ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Удзыфэу ла тыкуэн цIыкIу

2016-01-30

  • Тажджэ  Замир
  • Рассказ
  • Iэбубэчыр фIэфIкъым бэзэрым кIуэн. Ауэ, и сатур нэхъ щыкIуатэр абдежщи, пщэдджыжьым жьыуэ къотэджри зегъэхьэзыр: машинэм пыщIа гу цIыкIум ит гъущI хъарым хьэпшырхэр ирегъэтIысхьэри, щIеуфэж. Апхуэдэу умыщIмэ, зэ жьы къыщIэхугъуэм ахэр сымаджэ ирихъункIэ бетэмалщ. АпхуэдизкIэ хуэсакъыу, гумызагъэу мэIэбэ Iэбубэчыри, уеплъыну уасэ иIэкъым. Анэр сабий быдзафэм зэрегугъум хуэдэ къабзэу йогугъу ар  а псэущхьэ цIыкIухэм.
  • — Сэ си хьэхэр адрейхэм хуэдэкъым, сысейхэр — «уэркъ щылъхущ», — яжреIэ щэхуакIуэхэм, — цIыху тэмэм Iэрыхьэмэ, сыт хуэдэу хьэфI къахэкIыну ахэм! Ауэ… а тэмэмыр езыр къыздитхынур дэнэу пIэрэ? — и щхьэ хуэпсэлъэжу щэхуу кIэлъыжеIэж. — ЦIыхур зэIыхьащ, мылъку фIэкIа нэкуи-напIи яIэжкъым. Сабийхэр-щэ? Иджырей сабийхэм гущIэгъу жыхуаIэр яхэлъкъым…
  • Ар апхуэдэу щIегупсысым лъабжьэ гуэрхэри иIэт. Куэд щIакъым «дгъэзэуэну хьэ къыдэщэ», жаIэу, илъэсипщI-пщыкIутху зи ныбжьын щIалэ танэ гуп Iэбубэчыр и деж къызэрыкIуэрэ.
  • — Сэ си хьэхэр хъумакIуэхьэщ, зауэкIуэхьэкъым, — къаритащ абыхэм жэуап. Ауэ, апхуэдизкIэ зэгуэпати, щIалэхэр пщIантIэм щыдэкIыжым, къызэтригъэувыIащ:
  • — Дауэ хьэ зэрывгъэзауэр? Дэнэ щывгъэзауэри? — щIэупщIащ Iэбубэчыр.
  • — Псыхъуэ ныджэм щэбэт пщыхьэщхьэ къэс дыщызэхуос, хьэхэр зэдгъэзэуэн щхьэкIэ. Уи хьэр текIуэмэ, долларищэ…. ХьэфI уиIэмэ, умылажьэу уипIынущ…
  • «Мис аращ щIалэгъуалэр зыхуэкIуар, — йогупсыс Iэбубэчыр, — хэту щытми, езыхэр гугъу емыхьу, зыгуэрым зрагъэпIын хуейуэ ягъэув. Ауэ, аркъудеймкIэ зэфIэкIмэ, абы зыгуэрурэ удэкIуэтэнт… Мыдрей зэрагъэзауэхэр-щэ? Дэтхэнэ зэзауэми и лъабжьэр гущIэгъуншагъэщ, ар хьэ зэзауэ е цIыху зауэ ирехъу. Хьэзэрышхым еплъмэ, нобэ дэрэжэгъуэ зыгъуэт мы цIыкIухэр ин хъумэ, къахэкIынур сыту пIэрэ?..
  • Бэзэрым зылI уэршэрэгъу къыщыхуэхъуати, Iэбубэчыр абы хуиIуэтащ и зэгуэпыр. Ауэ, къыдэщIыну щыгугъа щхьэкIэ, модрейм ар зыуи къыщыхъуакъым:
  • — Мы дуней псор хьэзэрышхыу къызэхэнащ, ныбжьэгъу. Абы уадекIуэ-кIын щхьэкIэ, уадекIун хуейщ. А сабийхэр пщэдей зыхыхьэну гъащIэм браныч уи гугъэ къащыпэплъэр? АтIэ, зэгъащIэ — хьэзэрышхщ къапэтIысауэ къэкъугъыр. Нобэ хьэхэр зэрагъэзауэурэ, я гумрэ я псэмрэ ягъэбыдэмэ куэдкIэ нэхъ я фейдэщ.
