Шхыныгъуэхэр
2016-09-26
- «Шэпнэси» хьэнтхъупс
- Шэ къашагъащIэр яз, шыгуным псы щIыIэ тIэкIу иракIэ, абы шэ зар хакIэри, и щхьэр техауэ дакъикъитху-хыкIэ къагъавэ. Хугу лъэсар шэ къэкъуалъэм хакIутэри, тхъурымбэр къытрахыурэ къагъавэ. ЩIимысыкIын щхьэкIэ, шыуаныщхьэри техауэ щытын, зэпымыууи чымчыркIэ зэIыщIэн хуейщ. Мис иджы хьэнтхъупсыр хьэзыр мэхъу щыжаIэм деж шыгъу хадзэ, тхъу нэхъ къыщIидзын щхьэкIэ. Хьэнтхъупсыр хьэзыр щыхъуам деж езыр гъуэжь дахэу, мэ гуакIуи къыхихыу щытщ. Зыри хамыкIэу пщтыру ираф.
- Халъхьэхэр
- (цIыхуих Iыхьэ):
- Псыуэ — г 500
- Шэ къашагъащIэу — г 2500-рэ
- Хугуу — г 400
- Шыгъуу — узыхуейм хуэдиз.
- Уэркъ хьэнтхъупс
- Пасэрей пIастэ щащIкIэ, хугу хьэдзэхэр зэрыкIащ щыжаIэм деж, бэлагъкIэ пщын щIамыдзэ щIыкIэ хьэнтхъупсыр Iуву къыщхьэщах. Ар фалъэ куум иракIэ, абы кхъуей цIынэ хэхагъащIэ, шыгъу темыудауэ цIыкIу-цIыкIуурэ зэпаупщIри халъхьэ, къундэпсокIэ зэIахыжри, пщтыру ираф. Хьэнтхъупсыр сэбэпщ зи кIэтIий узхэм я дежкIэ.
- ХьэлIамэпс
- Нартыху хьэлIамэ е хьэлIамэ цIывынэ ягъэва иужь абы къыщIэвыкIар Iув мэхъу. А хьэлIамэпсым хьэнтхъупс къыхащIыкI. ХьэлIамэпсыр шыуаным иракIэри, зэ къытрагъэкъуалъэ, шыгъу хадзэри, дакъикъитху-хыкIэ къагъэкъуалъэ. ИтIанэ абы шыбжий хэлъу тхъукIэ гъэлыбжьа бжьын традзэ. Шыуаныщхьэр трапIэжри, мафIэ щабэм тету дакъикъищ-плIыкIэ къагъэкъуалъэ. Зэрыпщтыру фалъэ куум иракIэри яшх. ХьэлIамэ, чыржын, щIакхъуэ дашх.
- «Адыгэ шхынхэр» тхылъым къитхыжащ.