ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мы гъэм мэракIуэр IэфIыншэщ

2016-01-30

  • ГЪУКIЭКЪУЛ  Иринэ
  • Рассказ
  • — КIунэ, хьэм ямышхыжын хъыджэбзыжь цIыкIу, мыдэ къакIуэ! — Хьэрун губжьауэ иреч-иресэ.
  • — Сыт къэхъуар, Даа? — езым нэхъ цIыху мамыррэ нэхъ цIыху тыншрэ дунейм зэрытемытыр и нэгум къищу, илъэсипщIым ит хъыджэбз сырыху цIыкIур дадэм бгъэдолъадэ.
  • — А зи унагъуэр бэгъуэн, мы джэдум сыт епщIар?
  • ДэкIуеипIэм джэдуужь цIыкIур тесщ, и фIалъэ лъакъуэ щабэмкIэ и напэр етхьэщIри.
  • — Сыт есщIар, Даа? Меси, щыси.
  • — А-а, угъурсыз, джэдум и пащIэр даIэ?!
  • Джэдум пащIэ зэрытемытыжыр иригъэлъагъуну дадэ зыщригъэзэкIкIэ, хъыджэбз цIыкIур цIытхъытхъ жиIэу щIопхъуэри, хадэм холъадэ. Нартыху хьэсэм зыхегъапщкIуэри, улIмэ, къэгъуэт! ЛIыжьым и шхыдэн ирикъуауэ, щIыбагъ жьауэм кIэщIэсу хьэмгъуэкъу здигъэсым, хъыджэбз цIыкIур нартыхум къыхопщыжри, къыбгъэдохьэ.
  • — Даа, нтIэ, Iэмал имыIэу джэдур а пащIэм хуейт?
  • ЛIыжьым и щхьэр хуэмурэ къеIэтри, и пхъурылъхум мамыру йоплъ. Адэ и нэкугъуэхэм, щыблэ щIыкIэу, къыщохъуэпскI зы бзаджагъэ хъуаскIэ, ауэ гупсысэхэм хошыпсыхьыжри мэкIуэдыж.
  • — Абы пащIэ къытекIэжыху, уэращ иджы дзыгъуэ едгъэщэнур, — къызыфIимыгъэIуэхуу мэгушыIэ дадэр.
  • КъыхукъуэкIа пщэрылъыщIэм гупсысэм хидза къуэрылъхур къегъанэри, лIыжьыр уэрамым уэршэракIуэ макIуэ. ПщыхьэщхьэхуегъэзэкIщи, дыгъэр пшэплъым зигъафIэу хэсщ. ЛIыжьхэри, махуэ упщIыIуам къегъэделэри, Ахълохэ я деижь щIагъым щызэхуос.
  • — ЗинэкIэ къалъхуа а импIериалистхэр зэгуэр къыткIэрыкIыну! — жиIэу Хьэрун батэ игъэшу гупым здахэсым, Марэжьхэ я пхъужь хьэгъапхъэр  бауэбапщэу къабгъэдолъадэ:
  • — Псыкъуийм сабий ихуащ! Уэ маржэ хъужынхэ, псыкъуийм сабий ихуащ!
  • Зыгуэр жаIэнми хунэмыс щIыкIэ, Хьэрун къыщолъэтри щIопхъуэ, башымкIэ зыщIэрыIэжрэ ещIэкъуауэу.
  • — Псыкъуийм ихуар, дауи, зинэкIэрэ къамылъхуа ди сырыхужь цIыкIуращ! — жиIэурэ мэтхьэусыхэ.
  • Нэсхэрэ плъэмэ, «сырыхужь цIыкIур» псыкъуийм къоплъри исщ, и нэ цIыкIухэр игъэупIэрапIэу…
  • Псыкъуийм къиплъ хъыджэбз цIыкIур сэращ. Гужьеяуэ ниплъэхэм губжьауэ яхэт лIыжьыр ди дадэщ. А зэманым абы и лIыжьыгъуэ дахэт, адыгэ лIыжьхэм яхэлъыпхъэ хабзэри ткIиягъэри дэплъагъуу. Хьэблэри лъэпкъри чэнджэщ хуэныкъуэмэ, «Хьэрун и деж дывгъакIуэ», жаIэурэ къытхуеблагъэрт. Ярита чэнджэщымкIэ  мыарэзыуэ зыгуэр ди пщIантIэм дэкIыжауи слъэгъуакъым.
  • Арами, зэманыр хьэ дзэкъэнщ. ГъащIэм къыгуишхыкIыурэ ирегъэлъэтэх. Дади и къарумрэ и гукъыдэжымрэ кIуэтэху хощI. Сэри абы и къару кIуэщIым си зы гу къуэпс дэ-гъуурэ макIуэ…
  • ИлъэсипщI дэкIащ джэдум и пащIэр зэрытесщыкI лъандэрэ… Сэри зызужьащ, ныбжькIэ «и шэгъуэ дахэщ», жыхуаIэм сыхуэдэщ. Зэгуэрым, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэу, ди пщIантIэ сыкъыдэтIысхьэжащ. Тхьэ, зы адыгэ пщащэкIэ къысхуэт щымыIэт, арщхьэкIэ сыбзаджэу сызэIуросыкIри, зы щIали къызбгъэдыхьэн дзыхь ищIыркъым. Аращи, къыкIэлъыкIуэ си еджэгъуэ илъэсыр къэсыным сожьэри, дадэхэ сыщыIэщ.
