Ислъамым и нур
2016-01-26
- Хъыбар кIэщIхэр
- Испанием и муслъымэнхэр
- Испанием щыпсэу цIыху мелуан 46,4-м ящыщу мелуан 1,8-м ислъам диныр зэрахьэ. Илъэс къэс а бжыгъэр хэхъуэ зэпытщ.
- НобэкIэ а къэралым щоджэ муслъымэн школакIуэ мин 281,7-рэ. 2016 гъэм Рэмэдан мазэр щиухымрэ еджакIуэхэм я экзамен тыгъуэмрэ зэрызэтехуэм ипкъ иткIэ, Испанием щыпсэу муслъымэнхэм ЩIэныгъэхэмкIэ министерствэм лъэIукIэ зыхуагъэзащ экзамен щатыну пIалъэр хуагъэIэпхъуэну.
- Шэшэным иджыри щаухуэ
- ЦIыху мин 20 зэуэ щIэхуэу Шэшэным щаухуэ мэжджытышхуэр нагъэблэгъащ. Ар 2012 гъэм кърагъэжьащ.
- КъэпщытакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Шэшэным щаухуэ мэжджытыщIэр дуней псом щынэхъ ин дыдэхэм хабжэнущ. Тхьэм и унэм Кадыров Рамзан и цIэр зэрихьэнущ. Аращ иджыпсту Шэшэным и Iэтащхьэр икIи ухуэныгъэр зи жэрдэмыр.
- Мэжджытым и лъагагъыр метр 36-рэ мэхъу. АзэнджапIэхэм метр 64-кIэ заIэтащ.
- Щапхъэ
- ПсэкIэ зэпэгъунэгъу
- Къэжэр Сэфудин Ислъэмей къуажэм 1947 гъэм къыщалъхуащ. Ар зэрысабийрэ муслъымэныгъэм псэкIэ пэгъунэгъуу къэтэджащ, къэзылъхуахэм диныр зэрахьэу зэрыщытам и фIыгъэкIэ. Сэфудин и анэр еджагъэшхуэу щытащ, и адэр КъурIэн емыджэфами, диныр фIыуэ илъагъуу, абы къигъэув мардэхэр зэригъэзэщIэным хущIэкъуу псэуащ.
- — Сэри, си анэкъилъхухэри ди ныбжьыр илъэси 8-м иту нэщIын щIэддзащ. Ди адэм къилъытэрт дынэщIыну ди ныбжь нэсауэ. КъищынэмыщIауэ, дысабий дыдэу КъурIэным щыщу сурэ нэхъ кIэщI цIыкIухэр ди анэм дигъэщIауэ щытащ, — жеIэ Сэфудин.
- Къуажэ школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Къэжэрым дзэм къулыкъу щищIащ. ИужькIэ, технологие техникумым щIэтIысхьэри, ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Ислъэмей къуажэм дэта «Красная Кабарда» колхозым илъэс 25-кIэ бухгалтеру щылэжьащ. Сэфудин и цIэр фIыкIэ куэдрэ ягъэIуащ, нобэр къыздэсми ар и щытхъукIэ цIыхухэм къахощ.
- Налшык Iэпхъуа нэужь, муслъымэныгъэр нэхъ куууэ зригъэщIэну мурад щищIым, ари абы къейхъулIащ. Ар ирагъэджащ дин щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ Бэлагъы Шэукъирэ АфIэунэ Гъумаррэ.
- Къэжэр Сэфудин зыбжанэрэ хьэжыщI щыIащ. НобэкIэ Налшык дэт мэжджытышхуэм и раис-Iимамщ. А къалэн мытыншыр абы псэ хьэлэлу, цIыхухэр къыхуэарэзыуэ егъэзащIэ. Сыт хуэдэ Iуэху дин лэжьакIуэхэм кърахьэжьэми, абы жыджэру хэтщ.
- — Куэдрэ сигу къокIыж си адэм и псалъэ Iущхэр, — къеIуэтэж Сэфудин. — Абы жиIэу щытащ: «Зи щхьэ къозыхьэлIа цIыхум жэуап ептын и пэ къихуэу, ар зэрыт щытыкIэм иувэ».
- А ущием зэрытетым шэч хэлъкъым Сэфудин. Абы и къалэн нэхъыщхьэр Алыхьым и арэзы щIыныгъэрщ. Дэтхэнэ зыми и щытыкIэм иувэурэ зэрызащIигъэкъуэным ар иужь итщ, псапащIэхэм зэхалъхьэ мылъкур зыхуэфащэхэм (сымаджэхэм, зыхузэфIэмыкIхэм, зеиншэхэм) трегуашэ, щIалэгъуалэм дин щIэныгъэ пэж ябгъэделъхьэ.
