ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зы усакIуэм и плъыфитI

2017-01-28

  • Бемырзэ Зураб и тхылъыщIэм теухуауэ
  • Сэ уэрэд щIыжысIэр, абы къикIыр — сыщIэпсэур — урысхэм я закъуэщ. НэгъуэщIыбзэкIэ уэрэд жысIэн щIэздзэмэ, бзэмыIухэр фейдэ зыхамыхын сату Iуэху хэслъафэм ещхьщ. Си уэрэдым и купщIэр зэрыщыту кIуэдынурэ цIыхухэр къызэрыкIуам хущIегъуэжауэ збгъэдэкIыжынущ.
  • Вертинский Александр
  • Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ усакIуэ, «Черкес хэку» газетым и журналист Бемырзэ Зураб «Зы щIымахуэм и плъыфитI» («Два цвета одной зимы») зыфIища и тхылъыр дунейм къытехьащ 2016 гъэм и кIэухым. Абы ихуащ хьэжрэт щIалэм иужьрей илъэс зыбжанэм адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ зэхилъхьа усэхэмрэ прозэу итха лэжьыгъэхэмрэ.
  •  
  • «Усэ мышыум девмыгъэтхьэлэ!» — къыщыхогуоукI Сокъур Мусэрбий и критикэ лэжьыгъэхэм язым. А зэманым тхэхэри еджэхэри нэхъ мащIэт, нобэ елъытауэ, ауэ зэджэри ятхри къэралым и нэIэ щIэтти, пэжыр — дахэу, дахэр — фIым уезыгъэхъуапсэ Iэмалу щытын зэрыхуейр къыдгуригъэIуэ-ныр зыгуэрым и пщэ илът. Нобэрей тхакIуэ- хэри усакIуэхэри, зы лъэныкъуэкIэ, нэхъ щхьэхуитщ ягу илъ къаIуэтэнкIи, зыхуейм тепсэлъыхьынкIи. Япэм «ядэркъым» жыпIэмэ, зэфIэкIат, пэжым уригъуазэу фэ къыптеуэрт. Иджы псори ядэ — тхыф, тхэф, къегъэзэгъ закъуэ, уэращ бзэр зейр. Лъэпкъыр щхьэхуэу дунейм зэрытетым егупсысыну Iэмал щIагъуэ къезыту щымыта лъэхъэнэ блэкIам елъытауэ, уи лъэпкъ и лIыгъэ, уи бзэ и зэфIэкI наIуэ къэпщIыну но- бэ ухуит къудейкъым, пщIэи пылъщ. Сыт щхьэкIэ къэралым дыхигъэзыхьыжын? Бзэри, бзэгури, хьэрфылъэм щхьэщымыкI ди Iэпэхэри езыр-езыру зэпхъуэр хьэрф зэгуэмытхэрщ: урысыбзэ, хьэрыпыбзэ, тыркубзэ, нэмыцэбзэ… Бажэмрэ кърумрэ ещхьу, нэхъапэм ди кхъуэщыныщхьэр зэвт, иджы къытхущIэгъалъэркъым. Апхуэдэу щымытынкIи Iэмал иIэ къыщIэкIынкъым: узэреджэ бзэр узэрыпсалъэм, узэрыпсалъэр узэрытхэм, узэрытхэр узэрыгупсысэм темыхуэмэ, уи гурыщIэхэр къызэрыкIуэщ, гупсысэхэр жьгъейщ, гухэлъхэр куукъыми, пIалъэкIэ щIылъэм къагъэIэпхъуа хьэршырысхэм ещхьу, екIуэкIыр къыдгурымыIуэурэ ди ежьэжыгъуэр къэсынри хэлъщ. Зи тхылъ тIэщIэлъ усакIуэми ар зыхищIэ хуэдэщ:
  •  
  • Къыслъохъуэри ягъуэткъым
  • си лъэужьыр,
  • Зы уси, си зы псалъи щымыIэж,
  • Си гугъэ-уапIэм къэкIыжа гъэужьым
  • НэгъуэщIым шэмэджыпэр ныхехьэж.