  • Пщыхьэщхьэ къэс зэхэтIысхьэ унагъуэ «хасэм» зы щIалэ и кандидатурэр къыхалъ-хьэ. Ахэр, хьэблэ, Iыхьлы фызхэм ягъэныщкIум-ягъэныщкIуурэ, арэзы ирихъуу, «къызыжьэдадзыжа» щIалэхэращ. Нанэ цыкIуэкIыр егъэджэрэз, дадэ, жьэгу щымыIэжым пэрысу яжьэр зэIищIэ нэхъей, жьантIэ лъэгум башыпэмкIэ йотIыхьри щысщ. Хэплъыхь ищIурэ, ямышэу къыдэнэжа си адэ шыпхъуми, къебэкI и хьэрычэтым кIуапIэ къыхуигъуэтауэ, унагъуэ сызэрыригъэхьэнум тепсэлъыхьын нэхъ гукъеуэ иIэкъым. Зэ зыр къегупсыс, зэ — нэгъуэщIыр. Ебланэ классым хэс, зи делэгъуэ си шыпхъу нэхъыщIэращи, джэдыкIэм цы къыхех, жыхуаIэм хуэдэщи, ауан сыкъызэрищIын щхьэусыгъуэ къелъыхъуэ. Сытми, си Iуэхур щIагъуэкъым. ДыIуохьэри даукI, дыIуокIри дауб, жыхуаIэм хуэдэщ. Ипэхэм, дыдейхэм жаIэр яхуэзмыдэу, седауэу щытащ, ауэ  иджы зыри уэим сщIыркъым. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуари, мафIэ зэщIагъэстар езы дыдэхэм зэрагъэункIыфIыжым гу зэрылъыстаращ. Си адэ шыпхъум къигъэлъэгъуа кандидатурэр кърагъэкIэрэхъуэкI-нрагъэкIэрэхъуэкIыурэ, и кIэм зы дзы гуэр къыхуагъуэтыжри, езы дыдэхэм лъэныкъуэ ирагъэзыжат. Иджы псори къызгурыIуащи, сахэпсэлъыхьыжыркъым.
  • Ауэрэ кIуэурэ, Инжыджышхуэм дыгъэр къыщхьэдэхым-къыщхьэдэхыурэ, зы махуэ гуэрым си гъащIэм зыкъызэридзэкIащ. Псори къыщежьар ди гъунэгъу Чэсейхэ я унагъуэращ.
  • Чэсей тхьэмыщкIэр си нэгу къызэрыщIыхьэжыр нэуэжь лъапэлъагэущ, пкъыфIэущ. И плIэIур захуэрэ и щхьэр ину Iэтауэ апхуэдэт ар сыт щыгъуи, хэзыгъэщIэн удын гъащIэм къридза пэтми — и щхьэгъусэмрэ и къуищымрэ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдат. И щхьэр ириудэкIыу унэ нэщIым и закъуэу къыщIэнами, Чэсей, унагъуэшхуэ хэс нэхъей, и пщIантIэм хъурджауэ макъымрэ тхьэусыхэмрэ къыдэIукIыу псэурт.
  • — А-а, лIыжь джаур! Мы жыгыжьыр пIийуэ утыкум имыту иупщIыкI, жесIати, ауи шотым сыкъримыдзэу фронтым дэкIри хэкIуэдащ! МыдэкIэ пщIантIэм лэжьыгъэу дэлъыр Iуэхукъым, атIэ! Зауэм уIуувэу ухэкIуэдамэ, уи Iуэхур абыкIэ зэфIокI! — жиIэнти, зэм тхьэусыхэу къыдэувэнт, зэми зауэм хэкIуэда и къуэхэм я цIэхэр жиIэурэ, къыбгъэдэту къедаIуэ нэхъей, яхъурджауэу щIидзэнт. Ар зэхихыху,  ди нанэ къэуIэбжьырт. «Тобэ! Тобэ! Ялыхь, мы фызыжьым губгъэн къыхуумыщI, и щхьэр зэригъэкIуэкIащ гуауэм. Ялыхь, ЯIэлыхь, уи гущIэгъум дыщумыгъащIэ», — жиIэурэ цыкIуэкIыр игъэджэрэзу щыст. Ауэ, Чэсей и хъурджауэ псалъэр ишэщIыIуэмэ, нанэ хуэмышэчыжу къэтэджырт, ди зэхуаку дэт бжыхьым бгъэдыхьэрти, нэуэжь цIыкIуитIым, яфIэщыпэу, «зызэрадзырт».