- Хьэдисхэм ящыщ зым къызэрыщыкIуащи, Iимамым жэуаплыныгъэ ин щехь Алыхьым и пащхьэм. Ди гуапэщ узыншагъэ быдэ иIэу Къэжэр Сэфудин и къалэн мытыншыр иджыри илъэс куэдкIэ ирихьэкIыну.
- Хьэдисхэр
- Уэри абыхэм уащыщщ
- Зэгуэрым Мухьэммэд бегъымбарым уаз иту здэщысым, зы бедуин щIалэ къыщIыхьащ. ЛIыкIуэм и псалъэр зэпиудри, ар щIэупщIащ: «Уа, ЛIыкIуэ лъапIэ! Дапщэщ Къемэт махуэр къыщысынур?»
- «ТIыс, уазым и кIэм нэс едаIуэ», жаIэри лIыр ягъэтIысащ. АрщхьэкIэ, хуэмышэчу, аргуэру щIэупщIащ: «Дапщэщ Къемэт махуэр къыщысынур?»
- — Сыт и лъэныкъуэкIэ зыхуэбгъэхьэзыра уэ Къемэт махуэм? — щIэупщIащ ЛIыкIуэ лъапIэр.
- — Сэ нэмэз схуэщIыркъым, нэщIи схуэIыгъыркъым, ауэ Алыхь лъапIэр фIыщэу со-лъагъу, Мухьэммэд бегъымбарри фIыуэ узолъагъу», — жиIащ бедуиным.
- Мухьэммэд бегъымбарым абы пидзыжащ: «Дэтхэнэ зыри фIыуэ илъагъум дэщIыгъунущ. Уэриабыхэмуащыщщ».
- Алыхьым и лIыкIуэхэмятеухуахъыбархэр
- Iэдэмбегъымбар
- Фания бин Мухьэммэд аль-Макки
- Нобэ щыщIэдзауэ «Ислъамым и нурым» теддзэнущ Алыхьым и лIыкIуэхэм ятеухуа хъыбархэр. Ахэр я IэдакъэщIэкIщ муслъымэн дин тхакIуэ цIэрыIуэхэу Фания бин Мухьэммэд аль-Маккирэ Булгари Хъайдаррэ. Адыгэбзэм къидгъэзэгъа Iэдэм и деж щегъэжьауэ Мухьэммэд и деж щиухыжу бегъымбар лъапIэхэм я хъыбар гъэщIэгъуэнхэм къахуэщхьэпэн куэд ди щIэджыкIакIуэхэм къызэрыхахынум шэч къытетхьэркъым.
- Дунеймрэ
- цIыхумрэ
- къызэригъэщIар
- ЦIыхур къигъэщIын ипэкIэ Алыхь Лъагэм къигъэунэхуащ уафэмрэ щIылъэмрэ, Жэнэтымрэ Жыхьэнмэмрэ, нэхум — мелыIычхэр, мафIэбзий къабзэм жинхэр къыхигъэкIащ. Жинхэр Алыхьым цIыхур къигъэщIыным куэд иIэжу дунейм къытригъэхьащ икIи Алыхьым и IэмыркIэ Абы щIым зыщыхуагъэщхъырт. Хуэм-хуэмурэ жинхэм къахэкI хъуащ щIым напэншагъэм зыщезыгъэубгъу, зым адрейр иукIыурэ. Алыхьым и унафэкIэ мелыIычхэр щIым къехащ, ар зэIузэпэщ ящIыжын папщIэ. Жинхэр шынэри зэбгрыжыжащ, мелыIычхэм Iиблис жиныр гъэру яубыдащ, абы щыгъуэм ар цIыкIуу. Ар абыхэм уафэм къызэдащтащ икIи Iиблис мелыIычхэм яхэту къэхъуащ, Алыхь Лъагэм зэрызэхуагъэщхъым щапхъэ трихыу икIи абыкIэ ехъулIэныгъэ инхэр зыIэригъэхьащ.
- И Iуэху нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зым — цIыхур къигъэщIыным — Алыхь Лъагэр щыпэрыхьэну сыхьэтыр къэсащ. Апхуэдэ мурад ищIауэ мелыIычхэм яжриIащ:
- — Сэ цIыху къэзгъэщIынурэ си лIыкIуэу щIым згъэкIуэнущ.
- МелыIычхэр ягъэщIагъуэу Абы еупщIащ:
- — Жинхэм хуэдэу Iуэхугъуэ Iейхэр, уеблэмэ укIыгъэхэр, зылэжьынур Уи лIыкIуэу бгъэкIуэну ара? Дэ — мелыIычхэр — дыщыIэщ икIи увыIэгъуэ димыIэу Уэ дыпщотхъу икIи Уи пщIэр доIэт.