  • «Зыгуэр хэлъу пIэрэ-тIэ мыбы жиIэм, — йогупсыс Iэбубэчыр. — ЦIыху цIыкIур зэIыхьащ. Ар зы пэж. Сабийм гъэсэныгъэ тэмэм епту щытми, къуажэм зэрыдэкIыу, къагъэпцIэну и ужь къиувэнур гъунэжщ. Iуэху Iей зылэжьыну зигу илъхэр мащIэкъым. Ар етIуанэ пэжщ. АтIэ, хуегъэджэн хуей щIэблэр абы зэрыпэщIэтынум? Хуебгъаджэми, пэщIэувэфыну, ятекIуэну? Апхуэдэу къапщтэмэ, цIыхухэм псоми зыхуагъэхьэзырын хуейщ хьэзэрышхыр езыхэм я деж къыщысынум. КъикIыу пIэрэ абы цIыхугъэ, гущIэгъу зыхэлъхэм делафэ щраплъ зэманыр къэблэгъауэ? ГущIэгъу… Ар щымыIэжмэ, дунейм и къутэжыгъуэр къэсауэ аракъэ?… Хьэмэрэ сэ схуэдэу зи ныбжьыр илъэс хыщIым нэзыхуса-хэм къыдгурымыIуэ гуэр хэлъу пIэрэ мы Iуэхум? ФIызэхозэрыхьыж Iэбубэчыр и гупсысэхэр. Хузэтегъэувэркъым. Хуэукъуэдийркъым. IэщIокIри, фIызэбгрож лъэныкъуэ зырызкIэ, джэгуным дихьэха хьэпшырхэр зэрызэбгрыжым хуэдэ къабзэу…
  • Бэзэрым щытетым деж, Iэбубэчыр сыт щыгъуи цIыхур къепщIэкIа-          уэ къыбгъэдэтщ. Языныкъуэхэр къыбгъэдоувыIэри сыхьэт енкIэ щытщ, яфIэгъэщIэгъуэну хьэпшырхэм еплъу. Мыдрейхэр Iэбубэчыр къочэнджэщ, хьэ гъэсэкIэ зрагъэщIэн я мураду. Ещанэ гупыр — щэхуакIуэхэр — куэдкIэ нэхъ мащIэщ. Махуэм хьэпшыритI-щы ищамэ, ар сату тэмэм хъуауэ къелъытэ Iэбубэчыр.
  • … Ауэ нобэ, гъэщIэгъуэнракъэ, зыри къыбгъэдыхьэркъым. Зырыз къызэтеувыIэми, дакъикъэ замыIэжьэу IуокIыж. Зыри имыщауэ кIуэжынкIи шынагъуэ щыIэщ. Ауэрэ дыгъэри къыдэкIуэтеящи, Iэбубэчыр машинэм зытригъэщIауэ здэщытым, жейр къытоуэри, кърегъэпэзэзэх. Ауэ, ужей хъурэ!
  • «ЗызэщIэскъуэжынщи» сежьэжынщ, жиIэу зыкъыщигъазэм, Iэбубэчыр къилъэгъуащ хьэпшырхэм едэхащIэу ябгъэдэт щIалэ цIыкIур. А сабийр апхуэдизкIэ абыхэм дахьэхати, Iэбубэчыр абдеж зэрыщытым гу лъимытэххэ хуэдэт. И ныбжьэгъу цIыкIухэм епсалъэ фIэкIа умыщIэну, ар хьэпшырхэм ядоуэршэр. «Хьэзэрышхым якъуэшхыкIыну зызыгъэхьэзырхэм ящыщ зы мис иджыри…» — игукIэ жеIэ Iэбубэчыр. Ауэ, щIалэ цIыкIум тIэкIурэ кIэлъыплъа нэужь, и гур нэхъ щабэ къэхъужауэ йогупсыс: «Илъэсийм ит къыщIэкIынщ мы цIыкIур. Къабзэлъабзэу хуэпащ. ЗэранщIакIуи хуэдэкъым. Мыпхуэдэ сабийхэр я закъуэу къаутIыпщ хабзэкъым. Мыр зэрымыщIэкIэ мыгъуэщауэ пIэрэ? И закъуэу къэзгъанэрэ сыIукIыжмэ, къэхъуну псор зыщIэр хэт!…»
  • — Хьэпшырхэр уигу ирихьрэ? — йоупщI Iэбубэчыр, сабийм хьэмбыIуу бгъэдотIысхьэри.