  •  
  • Псалъэ шэрыуэр зэгуэр шабзэм ирагъэщхьу щытамэ, нобэ цIыху цIыкIур етауэ зэрызэхуэтхэмрэ апхуэдэ тыншыгъуэм и гущIыIу гумащIагъым зэрыщыхэщIымрэ плъагъумэ, фIылъагъу гъэтIылъыпIэу игъащIэ лъандэм къекIуэкI усэр гу Iувым три- щIа вэгъур къэзыгъачэ лагъыму къыпщохъу. ХамэбзэкIэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэт, «лъэпкъ цIыкIукIэ» зэджэжыныр хьэл зыхуэхъуа, итIанэми «улIэн е улIын» унафэм щIэту къэпсэу цIыхубэм я Iэнэм анэдэлъхубзэкIэ тхыгъэ гунэс къытеплъхьэнри зыгуэркIэ лагъым къэбгупсысыным ещхьщ.
  • «Дэ хуитыныгъэ къыдаткъым. «Мис, адыгэ театр фиIэщ, газет, журнал фи бзэкIэ къыдэвгъэкIыну фыхуитщ» — жеIэри, къэралым ди бзэм зригъэужьын къалэныр абыкIэ зыщхьэщегъэкI», — жаIэ языныкъуэ хэкулIхэм. Хуитыныгъэр къыздрахым дригъэгупсысыну Зураб и тхылъым дыщогугъ, ауэ «Адыгэхэм дахэ цIыкIуу зывужьурэ мис мы гъуэгумкIэ фрикIуэ, фыщыадыгэкIэ адыгэбзэкIэ фып-салъэ, фытхэ, феджэ, ди къэралым адыгэбзэр щыкIуэдыж хъунукъым», — жаIэу унафэ къыдагъэкIыным куэдкъэ дызэрыпэплъар? ПфIэфIым утригъэгушхуэныр къэрал къалэнкъым, «апхуэдэу ущыпсэуфкIэ, пхуэфащэщ» жиIэми, захуэкъэ?!
  • ЛъэпкъылIу къигъэщIам и щIыналъэр игъэлъэпIэну зэ щIэхъуэпсмэ, анэдэлъхубзэкIэ тхэм дежкIэ хэкубзэр гум хия шэпхъщ, зыщIыпIи щимыгъэзагъэу. Адыгагъэм и IэфIыр адыгэбзэ зымыщIэми зыхещIэ. Акъылым зыщIэупщIэр къыщилъыхъуэм деж, бзэ зэхэдз ищIыркъым, зыхуэныкъуэр гупсысэр гъуэгу тезыгъэувэн, гур зыгъэпсэ-хун псалъэщ, ар дапхуэдэ щIыкIэу къыгурыIуэми. Шэч хэлъыххэкъым зэрыхъукIэ бзэ нэхъыбэ нэхъыфIу зэгъэщIэн зэрыхуейми. Ауэ дэ дызымыгъэбакъуэр дызыдэгъуэгурыкIуэ къэралхэм я бзэхэр ди анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъыфIу зэрытщIэракъым, — тепщэу щымыт лъэпкъым ущыщыным къыдиту къытфIэщI нэмыгъэсаигъэр зэрыридгъэкъужын Iэмалу хамэбзэм фIэкIа зэрыдмыгъуэтырщ, анэдэлъхубзэм апхуэдэ гугъэ зэредмыпхыфырщ. Зумыгъэзэхуащэу жыпIэмэ, «дунейпсо» адыгэм и насыпыр лъэпкъыбзэм ирипхыжыркъым, адыгэбзэм пэIэщIэу адыгагъэ хузэхэлъхьэнуи хузехьэнуи къыщохъу.
  • Щхьэусыгъуэу игъащIэ лъандэм щыIари щыIэри зыщ — нэхъыбэм яIурылъ бзэм и къарур зэрынэхъ инырщ, и пщIэри зэрынэхъ лъагэрщ. Iэпхлъэпх зэрызытщIыж лъахъэ-хэм язщ бжыгъэкIэ къыттекIуэм и бзэр тщIэуэ зыкъэдмыгъэлъагъуэмэ, Iэгуауэ къыттракъутэм хэщIынкIэ, зэманым къыкIэрыхуа къуажэдэсу, къэухьышхуэ зимыIэ цIыху зызымыужьауэ далъытэнкIэ дызэрышынэр.