  • — А-а, бзылъхугъэ мыгъуэу, мыгъуагъэм щыщIэн! Сыт хуэдэ лIыжь уэ узэпсалъэр?! Абы и псэр зэритрэ сыт щIа? КъыщIыщIэплъэфы-жыр сыт ар? Апхуэдизрэ и гугъу умыщIу, и псэр гъэтынш! — жиIэнти, ди нанэ Чэсей ешхыдэнт.
  • Модрейми, нанэ и псалъэхэр щIагъуэу къримыдзэу, хьэ цIыкIу къызэпхъуэкI нэхъей, хъуэнхэр къызэридзэкI-къызэридзэкIыу, и Iуэху ищIэжт. ГъэщIэгъуэныр аракъэ, абдежи щыщыгъупщэртэкъым и лIыжьымрэ и бынхэмрэ ярихъуэныр. Уеблэмэ ахэри щыхьэту къигъэувыну хуежьэрт.
  • — Зэхэфхрэ абы жиIэр? Къыфщхьэщож! АтIэ, абы сыткIэ ищIэн сэ бэлыхьу сызыхэтыр! Фэ къыфщхьэщыжмэ, нэхъ къещтэ. Абы и псалъэхэрамэ нэхъыщхьэр, фыкIуэ, фыкIуэ Бэрджыжьхэ! ФыкIуэ! Къыфщхьэщыжрэ къывэдэхащIэу фагъэпсэунщ! ФыкIуэ! — жиIэнти, Чэсей и Iэ кIыхьхэр ди бжыхьымкIэ къиупцIу щIидзэнт. Езым и закъуэ цIыху гуп еIунщIурэ еху жыпIэнт. Нани нэуэжь къызэрыгуэкIтэкъым, мэхъашэт. Ауэ, Чэсей «къихухэр» имылъагъуми, къэшынэрти: «Уэри, уэ! Уэ бзаджэнаджэр!» — жиIэурэ бжыхьым къыбгъэдэкIыжырт.
  • ГъэщIэгъуэныр аракъэ, дауэ зэщымыхьами, нанэрэ Чэсейрэ зэхуэбгэтэкъым, атIэ Тхьэ зэхуелъэIурт. МащIэу зэщыхьэми, зэхъуэхъужхэрт.
  • Нанэрэ ди гъунэгъу нэуэжьхэмрэ хуэмыдэу, Чэсей уэрамым тесрейт. Я пщIантIэм къыдэкIыу, уэрамыкум нэсу зи щхьэкIэ Iувыр зыдза тутеижьым и жьауэм щIэт тетIысхьэпIэ Iушэм тетIысхьэрти, блэкI-къыблэкIыжхэм яхэплъэу щыст. Жыг тхьэмпэ Iувым къыпхидз дыгъэ бзий мащIэм и нэр щIригъэукъуан-цIэу, и Iупэ зэлъахэмкIэ зыгуэрхэр къиIущэщу щыст Чэсей. Зэзэмызи блэкIхэм и фIэщыпэу захуигъазэрт: «А-а, сызэрахьэкIын, ди лIыжьым и хъыбар къалэм щызэхэвмыхауэ пIэрэ?», — жиIэрти. Чэсей псэуху, зы цIыхум жэуап гуемыIу къритауэ слъэгъуакъым. Ини-цIыкIуи, зэрыжаIэу, къэувыIэрт, къэувыIэрти сэлам гуапэ кърахырт, лIыжьым и хъыбар зэрамыщIэри къыжраIэрт. Фызыжьым зыкIи сэбэп къызэрыхуэмыхъуфынур я жагъуэ хъу щIыкIэу, гуапэу къепсалъэхэрт. Махуэм и кIыхьагъкIэ щэнейрэ къигъэувыIи яхэтт абыхэм, арами зыми псалъей къридзыртэкъым.
  • Тутеишхуэм и мэракIуэхэр зэрыхъуу, Хьэдолэ и бжьэхэмрэ хьэблэ сабийхэмрэ дыкъепщIэкIырти, мазэ енкIэ Iупэ фIыцIэ дыхъужауэ къудамэхэм дыфIэст. Апхуэдэхэм деж Чэсей гуфIэжу къыдэплъырт, а жыг дыдэм щхьэкIэ и щхьэгъусэм зэрехъурджэуари щыгъупщэжауэ, къыджиIэрт: «Ди лIыжь мыгъуэм хисат мы жыгыр. Абы къыпыкIэ мэракIуэ къэси псапэ шхын хуэхъуу къыщIэкIынщ».
  • Ди хьэблэм  зы сабий къыдэкIауэ къыщIэкIынкъым, мэракIуэ IэмыщIэ Чэсей къыхупимычауэ. Арами, нэуэжьым мэракIуэр ишхтэкъым. Япэ къыпычыгъуэм щыщу зытIущ зыжьэдилъхьэнт, игъэныщкIунт-игъэныщкIунти, «Азалыхь, мы гъэми мэракIуэр IэфIыншэкIэ», жиIэнт. КъыIэщIэнэжа IэмыщIэри тетIысхьэпIэм трикIутэнти, блэкIхэм яхуэупсэу тесынт. Тутейм сыт хуэдиз къыхурамыхьэхми, афIэкIа а илъэсым и мэракIуэ ишхыртэкъым.
