарууфIэ мэхъу. Абы къару лей къылъыкъуэкIыху, сызэрыщыт дыдэр сэзыгъэлъагъуж гъуджэу зесхьэ си гум пшагъуэ къытрехьэ. А щыри — гури, псэри, щхьэри — зейр сэращ, ауэ сыкъызэрызыфIэщIыжам Iуэхум мыIэмалыншэ, лей гуэр къыхигъахъуэри, гу-нэф, щхьэ-хуещэ, псэ-жь сыхъуащ.
  • ЦIыхур псэуныгуу щытыху, нэгъэсаигъэм хуэпабгъэ зэпытщ. ЗыкъызыфIэщIыжам а зэрыщытыххэу цIыху нэгъэсауэ зыкъыщохъуж, ауэ «Алыхьталэм лей зезыхьэхэр иузэщIыркъым».
  • Зигу кIуэдар цIыхум бгъэдэлъ къарур къызэримыгъэщхьэпэфымкIэ къуаншэщ: «КъурIэныр ныщIыпхуедгъэхар гугъу уедгъэхьын щхьэкIэкъым».
  • Хэт-тIэ нэгъэсакIэ узэджэнур? Мис, мы иджыпстурей напIэзыпIэм зэи зэхэмызэрыхь дуней зэгъэзэхуам и пщэрылъ щрихьэкIыу здэщытын хуей дыдэм деж щыщытыфым нэгъэсаигъэм и Iыхьэ IупщI хэлъщ. ЗыщIы-пIэ дежи къызэрыхэмыпIиикIым абы езы гъащIэр къыхуэныкъуэ ещI. Хахуэхэр, псэемыблэжхэр, щэныфIагъкIэ пэрытхэр-щэ?! Ахэр зыгъэпэрытыр пэрыт хъун гукъыдэжракъым, захуагъэр псэукIэ Iэмалхэм я нэхъ тыншу къагъуэтащи аращ. А Iэмалыр езы гъащIэм къигъэувхэм щытехуэкIэ, гугъу дезыгъэхьыну хуэмей ГущIэгъубэм абыхэм гу ялъыдимыгъатэу къэнэн?!
  •  
  • Зэманым декIур ехъулIащ
  • Толстой Лев фIыуэ зылъагъухэм ящIэжын хуейщ тхылъищу зэхэт «Сабиигъуэ. ЩIалэгъуэ. Зэманыгъуэ» повестыр. Франджы щэнхабзэм щIапIыкIа тхакIуэм укъуэдияуэ напэкIуэцI зыбжанэкIэ къыдгурегъаIуэ «комильфо» псалъэм къикIыр. «Зэрыщытын хуейм хуэдэу щыт» — аращ зэрызэрадзэкIыр адыгэбзэкIэ «хабзэ зыхэлъ» зыхужытIэн цIыху гъэсам хухэха а псалъэр.
  • Толстой и гупсысэм пэджэж хуэдэщ адыгэхэм «екIу-емыкIу» жыхуэтIэр. Хэт зэхэзымыхар «Зэманым декIур лIыфIщ» Къэзанокъуэ Жэбагъы и Iущыгъэр? Сыту пIэрэт узэщIакIуэм хилъхьэр «зэманым декIун» псалъэ зэпхам? Толстой и «комильфо»-м «зэрыщытын хуейм хуэдэу щыт» къригъэкIмэ, дэ цIыху нэгъэсам «здэщы-тын хуейм деж щыт» хужытIэну къыщIэкIынщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхум къытехуэр сыт щыгъуи зыхэпсэукI лъэхъэнэмрэ щIыпIэмрэ елъытащ. Зэманым щхьэпрыжри къыкIэрыхури лIыфIкъым. ЛIыфIыр здэщытыпхъэм деж щытщ, а щIыпIэмрэ лъэхъэнэмрэ зэрекIуращ ар нэгъэса зыщIыр, лей къыщIыпкърымыкIыр икIи къыщIытемыхьэр, гупсысэр зэтхулIэращи, — къыщIызыфIэмыщIыжыр. «ЕмыкIущ» щыжытIэм дежи, «къызэрытемыхуэу зещI», «имыIуэху зэрехуэ», «хуэмы-фащэ увыпIэ еубыд» мыхьэнэхэращ щIэтлъхьэр.
