ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мы махуэхэм

2016-08-18

  • ШыщхьэуIум и 18, махуэку
  • Азербайджанымрэ Къэзахъстанымрэ щагъэлъапIэ Гъунапкъэхъумэм и махуэр
  • 1682 гъэм Урысей Пащтыхьыгъуэм и тет хъуащ Пётр Езанэр.
  • 1782 гъэм Санкт-Петербург къыщызэIуахащ Пётр Езанэм и фэеплъыр.
  • 1845 гъэм къызэрагъэпэщащ Урыс географие зэгухьэныгъэр.
  • 1900 гъэм урыс инженер Перский Константин къыхилъхьащ «телевиденэ» псалъэр.
  • 1920 гъэм США-м и конституцэм зэхъуэкIыныгъэ халъхьащ, цIыхубзхэми Iэ яIэтыну зэрыхуитыр къыщыгъэлъэгъуауэ.
  • 1941 гъэм КъБР-м тхьэмахуэ щIыхьэху щекIуэкIащ. Абы хэтахэм къалэжьа сом мин 300-р Зыхъумэжыныгъэм хуэгъэпса фондым халъхьащ.
  • Нэмыцэ дипломат, адыгэхэм ятетхыхьа Олеарий Iэдэм къызэралъхурэ илъэс 416-рэ ирокъу.
  • Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, прунж гъэкIыным елэжь щIэныгъэ центрым и унафэщI Хъурум Хьэзрэт и ныбжьыр илъэс 59-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх тIэкIу къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 23 — 26-рэ, жэщым градус 18 — 20 щыхъунущ.
  •  
  • ШыщхьэуIум и 19, мэрем
  • Гуманитар дэIэпыкъуныгъэм и дунейпсо махуэщ
  • Афганистаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ
  • США-м и авиацэм и махуэщ
  • 1874 гъэм урыс флотым къулыкъу щызыщIэхэм я фащэу къащтащ плIэ зэпрыдзыр.
  • 1895 гъэм Лондон къыщызэрагъэпэщащ Дунейпсо кооператив зэгухьэныгъэр.
  • 1942 гъэм Къардэн Къубатий Елхъуэт (Осетие Ищхъэрэ) и деж бийм и кхъухьлъатитI къыщриудыхащ.
  • 1944 гъэм Покрышкин Александр къэралым щыяпэу Совет Союзым щэнейрэ и ЛIыхъужь хъуащ.
  • 1947 гъэм С витаминыр зэхалъхьащ.
  • 1960 гъэм Байконур космодромым телъэтыкIащ Белкэ, Стрелкэ хьэхэр зэрыса «Спутник-5» кхъухьыр. Ар шыщхьэуIум и 20-м къэтIысыжащ.
  • 1991 гъэм ГКЧП-м СССР-м чрезвычайнэ щытыкIэ щигъэуват.
  • Скульптор Уэзы Заурбэч къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу.
  • КъБР-м, КъШР-м, АР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ БищIо Анатолий къызэралъхурэ илъэс 81-рэ ирокъу.
  • Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Къэжэр Валерий къызэралъхурэ илъэс 67-рэ ирокъу.
  • США-м и 42-нэ президенту щыта Клинтон Билл и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу.
  • Режиссёр, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Дэбагъуэ Роман и ныбжьыр илъэс 51-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 29-рэ, жэщым градус 19 — 23-рэ щыхъунущ.