  •  Дызытепсэлъыхьыр нэхъри нэхъ IупщIыж ящI Бемырзэ Зураб и IэдакъэщIэкIхэм: адыгэбзэр фIыуэ имылъагъуу е имыщIэу гурыщхъуэ зыхуумыщIыфыну щIалэм и тхылъым и зэхуэдитIыр зэрытхар урысыб-зэщ. Адыгэм и бжыгъэр щынэхъ мащIэ Къэрэшей-Шэрджэсым зи гугъу тщIы лъэпощхьэпохэр нэхъ гуащIэжу щызыхэпщIэ къыщIэкIынщ. ЩIэныгъэбзэу усакIуэм бзэ зыбжанэ къигъэщхьэпэфыным фIыуэ хэлъыр мащIэкъым, ди лъэхъэнэм ар, уеблэмэ Iуэху къызэрыкIуэ хуэдэу щытщ. Бемырзэ-нэхъыщIэр Урысейм къыщацIыху усакIуэ хъуну зэрыхунэсами ар къегъэлъагъуэ. Ауэ сыт хуэдизу зыдгъэцIыхуфIу Зураб зэрыдухеин Iэмалхэр къэдмыулъэпхъэщми, уадыгэ усакIуэу урыс литературэм хьэлIамэщI укIуэныр удзыгъуэу джэду къребгъэшыным ещхьщ, къуажэми, жылэми, унэми, жьэгуми ятеухуауэ жыпIэ псоми фэрыщIыгъэ къыхигъэкIуасэу. «Мы щIалэм и урысыбзэм и IумпIэр иубыду, абы къикIыр — цIыху ирихыхьэнкIэ, еджэнкIэ, ирипсэлъэнкIэ нэхъыбэрэ къигъэщхьэпэу, и адыгэбзэр хуиту иутIыпщамэ, лъэпкъ дыхъужынкIи хъунт», — уигу къокI Зураб Интернетым усэщIэ къыщрилъхьэкIэ. «Анэм къыпIуримылъхьа бзэмкIэ усакIуэ нэс ухъуфынукъым», — жиIэрейт ищхьэкIэ зи гугъу тщIа, урыс щхьэгъусэ бгъэдэ-са Сокъур Мусэрбий. Ар дыдэм и псэлъа- фэт: «Урысыбзэ къабзэ щызекIуэр урыс щIыналъэ пхыдзахэращ, мыбыкIэ щызэрахьэр урысыбзэ «шэжыпсщ»». Адыгэшыр къэрэшеиIуэм ибубыдэкIэ лъыщIэ къызэрыщIэмылъэдэнум ещхьщ адыгэр урыс усакIуэ зэрымыхъунур, «анэ-дэлъху-бзэ» псалъэм и зэхэлъыкIэми къыбгурегъаIуэ ар.
  • «Сэ сымыпхуэдэщ», — жыпIэну ущыхуейм деж, дауи, Iэмал псори къыбогъэсэбэп. Адыгэм и къалэдэс щэнхабзэри гъуэгу гуэр темыувауэ щыткъым. Къэралыгъуэ лъэрызехьэ, къыщхьэщыжын хэку зимыIэ адыгэм «хамэбзэ къыумыгъэщхьэпэ» жепIэныр хьэуа пэбубыдыным ещхьщ. ЦIыху акъылым къытехьэлъэркъым бзэ зыбжанэ зригъэщIэныр, ар икIи интеллигентхэм я закъуэкъым зи зэфIэкIыр, зым тхылъкIэ, адрейм уэршэр къудейкIэ къещтэ. Ауэ нэрымылъагъум къыхуигъэщIа усэр гъащIэр тынш зыщI псэукIэ Iэмалхэм зыгуэркIэ къащхьэщокI. ЦIыхур гу имыIэу зэрымыпсэуфым ещхьу, анэдэлъхубзэкIэ псалъэ е тхэ усакIуэ, джэгуакIуэ зимыIэ лъэпкъыр ауэ сытми зэмангъакIуэу дунейм тет къэгъэщIыгъэ къудейщ, дунейм къыщIэкIуами абы тетын зэрыхуей щIыкIэми емыгупсысу. Усэм и губгъуэр хамэбзэм пхуэмыгъэIэпхъуэ гурыщIэхэрщ, уи адыгэ гукъеуэр урысыбзэкIэ къэпIуатэкIэ, урысми адыгэми закъыIэщIэпхыжу аращ, тIуми ягу унэсынукъым. Къытыдогъазэри, хамэбзэкIэ фIэкIа мыпсалъэ адыгэфI куэ- дым лъэпкъым и цIэ ягъэIуащ. Ахэр щымыIамэ, нобэ мыпхуэдэ гу къызэрыгъуэтыжыпIэ димыхуэххэнри хэлът. Зураби адыгэбзэкIэ жиIэну зытемыгушхуэр урысыбзэкIэ итха усэхэм къыщыбогъуэт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гурыщIэ гуэрхэр иджыри адыгэбзэм тхуигъэзагъэркъым. Аракъэ-тIэ гъэузауэ гъэхъужыпхъэр?! ЖыпIэну узыхуейр уасэ щимыIэ бэзэрым щыпщэну нэхъ тынш, хьэмэ илъэсищэрэ щэ ныкъуэкIэ зэтрихьа бампIэр гум щеныкъуэкъу щIыпIэм нэхъ лъапIэу щикIыну?!