  • Нэгъэсар узэщIащ, игу зэгъар зыми ебгъэркъым. Жэбагъы и псалъэм зедгъэубгъумэ: «Зэманым декIур узэщIащ; узэщIар нэгъэсащ; нэгъэсар ехъулIащ; ехъулIар лIыфIщ». «ЕхъулIэн» псалъэри къызэрыдгурыIуэр «зи чэзум техуэн» мыхьэнэмкIэщ. Урыс-Кавказ зауэм и зэманым напIэзыпIэм къыкъуэхуу зызыгъэбзэхы-жыф адыгэхэм ехъуапсэ къэзакъхэм я псэлъафэ урысыбзэм къыхэнащ: «ЕхъулIэным я насып хэлъщ: хыумысауэ къокIри, къыумыхауэ мэбзэ-хыж».
  • «Сэри фIыуэ седжэнт, унэ дахэшхуэ сыщIэсамэ», — жеIэ зеиншэ хъыджэбз цIыкIум, нэгъэсауэ къыфIэщI и ныбжьэгъухэм ехъуапсэу, езым иджыри узэщIа мыхъуа къару зэрыхэлъыр зыхещIэри. Анэм къулыкъущIэ къыхэкIынут — унагъуэ Iуэхур япэ иригъэ-щащ. Адэр тхакIуэ хъуфынут — жэгундэ химысэу хъунутэкъым. Нэмыгъэсахэм сытым дежи заухей. Къабыл мыхъуу нэщI исахэм ещхьщ ахэр. Нэмыцэ тхакIуэ Кафкэ Франц и адэм хузэхилъхьа тхыгъэр апхуэдэ гуэрщ зытеухуар: адэм быныр иригъэхъулIауэ къыфIощI, мылъку зэригъэпэщри, щIалэм зыщIэхъуэпс IэщIагъэр зригъэгъуэтыну Iэмал иритащи. Ауэ къуэм тхэкIэ Iэзагъ бгъэдэлъми, унагъуэ иухуэфыркъыми, ар къезымыгъэхъулIэ хьэл гугъу зэриIэмкIэ и адэр егъэкъуаншэ. Литературэм и хьэтыркIэ, Кафкэ насыпыфIэнкIи мэхъу, ауэ и псэм и Iэфым гъуэгу иритыфыркъыми, нэмыгъэсауэ къонэ.
  •  
  • Псэм и IэфIыр
  • ПщIэ псори щIэпщIэр зыгуэрым и хьэтыркIэщ. Дунейм и тепщэу къигъэщIа цIыхум нэрылъагъумкIэ Iуэхур зэримыухыр гурыгъуазэкIэ зыхещIэ. ФIы-Iей, захуэ-къуаншэ, пэж-пцIы хуэдэ зэпэщIэуэ мыхьэнэхэр гъащIэм къыддыхэтщи, Iэбэгъуэ къэс тIум я зым дыходэ, дызэрызэщхьэщыкIри арагъэнщ: зы гупым яфIэфIыр ящIэ зэпыту псэу щхьэкIэ зыри къэмыхъуну къащохъу, адрейхэм ящIэм кърикIуэр ялъагъури, ем зэрызыщахъумэным йолIалIэ. КъухьэпIэм туз щIэхуауэ кърихьэкI «хуитыныгъэ» псалъэр «узыхуейр пщIэн» мыхьэнэм тету къыбгурыIуэмэ, япэрейхэр хуиту дунейм тетхэщ: лей зэрахьэнуи зэрахыжынуи хуитщ. Дэ, Пушкини жиIауэ, «нэгъуэщIщ, нэхъ лъагэщ хуитыныгъэу дызыхуейр».
  • Псэ зыIутрэ зыIумыту, псэущхьэрэ цIыхуу, сабийрэ балигъыу, хъулъхугъэрэ бзылъхугъэу дыкъыщагъэщIакIэ, дызыхуейм дызэрыхущIэкъу Iэмалхэри зэщхьэщыкIын хуейщ. КъэгъэщIыныгъэкIэ нэхъ махэр нэхъ лъэщым зэрыдэплъейр дунейм Iэмал нэхъ къызэрыкIуэу щызекIуэхэм язщ. Псэущхьэм — цIыхум, сабийм — балигъым зэрызытриухуэм хуэдэ дыдэу, бзылъхугъэм хъулъхугъэм зытреухуэ. Псалъэм папщIэ, адыгэшым и щэху бзыщIар и гур шум быдащэу зэрыкIэрыпщIэрауэ жаIэ. Адэмрэ анэмрэ жаIэр зэтехуэмэ, быным цIыхуфI къызэрыхэкIым хуэдэ дыдэу, адэм, дэлъхум, щхьэгъусэм е къуэм фIэлIыкIыурэ къэгъуэгурыкIуэ бзылъхугъэри щэныфIэ мэхъу. Хэт зымылъэгъуар сабийр зыдэплъей мыхъун егъэджакIуэм IэщIэхуэмэ къэхъур? Е унафэщI ткIий зиIэ бзылъхугъэм и гур унагъуэм щимыгъэтIылъыжыфу зэрыхъур? Ардыдэр къащощI хъыджэбз цIыкIум дежкIэ нэхъыфIыр къызыгурымыIуэ адэм и пхъум, дэлъхум и шыпхъум, къуэ балигъым и анэм.
  • ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Чехов Антон «Фо цIыкIу» («Душечка») жеIэри хъыбар гуэр иIэщ. Бзылъхугъэхэмрэ хъулъхугъэхэмрэ хуитыныгъэкIэ зэхуэдэн хуейуэ зыукъуэдий зэщIэхъееныгъэм ижь зыщIихуа а Iуэтэжым хэт Оля цIыкIу жиIэм махуэ къэс зехъуэж, зыдэпсэуну къыхуихуэ цIыхухъухэм, иужькIэ — щIалэ цIыкIум — нэхъ къафIэIуэхум елъытауэ. Езыр зыгуэр хуеин, щхьэхуэу зыгуэр и щхьэм илъыпхъэкъэ а бзылъхугъэм, жиIэ хуэдэщ тхакIуэм. Ауэ хъыбарыр нэхъри нэхъ гъэщIэгъуэн ещI къыдэкIыгъуэхэм я зым Толстой Лев абы хуищIа пэублэм. «Ауан ищIыну хуеями, — жеIэ тхакIуэшхуэм, — Чеховым, езым гу лъимытэу, бзылъхугъэр зэрыщытын хуей дыдэр къыщигъэлъэгъуащ а хъыбарым».
  • «Зэгуэр «ЗэманыщIэ» журналым зиусхьэн Ат бзылъхугъэхэм я гугъу щищI фельетон телъыджэ сыкъыщеджауэ щытащ, — игу къегъэкIыж Толстой Лев. — ТхакIуэм абыхэм ятеухуауэ гупсысэ куу утыку кърихьэгъат. «Бзылъхугъэхэм я къару къызэрихькIэ дэ, цIыхухъухэм, тщIэ псори зэращIэфыр къыдгурагъэIуэну хэтщ, — жиIэрт абы. — Сэ абы шэч къытезмыхьэ къудейкъым, щыхьэту сыкъэувыну сыхьэзырщ цIыхухъухэм яхузэфIэкIыу хъуар цIыхубзхэм, уеблэмэ дэр нэхъ- рэ нэхъыфIу, къазэрехъулIэмкIэ. Ауэ бэлыхьыр къызэрыкIыр бзылъхугъэхэм яхуэщIэр цIыхухъухэм жыжьэуи гъунэгъууи зэрахузэфIэмыкIыр аращ». «Ар шэч хэмылъыххэу пэжщ, — пещэ адэкIэ Толстойм. – ИкIи ар сабий дунейм къытегъэхьэн, пIын, гъэсэн Iуэху закъуэракъым зытеухуар. ЦIыхур Тхьэм пэгъунэгъу хъунымкIэ сыт и лъэныкъуэкIи нэхъ лъагэу, нэхъыфIу, мыхьэнэ нэхъ зиIэ зэфIэкIыу щыт фIылъагъу Iуэхур къехъулIэркъым цIыхухъухэм — гу зыхуащIам зэмыплъэкIыжу зэрызытраухуэпэным хуэIэзэ бзылъхугъэ щыпкъэхэр сыт щыгъуи зытетыр икIи зытетынур».
  • Зы лъэныкъуэкIэ, сабийри бзылъхугъэри махэщ, цIыхухъум елъытауэ. Ауэ а махагъыр здэщытыпхъэм деж къызэрыщыхутэу, къызыхуигъэщIам лъэIэсыну Iэмал егъуэтри, зи унафэ щIэтми хуощхьэпэ, езыми зеузэщI. ЦIыхум и мыкъалэн къызэрылъысу, ар игъэзэщIэф хуэдэми, езыр хэзыгъэщхьэхукI Iэмалым темыIэбэху, зи пшынэ Iэпэ щIэуа Iэмэпсымэм ещхьу, макъамэ зэхыуигъэхыфынухэм я нэхъ гурыхьыр имыгъэIуфу къонэ.
