Уэрэдым псалъэ хадзыркъым
2016-09-26
- Мыщэм пщIащэ техуэмэ мэгубжь, жыг техуэмэ зеущэху.
 - УзищIасэм и псэ ухуехь.
 - ПцIы зыупсыр щхьэщытхъущ, зызыгъатхъэр
 - джэгуакIуэщ.
 - Нэм нэхъумэ иIэщ.
 - Псым хэлъ пхъэр мэфри, фэм дэлъ гур мэбампIэ.
 - ЩIэныгъэрэ IэщIагъэрэ зэкъуэшщ.
 - Нэпкъым тетыр кхъуафэ хукIэкIэ Iэзэщ.
 - Псыхъуэр жылэ тIысыпIэщ.
 - Уэрэдым псалъэ хадзыркъым.
 - Уэс щесам лъэужь щыIэщ.
 - ПцIы IэфI нэхърэ — пэж дыдж.
 - ЩIопщыкъурэ пэт жьы еубыд.
 - Уанэм лIы имысмэ, пхъэ тыкъырщ.
 - Шу гупыр зэдилъмэ, щхьэж игу илъ ещIэж.
 - ШыфIрэ выфIрэ псыбафэкъым.
 - Фом тхъу хэплъхьэкIэ зэIигъэхьэркъым.
 - «Хэт и щхьэр нэхъ дахэ?» щыжаIэм, шылъэгум и
 - щхьэр къригъэжащ.
 - ЩIалэ гъакIуи, кIэлъыкIуэж.
 - Фоч нэщI лIитIгъэшынэщ.
 - ЩауэщIэм и щIакIуэри и кIуэкIэри дахэщ.
 - Хьэ мыукIытэ къупщхьэ йогъу.
 - ЦIыкIу щхьэкIэ — лъабжьэщ.
 - ХьэгъуэлIыгъуэ махуищ гухэхъуэщ.
 - Шэс псори шукъым.
 - ЩIакIуэр губгъуэ унэщ.