МафIэдз Сэрэбий траухуэ
2016-01-26
- СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм щекIуэкIащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм къызэригъэпэща «Къэухь» тхылъеджэ пэублэ зэхуэсыр. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ Адыгэбзэ Хасэм хэт, БизнесымкIэ институтым и егъэджакIуэ ХьэцIыкIу Рае.
-
Адыгэбзэ Хасэм и унафэщI, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и лэжьакIуэ Табыщ Мурат зэхуэсым кърихьэлIахэм фIэхъус гуапэ яриха нэужь, тхылъеджэхэм я зэхыхьэр къыщIыхалъхьам и щхьэусыгъуэм къытеувыIащ. Апхуэдэу къигъэлъэгъуащ курыт еджапIэм щыщIэса зэманым тхылъыщIэхэр къуажэдэс щIалэгъуалэр еджэурэ щытепсэлъыхьыж, щызэпкърахыж, зыхуиша гупсысэ кIапэлъапэхэмкIэ щызэдэгуашэ зэIущIэ щхьэпэу я егъэджакIуэхэм яублауэ щытар къэгъэщIэрэщIэжыныр и чэзууэ я хасэм хэтхэм къызэралъытар. Табыщым зэрыжиIэмкIэ, адыгэ тхакIуэхэм лъэпкъ тхыдэр и лъабжьэу я Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэ нэхъыфIхэм дапщэщи хуэдэу щIэблэр щIэпIыкIыныр игъуэщ, а тхылъым ит гъэсэныгъэхэм, хабзэ дахэхэм зыхагъэгъуэзэн, Iущагърэ акъылрэ зыхалъхьэн, блэкIам дерс къыхахыфын папщIэ. Табыщ Мурат жиIащ тхылъеджэхэм я япэ зэхуэсыр адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэ МафIэдз Сэрэбий и «Гъыбзэ хуэфащэт», «Мыщэ лъэбжьанэ» роман-дилогием зэрытраухуар. А псом къыдэкIуэу щIигъужащ Адыгэбзэ Хасэм нэхъапэIуэкIэ къыхилъхьа къэщIэрейхэмрэ гушыIэрейхэмрэ я «Джэгурэш» зэпеуэм хуэдэу, республикэм и щIалэгъуалэр нэхъыбэрэ зэхыхьэнымкIэ, зэрыцIыхунымкIэ, зэрылъагъунымкIэ, зэрылъытэнымкIэ тхылъеджэ зэхыхьэри къэщхьэпэну зэрыщыгугъыр.
-
- МафIэдз Сэрэбий къыщыхъуа Джэрмэншык жылэм дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ щезыгъаджэ ГъукIэпщокъуэ Iэсият я къуажэгъу тхакIуэм и тхыгъэкIэ «Къэухь» тхылъеджэ зэхуэсыр къызэрызэIуахар зэригуапэр къыхигъэщащ икIи фIыщIэ яхуищIащ зэхыхьэр къыхэзылъхьахэм, ар лъэпкъым тхуэфIыну, тхуэмахуэну зэрыщыгугъыр щIигъужащ. ЕгъэджакIуэмрэ 9-нэ классым щIэс и гъэсэнымрэ кIэщIу къытеувыIащ МафIэдз Сэрэбий и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ.
