ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЩIыуэпсым и макъ

2016-02-26

  • МафIэбгхэр
  •  Везувий
  •  Урым къэралыгъуэжьым и курыхыу щыта Италие хытIыгуныкъуэм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Везувий Iуащхьэр зэрымафIэбгыр а лъэхъэнэ жыжьэм псэуа цIыхухэм ягу къыщигъэкIыжа махуэр абы пэгъунэгъуу щыса жылэхэм я дежкIэ лъапсэрыхыу къыщIэкIат. Ар къыщыхъуар езанэ лIэщIыгъуэм и 79-нэ гъэращ.
  •  
  • Брюллов Карл-Помпеи и кIуэдыкIар

    ШыщхьэуIум и 24-м и пщэдджыжьым цIыхухэм зэуэ гу лъатащ Везувий бгым Iуву щхьэщыгъуэлъхьа пшэ гуэрэн фIыцIэм. АфIэкIа хэмылъу, Iэгъуэблагъэр зэуэ кIыфIыбзэ къэхъуащ, уафэри, дыгъэр къыпхымыпсыжу, шынагъуэу зэщIэгъуэгъуащ. Щхьэнтэ хуэдэ гуэрхэр я щхьэм трамыпIауэ, цIыхухэр уэрамхэм къыдыхьэжыфыртэкъым, мафIэбгым къызыхиутIыпщыкI яжьэ пщтырымрэ уафэм дрипхъей мывэхэмрэ зыщахъумэн папщIэ.

  • Везувий зи гугъу тщIы лъэхъэнэ жыжьэм ипэкIи мызэ-мытIэу къибыргъукIауэ щытащ. АбыкIэ щыхьэту къэувыфынущ щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэри а щIыпIэм щыпсэууэ щыта лъэпкъхэм къызэранэкIа IуэрыIуатэри. Ауэ тхыдэм нэхъ къыхэнар а бгым шынагъуэ дыдэу зыкъыщызэкъуиха 79-нэ илъэсыращ. А гъэм, и пщтырагъыр градус 700-м нэсыну, псырэ пшахъуэ-мывэу къикъуэлъыкIа фIыцIагъэ абрагъуэр Помпеи, Геркуланум, Стабии къалэхэмрэ абыхэм къедза къуажэ цIыкIу зыбжанэмрэ ящхьэщыгъуэлъхьащ. А къэхъукъащIэ шынагъуэм, зэрыхуагъэфащэмкIэ, цIыху мин 16-м щIигъу хэкIуэдащ.
  • МафIэбгым и зэранкIэ, а жылагъуэхэм псэупIэрэ псэуалъэу щызэхэкъутауэ щытахэр зыхуэдар зрагъэлъагъун мурадкIэ, щIэныгъэлIхэм Помпеи къалэр здэщыта щIыпIэм деж 1860 гъэм щIытI лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIауэ щытащ. Метр бжыгъэ и Iувагъыу зэтрипхъауэ щыта яжьэр зэбгратхъужа иужькIэ, археологхэм къагъуэтащ къалэдэсхэм ящыщу 40-м я хьэдэхэр. Абы къищынэмыщIауи, зэрыщыта дыдэм хуэдэу къыщIагъэщыжащ а лъэхъэнэ жыжьэм Помпеи къалэм иIа уэрамхэмрэ абыхэм тета унэхэмрэ. ЦIыхухэмрэ псэущхьэхэмрэ зэуэзэпсэу къатепсыха псэзэпылъхьэпIэм хуэмыхьэзыру къызэрыщIэкIар къэхутакIуэхэм я нэгу къыщIэуващ.
  • Помпеи-щIытI лэжьыгъэхэм яужькIэ.

    ЩIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, мафIэбгым гуэрэн фIыцIэу къызыхилыпщIыкIа гъуэзым километр 31-кIэ уафэгум зыщиIэтат, апхуэдизкIэ ар къарууфIэу икIи гуащIащэу къыщIэкIати. Яжьэрэ мывэу, Iугъуэрэ пшахъуэу зэхэгъэткIухьа хьэжкурийр еруущэт, зэхилыпщIэмрэ зэхигъэткIухьымрэ гъуни нэзи зимыIэжым хуэдэт.

  • А лъэхъэнэ жыжьэм мафIэбгыр къызэрикъуэлъыкIар зи нэгу щIэкIа, Урым къэралыгъуэжьым и политикэ лэжьакIуэ икIи тхакIуэ Плиний НэхъыщIэр а къэхъукъащIэр мыпхуэдэу итхыжауэ щытащ: «Пшэ фIыцIэжь абрагъуэр псынщIащэу къыджьэхэкIуатэрт. Абы къыхэбзыщхъукI мафIэ бзийхэр уафэхъуэпскIым хуэбгъэдэнкIи хъунт, ауэ куэдкIэ нэхъ гуащIэрэ шынагъуэу…».
  • Везувий иужьрей дыдэу «къыщылъэпIэстхъар» 1944 гъэращ. Абы лъандэрэ бгыжьым зегъэзэпIэзэрыт, «мамырыфэ зытригъэуауэ». АрщхьэкIэ, щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, дэтхэнэ зы мафIэбгми зыкъыдимыгъащIэу зэман нэхъыбэ дигъэкIыху нэхъ Iейщ — абдежыращ къару нэхъыбэ дыдэ щызэхуихьэсыр. НэгъуэщIу жытIэмэ, Везувий илъэс минитI ипэкIэ къибыргъукIауэ зэрыщытам нэхърэ нэхъ гуащIэжу зыкъызэкъуихыныр зыми хуэIуакъым. Апхуэдэ къэхъу хъужыкъуэмэ, ар а Iуащхьэм и Iэгъуэблагъэм нобэ щыпсэу цIыхухэм я дежкIэ шынагъуэшхуэ къэзышэ Iуэхугъуэу щытынущ.
  •  Бетрожь  Зауркъан.
  •   
  • Экологие гъэсэныгъэ
  •  «Адыгэ  нэсщ»  зыхужаIэм  хуэдэщ
  •  ЮНЕСКО-м и «действительнэ член» «Додо клаб» сабий жылагъуэ экологие зэгухьэныгъэр, Сэрмакъ къуажэ дэт курыт еджапIэ №1-м щылажьэр, илъэс 30 ирикъуащ. Ар къызэригъэпэщащ «Урысей географие зэгухьэныгъэм» (УГО-м) хэт Мысырджэн МуIэед.
  •  

    Зыхыхьэм хьэщIэ и щIасэщ.