  • — Нанэ, уей! Дауэ зэрыIэфIыншэр?! IэфIыбзэ дыдэщ. Фом хуэдэщ! — жытIэу хуэтшийкIэ, тIихыртэкъым.
  • — А-а, си сабий дыгъэхэ, а-а, си псэр зэзгъэшхынхэ, мы дунейм тети телъи зыгъэIэфIыр цIыхупсэращ, тIасэ. IэфIыгъэ зыщIэмылъыж цIыхупсэм зыри фIэIэфIыжынукъым, ухуеймэ фо чейм хэкухь, — жиIэрт Чэсей нанэ. Дэри абы и псалъэхэр къыдгурыIуа нэхъей, «дыIулъэтыжырти» жыгым «дыпытIысхьэжырт».
  • Ауэрэ, зэманыр екIуэкIым-екIуэкIыурэ, Чэсей тхьэмыщкIэр дунейм ехыжащ. Ди нани илъэсхэр къытехьэлъэ хъуащ. ХузэфIэкIи щымыIэжу, и щхьэр хузехьэж къудейуэ, пщIантIэм дэтт. Зэзэмызи Хъуэрейхэ я бжыхьым Iуувэрти, и нэр игъэплъызу дэплъэрт пабжьэу зэщIэкIэжа пщIантIэм.
  • Чэсей дунейм зэрехыжрэ илъэс щрикъум, абы и къуэ нэхъыщIэр зэрыпсэум и хъыбар къэIуащ. «Псэбыдэ къыкъуэкIыжащ! Псэбыдэ къыкъуэкIыжащ! Зэхэфха хъыбарыр? Зэхэфха?» — зэупщIыжхэрт къуажэдэсхэр. А хъыбарыр зыхуахьынур ямыщIэу къытрагъэзэжурэ тепсэлъыхьхэрт.
  • КъызэрыщIэкIамкIэ, ди къуажэдэс Емшокъуэ Гъумар Урал лъэныкъуэмкIэ кIуауэ, бэзэрым къыщицIыхужащ и ныбжьэгъур. Къуажэдэсхэм къащыхъуат Псэбыдэ къулейсызыгъэ къылъысауэ е и щхьэм удын игъуэтамэ, зыри имыщIэжу. Армыхъумэ, уи акъыл уитыжу апхуэдиз илъэскIэ уи унагъуэм упэIэщIэу дауэ узэрыпсэунур? АрщхьэкIэ, Псэбыдэ хуэщIауэ псэууэ, урыс фызи къишауэ, зы къуэрэ пхъуитIрэ иIэжуи къыщIэкIащ.
  • ЦIыхухэм ар хуабжьу ягъэщIэгъуащ. Я акъылым къахуигъэтIасэртэкъым апхуэдэ хьэдэгъуэдахэр. Зауэ нэужьым уи анэм и деж къыумыгъэзэжу, къыбдалъхуахэм я Iуэхуи зумыхуэу зыщIыпIэ ущыпсэуну, ар дауэ?! Псэбыдэ езыр къыкъуэкIыжыну къыщIэкIынтэкъым, Гъумар къыхуэмызамэ. Дауэ щымытми, гъатхэку мазэу, жэм дэхугъуэу хъыбар къэIуащ: «Псэбыдэ и унагъуэр щIыгъуу къэкIуэжауэ хапIэжьым исщ». Нанэ куэд щIауэ жэм къимышыжми, зэресауэ, жэм шыгъуэм ирихьэлIэу къэтэджырт. Сэ сыхъыджэбз зи зыгъэфIэгъуэти, шхыIэным сыкъыщIэплъу сыздыхэлъым, зэхэсхащ жейбащхъуэ мащIэм къыхэсыкIа а хъыбарыр. ЗанщIэуи жейр сщхьэщыури, сыкъыщылъэтащ, зысхуэпащ. СыкъыщIэжу, Хъуэрейхэ дежкIэ сеплъэкIа щхьэкIэ, пабжьэр зэрыпабжьэт, пщIантIэм зы цIыхуи дэттэкъым.
  • — Нанэ, уей, мы жаIэр пэж? УекIуэкIа ЧэсейхэкIэ? — сеупщIащ нанэ. Чэсей тхьэмыщкIэр мыпсэужми, ди хапIэм къыпылъ а лъэныкъуэр апхуэдэут зэрыдгъэбелджылыр.
  • — СщIэн згъуэткъым сэ, а напэ зимыIэм сыIурыплъыхьыну сымыкIуэмэ! — Псэбыдэ хужиIа фIэкIа, нэгъуэщI къысхужьэдэша-къым нанэ.
