ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Джэрыджэ Арсен и сабий усэхэр

2016-02-26

  • Джэрыджэ Арсен КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым 1965 — 1970 гъэхэм щеджащ. И япэ усэхэр ихуащ тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса «ЩIалэгъуэ ауз» тхылъым. «Жэщ уэрамхэр», «Сэ еджэкIэ зызогъащIэ», «Си шыпхъу цIыкIуу Дахэуэс», «Уэрамыщхьэ», «Ажэжьым и жьакIэр» усэ тхылъхэр къыдигъэкIащ, адыгэ спортсмен цIэрыIуэхэм ятеухуа тхылъышхуитI игъэхьэзыращ. «Красное знамя» (иджы «Голос Чегема»), «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская неделя» газетхэм, радиом, телевиденэм, щэнхабзэмкIэ министерствэм, «Iуащхьэмахуэ» журналым щылэжьащ. Мы зэманым «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и лэжьакIуэщ. Иджыблагъэ сабийхэм папщIэ Джэрыджэм къыдигъэкIа «Жаннэрэ Нанэрэ» и усэ тхылъ цIыкIум ихуахэр ди гуапэу фи пащхьэ идолъхьэ.
  •  
  •  Адыгэбзэ
  • ЦIыхуу щыIэм яIэжщ я бзэ,
  • ЗэраIэжым хуэдэу я псэ.
  • Сэри сиIэщ апхуэдэбзэ,
  • Хэлъу дади нани я псэ.
  •  
  • А сэ си бзэр адыгэбзэщ,
  • Пшынэ Iэпэу схуэбзэрабзэу,
  • Нарзаныпсым ещхьыркъабзэщ,
  • КъобыргъукIыр псынэ къабзэу.
  •  
  • Сэ къысфIощIыр адыгэбзэу
  • ЖэщкIэ мэзым къиIущэщыр.
  • Нэхущ бзухэм я уэрэду
  • Жыг къудамэм къапыщэщыр.
  •  
  • Адыгэбзэщ нанэ щабэу
  • Пщэдджыжь къэскIэ зэрылъаIуэр:
  • «Ухожае, тэдж, си тIасэ,
  • БлэбгъэкIынущ насып къакIуэр…»
  •  
  • Адыгэбзэр щыбзэрабзэм
  • Адыгэпсэр щымыжей,
  • ЗымыщIэжыр анэм и бзэр
  • ГъащIэм куэдрэ щогужьей.
  •  
  • Сэ еджэкIэ зызогъащIэ
  • Сэ пщэдджыжьым садым сашэ,
  • Жэщ мыхъупэу сыкъашэж,
  • Сыкъэсыжым, си шыпхъу цIыкIум
  • Слъэгъуа псори жызоIэж.
  •  
  • Ар сыухым, дади нани
  • Шыпсэу ящIэр жаIэм сфIэфIщ.
  • Сэ си закъуэ ар зыфIэфIыр,
  • Уэри сэри — псоми тфIэфIщ.
  •  
  • Ауэ дадэ йошри жеIэр:
  • «Хъунщ ныщхьэбэкIэ, сешащ».
  • Нанэ дежкIэ сыхуеплъэкIми,
  • Нани, сощIэр, езэшащ.
  •  
  • Сэ а псори къызгуроIуэ,
  • Сэ сыцIыкIуу зызмыбжыж.
  • Си букварыр зэгузохри,
  • Хьэрфу сцIыхур къызобжыж.
  •  
  • ЗызогъащIэ сымыцIыхухэр,
  • Семызэшу сыкIэрысщ,
  • Си шыпхъу цIыкIури къызэхъуапсэу
  • И нэр къихуу къызбгъурысщ.
  •  
  • Си хьэ цIыкIур
  • Си хьэм сэрэ дызэгъусэм,
  • Дызэрешри тщогъупщэж,
  • Зэрыхьэблэу къыдэхъуапсэу.
  • Зыр зым сыткIи догъэпэж.
  •  
  • Губзыгъащэщ си хьэ цIыкIур,
  • Сыкъигъанэу дэмыхьэж,
  • Пщэхъур здзамэ, къегъуэтыжри
  • ЗанщIэу ар къыскIэщIохьэж.
  •  
  • Сэ ар Iэджэм хузогъасэ,
  • Къэбгъуэтынкъым имыщIэф,
  • Ауэ, дауэ сымыщIами,
  • ЕзгъэщIэфыркъым зы хьэрф.
  •  
  •  Шууей
  • Инал хуэдэу
  • Зы шууей
  • Тету пIэрэ
  • Мы дунейм?
  • Щыхуей дыдэм деж
  • Мэшэс,
  • Къохъур нани щигъэкIэс.
  • Хуеймэ, и шыр егъэщыщ,
  • Ар иужэгъум — егъэущ.
  • Ауэ дадэ къохъу щезэш —
  • Хъун-тIэ дадэ пщIы уанэш?
  •  
  •  Сэ си нанэр къуажэм дэсщ
  • Сэ си нанэр дэсщ ди къуажэм.
  • Къуажэм сэри сыкIуэрейщ.
