ГушыIэхэр
2016-09-03
- И ныкъуэр къэгъанэ
- ЗэлIзэфызыр хъарзынэу зэдэпсэуурэ илъэс тIощIым нэс дэкIауэ, лIым ефэу къиублат. Ар фызым и гум техуакъым икIи лIым жриIащ:
- — Алыхь, ефэныр щумыгъэтыжмэ, зы махуэ симысыну, сикIыжынумэ!
- — ИкIыж, — и напIэр хуэдакъым лIым, — ауэ укъыщысшам щыгъуэ килограмм 50 фIэкIа ухъуу щытакъым, иджы килограмми 100-м нэбгъэсащи, си деж щызытеплъхьа лыр къэгъанэ, адрейр ихыж.
- Махуэу згъуэтакъым
- Пщыхьэщхьэм Дизыкъуажэ и шыдыжьыр имыгъуэтыжу къыдыхьэжащ. Жэщыбгым нэсауэ, пщIантIэм Iэуэлъауэ гуэр къыщыIуащ.
- — Си шыдыжьыр къэкIуэжауэ къыщIэкIынщи, щIэзгъэхьэжынщ, — жиIэри ар унэм къыщIэкIащ.
- Iэуэлъауэр къыздиIукIыр шыдыр здэщыт хабзэмкIэти, абыкIэ кIуащ. ДыгъуакIуэхэр шыдым лъыхъуэу абы щIэту щилъагъум:
- — Сэ махуэу сылъыхъуэри, згъуэтыжакъым, фэ жэщу вгъуэтын фи гугъэрэ а си шыдыжьыр? — жиIэри Дизыкъуажэ унэм щIыхьэжащ.