  • Хьэблэ щIалэр щызэхуэсым, си адэри я гъусэу ХъуэрейхэкIэ екIуэкIри, я пщIантIи я хапIи зэщIэзыщта удзыжьыр хупаупщIащ. Щхьэгъубжэм сыдэплъу, унэ лъэбышэ къыщIэщыжамкIэ сыплъэху, цIыху цIыкIур щызэблэкIыу слъагъурт. СфIэгъэщIэгъуэнти, сэри сызэгуэудырт Iуэхум и пэжыпIэр къэсщIэну сыхуейуэ, арщхьэкIэ плъакIуэ-дэIуакIуэ сыжэну си ныбжьым къезгъэкIуртэкъым. Си анэшхуэр щымыкIуэм, си анэми зигъэхъеякъым. И гуащэр и мыгъусэу ар зыщIыпIи кIуэртэкъым.
  • Дэпым сытесым хуэдэу есхьэкIащ а махуэри, къыкIэлъыкIуэри. Ауэрэ цIыхури сабырыжащ. Ещанэ махуэм жьыуэ сыкъэтэджри, тутеижьымкIэ сыплъэмэ, абы и лъабжьэм зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ щIэтт, дэплъейуэ. ЗанщIэу къызгурыIуащ ахэр Псэбыдэ зэрибыныр. СыщIэжри, зыфIэзмыгъэIуэхуу, уэрамым сыдэбэкъукIащ. АрщхьэкIэ си дэкIыгъуэм техуэу хъыджэбзыр щыдыхьэжым, сыкъызэщIэувыIыкIащ. Зысплъыхь хуэдэу фэ зытезгъэуа щхьэкIэ, гъунэгъубзэу къызбгъэдэт щIалэм сэлам иумыхыну емыкIутэкъэ. Сэлам есха щхьэкIэ, абы и щхьэр ищIа мыхъумэ, си фIэхъусым зыри къыпидзыжакъым. ИужькIэ дэIэбейурэ мэракIуэ тхьэмпэхэр къыпичрэ зэпиплъыхьу щIидзащ.
  • Ар езыр щIалэ лъагэт, щхьэ сырыхушхуэ хъужауэ, Чэсей и Iэ кIыхьхэр къыпыкIэжащ, жыпIэну, къупщхьэшхуэт. Абы хэту, ди хьэжь цIыкIур къыдэжщ, щIалэр мыцIыху ищIри и лъабжьэм банэу щIэджэрэзащ. Зэ-тIэу сытегуауэри, щымыхъужыххэм, сыбгъэдыхьэри есхужьэжащ. Хьэ Iусхужам хуесхьэха си нэр къыдэсхьеижмэ… — «тенджыз лъащIэншэм ещхь нэ щхъуантIитIым я толъкъунхэр «уарщ» жиIэу къызжьэхакIащ». Iэнкун сыкъэхъуауэ щIалэм и нэ щхъуантIэ джырыджитIым сыщIоплъэ, сыщIоплъэ… ИужькIэ зыкъызощIэжри, щIыжысIэри сымыщIэу, «Ди гъунэгъу ТIутIам башкIэ къиубэрэжьащи, аращ хьэр щIэбзаджэр. Къыщимыубэрэжьым, щэхубзэт», — жызоIэ.
  • ЩIалэр къысхупыгуфIыкIа фIэкIа, зыри жиIакъым. Сэри щIэджырымэж сщIыжри, зыкъомрэ щыму сыщытащ. СыIукIыжынути, жысIэн псалъэ схузэгъэпэщыртэкъым. Къоплъу щыт цIыхум зыри жумыIэу, уи щIыб хуэбгъазэу уIукIыжыныр къезгъэкIуртэкъым.
  • — Уэ Псэбыдэ урикъуэ хъунщ? — соупщI щIалэм.
  • ЩIалэр къызэплъ мыхъумэ, зыри жиIэркъым.
  • — Сэ КIунэщ си цIэр, — жызоIэ.
  • ЩIалэр а зэрыщымщ. МащIэу къыпогуфIыкI, армыхъумэ жэуап къызитыжыркъым.
  • «Уарэ, мыбы делафэ къызиплъу ара? Сыту сыделэ! Лажьэм сыкъыдихуа!» — си щхьэм сохъурджэуэжри сыщытщ. ЩIалэри къызоплъ, и нэ щхъуантIитIыр къыстримыхыу. ИтIанэ си гум къокI абы адыгэбзэ къыгурымыIуэнкIэ зэрыхъунур. «КъыгурымыIуэми, зыгуэр къызжиIэн хуейкъэ!» — жызоIэри согубжь. Зызэпэзгъазэу сыIукIыжыну тезубыдауэ, Псэбыдэ я пщIантIэм къыдокI. ИгъащIэм сымылъэгъуами, ар Чэсей зэрикъуэр наIуэт. И лъакъуэшхуэхэр иупцIу къыдбгъэдыхьэри, «Здоров!» — жери и Iэ кIыхьыр къысхуишиящ. Сэри хуэсшиижащ.
  • — Соседка, ара? — жиIащ абы, си Iэр имыутIыпщу. 
  • — НтIэ, — жызоIэ сэри, си Iэр хуэмурэ къыIэщIэсхыжурэ.
  • — Хэтхэ уащыщ?
  • Сызыщыщыр къыщищIэм, Псэбыдэ арэзыуэ и щхьэр ещI.