  • «Джэдмышх псыкъелъэм» и деж

  • А Iуэхугъуэм ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэ Налшык дэт «Акрополь» уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ УГО-мрэ Инджылызым и пащтыхь географие зэгухьэныгъэмрэ хэт Филиппов Михаил, Псыхуабэ къалэ щыIэ Лингвистикэ университетым и профессор, филологие щIэныгъэхэм я доктор Моисеев Александр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и проректор Барасбиев Муслим, а еджапIэ нэхъыщхьэм филологиемкIэ и институтым романыбзэхэмкIэ и кафедрэм и профессор, филологие щIэныгъэхэм я доктор Щомахуэ Татьянэ, Налшык къалэ округым и администрацэм физкультурэмрэ спортымкIэ и комитетым и унафэщI Бузд Беслъэн, УГО-м и Псыхуабэ къудамэм и унафэщI Стасенкэ Владимир, Щхьэлыкъуэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къуныжь Хьэчим, Сэрмакъ къуажэ дэт курыт еджапIэ №3-м и унафэщIым и къуэдзэ Тэтрокъуэ Нинэ, абы и дэIэпыкъуэгъу Ошлоковэ Иринэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ «Урыс географие зэгухьэныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и тхьэмадэ Къуэжокъуэ Мухьэмэд.
  • — 2015 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м къыщегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 7 пщIондэ УГО-м и фестиваль Мэзкуу къалэ щекIуэкIащ. А зэхыхьэм МуIэедрэ сэрэ дыщыIащ, — и гукъэкIыжхэмкIэ мэгуашэ Къуэжокъуэр. — Абы и къызэгъэпэщакIуэхэр зэгухьэныгъэм зэман кIэщIым къриубыдэу зыхуигъэувыж къалэн зыбжанэм тепсэлъыхьащ. Абыхэм ящыщт Къэбэрдей-Балъкъэрым эко-, этно-туризмэм зыщегъэужьынымрэ ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм и зы къудамэ ди щIыналъэм къыщызэгъэпэщынымрэ ехьэлIа Iуэхугъуэхэм я гугъу зэращIари. А пщэрылъ дыдэхэр зыхуэдгъэувыжауэ дэри дыкъокIуэкI. Зэрыщыту къапщтэмэ, УГО-м и лэжьыгъэм УФ-м и Правительствэми ди щIыналъэм и унафэщIхэми гулъытэ хэха хуащI зэрыхъуар дызыщыгуфIыкI хъуну Iуэхугъуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм мы зэманым цIыху 70-м щIигъу дыхэтщ. Нобэ мы зэIущIэм ди хьэщIэщ дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъэр дэ дэщхьу гурэ-псэкIэ зэхэзыщIэ, ди гъунэгъу Ставрополь крайм къикIа ди ныбжьэгъухэри.
  • УГО-м и къудамэ здэщымыIэ УФ-м хиубыдэ щIыналъэхэм яхэткъым. Ди республикэм къыщызэдгъэпэщар нэхъ щIалэ дыдэщ — къызэрыунэхурэ илъэситху дэкIа  къудейщ.
  • — А зэман кIэщIым къриубыдэу длэжьар зэрымымащIэри къыхэгъэщыпхъэу къыщIэкIынщ, — къыпещэ и псалъэм Къуэжокъуэм. — Ди IуэхущIафэхэм ящыщу нэхъыфIхэм ахъшэ къызыпэкIуэ грант ину тIу къритхьащ, япэр 2013, етIуанэр 2014 гъэхэм. Дызэрыт зэманым дэ догъэлажьэ унэтIыныгъэ зэхуэмыдэхэм тегъэщIа комиссэ зэмылIэужьыгъуэу зыбжанэ. Абыхэм ящыщу ягу нэхъ ирихьым хэтыну, щIыуэпсыр зи псэм дыхьэ, лъахэхутэ лэжьыгъэм дихьэх дэтхэнэри ди зэгухьэныгъэм фыкъыхыхьэну фыкъыдогъэблагъэ.