  • Хъулъхугъэр бзылъхугъэм апхуэдэ къару быдэкIэ пыщIауэ щыткъым, зэ IуплъэгъуэкIэ, ар зыхуеплъэкIыр къэгъэщIыгъэкIэ и Тепщэращ. Сабийр — балигъым, бзылъхугъэр — цIыхухъум фIэлIыкIыным зэригъэтыншым хуэдэ дыдэу, хъулъхугъэр зыгъэтыншыр фIэщхъуныгъэмрэ ар зи лъабжьэ хабзэмрэщ. Пэжщ, гупсысэкIэм и кууагъым тепщIыхьмэ, зэхэгъэж щыIэкъым. «Уа, цIыхухэ!» — жеIэ КъурIэн лъапIэми. Ауэ «цIыху» щытыкIэм унэсыжын ипэ узрикIуэ гъуэгум пщэрылъхэр зэрыщызэхэхам лъэбакъуэхэри нэхъ чыгъуафIэ ещI.
  • «Зыгуэр фIыуэ зымылъагъу, хэтми зыгуэрым щхьэкIэ и Сэ-р IэщIыб зымыщI бзылъхугъэ насыпыфIэм цIыхубз гуакIуагъ бгъэдэлъыххэкъым», — «УзэрылIыкIын уз» зыфIища и тхылъым нэхъ куужу а Iуэхум щытопсэлъыхь Данием щыщ гупсыса-кIуэ Кьеркегор Сёрен. «ЦIыхухъуми зыгуэрым зыIэщIелъхьэ псэкIэ, абыи апхуэдэ зэфIэкI бгъэдэмылъамэ, ар ныкъусаныгъэшхуэт абы и дежкIэ. Ауэ абы и Сэ-м гъуэгу къезытыр зыгуэ-рым псэкIэ зэрызыIэщIилъхьэра-къым. Абы, бзылъхугъэм ещхьу, и Сэ-р щIэрыщIэу къигъуэтыжын хуейкъым, ар абы иIэххэщ. ПсэкIэ зриту щытми, абы а зетыкIэр зыхэзыщIэ Сэ-р къыхуонэ. ЦIыхубзыр апхуэдэкъым, бзылъхугъэ нэсым зэрихьэлу, ар и псэмрэ и Сэ-мрэ зыIэщIилъхьэ цIыхум кIуэ пэтми нэхъ щыщ мэхъу».
  • «Тхьэм щыхуэгъэзам деж, — жеIэ адэкIэ Кьеркегор, — цIыхубзымрэ цIыхухъумрэ зэщхьэщымыкIыж мэхъури, тIум я дежкIи «сэра» хъур я щхьэм хуемыплъэкIыу псэкIэ зэрызатырщ, а Сэ-р къызэрагъуэтыж Iэмалри зетыныгъэращ. Ар хъулъхугъэм дежи бзылъхугъэм дежи щыпэжщ, ауэ гъащIэм куэдрэ ущрохьэлIэ цIыхуб- зым цIыхухъур зэрызыхищIэм къыдэкIуэу фIэкIа Тхьэр щызримыгъэцIыхуф».
  • А гупсысэхэм къагъэлъагъуэ муслъымэн щэнхабзэр щытепщэ лъэпкъхэм бзылъхугъэхэр «щIыдакъузэ» щхьэусыгъуэр. Щапхъэ папщIэу дигу къэдгъэкIыжынщ ислъам дунейм лъабжьэ хуэхъу хьэдисхэм ящыщу щэхьабэ цIэрыIуэ Ибн Умм Мактум теухуахэм яз. ЛIыкIуэ лъапIэм и щхьэгъусэхэр щыту, мо зи нэм имылъагъур къыщыщIыхьэм, бзылъхугъэхэм «зыщIэвуфэ» яжриIати, «сыт щхьэкIэ, ар нэфкъэ?» — жаIэри цIыхубзхэр Тхьэм и лIыкIуэм къеупщIыжащ. «Ар нэфмэ, фэ фынэф?» — яритыжауэ щытащ жэуапу.
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ).
  • Сурэтыр КъБР-м и цIыхубэ художник СэвкIуий Хьэмид ищIащ.