  • — А-а, Олеговнэ, ара? — щIогуфIыкI ар. — Си ныбжьэгъужьым урипхъущ.
  • Сэ зыри жызмыIэу сыщытщ, сщIэнур сымыщIэу.
  • — Мыр Магэщ. Си къуэращ. Езыр щIалэфIщ, талантышхуэ бгъэдэлъщ, ауэ глухонемойщ. УмыгъэщIагъуэ, — ар жеIэри, Псэбыдэ я пщIантIэм дохьэж.
  • Iэнкунагъ сызэщIэзыубыдам сыкъиутIыпщыркъыми, сыщытщ, зэхэсхам сыкъигъэуIэбжьауэ. Ар дауэ?! ЩIалэм и дахагъымрэ абы зыри зэрызэхимыхымрэ икIи зы псалъи жиIэну къару зэримыIэмрэ схузэхьэлIэркъым. «Дауэ ар, — жызоIэ сигукIэ, — апхуэдиз дахагъкIэ Тхьэр зэтам нэхъ къызэрыгуэкI дыдэ цIыхум лъигъэс зэфIэкIыр пиубыдыжауэ?!» ЗызмыщIэжу, си жьэр Iурыхуауэ, щIалэм сыIуроплъыхьри сыщытщ. Зыгуэр жесIэнущи, зэрыгурызгъэIуэну щIыкIэр къысхуэщIэркъым. Апхуэдизу си гур щIэгъуащи, иджыпступцIэ къыхэздзэу, сызэщыджэу тхьэ сымыгърэ, жысIэу сыбгъэдэтщ.
  • — А, нынэ, мыдэ укъакIуэкъэ, — къоIу абдежым нанэ и макъыр.
  • Зыкъызопхъуэтэжри, къызэджам дежкIэ сожэ, пщIантIэм сыдолъэдэж.
  • — Ар сыт, сымыгъуэт, уи жьэ тIэкIу мыгъуэри Iурыхуауэ убгъэдэти щIалэм, — жи нанэ.
  • IуэхукIэ къыдблэкI си шыпхъу нэхъыщIэм ар зэхехри, щIодыхьэшхыкI. Сэ абы и ауанри зыхэсщIэркъым, нанэ жиIэри зэхэсхыщэркъым.
  • — Тутейр хъуакъым! — жызоIэ, къызыкъузопхъуэтри.
  • — Ана-а-а! Гъатхэ пасэу тутейм хъу и хабзэ?! — жеIэри  къызоплъ.
  • Си шыпхъури, «пIытхъ» жери бжэ къуагъым къыкъуодыхьэшхыкI. Сэ унэм сыщIолъэдэж, пIэм зызоIубэри, сызэщыджэу согъ. Къэхъуар къагурымыIуэу, унагъуэм исыр къызэхуожэс. ИгъащIэми сысабий щэхут, си гъы макъ щIагъуи зэхахатэкъыми, си балигъыгъуэм сызэщызыгъаджэр къагурыIуэркъым. Си анэращи, гужьеипауэ къысщхьэщытщ…
  • СщIэртэкъым апхуэдизу сигу щIыхэщIар. ЩIалэми сигу щIэгъуат, махуищри, дэпым сытес нэхъей, Iэнкуну зэрисхари къыхыхьэжат. Ауэ нэхъыщхьэу абдеж гукIи псэкIи щызыхэсщIар гъащIэм и дыджагърат. Псэущхьэм я нэхъыкIэми къылъыс зэфIэкIым щIэхъуэпсу зи гъащIэр зыхь цIыху мы дунейм тету си гугъэнтэкъым. ИгъащIэм срихьэлIатэкъым апхуэдэ.  Псом хуэмыдэжу схузэхуэмыгъакIуэр щIалэм и теплъэ дахэмрэ и тхьэмыщкIагъэмрэт.
  • Ауэрэ зэман докI… Магэ  нэхъ гъунэгъуу къызоцIыхури, къылъыса лейр тхьэмыщкIагъэшхуэу къызэримылъытэри, хуабжьу зэрыцIыху пагэри къызощIэ. Тутеижьыр ди дэлэл мэхъу, махуэ къэскIэ жыхуаIэм хуэдэу дызэхуозэ. Зы псалъи зэжетIэркъым. Дауэт зэрызэжетIэнур?! Дыщытщ. Дыщысщ. Зыдоплъыхь. Дызоплъыж. Магэ и нэ щхъуантIэхэр дыгъэм щигъэпщкIуу и нэбжьыц кIыхьхэм къыщыщIэплъкIэ, сыхуэмейурэ си Iупэр сфIызэтежу къызоублэ. Езыми, зэм удз гъэгъа къысхуехь, зэми IэфIыкIэ гуэрхэр къысхуеший.
