Апхуэдэр зэи пщыгъупщэ хъунукъым
2016-06-24
- КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ ирагъэкIуэкIащ «Пщэдей зауэ къэхъуат» Iуэху.
- Мэкъуауэгъуэм и 21-м сыхьэт 22-м КъБР-мкIэ МВД-м и унафэщIхэмрэ къулыкъущIэхэмрэ, министерствэм дэлажьэ Жылагъуэ советым и лIыкIуэхэр, IэнатIэм и ветеранхэр хэтащ «Пщэдей зауэ къэхъуат» урысейпсо Iуэхум щыщ Iыхьэу ирагъэкIуэкIа «Свеча памяти» зыфIащам. Налшык къалэ и «МафIэ мыужьых» фэеплъым деж щызэхуэсат цIыху 400-м щIигъу.
- ПэкIур къызэIуихащ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэм и къуэдзэ полицэм и полковник Тату Къазбэч.
- — Махуэ къэс нэхъри тпэIэщIэ мэхъу Хэку зауэшхуэм епха гузэвэгъуэр. Ауэ зэманым хигъэгъуэщэфынукъым совет цIыхубэм зэрихьа лIыхъужьыгъэр,- жиIащ абы.
- Тату Къазбэч ветеранхэм ехъуэхъуащ я узыншагъэр быдэу, насыпыфIэу, мамыру псэуну. Абы жиIащ нэхъыжьхэм я щапхэр я гъуазэу иджы лажьэхэм я къалэныр зэрагъэзэщIэнур.
- Полицэм и унафэщIым къыхилъхьэри, къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ хуэщыгуащ Хэку зауэшхуэм хэкIуадахэм.
- Зауэм и илъэс гугъухэм, зауэ нэужь гъэщIэм теухуа гукъэ- кIыжхэмкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ КъБР къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэмрэ къэрал кIуэцIыдзэмрэ я ветеранхэм и советым и тхьэмадэ Думай Борис.
- Республикэ МВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и унафэщI Балъкъыз Валерэ жиIащ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэда мелуан 26-м я фэеплъыр псэухэм яхъумэн зэрыхуейр.
- Зауэм и лIыхъужьхэм, хэкIуэдахэм, Хэкур зыхъумэу хэкIуэдахэм, нобэ мыпсэужхэм, а зэманым лэжьыгъэ хьэлъэр зи фэм дэкIахэм я фэеплъым пщIэ хуащIу къызэхуэсахэм шэху уэздыгъэхэр пагъанэри, «МафIэ мыужьых» фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
- Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу
- КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэ.