ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Кфар-Камэ къикIа ди лъэпкъэгъу цIыкIухэр «Адыгэ псалъэм» и хьэщIэщ

2016-08-18

  • ТхьэмахуитIым нэблэгъауэ ди республикэм щохьэщIэ Израилым щыIэ Кфар-Камэ жылэм къикIа адыгэ ныбжьыщIэ гуп.
  •  
  • Хэкужьым зыплъыхьакIуэ къэкIуа щIалэ гупым я нэхъыжьхэр ящIыгъуу дыгъуасэ «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым кърагъэблэгъат. «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хьэщIэхэр кIэщIу щыгъуазэ ищIащ газетым и тхыдэм, абы и напэкIуэцIхэр дунейм къытехьэн, ар щIэджыкIакIуэхэм гурыхь ящыхъун папщIэ редакцэм щылажьэхэр абы зэрелIалIэм. Ди хэкуэгъу цIыкIухэми жаIэн я куэдт, упщIэ гуэрхэри яIэт. Ахэр я гуапэу бысымхэм ядэгуэшащ зыхуэза я хэкуэгъухэр, здэщыIа щIыпIэхэр къазэрыщыхъуам теухуа хъыбархэмкIэ.
  • Редакцэм и къудамэхэмрэ абыхэм щылажьэхэмрэ зрагъэцIыхуа нэужь, ныбжьыщIэхэр ирагъэблэгъащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и хэщIапIэм. Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хьэщIэхэм саугъэтхэр яритащ икIи адыгэбзэр яIурылъу, хабзэм, тхыдэм щыгъуазэу къызэрыхъухэм дызэрыригуфIэр, зэм-зэм я хэку къагъэзэжыну я гум къэкIыну дызэригуапэр яжриIащ. Гупым я нэхъы-
  • щхьэ Iэпщэ Рустам бысымхэм фIыщIэ яхуищIащ апхуэдэ гу-
  • лъытэ къызэрыхуащIам папщIэ. ЗэIущIэм и кIэухыу фэеплъ сурэтхэр зытрагъэхащ.
  • ЩОДЖЭН  Iэминат.