  • Мысырджэн МуIэед и клубыр  ЮНЕСКО-м и къудамэхэм ящыщ зым, «Планетарнэ жылагъуэкIэ» зэджэм, зэрыхагъэхьэрэ илъэс бжыгъэ дэкIащ. А къудамэм и лэжьыгъэр нэхъыбэу зытегъэщIар щIыуэпсым и фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ хъумэнырщ. «Планетарнэ жылагъуэм» и лэжьыгъэр къэрал 24-м, абыхэм УФ-ри яхэту, щрегъэкIуэкI.
  • Сабий зэгухьэныгъэ къызэгъэпэщын IуэхумкIэ МуIэед япэ дыдэу чэнджэщ къезытауэ щытар дуней псом щыцIэрыIуэ, зоолог, тхакIуэ-анималист Даррелл Джеральдщ.
  • — Зи тхылъхьэм куэд щIауэ сыдахьэх цIыхум и «электрон адресыр» къэзгъуэтри, щIыуэпсым ехьэлIауэ збгъэдэлъ гурыгъу-гурыщIэхэр къезгъащIэу, абы сыхуэтхэн щIэздзауэ щытащ, — игу къегъэкIыж МуIэед. — Жэуапынши сыхъуакъым — къысхуэтхэжащ. ИужькIэ, 1987 гъэм, езы Даррелл Джеральд Мэзкуу къалэшхуэм сыщыIущIэну къысхуихуауэ щытащ. Абдежыращ ди зэпыщIэныгъэхэм гъуэгу нэхъ щагъуэтари, сыкъыщыхъуа республикэм и экологиемрэ географиемрэ джыным нэхъ ерыщу яужь сыщихьари.
  • МуIэед зэхиша зэгухьэныгъэм зригъэужьын папщIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, дэIэпыкъуэгъухэми хуэныкъуэт.
  • — 1985 — 1988 гъэхэм къриубыдэу, «Додо клаб» клубым ахъшэкIи транспорткIи инэхъыбэм къыддэIэпыкъуар Сэрмакъ производственнэ комбинатым и унафэщIу а зэманым лэжьа Алътуд Мухьэмэдщ. 1998 — 2005 гъэхэм, къэхутэныгъэ лэжьыгъэ едгъэкIуэкIынуми хамэ къэрал дыкIуэнуми, дэIэпыкъуэгъу нэхъыщхьэу диIар хьэрычэтыщIэ цIэрыIуэ, иджыпсту Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолэщ. Иужьрей лъэхъэнэхэм мылъкукIэ нэхъ зыкъытщIегъакъуэ «Бум-Банк» коммерцэ банкым и Iэтащхьэ Ажахъуэ Къанщобий. Абыхэм псоми фIыщIэрэ щытхъурэ яхуэфащэщ.
  • МуIэед, и гъэсэн цIыкIухэр и гъусэу, лъахэхутэ лэжьыгъэхэри ирегъэкIуэкI. Ахэр нэхъ дэзыхьэх Iуэхугъуэхэм ящыщщ, Балъкъ псыхъуэр зи «хэщIапIэ» псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ я къекIуэкIыкIэм кIэлъыплъыныр. Къыхэгъэщыпхъэщ, «Додо клаб» клубым хэтхэм щыпсэу тIуащIэр къабзэу щыгъэтыным хуэунэтIа щIыхьэхухэри щIэх-щIэхыурэ зэрырагъэкIуэкIыр.
  • — Зэгуэр дэ, Псыхуабэ щыщ гупыр, зыплъыхьакIуэ дыкъикIауэ, Нарзаныпсхэм я къуэладжэм дыкъыдэкIыжырт, — къеIуатэ хьэщIэхэм ящыщ Ошлоковэ Иринэ. — МуIэед, и ныбжьэгъухэмрэ и гъэсэн цIыкIухэмрэ и гъусэу, Iуащхьэмахуэ лъэныкъуэмкIэ къехыжырт. ГъуэгущхьитIыр щызэхэкIым гупитIри дыщызэрихьэлIащ… Абы лъандэрэ Мысырджэнымрэ дэрэ цIыхугъи зэкIэлъызетхьэу дызэрощIэ, дызэ-кIэлъокIуэ. ДызэщIыгъуу Къэбэрдей-Балъкъэрми Къэрэшей-Шэрджэсми я щIыуэпсым щыгъуазэ дахуэзыщI зекIуэ гъэщIэгъуэнхэр зыбжанэрэ къызэдгъэпэщащ. МуIэед цIыху гуапэщ, дэIэпыкъуэгъу ухуэныкъуэу зыхуэбгъэзамэ, утыку укъринэнукъым — и къаруи и гуащIи хилъхьэу псэемыблэжу къыппэджэжынущ.
  • Зэхыхьэм къыщыпсэлъахэм ящыщщ КъБКъУ-м и профессор, филологие щIэныгъэхэм я доктор Щомахуэ Татьянэ:
  • — Мысырджэн МуIэед и IуэхущIафэхэр апхуэдизкIэ куущ, зызыужьащи, езым къызэригъэпэща сабий экологие зэгухьэныгъэм зыхуигъэувыжауэ щыта къалэнхэм зэрыщхьэдэхрэ куэд щIащ, — къыхигъэщащ абы. — А щIалэр куэдым дехьэх. Псом хуэмыдэжу, къыздыщикIухь щIыпIэхэм ди лъэпкъым и щэнхабзэм, и тхыдэм пыщIа хуэмэбжьымэхэр къызэрыщиулъэпхъэщыным емызэшыжу яужь итщ. «Адыгэ нэсщ» зыхужаIэм хуэдэщ. Псэ къабзэ, гу зэIуха иIэщ. МуIэед къалэшхуэ гуэрым IэнатIэ хъарзыни щызэIэригъэхьэфынут, ауэ езыр щалъхуа къуажэм къыдэнэжмэ нэхъ къищтащ.
  • — МуIэед иригъэкIуэкI лэжьыгъэр цIыхухэр щIыуэпсым хуэсакъыу гъэсэнми ныбжьыщIэхэр хэкупсэу къэгъэтэджынми къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ, — щыжиIащ зэIущIэм Сэрмакъ къуажэм дэт курыт еджапIэ №3-м и унафэщIым гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Тэтрокъуэ Нинэ. — Абы и дерсхэм едаIуэ цIыкIухэм щалъхуа къуажэр, щыпсэу республикэр фIыуэ ямылъагъункIэ Iэмал иIэкъым. КъищынэмыщIауэ, «Додо клаб» зэгухьэныгъэм хэтхэм зыщаплъыхь щIыпIэхэм я псэр къабзагъэм, я гур дахагъэм къыхузэщIегъэушэ.
  • КЪУМАХУЭ  Аслъэн.
  •   
  • ПцIащхъуэ
  • Къуалэбзу  лъагъугъуафIэ
  •  Абазэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ пцIащхъуэр фIыуэ ялъагъу. Абыхэм я IуэрыIуатэм ар цIыхухэм я къегъэлакIуэу къыхощыж. А къуалэбзум иухуэ абгъуэм зи зэран екIым, нэхъ Iеижыращи, ар зэтезыкъутэм гуэныхьышхуэ къихьу ябж. Унэм пцIащхъуэ щIэлъэтамэ, ар зей унагъуэм дежкIэ насыпышхуэу къалъытэрт. А бзу лъагъугъуафIэр гугъу езыгъэхьыр цIыху мыхъумыщIэу ябжырт.
  •  
  • Зи гугъу тщIы абазэхэм яIэщ пцIащ-хъуэм теухуа хъыбар гъэщIэгъуэн. Пасэ зэманхэм, щхьибл зыпыт благъуэм мурад ищIат, жаIэ, дунейм тет псэущхьэхэм ящыщу хэт и лыр нэхъ IэфI дыдэми зэхигъэкIыну. Ар зригъэщIэн папщIэ, хьэщхьэвылъэжьым и Iумэтым щIэт хьэкIэкхъуэкIэхэр, къуалэбзухэр, гъудэ-бадзэ хуэдэхэр щIым и лъэныкъуэ псомкIи щызэбриутIыпщыкIащ. Абыхэм яхэтын хуей хъуат ди пцIащхъуэ цIыкIури.
  • Къуалэбзу лъагъугъуафIэм Iэгъуэблагъэр къыщызэхилъэтыхьым, ар зы щIыпIэ гуэрым деж блэм щыIууащ. Иужьрейр епIэщIэкIырт дунейм псэущхьэу тетхэм ящыщу цIыхум и лыр зэрынэхъ IэфI дыдэм и хъыбарыр благъуэм деж нигъэсыжыну. КъыжриIам шэч къытрихьа хуэдэ зищIри, пцIащхъуэр блэм елъэIуащ къиIуатэм и пэжыпIэр зэрызэхигъэкIа и бзэгум Iуигъэплъэну. Гурыщхъуэ лъэпкъ зигу къэмыкIа блэм и шэрэзыр къызэрыридзу, абы пцIащхъуэ цIыкIуу плъагъур и пэнцIывымкIэ еуэри, тIууэ зэгуигъэхуащ. Абы лъандэрэ блэр мыпсэлъэжыф хъуащ. Аращ цIыхухэр зытекIуэдэнкIэ хъуну хъыбар шынагъуэр бла-    гъуэм деж щIынэмысари.
  • БЭРАУ  Бышэ. 
  •  
  • Бзэ  зэблагъэхэм  къызэрыщыкIуэр
  • Иужьрей  макъыр  дэнэ  къикIа?
  •  «Гъуэгуэгъу» (кIахэ диалектымкIэ «гъогогъу») псалъэм адыгэхэм къидгъэкIыр, дызэрыщыгъуазэщи, «нэгъуэщIым дэгъуэгурыкIуэ цIыху» мыхьэнэращ, «гъуэгумрэ» «цIыхумрэ» зэпищIэу.
  •  