- Зи сабиигъуэр зауэ зэман гугъум хиубыда МафIэдзыр щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу къэхъуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь япэщIыкIэ Налшык дэт педучилищэм, къыкIэлъыкIуэу Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым урысыбзэмрэ адыгэбзэмкIэ и къудамэм ехъулIэныгъэ иIэу щеджащ. Джэрмэншык къуажэ курыт еджапIэм егъэджакIуэу здэлажьэм ар КъБР-м и Лъэпкъ музейм къэхутакIуэу ирагъэблэгъащ. А илъэсхэм Сэрэбий зэхуихьэсыжащ адыгэм и гъащIэм ехьэлIахэр, лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэр, зэрахьэу щыта хабзэхэр, гъэсэныгъэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым илъэс куэдкIэ щылэжьащ щIэныгъэлIыр, лъэпкъ тхыдэмрэ IуэрыIуатэмрэ ехьэлIахэр зэхуихьэсыжу. ТхакIуэм хуэфэщэн цIэрэ щхьэрэ иIэу псэуащ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор щIыхьыцIэр зезыхьэу Джэрмэншык къуажэм япэу къыдэкIар МафIэдз Сэрэбийщ. ТхакIуэм и гуащIэм тIэунейрэ къыпэкIуащ КъБР-м и Къэрал саугъэтыр, Къандур Мухьэдин и цIэкIэ ягъэува дунейпсо саугъэтыр, республикэм и Правительствэм и щIыхь тхылъыр. Апхуэдэу къыфIащащ «КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. ЩIэныгъэлI гъуэзэджэм цIыху щэджащэ къищIыкIащ, тхылъ купщIафIэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ. ЦIыху лъэужьыфIэм къыщIэна тхыгъэхэм ноби щIэупщIэ яIэщ, зэIэпахыу йоджэ. МафIэдз Сэрэбий и Iэужьхэм цIыхубэр ирогушхуэ, тхакIуэр ящыгъупщэркъым.
- НыбжьыщIэхэр тепсэлъыхьыжащ «Гъыбзэ хуэфащэт», «Мыщэ лъэбжьанэ» роман-дилогием къыщыIэта Iуэхугъуэхэм, адыгэ гъащIэм хэта хабзэхэм, гъэсэныгъэм. Зэраубзыхуам тету, ныбжьыщIэхэмрэ абы я егъэджакIуэхэмрэ нэхъ зыубгъуауэ къытеувыIащ роман-дилогием къыхэщ гъуэгуанэм, зэманым, лъагъуныгъэм. ЩIалэгъуалэр зэдэгуэшащ тхыгъэм зыхуиша гупсысэхэмкIи.
- ЕджакIуэхэм я гупсысэм къыхэщырт ди лъэпкъ тхыдэм набдзэгубдзаплъэу зэрыпхрыплъыр, ди хабзэхэр зэманым, нобэрей гъащIэм къегъэзэгъауэ хъумэныр зэрафIэкъабылыр. НыбжьыщIэхэм жаIащ я лъэпкъ тхыдэм, хабзэхэм зэрыдахьэхыр, абыхэм ехьэлIа щIэныгъэ ябгъэдэлъыныр къащхьэпэну къызэралъытэр. Къыхэгъэщыпхъэщ зэхыхьэм хэта еджакIуэхэм адыгэбзэ дахэ зэраIурылъыр, куууэ зэрыгупсысэр. Гуапэщ щIэблэр лъэпкъ литературэм зэрыпэмыIэщIэр, зытепсэлъыхьа роман-дилогием къыщыIэта Iуэхугъуэхэм зэрагъэпIейтейр, я Iуэху еплъыкIэ зэраIэжыр.
- Тхылъеджэ зэхуэсым хэтащ КъБКъУ-м и доцент, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Къэмбэчокъуэ Риммэ, Аруан районым егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщI АфIэунэ Мухьэдин, Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и лэжьакIуэ Хьэмту Къадир, Адыгэбзэ Хасэм хэт, Налшык къалэм и гимназие №14-м и егъэджакIуэ Багъ Марьям, Дзэлыкъуэ, Бахъсэн, Аруан, Шэджэм, Лэскэн, Тэрч щIыналъэхэм я курыт школхэм я 9-10-нэ классхэм щIэс ныбжьыщIэхэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ, МафIэдз Сэрэбий и лэжьыгъэхэм дихьэххэр, адыгэ тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа художественнэ тхыгъэхэр фIыуэ зылъагъухэр.
- Адыгэбзэ Хасэм и мурадщ дяпэкIи тхылъеджэ зэхуэсхэр иригъэкIуэкIыну, щIалэгъуалэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм тригъэпсэлъыхьыну. Абы ехьэлIауэ зэIущIэм къекIуэлIа егъэджакIуэхэм зэдэарэзыуэ къыхагъэщащ илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэрамыгъэпэща мыпхуэдэ зэхыхьэхэм гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр, нэхъыбэрэ зэхуэсын зэрыхуейр.
- Зэхуэсым жыджэру хэта еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ Адыгэбзэ Хасэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр иратащ. Зэхыхьэр игъэдэхащ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ Къэзэр Албэч.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.