  •  Адыгэ узыжьщ урысыбзэр нэхъыфIу пщIэуэ къыпфIэщIыныр. Зураби зэрыусакIуэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, мытхэу зэрымыпсэуфынур мынэрылъагъутэмэ, ар жытIэну дытегушхуэну къыщIэкIынтэкъым. ЩIа-лэм хузэфIэкIыр елъагъу, усэн IэзагъкIи къыпеуэн и Iэгъуэблагъэм зэримытыр бзыщIауэ щыткъым. ИтIани, нэгъэсыпауэ, и къару къызэрихькIэ тхэну укIытэ нэхъей, жаIэ хабзэхэр, хуабжьу ягъэIухэр, утыку ихьэгъуафIэ сатырхэр зэресагъэжьу зэIуищэмэ нэхъ къыщищтэ къохъу. Рифмэри ритмри зыхещIэ, ауэ, IэжьэкIэ Iуащхьэм къежьэх сабийм ещхьу, куэдрэ бзэм здихьым къыщохутэ, псалъэм йодаIуэ, зримыгъэдаIуэу. Псалъэм папщIэ, «ЩIымахуэ уэшх» зыфIища усэм «шыугъэ»-ри «къыстрапхъари» пычыгъуэ щырыщу хоувэ: «шыугъэ» псалъэм и «у» макъзешэр дэкIуашэ ещIри «ы»-р зэпеш; «къыстрапхъам» т-мрэ р-мрэ я зэхуаку дэт «ы»-р, пэжырытхэм и хьэтыр елъагъури, дрегъэпIытIэ. Адыгэ грамматикэр зыхуей зэрыхуэмызам усэкIэ Iэмалхэр яхъуэжын хуейкъым, армырами ещанэ щхьэм ит глаго- лым къыпыувэ «р»-хэм дигу ящымыкIыурэ, езы бзэм игу къытщыкIыу дибгынэпэным дынэсащ.
  • Куэд щIакъым Познер Владимир и нэтыным Шемякин (Къардэн) Михаил къызэрыригъэблагъэрэ. СурэтыщIым сыт щыгъуи къыхегъэщ Бродский Иосиф и усэхэр игу зэрырихьыр. «Бродскэм и усэхэм сыкъыщеджэкIэ, ахэр сэ езым стхауэ къысфIощI», — жеIэ Шемякиным. Аращ усэ нэсыр зэрыщытын хуейр. Аращ зэрыщытри адыгэ джэгуакIуэхэм я уэрэдхэр. Гум хуэгъэза псалъэр лъапцIэрыкIуэщ, хьэлыуэм ещхьу Iум йоткIухь, гъэныщкIун хуейкъым.
  • Зураби усакIуэщ. Сыт ар къыдэзыгъащIэр? УсакIуэмрэ мыусакIуэмрэ зэхэбгъэкIыну тынш дыдэщ: япэрейм жиIэр уи фIэщ мэхъу. И жыIэкIэр уигу иримыхьынкIи хъунщ, ауэ къалэмыр къэзыщтам усакIуэгу кIуэцIылърэ кIуэцIымылърэ зэхэгъэкIыгъуейкъым, ар езым утыку зэрызрихьэ щIыкIэми и «къыщIэгъэлъэкIэми» къыхощ.