    Губгъуэ гъуэгу

  • КъуакIэбгыкIэ гъуэгу

  • Ауэ, езым и анэдэлъхубзэми фIыуэ щыгъуазэ, кIахэ адыгэбзэр джыным куэд щIауэ дихьэх абхъаз щIэныгъэлI Дасание Давид гу зэрылъитамкIэ, зи гугъу тщIы мыхьэнэр а псалъэм къидгъэкIынумэ, дэ, адыгэхэм, «гъуэгуцIыху» жытIэн хуеящ, ди бзэм и зэхэухуэнэкIэм тетщIыхьмэ. Ауэ щыхъукIи, «гъуэгуэгъу» псалъэм и иужьрей макъ «гъу»-р дэнэ къыздикIар?
  • Дасание Давид зэрыжиIэмкIэ, ар дэркIэ зэрыгурыIуэгъуейуэ къэнэнут, ди бзэм и лъабжьэгъу абхъаз-абазэбзэхэм я дежкIэ демыплъэкIатэмэ. Абхъазхэм «цIыхум» щхьэкIэ «гIы-гъы» («ауагIы-ауагъы», «уаю-уагъуу»), абазэхэм «гIвы-гъгъу» жыIэгъуэхэращ ноби къапсэлъыр. Абыхэм къэIукIэ гъэщIэгъуэн яIэщ,  тэмэму дедаIуэмэ, «гъуэгуэгъу» псалъэм и кIэух макъым пэджэжрэ дэ, адыгэхэм, ди бзэм хэмытыж макъ пIытIа-хэукъуэдиикIа гуэрхэри яхэту.
  • ЩIэныгъэлIым къызэрилъытэмкIэ, япэрауэ, «гъуэгуэгъу» псалъэр жьы дыдэщ, етIуанэрауэ, иужьрей «гъу»-р абхъаз-адыгэбзэхэр нэхъ зэгъунэгъуу щыщыта лъэхъэнэ жыжьэхэм къыщежьащ.
  • Абазокъуэ  Ахьмэд.
  •  
  •  Телъыджэ
  • ЛIэныгъэм  имыгъэгыз
  •  Вальдшнеп (щIупхъ, бжьыхьэджэд) бзу лIэужьыгъуэм Евразием и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм ущыхуозэ. ЩIымахуэр къыщыблагъэкIэ, инэхъыбэр хуабапIэхэм мэлъэтэж. ЩIупхъыр закъуэныгъэр зыфIэфI къуалэбзу мамырщ. ЩэхурыкIуэщ, жэщырыщакIуэщ. ГуэрэныпIэхэр нэхъ и щIасэми, пщIащэбэ жыгхэр зыхэт мэзхэми щопсэу.
  •  

    Бжьыхьэджэдрэ хьэмбылумрэ

    Бжьыхьэджэдым сантиметр 33 — 38-рэ и лъагагъщ, езыр IэпкълъэпкъкIэ пIащэщ, и хьэлъагъыр килограмм 21-м къыщыщIэдзауэ 46-м ноблагъэ, и пэр хуэбыхъу-хуэпапцIэу кIыхьщ (цилиндр теплъэ иIэщ). БгъуфIэ-кIагуэу къэлъагъуэ и дамэхэм сантиметр 55 — 65-рэ я бгъуагъщи, жьындум хуэдэу мэ-лъатэ.