  • — Дахэ цIыкIухэщ. Дыхьэшхэнхэщ. Къызэдзэкъэн хуэдэурэ защI.
  • — Ахэр цIыкIущ иджыри. Уэ лIышхуэм хэт къызэроджэр?
  • — Сэ сы-Ибрэхьимщ.
  • — Дахэщ уи цIэр, бегъымбарыцIэщ, — и пащIэкIэ щIогуфIыкI Iэбубэчыр. — Хэт и гъусэу укъэкIуа бэзэрым, Ибрэхьим?
  • — Си анэр си гъусэщ. Сату ещIри тетщ.
  • — Дэнэ деж и сату щIапIэр? Умыгъуэщауэ узиIэ уэ…
  • ЩIалэ цIыкIур къыпыгуфIыкIащ:
  • — Модэ плъэт, мо удзыфэу ла тыкуэн цIыкIур плъагъурэ?
  • — Солъагъу…
  • — АтIэ, мис абдежщ си анэр щылажьэр, ухуейми угъуэщэнукъым…
  • — ГурыIуэгъуэщ. Уэ псэущхьэ цIыкIухэр фIыуэ плъагъуу ара?
  • — Солъагъу. Хьэ цIыкIухэм я закъуэкъым, джэду цIыкIухэри солъагъу. Псори фIыуэ солъагъу сэ!
  • — Тэмэмщ, псэ зыIут псори фIыуэ лъагъун хуейщ, ауэ хьэр адрейхэм ещхькъым. Хьэр бгъасэмэ, ныбжьэгъу пэж къыпхуэхъунущ.
  • — Дауэ зэрыбгъэсэнур?
  • — Абы теухуауэ зы школ псо къэбухын хуейщ, Ибрэхьим, — жеIэ Iэбубэчыр, — ауэ псом нэхърэ нэхъапэр ахэр фIыуэ лъагъунырщ! Уэ ахэр зыхыбощIэ, фIыуэ болъагъу. Сэ сызэреплъымкIэ, уэ хьэгъасэфI дыдэ къыпхэкIынущ!
  • — Мы цIыкIунитIэхэр сэ схуэгъэсэнуи?
  • — А цIыкIунитIэхэр зэрыт ныбжьым дежкъэ къыщыщIэдзэн хуейр езыр, Ибрэхьим!
  • Абы хэту, джэ макъ къэIуащ, икIи, и нэкIур мафIэм хуэдэу къызэщIэнауэ, къабгъэдэлъэдащ зы цIыхубз щIалэ дыдэ:
  • — Ибрэхьим, Ибрэ! Мыбы нэс щхьэ укъэкIуа, си псэ закъуэ?..
  • — Хьэ цIыкIухэм садэджэгуащ, мамэ! Сытым хуэдэу гъэщIэгъуэн мыхэр!
  • — Сыту фIыт!.. Сыту фIыт!.. — жиIэурэ, и сабий къигъуэтыжар IэплIэкIэ къипхъуатэщ, и бгъафэм щIикъузэри лъэбакъуэ псынщIэкIэ IукIыжащ цIыхубзыр.
  • Iэбубэчыр зы тэлайкIэ щытащ, зэанэзэкъуэм якIэлъыплъу…
  • ЕтIуанэ махуэми, къехьэлъэкIыпэурэ, Iэбубэчыр бэзэрым кIуащ.  Хьэпшырхэр хъарым кърихри гум иригъэтIысхьащ. ЦIыху къызэхуэсахэм еуэршэрылIэху, гу лъимытэу зы хьэпшыр къелъэри машинэ къэувыIам кIэщIэпщхьащ. Арати, уунэхъунумэ, бетэмалкъэ… Машинэр щежьэжым, хьэпшырым и лъакъуэм теуващ…
  • Iэбубэчыр хуабжьу игу къеуащ къэхъуар. И щхьэр фIиудыжырт, зэрыхуэмысакъам щхьэкIэ. Апхуэдэ щIэщхъу абы зэи къыщыщIатэкъым.
  • Iэбубэчыр къриджа дохутырым хьэпшыр цIыкIум и лъакъуэр зэпиплъыхьщ-къызэпиплъыхьри:
  • — Мыр хъужынукъым, щIакъуэу къэнэнущ, — жиIэри ежьэжащ.