  • Гугъур сатыр зэгъэкIуакIэ утхэнракъым, птхар усэу къыщIэкIынращ. Псалъэхэр армырами зокIу: хьэрфхэр бжыгъэ гуэрым щиткIэ, ахэр къэзыгъэлъагъуэ макъхэм къытрагъэзэжыху, зыр адрейм дожьу. Адыгэбзэм и макъ дэкIуашэхэм къару нэхъыбэ зэращIэлъра къыщIэкIынщ макъзе- шэ зэблэхыкIэм тещIыхьа сатыр гъэпсыкIэр адыгэбзэжьым щIимыдэр. Ди макъ дэкIуашэхэм апхуэдизкIэ я щхьэ пщIэ хуащIыжри, къэзыпсэлъым и лъы ирижапIэ къэс нос. А макъ Iэуэлъауэрейхэм ди бзэр усэбзэу къыпфIегъэщI, нэхъ ущемылIалIэми фIы гуэркIэ къыпхуэупсэу. ПIурылъыр нэгъуэщIыбзэу къапщтэми, цIыху къэгъэщIыгъэу щымыт бзэр апхуэдизкIэ къэхъугъэ узыншэщи, псалъитI зэбгъэдэбгъэувэмэ мыхьэнэ пыухыкIам хуэпшэфынущ. А «псалъэ зэIущахэр» тхылъ пщIырэ тхыбзэм щIапIыкIа гуэрым и пащхьэм пхуигъэзагъэмэ, къыгурымыIуэныр фIэигъуэджэу, гъэщIэгъуэн гуэр кърихыфынри хэлъщ. Апхуэдэ тхылъщ зэкIэ ди тхылъ тедзапIэхэм дызэрагъэгуфIэм я нэхъыбэр. Зы бжэгъу кIыхь цIыкIу-цIыкIуу зэпагъэлъэлъам ещхьу, «усакIуэхэмрэ» «щIэныгъэлIхэмрэ», «урысыбзэм нэхъ хуэшэрыуэ адыгэхэмрэ» я тхылъхэр къыщIагъэлъэлъ. Псоми зэдащIэ традзэр зэрымыхъуар, ауэ еджэри тхэри умыгъэбэлэрыгъыу, «уи жагъуэ умыщI, си къуэшыжь, мыр уи IэщIагъэкъым» зыжеIэн хуейхэр «гъэгушхуэныр» хьэлу къытхуинащ. ЦIыху къэс фIы гуэрым къыхуигъэщIащ. Усэ зэрыхуэмытхым къикIыркъым ар цIыху мыхъуну. Фэжагъуэм уфIэмылIыкIыу, Iуэхур зыIутыр къыгурыбгъаIуэмэ, къызыхуигъэ- щIа дыдэр нэхъ псынщIэу къигъуэтыжынкIи мэхъу а цIыхум. Абы щхьэкIэ ар бгъэукIытэ- ни и напэр тепхыни хуейкъым, щыхьэт уимыIэу жепIэмэ зэфIэкIащ. Мы тхылъ уэлбанэм дызэрыхэтым хуэдэу, адыгэбзэкIэ узэджэн щыIэкъым, пасэу къыдэкIа, гъуэтыгъуей хъуа тхылъхэри къыдагъэкIыжу плъагъуркъым. Ауэ щыхъукIэ, «фIы дыдэ», «икIэщIыпIэкIэ тедзэн хуей» зыфIэпщыфы- ну тхыгъэ куэд «цензурэм» и пхъэрыгъажэм блэкIыфыркъым.
  • Апхуэдэ литературэ зэхэтыкIэм Зураб и IэдакъэщIэкIым ещхьу «тхылъкIэ» узэджэфын къыдэкIыгъуэ къыхэхуэныр махуэшхуэщ. Мыхъуар IубгъэкIуэтыну Iэмал къозыт «хъуар» зэрынэхъыбэри Iуэхур зэрыхэмыкIуэдэжыпам и щыхьэтщ.
  • Сыт дэ усэм дызэрыщыгугъыр? ИгъащIэ лъандэми цIыхухэр зэрыщыгугъа дыдэращ — гъащIэм дригъэзэгъэну. «Сыт къыпщыщIар? Си гъащIэр къысщыщIащ», — ирешажьэ щIалэм «Жэщтеуэ» усэр. ГъащIэм и пэжыр апхуэдизкIэ фэзэхъуэкIыу къыпщохъу икIи къэубыдыгъуейщи, абы я фIэщу хэтыныр къалэн зыщызыщIыж усакIуэхэм ар къагурымыIуэу фэ зытрагъэуэныр къыхахащ. ГъащIэр сытым дежи къыбгурыIуэмэ, уусакIуэкъым. Ауэ зэи къыбгурымыIуэххэмэ, уцIыхукъым. УсакIуэм езым цIыху къызыхещIыкIыж и усэхэмкIэ. Езыр зрикIуэ гъуэгум адрейхэр къыхуреджэ жыпIэнущи, зэрыщхьэпридзым фIэкIа дригъэплъыркъым. Къыхуриджэркъым жыпIэнущи, къыгурыIуамкIэ зэзэмызэ фIэкIа зыкъиумысыр- къым. Аркъудейм къегъэлъагъуэ езы гъащIэри, укъыщIагъэщIар къыбгурыIуэху, щыIэ-щымыIэ хуэдэу зэрыщытыр.