  • Дэни кърихрэт а удз гъэгъа дахэхэр?! Губгъуэ удз гъэгъат ахэр. Арами, апхуэдэ удз дахэ ди щIыпIэм къыщыкIыу игъащIэм сытеплъатэкъым. Пщыхьэщхьэ хъуху тутей щIагъым дыщIосри, удз гъэгъахэр е кIэнфетхэр сIыгъыу сыкъокIуэж. Си шыпхъу нэхъыщIэми «Тутовнэ» къысфIищауэ, абыкIэ къызоджэ. Ари уэим сщIыркъым. НэгъуэщI зэманмэ, дызэфIэнэнт, арщхьэкIэ иджы зыри къиздзэжыркъым. Делэ цIыкIу нэхъей, сыкъыпогуфIыкIри сыблокI. Езыми бзаджагъэ къызэкъуихауэ, къыскIэщIимыщIыхьрэ къызимыпэсрэ щыIэкъым. Языныкъуэхэм деж си анэм игу къысщIогъури, си шыпхъур къеубыдри кхъужьбэрэжьейуэ къуэцIекъухь. АрщхьэкIэ, модрейм махуэр и кIэм нимыхьэсу, къысщIедзэж.
  • Ауэрэ гъэмахуэ махуэхэри къохьэри йохуэрэхуэкI. ЩIалэ бзагуэм сригъусэурэ, сэри щым сохъу. Армырами, сыпсэлъэрейтэкъыми, иджы зызоущэхупэ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыращи: Магэ сурэтыщIу къыщIокI. И сурэтхэри езым хуэдэу бзэмыIуу къысщохъу. ПсалъэкIэ хужымыIэр и сурэтхэм хилъхьами ярейщ. Сэри къызгурыIуэжыркъым нэхъыбэу сыдэзыхьэхыр. Езы Магэ? Е и сурэтхэра? Хьэмэрэ сызыхиша макъыншэ пщIыхьхэра? Дунейра?
  • Псэлъэным зыщыздзеяр, си гум нэхъ сыщIэдэIуу щIызодзэ. Псом хуэмыдэу, Магэ сыщыбгъэдэскIэ, гупсысэ псы уэрышхуэм сыхэлъу срихьэх хуэдэщ. Абы сызыIуимыхьэ Iуфэрэ щIыналъэрэ щыIэкъым.
  • Еуэри, апхуэдэурэ екIуэкIыурэ, дадэ и гъусэу шэдыгъуэ къыпытчу хадэм дыздитым, гупсысэ куу сызыхэтым абы сыкъыхеш.
  • — Анэм и гуэныхьым нэхъ пшыныжыгъуей щыIэкъым, сырыху цIыкIу, — жи дадэ.
  • Дадэ и псалъэхэм си гупсысэр пцIащхъуэ быну егъащтэри, хьэршым хохьэж. Зытепсэлъыхьыр зэкIэ къызгурымыIуауэ, дадэ сыхуоплъэкI.
  • — Адэ-анэм къуатыр гъащIэ закъуэркъым, атIэ цIыхугъэ щIыхуи къуат. Ар упшыныжу-рэ упсэун хуейщ. Мы дунейм дину тетым сыт хуэдэ зэщхьэщыкIыныгъэхэр ямыIэми, зымкIэ зэдэарэзыщ — ар уи анэр бгъэлъэпIэн зэрыхуейрщ.
  • — Сыт ар къыщIызжепIэр, дадэ? — сыщIоупщIэ сэри, ар къыщIызжиIэр къызгурыIуа пэтми. 
  • — Ущие жыхуаIэр пцIыхурэ, сырыху? — жи дадэ, си упщIэр жэуап зэрыхуэмыныкъуэр наIуэ ищIу.
  • — Сыт, Даа?
  • — ГъащIэр къызэроупщIынум и жэуап хьэзыру къуатыр аращ.
  • ЖиIэнур жеIэри, дадэ пщIантIэмкIэ егъэзэж. Сэ зыкъомрэ хадэм ситщ, жытIахэм сегупсысу…
  • Псэбыдэ къызэрыкIуэжрэ махуэ къэси кхъэм дэкIырт. ЗимыIуэху зезыхуэу абы кIэлъыплъхэм зэрыжаIэмкIэ, абы кхъэм аркъэ здыдихырти, и анэм и кхъащхьэдэсэм бгъэдэст, ефэу. ГурыIуэгъуэт фадэкIэ игъэундэращхъуэ узыр. Арами, ар емыкIуу къалъытащ апхуэдэ хабзэ зехьэкIэм емыса цIыхухэм, икIи ефэндым деж кIуэхэри елъэIуащ Псэбыдэ кхъэм зэрыщефэм унафэ гуэр трищIыхьыну. Ефэндым Псэбыдэ гуригъэIуащ гуауэ зимыIэ цIыху зэрыщымыIэри, кхъэм илъри езым и анэм зэримызакъуэри, фадэр нэрыгъ пщIы зэрымыхъунури.