- Алыхь Лъагэм ищIэрт, Абы и мелыIыч пэжхэм зэкIэ къазэрыгурымыIуэр Абы — Алыхьым — псэущхьэ щIэ дыдэ — цIыху — къыщIигъэщIым и щхьэусыгъуэмрэ мурадымрэ. Жинхэми хуэдэу, Абы цIыхухэм я натIэм иритхащ Езым и Закъуэ хуэпщылIын, Абы фIэфI Iуэхухэр илэжьын папщIэ къызэригъэщIар. МелыIычхэм ящIакъым, ауэ Алыхьым ищIэрт, абы и Iущагъыр интэкъэ, жинхэми цIыхуми гъэхутэныгъэ ин къазэрыпэщылъыр — Алыхьым зэрыхуэпэжыр къагъэлъэгъуэну, Абы хуэпщылIыну зыщамыгъэгъупщэну. МелыIычхэр щызыгъэуэфын щыIэтэкъым, Алыхьым ахэр къигупсысат КъэзыгъэщIам сыт щыгъуи хуэпэжыну. Къытщхьэщытым цIыхум щыгъупщэныгъэрэ псэмэхагъэрэ хилъхьащ, ауэ щIэныгъэ хуигъэфэщащ икIи мелыIычхэм нэхърэ саугъэт нэхъ лъапIэ яхуигъэуващ, и Тепщэр абы щымыгъупщэу, Алыхь Лъагэм фIэфIхэм фIэкIа имыщIэу и IуэхущIафэхэм хуэсакъмэ. Иджыпсту дунейм цIыху куэд дыдэ щопсэу, КъэзыгъэщIар ящымыгъупщауэ. Ахэр псэемыблэжу Алыхьым хуопщылI, къызытехъукIыжа Iэдэм и щыуагъэхэр зыщамыгъэгъупщэу. Диныр зи фIэщ хъухэм КъурIэным къраджыкIауэ ящIэ Алыхьым цIыхухэр щIым къыщIригъэхар игъэхутэну зэрыарар.
- МелыIычхэр ирипагэртэкъым нэхум къызэрыхащIыкIам икIи КъэзыгъэщIам емызэшыжу хуэпщылIыным я гъащIэр зэрытеухуам папщIэ. Ауэ абыхэм ящIэрт мафIэм къыхищIыкIа жинхэр сыт щыгъуи апхуэдэ хуэпщылIыныгъэм зэрыхэмытыр, икIи ягъэщIэгъуагъэнущ, ар Алыхьым нэхъыфIу ещIэ, я Тепщэм жинхэм хуэдэ гуэр къигъэщIыну мурад щищIам.
- Алыхьым абыхэм мыпхуэдэ жэуап яритащ:
- — Сэ сощIэ фэ фымыщIэр.
- Апхуэдэ унафэ иныр Алыхьым къищтащ, Абы къигъэщIыну мурад ищIа цIыхур щIэныгъэм, Алыхь Лъагэм и хабзэхэр зыгуригъэIуэну хущIэкъунути. ИкIи Алыхьым илэжьащ мелыIычхэм яжриIар. Абы япэ цIыхур — Iэдэм — ятIагъуэ жьгъырум къыхищIыкIащ, теплъэ дахэ иритри псэ хилъхьэжащ, нэгъуэщIу жыпIэмэ и Iэпкълъэпкъыр къигъэпсэуащ.
- Алыхьым щIыр щызэригъэпцIым, Ар хущIэкъуащ цIыхум и зэIузэпэщыныгъэм икIи Iэмэпсымэ телъыджэ — ятIагъуэ — тыгъэ хуищIащ, унагъуэм къыщигъэсэбэпын папщIэ. ЛIэщIыгъуэ куэд хъуауэ цIыхухэм ятIагъуэм куэд дыдэ къыхащIыкI — хьэкъущыкъум къыщыщIэдзауэ унэ лъагэхэм нэс. ЦIыхум и дежкIэ ятIагъуэр зыкIи пхъуэж мыхъун Iэмэпсымэ хъуащ. Ауэ цIыхухэм хьэпшыпхэм псэ яхухэлъхьэркъым икIи Алыхь Лъагэм и закъуэщ гъащIэ езыту псэ хэзылъхьэр. Ардыдэращ щыхуейм и деж ар Iызыхыжри.