  • «Сыт цIыхур къыщIигъэщIар?» — жаIэри Iущ гуэрым еупщIахэт. «А упщIэр къэувын папщIэ», — къапэджэжащ ар. А упщIэр гуащIэ зэпыту щигъэтынращ усакIуэм и къалэ- ныр: псэуныгуу, ауэ гъащIэр игу пыкIыу, пщэдей иутIыпщыну псэмкIэ игъащIэрей дунейм телажьэу. ПсэукIэ зымыщIэр гъащIэр гум техуэнымкIэ нэхъ къэщхьэпэ нэхъей, жэуап зымыгъуэт упщIэхэр зыгъэув усакIуэр гу кIуэдам и къегъэлакIуэщ, езым хуэмышэч дунейм и тегъэгушхуакIуэщ. Гум зезымыгъэIэт дуней кIыфIыр щызэпиплъыхьым дежи, ар нэхъ псэуныгущ, зи унэр къэмыуэжын псэуакIуэм нэхърэ:
  •  
  • — Уздэжэр дэнэ?
  • — Си гур здэпхъэрам,
  • Си гугъэр щхьэрыпхъуэну нэм къытелъу.
  • Шу закъуэу си мурад зытесIуэнтIам
  • Жэщ къэсыхункIи щыхупIэжьу селъэу.
  •  
  • «Сэ нэхъыфIу, нэхъ екIуу, нэхъ куууэ сыпсэуфынут!» — дуней псом зэхахыу кIий хуэ- дэщ усакIуэр. ГъащIэ ухуакIуэм «сыпсэуфкъым» щыжиIэм деж, чырбыш, пшахъуэ хуэдэхэр къызэрыIэрыхьэу, псэ къыхыхьэжынущ. УсакIуэм хуримыкъур нэгъуэщIщ. «КIуэ пэтми нэхъ Iэзэу я щхьэ зэрепцIыжыным зрагъасэ…» — щыжеIэ Зураб и урыс усэхэм язым. Апхуэдэ гупсысэкIэ зиIэр мытхэнкIи мыусакIуэнкIи мэхъу, ауэ и фIэщу мыпсэун-кIэ Iэмал иIэкъым.
  • Хэт и фIэщу мыпсэур? Псори йоIэ. Сыт зыхуеIэр? Пщэдей иухыну гъащIэра? Сыхьэт дэкIмэ убгынэну кхъухь тедзапIэм щхьэкIэ сыт зыщIэбукIыжынур? Сыт и мыхьэнэ абы укъыщацIыхукIи укъыщамыцIыхукIи? ЛIэныгъэм пэщIэбгъакъуэ Iэмалхэр гъащIэм къыхэщкъым. Удз гъэгъахэр, псыежэх уэрхэр, мэз щхъуантIэхэр — нэм игъафIэ зэпыту къекIуэкI теплъэгъуэ щIэщыгъуэхэр псэущхьэхэми ядыдогуэш. Сыт-тIэ цIыхур къыхэзыгъэщыр? Зураб и гупсысэр Гугъуэт Заремэ и усэм пэджэжу итха иужьрей сатыр- хэм къыхощ:
  •  
  • Зэгуэр, ажалри зыхьэжын
  • Щхьэл цIыкIуу, гур едмыгъэжьамэ…
  •  
  • ФIылъагъу IэщIагъэращ усакIуэмрэ мыусакIуэмрэ я гъуэгу зэхэгъэкIыпIэр: лъагъуныгъэр абыхэм я дежкIэ гум и щIакхъуэ Iыхьэр къызыхащIыкI хьэжыгъэ хужьщ, и Iусыр къыщIэзыгъэщэщ щхьэлщ, сыту жыпIэмэ, лъагъуныгъэм и закъуэщ цIыхур и сурэт пэжым имыту къыхуэзымыдэр. Уи зызэтеIыгъэкIэр гурыщIэ чэнжхэм, цIыхухэм къыбдалъагъу сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэм арэзы къащIмэ, ари гъащIэм щыщщ, псори лъэтэным къыхуигъэщIакъым. Ауэ, махуэ къэс зыхыумыщIэми, къуита псори, гува-щIэхами, пIэщIэзыхыж гъащIэр фIым хуэунэтIа зэпыту зэрыщытыр уи фIэщ зыщIыфыр фIылъагъум и закъуэщ. Уи дуней зэдзэкIы-кIэр фIылъагъубзэм техуэн-темыхуэнращ зэлъытар уи тхыгъэр цIыхур мыцIыхуну хуитыныгъэ езымыт усэу къыщIэкIынрэ къыщIэмыкIынрэ.