  • Ефэндым къыжриIахэм и ужькIэ, Псэбыдэ цIыхухэм къахыхьэжакъым. И машинэ цIыкIумкIэ къыдэж-дэлъэдэж мыхъумэ, уэрамым лъэсу къытехьэжыртэкъым. ПщIантIэми ирищIэшхуэ щыIэтэкъыми, куэд мыщIэу къуажэм зэрыдэкIыжынур белджылыт. Си адэм жиIэу зэрызэхэсхамкIэ, и адэ-анэм яхуигъэувыну сынхэр хьэзыр хъухут Псэбыдэ мыбы зэрыдэсынур. Ахэр игъэува нэужь, щыпсэуа щIыпIэм кIуэжыну и мурадт. Арами, зыри зэмыжьагъэххэ Iуэху къэхъуащ. Сынхэр къызэрыригъэшэж Газелым и пэ ищыну щыкъуэжым, машинэ къыпэкIуэм жьэхэлъатэри, Псэбыдэ зэшэзэпIэу иукIащ. Хъыбар гуауэм цIыхухэм я гур нэхъ ириузарэ нэхъ ирипсэлъарэ къыбгурыIуэнутэкъым. Дауэми, Псэбыдэ и жэнэзым къуажэ щIылъэныкъуэр къекIуэлIащ.
  • Дауэдапщэр зэфIэкIа иужь, сэ махуэ зыбжанэкIэ пщIантIэм сыдэкIакъым, Маги слъэгъуакъым. ПщIыхьым сыхэтым хуэдэу махуэхэр згъэкIуэху, Псэбыдэ и щхьэгъусэмрэ и бынхэмрэ къуажэм дэкIуэсыкIыжри Урал кIуэжахэщ. Сэ абы зыри хэсщIыкIакъым. Пщэдджыжь гуэрым си шыпхъум сыкъегъэуш. Си нэр зэтесхмэ, ар къэгъын къудейуэ, зигъэтхьэмыщкIафэу къысщхьэщытщ.
  • — Сыт иджы зэхэпщIыхьахэр? — жызоIэ, апхуэдэу зыкъызэрысхуихъуэжам и щхьэусыгъуэм сылъыхъуэу. Ауэ си шыпхъур щымщ.
  • — Ей, уэри бзагуэ ухъуа? — соупщI аргуэрыжьу.
  • Зыри жиIэркъым… Сыкъотэджри, зыстхьэщIыну сыщыкIуэкIэ, гъынэгъыдзэу къыскIэлъедз:
  • — Магэ сымэ кIуэжащ…
  • Си шыпхъум жиIар япэщIыкIэ къызгурыIуакъым. ИтIанэ, зыкъызопхъуатэри, унэм сыкъыщIож. Бжыхьым сыIуолъадэри, сыщхьэдоплъыхри…. Унэбжэр пхъэбгъушхуэкIэ IуаукIэжри, ежьэжат унагъуэр. ПщIантIэр нэщIт. Магэ и сурэт тещIыхьыпIэр пIиижу пщIантIэкум итт.  Газет кIапэ гуэрхэр жьыбгъэм зэрихьэрт. Слъагъур си фIэщ мыхъуу сыкъыдокIри уэрамым сроплъэ. НэщIщ. Нани си шыпхъури си кIэм ищIауэ итщ. КъызжаIэнури ящIэркъым, сщIэри къагурыIуэркъым.
  • Тутей щIагъым сыщIэлъэдауэ зызоплъыхь, зыгуэр сфIэкIуэдам хуэдэу. «Ар дауэ?! Зыри къызжимыIэу дауэ зэрыкIуэжар?! Зи мыхъуми, зыгуэр къысхуитхтэкъэ!» — согупсыс. Сыдэплъеймэ, жыг дыкъуакъуэм дэгъэзэгъа сурэтым гу лъызотэ. Пхъэ рамкэ дахэми итыжу, «си щхьэр жыг дыкъуакъуэм къыдоплъ». ЯпэщIыкIэ зыри къызгурыIуакъым. Си сурэтым сыщеплъкIэ, гъуджэм сиплъэу къысщохъу. Иужьым, сурэтыр къыдызохри соплъыпэ. Нани си шыпхъури къызбгъурыувауэ сурэтым йоплъ, йоплъ…
  • — Уарэ, мыр сыту уэщхь! — жи си шыпхъум, илъагъур гъэщIэгъуэн щыхъуауэ. Нани, жиIэнур къыхуэмыгъуэту, и IэлъэщI кIапэр и Iупэм Iуилъхьэжауэ щытщ. Алъандэрэ зэхэзмыхауэ а напIэзыпIэм зы макъ гуэр си тхьэкIумэм къоIуэ. КъоIуэри, сигури си псэри зэщIеубыдэ. А макъыр зыхуэсхьынур сымыщIэу, аргуэру сыдоплъей жыгым. Сыдэплъеймэ, фIыцIэ хъужауэ абы пызу пыт мэракIуэшхуэхэр къызолъагъу. СыдоIэбейри зы къыпызоч. СогъэныщкIу. НэгъуэщI зы къыпызоч. Ари согъэныщкIу. Ещанэри зыжьэдызолъхьэ. ИужькIэ сыкъоплъыхыжри, си гур къызэфIэнауэ, жызоIэ: «Мы гъэм мэракIуэр IэфIыншэщ…»