ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2016-07-08

  • Мазэ гукъинэжхэр
  •  Старэ Шэрэдж дэт Къэбэр-дей-Балъкъэр агропромышленнэ колледжым Анапэ щыIэ «Смена» урысейпсо лагерым зыщагъэпсэхуну игъэкIуащ гъэ еджэгъуэр фIыуэ къезыхьэлIа, жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэта студентхэр.
  •  
  • Абыхэм лагерым щагъэкIуа тхьэмахуитIыр гукъинэжт. Загъэпсэхуа къудей мыхъуу, щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ хэтащ, уеблэмэ нэхъыфIхэм ящыщу зыкъыщагъэлъэгъуащ «Плъыфэхэм я фестивалым».
  • Лагерым апхуэдэу щылэжьащ щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ гупжьейхэр. Колледжым и студент Неклеушев Павел зэрыжиIэмкIэ, волейболымкIэ зэрызэпеуари гукъынэжт.
  • Загъэпсэхуарэ я нэгуи зиужьа-уэ къэзыгъэзэжа щIалэгъуалэм фIыщIэ хуащIащ апхуэдэ тыгъэ къахуэзыщIа унафэщIхэм, къыкIэлъыкIуэ гъэ еджэгъуэри щытхъу яIэу яухыну псалъэ ятащ.
  •  
  • НэхъыфIхэм  хабжэ
  • «ЕхъулIэныгъэм и лъагапIэ» фIэщыгъэм щIэту Дон Iус Ростов къалэм щекIуэкIащ сабий зэчиифIэхэм я 1-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэ.
  •  
  • «КъэкIуэнур — сабийхэм» дунейпсо фондым къызэригъэпэща мы Iуэхур хуэунэтIат къыдэкIуэтей щIэблэм псэкупсэ гъэсэныгъэ тэмэм ябгъэдэлъхьэнымрэ зэфIэкI зиIэхэм я зэныбжьэгъугъэр егъэфIэкIуэнымрэ. Зэхьэзэхуэм хэтащ Урысейм и щIыналъэ 36-м къикIа цIыкIухэр.
  • Зэхыхьэм я зэфIэкI щагъэлъэгъуащ икIи «Лъэпкъ къафэхэр» лIэужьыгъуэхэмкIэ псоми ятекIуащ Нарткъалэ и «Радуга»  ЦДО-м и «Дыгъэшыр» къэфа- кIуэ ансамблыр. Абыхэм дахащэу ягъэзэщIащ «Махуэшхуэ ислъэмей» къафэр.
  •  ШЭРЭДЖ  Дисэ.