ФокIадэ – сентябрь
2016-09-03
- Урымхэм я япэ мазэу щыта мартым укъыдэбжэмэ, сентябрыр ебланэ мазэщ. «Септембе» псалъэм латиныбзэкIэ «блы» бжыгъэцIэр къикIыу аращ.
- Адыгэхэм а мазэм ехьэлIауэ фIэщыгъэцIэ зыбжанэ къагъэсэбэп: Iуэгъуэ (время молотьбы колосовых), бжьыхьэпэмазэ (начальный месяц осени), гъубжэдэх (название празника в честь окончания уборки проса).
- Адыгэхэм бжьыхьэм и къихьэныр Вагъуэбэм елъытауэ ябжырт. Япэ бжьыхьэ мазэр иджырей сентябрыр арат, абы и 22-м къихьэу. Бжьыхьэпэ мазэр къихьамэ, гуахъуэ хэх укIуэ хъунущ, жаIэу щытащ. Ар цIыхухэм фIыуэ ягъэунэхуа Iуэхут. Бжьыхьэр къихьамэ, жыгхэм я хэхъуэныр щагъэт, пхъэ кумылэр мэж, пхъэ хъунур ягъэхьэзыр. Мы мазэм щхьэкIэ «Си хьэр цIыху хъуащэрэт» — щыжаIэ зэманщ», — жаIэрт адыгэхэм. ЦIыхукIэ хуэмыщIа унагъуэхэм мэшых щIыхьэху ящIырт. Гъавэ бэв къайхъулIарэ яхузэщIэмыкъуэжмэ, ярикъуным хуэдиз яIуэрти, адрей къэнар щэджу зэтралъхьэрт. ЩIымахуэ щIэкIауэ щэдж уиIэныр фIыуэ, унагъуэ хуэщIам и нэщэнэу ябжырт. Абы къыхэкIыу, зыгуэрым и Iуэху къимыкIамэ, «и щэджыжьыр иIуэжащ» жаIэрт. Мыбы ехьэлIат «хьэм тетыгъуэ» жыхуаIэри. Ар хьэблэм е къуажэм зы хьэм яIэу абы чэзууэ щылажьэу зэрыщытам и щапхъэу къэнащ. ГъавэщIэ кърахьэлIэжам сэджыт, бытыр хуэдэхэр хатыкIын ипэ, «хамэ-Iумыхуэ» жаIэрти тхьэлъэIу цIыкIу ящIырт. ГъавэщIэм щыщ япщэфIырти яшхырт, итIанэ псапэ ящIэн щIадзэрт. Гъавэм щыщу бытыру бгъум епщIанэр ятырт; Iэщым, мэл, бжэнхэм — щынэ плIыщI къэс зы яту арат, ауэ нэхъыбэ птынуи фIыт.
- Мы мазэм нэгъуэщI зы тхьэлъэIуи хиубыдэрт — Гъубжэдэх жыхуиIэр. Ар унагъуэ тхьэлъэIухэм ящыщ зыщ. ТхьэлъэIум щынэхъыщхьэр унэгуащэрт. Ар зэрекIуэкIыр мыпхуэдэут. Губгъуэм итахэм ящыщу Iуэн зыухахэм я пщэм гъубжэ дэлъу пщIантIэм къыдыхьэжхэрт. Унэгуащэмрэ сабийхэмрэ гуфIэу абыхэм къапежьэрти хъуахъуэрт, гъэр узыншэу зэрызэщIалъхьам щхьэкIэ тхьэшхуэм фIыщIэ хуащIу. ИтIанэ унэгуащэр Iэбэрти, зыгуэрым и пщэм дэлъ гъубжэр къыдихыну хуежьэрт. АрщхьэкIэ, гъубжэр зи пщэм дэлъым ар къыдригъэхыртэкъым. ИтIанэ унэгуащэм хьэлывищрэ махъсымэ фалъэрэ губгъуэм щыIахэм къахущIихьэрт. Ар къыдыхьэжахэм я нэхъыжьым иритырти, хъуахъуэурэ псоми я пщэм дэлъ гъубжэхэр къыдихырт, ахэр хьэщIэ лъапIэм ещхьу къригъэблэгъэжырт. Мыбы щыгъуэ гъавэщIэр япщэфI къэхъурт. А гъавэщIэм щыщ яшхмэ, абы иужькIэ хамэ-Iумыхуэ тхьэлъэIури занщIэу ящIу щытащ.