  • — Дауэ апхуэдэ уи жьэм къызэрекIуэнур? — яхуэтхьэусыхэрт Iэбубэчыр къыIухьахэм. — ЗанщIэу «хъужынукъым» жыпIэ хъурэ?
  • — Дохутырхэм ящIэм, уэлэхьи! — жеIэ зым. — Абы щыжиIакIэ, уэлэхьи, мыхъужыну!
  • — Абы жиIэм уемыдаIуэу, рентген егъэщIыт уэ! — трегъэчыныхь адрейм.
  • Зэуэ къызэхуэса цIыхухэм щхьэж езым и еплъыкIэ иIэжти, ар адрейхэм жаIэм нэхърэ нэхъ пэжу къащыхъурт, икIи Iэмал имыIэу Iэбубэчыр жраIэн хуейуэ къалъытэрт.
  • — КхъыIэ, а хьэ цIыкIур сэ къызэщэ! — къэIуащ сабий макъ. Iэбубэчыр къызэплъэкIмэ, — дыгъуасэрей щIалэ цIыкIурт. — Абы сэ сыхуейщ, сэ ар згъэхъужынущ!
  •  — Ибрэхьим, мы цIыкIум и лъакъуэ къупщхьэр зэхэущэбащи, зэи мыкIыжыну аращ дохутырым жиIар. Мыбы ар илIыкIынукъым, ауэ игъащIэкIэ ныкъуэдыкъуэу къэнэнущ.
  • — Хьэуэ, хъужынущ ар, хъужынущ! — и макъыр утIыпщауэ магъ сабийр. — Сыт щIэмыхъужынур?! Дэ ди гъунэгъур дохутыр Iэзэщ! Сэ ар абы езгъэлъагъунущ! Дапщэ и уасэр? Сэ ахъшэ сиIэщ!
  • Iэбубэчыр имыгъэщIагъуэу къэнакъым щIалэ цIыкIум а къэхъуар зэрызыхищIар. Ауэ зыхуихьынур имыщIэу, Ибрэхьим щабэу зыхуегъазэ:
  • — Ибрэхьим, си щIалэ цIыкIу, ахъшэракъым Iуэхур.
  • — АтIэ, сыт Iуэхур? Хьэ цIыкIум сэ сыхуейщи, кхъыIэ, здумышэжу къызэщэ!
  • Iэбубэчыр набдзэгубдзаплъэу еплъащ щIалэ цIыкIум… «Естын? Езмытын? Езмытщи, гуэныхь къызохь…»
  • — Мы цIыкIур уэстмэ, фIыуэ плъагъуу, ухуэсакъыу зепхьэн, Ибрэхьим?
  • — Ахьей, зесхьэн, къызэщэ закъуэ!..
  • — Хьэуэ, Ибрэхьим, уэсщэнукъым — уэстынущ…
  • — Хьэуэ, сэ къызэпту сыхуейкъым. Сэ ар къэсщэхунущ, — цIыху балигъ псалъэ фIэкIа пщIэнтэкъым….
  • — Ибрэхьим, къызэдаIуэт мыдэ, мы хьэпшырым и лъакъуэр зэи хъужынукъым, къыбгурыIуа? Мыбы уасэ иIэжкъым, ауэ узот…
  • — Сыт мыбы уасэ щIимыIэжыр? — и нэпситIыр къожэх Ибрэхьим. — Мы цIыкIур модрейхэм нэхърэ сыткIэ нэхъыкIэ? И лъакъуэр зэрыпымытыжыр ара? Езыр хуейуэ иригъэкъута ар? Абы машинэ къытеувауэ аракъэ? Сэ сыхуейщ мыр къэсщэхуну! Адрейхэм я уасэр къызжеIи, апхуэдиз дыдэ уэстынущ!