  • Зураб бзэм щышынэркъым, зыхуейр тын-шу къыжьэдокI. Хэмыдэуи щыткъым, ауэ «мыбы сыт къикIыр?» жригъэIэн гукъыдэ-жым щигъэбэлэрыгъ куэдрэ къохъу. Нэхъ дахэуи, нэхъ щабэуи пхужыIэн куэд пхъашэу, къуабэбжьабэу, узыIурилъафэу къепсэлъ. ПщIащэхэм, удзхэм, дыгъэм, гурыщIэ щэхухэм ятеухуа псалъэхэм зэзэмызэ уи нэгу къыщIагъэхьэну зыхэт теплъэгъуэр пщагъэгъупщэж: «гупсысэ жьахуэ», «дыгъэр ахъшэмым ешхыж», «мазэри джабэ ныкъуэшхщ»… УсакIуэм дзыхь зэрыхуэсщIым «уэрурэ уи джэрэхъыу хэбдзантхъэр гъулъщ» псалъэухам адыгэбзэ ехьэжьа гуэркIэ фIы гуэр къикIыу къысфIегъэщI, ауэ ар къызгурыIуэху гум щысхъумарэт жысIэркъым, зыгуэрым игу хэзгъэхъуэн папщIи здесхьэ-жьэну къыщIэкIынкъым. Ауэ щыхъукIэ «къуэкIыпIэм и мастэнэм дыгъэ ипшым», «уэнжакъ пIыщIахэм Iугъуэ кърихур» зэгъэпщэныгъэ нэхухэри зи IэдакъэщIэкIыр а усакIуэ дыдэращ. Мыхэр зимыщIэжу IэщIэтхыхьауи фэ теткъым. Мис «ГушыIэ усэм» ар езыр къызэрыхэщыр:
  •  
  • УсакIуэу щыIэм я нэхъ бзаджэр
  • едэхащIэу,
  • Си къуажэ дыщэр бгы зэхуакум
  • мыщIэу щылъщ.
  •  
  • Темэхэм уахэплъэмэ, сыт нэхъ къызэрымыкIуэу Бемырзэ-нэхъыщIэм къехъу-лIэр жыпIэмэ, ар урысыбзэкIэ «граждан лирикэ» зыфIащ «къамэ къихыкIэращ». Зураб и усэхэр хэкулI усэ къудейкъым, хъулъхугъэ усэщ, и лъэпкъым и гукъеуэхэр, езым и псалъэкIэ жыпIэмэ, «лъынтхуэрыкIуэу» щызыхищIэу. Лъэпкъращ абы зыхужиIэр:
  •  
  • Инжыдж псыхъуэм дохьэж хьэжрэту
  • Хуитыныгъэр ищIауэ псэгъу.
  • Дыгъужьыдзэу, пшагъуэкIэм хэту
  • Тхыдэ къупщхьэм инату йогъу.
  •  
  • Абы адыгэм и гукъеуэхэр къиIуатэ къудейкъым, пкъырытщ, дэтхэнэ усэми фIыхыхьэу. Адэр, лъэпкъыр, къуажэр, хэкур зищIысыр, цIыхур уафэм къехуэха мывэ хъурейуэ зэрыщымытыр, езым ипэрэ иужькIэ ит чырэм къызэрыхэмыкIыфынур, ар узэбакъуэ мыхъун гуэру зэрыщытыр къыщыхегъэщ Зураб тхылъым къыкIэлъыкIуа и усэщIэхэм:
  • Сяпэ ищахэр
  • Ахърэт дзэ фIыцIэу
  • Си щIыб къыдэтщ.
  • Я нэщхъ зэхэлъым
  • Мэз зэщIэкIауэ
  • Ажалыр щIэтщ.
  •  
  • Сэ сыкъемылым,
  • Уэ укъемылым —
  • Напэр къелынщ.
  • Ди щIыб къыдэтхэр
  • Дэ ди кIуэдыкIэм
  • Нобэ къеплъынщ.
  •  
  • УтIысу узытепсэлъыхь хъун, узытепсэлъыхьын хуей куэдым гупсысэр хуэзышэ Бемыр-зэ-нэхъыщIэм и тхылъыр лъапэ махуэкIэ дунейм къызэрытехьар и щIэупщIэр зэрыкуэдым наIуэ ещI.
  • «Сыт ди адэжьхэм даIущIэжмэ яжетIэнур?» — щыщIоупщIэ Зураб урысыбзэкIэ итха усэ- хэм язым. Пэж дыдэу, сыт яжетIэнур, адыгэм и тхыдэ къэгъэшыпIэ къэс псэкIэ зыхэзы- щIэ абэзэхэ щIалэр урысыбзэм зыIэщIедгъэхмэ?!