  • ГъэщIэгъуэнкъэ, нани мами
  • Я зэхуэдэу сэ сарейщ.
  •  
  • Нанэ жеIэ сэрыншауэ
  • Мыпсэуфу тхьэмахуитI.
  • Джэди къази дэзгъэшхэну
  • Сэ ди нанэ сещIыр хуит.
  •  
  • Жэм къыщишкIи дызэгъусэщ,
  • Нанэ къешыр, сэ сыщытщ.
  • Ди шкIэ цIыкIури къызэбзейуэ
  • Пщэхъур илъу къызбгъурытщ.
  •  
  • Ди шкIэм и кIэр мэпIэжьажьэ,
  • Сэ си Iупэм сыщIофыж.
  • ШатIэгъуэблыр нанэ къишым,
  • ШкIэми сэри зыдотIыж.
  •  
  • ПIытIэ щхьэхынэ
  • Нэху зэрыщу, ди унагъуэр,
  • Бжьэ къэпщIауэ, зэрызохьэ.
  • Унэм щIэсыр ПIытIэ и пIэм
  • Чэзууххэурэ щхьэщохьэ.
  •  
  • Хэт йошхыдэ, хэт йоубзэ,
  • Ауэ зыми емыдаIуэ.
  • Сывгъэжейркъым, фыIукI жиIэу,
  • Ар гъынанэурэ мэлъаIуэ.
  •  
  • Щымыхъужым, пIэм къыхахри,
  • ЗытхьэщIыпIэм жейуэ яшэ.
  • Зэрынэсу псыр и напэм,
  • ЩIыIэщ жиIэу, зызэхуешэ.
  •  
  • Къалъыхъуэжыр и лъэпэдхэр,
  • И вакъитIыр хуагъэкъабзэ,
  • И зэманым щIагъэкIыну
  • ЗэралъэкIкIэ йоубзэрабзэ.
  •  
  • ХущатIагъэ и кIэстумыр,
  • И портфелыр хузэралъхьэ,
  • ТIэкIу едзакъэ жаIэу, шхыныр,
  • Щыту, и жьэм хужьэдалъхьэ.
  •  
  • Нэса хъунщ иджы щыжаIэм,
  • Къэсыжауэ мэгъынанэ:
  • «ЩIадзагъэнщ еджэн ди классым,
  • Нобэризэм сыкъэвгъанэ!»
  •  
  •  Сыт Баринэ щIэзгъагъынур?
  • Си шыпхъу цIыкIур щхьэ баринэщ,
  • И пыжьынэхэр мэлыд.
  • Ауэ, фщIэрэ, тIэкIу гъыринэщ,
  • Уеуэм — занщIэу къыщеуд.
  •  
  • Къыщеудри, нэ фIыцIитIым
  • Нэпс къабзабзэ къожэбзэх.
  • Ар ялъагъум, дади нани
  • Зэуэ мэхъур гузэвэх.
  •  
  • Сэ къызжаIэр сыщIалэфIу,
  • Дауи, сэри ар сощIэж.
  • ЩIэзгъагъынур сыт Баринэ —
  • СыщIалэфIу къренэж.
  •  
  •  ТIопIырэш
  • Си къуэш цIыкIуу ТIопIырэш
  • Махуэ псом имыщIэ еш.
  •  
  • И кIий макъыр уафэм нос,
  • ЗемыкIуэфми, дэни нос.
  •  
  • Къапщтэм, IэплIэм щоджэрэз,
  • Мэхъу, бгъэтIысым, унэм щIэз.
  •  
  • И Iэ-и лъэр дамэу пфIощI,
  • УIукIам, лъэтэну зещI.
  •  
  • Си къуэш цIыкIуу делэжь цIыкIу,
  • Узыхэтыр сыт емыкIу —
  •  
  • Зэ лъэтэным упымылъ,
  • ЯпэщIыкIэ зекIуи еплъ.
  •  
  • КъебжэкI цIыкIу
  • Дыргуэ-дыргуэ,
  • Дыргуэ-мыщэ,
  • Дыргуэ-щауэ,
  • Щауэ къан.
  •  
  • Дадэ и къуэ,
  • Нанэ и къуэ,
  • Къуэ щэныфIэ,
  • Къуэ гъэфIэн.
  •  
  • Хэт жызыIэр,
  • Хэт зыIуатэр
  • Уэ уи хьэлу
  • Щхьэхынэн?
  •  
  • Дади нани —
  • ТIуми жаIэ
  • ЩымыIэну
  • Уэ нэхъ жан.
  •  
  • Ди къебжэкIыр
  • Дыухащи,
  • ЗыдогъэпщкIур,
  • Ухъу нэжан!
  •  
  •  Ди къыз шырхэр
  •  Ди пщIантIэм
  • ЩохъуакIуэ
  • Къаз шыру
  • ПщыкIущ.
  • Абыхэм яхэткъым
  • Езым ящымыщ.
  • Хэтати пэщащэу
  • Бабыщу шырищ,
  • Бабыщхэр къыщыджэм,
  • Къэнакъым ящыщ.