  • ЩIупхъым и фэм и нэхъыбапIэр гъуафэми, и щхьэр, ираIа фIэкIа умыщIэну, фIыцIафэ-щхъуафэщ, и набдзэ зэхуаку тIэкIум фIэкIа къэмынэу (абдежыр морафэ-фIыцIафэщ). И нэхэр зэрыпIащэм къыхэкIкIэ, и щхьэр имыгъэкIэрахъуэу, и пIи имыкIыххэу, ихъуреягъкIэ къыщыхъур тыншу зрегъэ-лъагъуф. Шыр къишыгъуэхэм,  метр 300 хуэдизкIэ упэIэщIэми, и макъ псыгъуэ шэщIар тыншу зэхэпхынущ.
  • Бжьыхьэджэдыр щопсэу: къухьэпIэмкIэ Пиренеи бгыхэм къыщыщIэдзауэ къуэкIыпIэмкIэ хы Хуэмым нэсыху. Ищхъэрэ Жыжьэм абы ущыхуэзэнущ — Финляндием, Соловецкэ хытIыгухэм, Архангельск областым, Урал шытхым и мэзылъэхэм. ТIэкIу нэхъ ипщэIуэкIэ къыдэбгъэзеймэ — Енисей, Обь, Ленэ, Колыма псыежэххэм я Iуфэхэм. МыдэкIэ укъекIуэкIмэ — Альп, Балкан, Карпат бгыхэм я лъабжьэхэм, Украинэм и курыхым, Урысейм щIыгулъ фIыцIэ зиIэ и щIыналъэхэм, Индыл псым и Iуфэхэм. ЩIупхъым ущыхуэзэнущ КъухьэпIэ Сыбырым, Алтайм, КъуэкIыпIэ Жыжьэм ди къэралым щиIэ Сихотэ-Алинь шытх цIыкIум и лъэныкъуитIми, Монголием и Кентейм лъагапIэхэм, Китайм и Хэйлунцзян хэгъэгум. Зи гугъу тщIы къуалэбзур щопсэу Канар, Азор, Майдер, Британ хытIыгухэми, уеблэмэ, Японие жыжьэм жыг куэду къыщыкI и щIыпIэхэми.
  • Атлантикэм и хытIыгухэмрэ КъухьэпIэ Европэм и хыIуфэрыс щIыпIэхэмрэ узыщыхуэзэ щIупхъхэм къыщинэмыщIа, мыдрей псори щIымахуэр къыщыскIэ хуабапIэхэм мэлъэтэж. ЩыIэщ и закъуэу гъуэгу техьэжи, тIурытI зэрыгъэхъуауэ ежьэжхэри, къуалэбзууихым къыщыщIэдзауэ гупышхуэу лъэтэжхэри. Бжьыхьэджэдым щIымахуэр щрех Испаным, Ищхъэрэ Африкэм, Ираным, Афганистаным, Индием, Цейлоным, Индокитайм, нэгъуэщI хуабапIэхэми. Гъэм и щIыIэгъуэр Кърымым, Кавказым, Туркмением щызыгъакIуэхэри щыIэщ.
  • ЩIупхъым щIыгулъ псыф здэщыIэ, мамкъутей, дэ, енэб, мэзбзий хуэдэхэр куэду къыщыкI мэзхэр и щIасэщ. Абы фIэфIщ шэдылъэхэм щыщакIуэу, хуей нэхухэм гъунэгъу захуищIу зыщигъэпсэхужын.
  • Ишх и лъэныкъуэкIэ бжьыхьэджэдым хьэмбылум пищI щыIэкъым. ФIэфIщ хьэпIацIэ зэхуэмыдэхэри — цIывхэр, бэджхэр, нэгъуэщIхэри. ГъавэхэкIхэр — зэнтхъыр, нартыхур, хьэдзэ къызыпыкIэ къинэмыщI къэкIыгъэхэр нэхъ мащIэущ зэрызыIуигъахуэр. Лъэтэным зыщыхуищIхэм и деж, бжьыхьэджэдым хьэндырабгъуэ, елыркъэш, нэщIэпкIэ хуэдэхэри ешх.