  • Чэрим Марианнэ.
  •  
  • Бемырзэ Зураб и усэщIэхэр
  • Кхъухь
  • Хэт,
  • КъызжеIэт, хэт
  • Уи нитIым хыр езыгъэщхьар?
  • Хэтщ,
  • Абы сфIыхэтщ
  • Си гъащIэ кхъухь щIэгъуэщыхьар.
  • Жейр,
  • Си жэщ мыжейр
  • Хыджейуэ уи псым къыхосыкI.
  • Мес,
  • Дуней хыуейр
  • ЩIэмыхуэу уи нэм къыщIекIыкI.
  • Гум,
  • ИIэжкъым гум
  • ИпщIа уи мафIэм щIэгъэстэн.
  • Хэт
  • ЖызыIэр щIым
  • ИмыIэу гъунэ узэлъэн?
  • Ар,
  • Хъурейми ар,
  • Зэхуэплъэ дапщэ зэблэкIа…
  • Уэ
  • Уи гъусэу псэр,
  • Хьэ си гум нобэ укъэкIа?..
  •     
  • Рыбжэ
  • ГъащIэр Iыхьэншэщ.
  • ЛIыгъэр уасэншэщ.
  • Псэр си уанэгущ.
  • Си махуэ къакIуэм
  • И шылъэ макъыр
  • НобэкIэ дэгущ.
  • Дыгъэ къысхуихьэм
  • Лъыр къытрипхъауэ —
  • Напэ уэгушщ.
  • Нобэ си лъэпкъым
  • Срикъуэ закъуэщ,
  • Сритхьэгъушщ.
  • Сяпэ ищахэр
  • Ахърэт дзэ фIыцIэу
  • Си щIыб къыдэтщ.
  • Я нэщхъ зэхэлъым
  • Мэз зэщIэкIауэ
  • Ажалыр щIэтщ.
  • Сэ сыкъемылым,
  • Уэ укъемылым —
  • Напэр къелынщ.
  • Ди щIыб къыдэтхэр
  • Дэ ди кIуэдыкIэм
  • Нобэ къеплъынщ.
  • Рыбжэр ежьамэ
  • Псатхьэм уемыджэ,
  • Къыумыгъэзэж.
  • Уяпэ ищахэр
  • Къызумыгъажьэу
  • ЯлъэщIыхьэж.
  • ЛIыгъэм и гъусэу
  • Уи цIэр жегъэIи
  • ГъащIэр ущэху.
  • Уэ уадыгэщ.
  • Уи адэр — дыгъэщ.
  • Уи ужьыр — нэхущ.
  •  
  • Жей
  • Жьыбгъэр щопапщэ жыг хадэ нэщIым,
  • Уэсым ахъшэмыр дожей.
  • Пшыналъэ щабэр и гущэ куэщIу
  • Си гум къыщокI уэздыгъей.
  • Махуэ щыIауэ гъащIэм ищIэжкъым,
  • Дыгъэ къепсар упщIыIуащ.
  • Къызэтелъалъэм, зэIущэщэжу,
  • Нобэ гупсысэр къесащ.
  • Си дуней лъабжьэу, си гъащIэ щхьэкIэу,
  • Гум уэздыгъейуэ къэкIа,
  • Сыт естыжынур си махуэ блэкIым
  • Уи цIэ жысIам арфIэкIа?
  • Мы уэс къесари сахуэ хъужынти,
  • УримыIамэ дунейм.
  • ПщIыхьри си гъащIэри згъэгъуэщэжынти,
  • Сыхихьэжынт уи нэ жейм.
  •  
  • Нэз
  • Гупсысэр щымщ, гупсысэр абджщ,
  • Щэщэжмэ, и къутахуэр папцIэу.
  • Зы гъащIэкIэ сощIыжыр хьэж,
  • Сыхэту уи къутахуэм лъапцIэу.
  • Мы щIы ерум, мы щIы хъурейм
  • Ушэсми, уепсыхами — хьэршу,
  • БлосыкI уи дыгъэр си дунейм
  • Хуабагъэм хуезэша жэщ хьэщIэу.
  • Сэ усэ стхыжкъым, жыпIэр пэжщ,
  • СиIэжкъым псалъэ е макъамэ,
  • Абыхэм сыт я мыхьэнэж —
  • Гур щызэхэпхыр щым ухъуамэщ.