  • ЩIалэ цIыкIур ахъшэ кърихыну и гъуэншэдж жыпым щиIэбэм, Iэбубэчыр и пIэм ижыхьащ: Ибрэхьим и гъуэншэдж лъапэ лъэныкъуэ дэкIуэтеям къыщIэщар пхъэ лъакъуэт… Илъэгъуар зи щхьэм зэуэ дэуея Iэбубэчыр и гур къызэфIэнарэ зыри жимыIэжыфу, сабийм и IэплIэм хьэр ирилъхьащ. Хуэсакъыпэурэ Ибрэхьим ар удзыпцIэм хигъэтIысхьэри, аргуэру и жыпым иIэбащ, и Iэгу цIыкIуитIым из жьгъей кърихри Iэбубэчыр къыхуишиящ…
  • — Мамэ псы уасэ е IэфIыкIэ уасэ къызитмэ, зэзгъэтIылъэкIыурэ, мыпхуэдиз зэхуэсхьэсащ. Ауэ сэ сиIэр псори мыращ зэрыхъур. Мыр ирикъуну? Иримыкъунумэ, мо удзыфэу ла тыкуэн цIыкIум си анэр щIэтщи, абы къезгъэхьыжынщ, хуэчэмыр къызжеIи! Iэбубэчыр и гущIэ лъапсэр къриIуэнтIыкIырт…
  • — Ирокъу, — ерагъкIэ къыдришеящ абы.
  • Iэбубэчыр и плъэкIэмкIэ, и щытыкIэмкIэ Ибрэхьим къищIащ абы псори къызэрыгурыIуар…
  • — Сэри мы хьэ цIыкIум срещхьщ. Сэри зэи сыщIэпхъуэу къэзжыхьыфынукъым икIи сыдэлъеифынукъым. Сэ сэщхьу, мы цIыкIури хуейщ зыгуэр къыдэджэгуну…
  • Iэбубэчыр и тэмакъым къыщIэгъуэлъхьар ирикъухри, Ибрэхьим лъэгуажьэмыщхьэу бгъэдэтIысхьащ.
  • — Сыту фIыт мыдрей си хьэ цIыкIухэми уэ пхуэдэ цIыху пэж къахуэзатэмэ…
  • Дыгъуасэ езыр IэплIэкIэ и анэм зэрыIуихыжам ещхьыркъабзэу, Ибрэхьим и Iэ щабэ цIыкIухэмкIэ и ныбжьэгъущIэр зэщIиубыдэри, едэхащIэурэ IукIыжащ.
  • Абдеж къыщызэхуэса цIыхухэр зэригъэплъыжат а цIыкIум. Щыму, я гур хупихыу, псори нэкIэ кIэлъыкIуатэрт ещIэкъуауэу кIуэж сабийм…
  • — Сэ соцIыху абы и анэри, езыри, — къэпсэлъащ зы цIыхубз. — Хуабжьу цIыхуфIхэщ. Ибрэхьим цIыкIу машинэ къыжьэхэуэри, и лъакъуэр памыхыу хъуакъым… Абы къыхэкIкIэ, адрей цIыкIухэм хуэдэу школми кIуэфакъым. Ауэ унэм щрагъэджащи, и губзыгъагъэкIэ ятокIуэ адрейхэм. «Дадэкъуапэ» жыхуаIэм хуэдэщ. Мис, зэрыфлъэгъуащи, губзыгъэ къудейм къыщымынэу, гущIэгъу ини хэлъщ. ЦIыху хъунущ ар, Алыхьым жиIэмэ!
  • Бэзэрым къызэрытехьэрэ куэд мыщIами, Iэбубэчыр афIэкIа мыбдеж зыщиIэжьэжыфынутэкъым… Къыщежьэж дыдэм, Ибрэхьим и анэр къыIухьащ:
  • — Фи махуэ фIыуэ! Уи дежу пIэрэ си щIалэм хьэпшыр къыщищэхуар?
  • — Си дежщ, — къопсалъэ Iэбубэчыр.
  • — КхъыIэ, къысхуэгъэгъу, ауэ си къуэм апхуэдиз ахъшэ иIыгъакъым, дапщэ уэстыжын хуейр? — зэтрихащ цIыхубзым и бохъшэр.
  • — Зыри къызэптыжын хуейкъым, — жиIащ Iэбубэчыр. — Балигъми хузэфIэмыкIынщ Ибрэхьим нобэ хузэфIэкIар: абы зэхуихьэса и ахъшэ псори щIитащ а хьэпшырым…
  • АдэкIэ къыпимыщэу, Iэбубэчыр епIэщIэкIыу машинэм итIысхьэжри ежьэжащ, хуэмыубыдыжу къыфIыщIэж лIы нэпсхэр зэримыгъэлъэгъуэным хущIэкъуу…