  • ЩIупхъым и щэкIуэгъуэр нэхъ зригъэхьэлIэр жэщыращ е дунейр уфарэ пшагъуэу щыщытхэращ. ЩIы щхьэфэ щабэхэм и пэ кIыхьыр хиIуурэ, куууэ зыхэзыгъэпщкIухьа хьэмбылухэр абы тыншу къыхелъэфыф. И пэм хэлъ псантхуэм и фIыгъэкIэ, мы къуалэбзум гугъу емыхьу зэхегъэкIыф щIы щIагъым щIэс псэущхьэр зыхуэдэри ар здэщыIэ щIыпIэри. Шхын нэхъ къыщилъыхъуэхэм ящыщщ удзыпцIэхэр, хъупIэхэр, губгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. МахуэкIэрэ зиудыгъун хуей хъуамэ, къуацэ-чыцэхэм, гъуейхэм хэсщ.
  • Бжьыхьэджэдым шыр къызэрыриш щIыкIэр нобэр къыздэсым IупщIу биологие щIэныгъэм хузэхэгъэкIакъым. ЩIупхъым и нэхъыбапIэм абгъуэ щищIыр мэзым щIэт псейм, уэздыгъейм, пхъэщабэм, пхъэхуейм, енэбхэм я лъабжьэхэращ — миллиметр 20 — 30 хуэдиз и кууагъыу, миллиметри 150-рэ и бгъуагъыу гъуэ къыщретхъури. И абгъуэр пхъэщабэм и лъахъцхэм, удзхэм, тхьэмпэхэм къыхещIыкI. Хэплъыхьауэ джэдыкIиплI егъэтIылъ. Абыхэм махуэ 22 — 24-кIэ щхьэщыса иужькIэ, накъыгъэм и кIэхэм — мэкъуауэгъуэм и пэхэм шырхэр дунейм къытрегъэхьэ. Бзу цIыкIухэм псынщIэу зыкъаужь. ШыщхьэуIум и кIэхэм — фокIадэм и пэхэм хуэзэу лъэтэкIэ зрагъащIэ, уэс къесыгъуэр къэмысу гъуэгу зэрытехьэжынум хуэдэу.
  • Бжьыхьэджэдым и шырхэр щипIыр цIыхум и лъэр дахэ-дахэу здынимыхьэсыф, нэхъ пхыкIыгъуей мэзылъэхэращ.
  • Шынагъуэ къыхуэзышэн гуэр къызэрыхуэкIуатэм гу зэрылъитэу, щIупхъыр а щIыпIэм щэхуу икIи псынщIэу къыIуокI, зэуэ зыкъищтэу къызэрыIумылъэтыкIыфынум къыхэкIкIэ.
  • Бжьыхьэджэдым и дахагъэм урыс тхакIуэ, усакIуэ куэд тетхыхьащ — Тургенев Иван, Чехов Антон, Толстой Лев сымэ, нэгъуэщIхэри. Бзэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Даль Владимир мы къуалэбзу телъыджэм и хахуагъэр ирегъэщхъ пасэрей алыдж гупсысакIуэ Сократ къигъэлъэгъуауэ щыта лIыгъэм: «И ажалыр къызэрысар къищIа пэтрэ, щIупхъыр лIэныгъэм игъэгызыркъым икIи Сократ хуэдэу къыхэмыщтыкIыу и псэр ет».
  •  ПщыхьэщIэ  Хьэмзэт.