- ГъащIэ къезыт къарур — Алыхьым къыбгъэдэкIа псэр — Iэдэм и щхьэм щынэсым, иужьыр къепсащ икIи Алыхьым къыжьэдилъхьэри, жиIащ:
- — Щытхъур Алыхьым ейщ, Дунейхэм я Тепщэм!
- ФIыуэ илъэгъуа къигъэщIар Алыхьым иригъэблэгъащ:
- — Алыхьым къыбгъэдэкIыу мамырыгъэрэ арэзыныгъэрэ уиIэну!
- Апхуэдэ щIыкIэкIэ Iэдэм къигъэщIащ икIи Алыхь Лъагэм абы иригъэщIащ хьэпшып псоми я цIэр. Ахэр япэ цIыхум, мелыIычхэмрэ жинхэмрэ ядэщIыгъуу япэу къигъэщIам, Алыхьым апхуэдэ пщIэ зыхуищIам и япэ щIэныгъэт. ЦIыхухэм жинхэр ямылъагъуу Абы ищIащ.
- Алыхьым и мелыIычхэм яжриIащ:
- — ЩIым си лIыкIуэу щыIэн папщIэ цIыхур къызэрызгъэщIар ипэжыпIэкIэ телъыджэ фщыхъуамэ, хьэпшыпхэм я цIэхэр къифIуэну фыкъыхузоджэ. Фэ фщIэрэ ар?
- МелыIычхэм, укIытауэ, я Тепщэм жэуап иратащ:
- — ФIыщIэр Ууейщ, дэ тщIэр Уэ дэбгъэщIаращ. Уэ — УIущщ, Уэ — Псори зыщIэщ.
- ИужькIэ Алыхьым Iэдэм, мелыIычхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ зыщIэм, зыхуигъэзащ.
- — Iэдэм, Си мелыIычхэм хьэпшыпхэм я цIэхэр яжеIэт!
- Хьэпшыпхэм я цIэхэр Iэдэм къриIуащ. Я Тепщэм и инагъымрэ Iущагъымрэ мелыIычхэм зыхуагъэщхъащ. Абы къажриIащ:
- — Сэ фэ фжесIат, Сэ сщIэ псори фэ зэрывмыщIэр! Фэ фщIэркъым цIыхур — щIым лIыкIуэу щызиIэнур — къыщIэзгъэщIам и щхьэусыгъуэр. Иджы абы зыхуэвгъэщхъ, цIыхум фэ нэхърэ нэхъыбэ ещIэ, и щIэблэри щIэныгъэм хущIэкъу- нущ, Си хабзэхэр зыхищIэн папщIэ!
- Iиблис
- зэрызыхахуар
- МелыIычхэм Iэдэм зыхуагъэщхъащ, ауэ абыхэм яхэта Iиблис зэуэзэпсэу Алыхьым и унафэм пэуващ икIи жиIащ:
- — Уэ ятIэм къыхэпщIыкIа цIыхум сэ зыхуэзгъэщхъынукъым! Сэ абы софIэкI — Уэ сэ мафIэ къабзэм сыкъыхэпщIыкIащ.
- Iиблис пагагъэм зэщIищтэри, епцIыжакIуэ хъуащ. МелыIычхэр Алыхьым жыIэщIэу къигъэщIат, цIыхум и закъуэт ищIэнумкIэ хуитыр. ЩIэныгъэр — Алыхьым и тыгъэ инщ. Тэмэму къэзыгъэсэбэпым и дежкIэ ар Жэнэтым хуэзышэ гъуэгугъэлъагъуэщ. Езым зиIэтын къудей мурадкIэ щIэныгъэм хущIэкъум и кIэухыр Iейщ, Алыхьым хуэзышэ гъуэгум къыщимыгъэсэбэпынумэ.
- Iиблис Алыхьым хуэжыIэщIэ хъуакъым, Алыхьым и жыIэр зэи тIу зымыщIа мелыIычхэр, Алыхь Лъагэм къыхуищIа пщIэм и лъагагъыр зыхэзыщIа Iэдэм щыту.
- Алыхьыр къигъэщIа Iиблисым игъэгубжьащ икIи абы жриIащ:
- — ЗыгъэкIуэд! — икIи зыхихуащ.
- Апхуэдэ зыхэхуныгъэм къикIырт Iиблис фIэщхъуныгъэ зыхэмылъыж хъуауэ. Ауэ жиным ищIэрт Алыхьым сытри зэрыхузэфIэкIыр, Ар абы и Тепщэу зэрыщытыр. Абы Алыхьым зыхуигъэзащ:
- — Си Тепщэ! Гъуэгу захуэм Уэ сызэрытебгъэкIам къыхэкIыу, тхьэ соIуэ, Iэдэмрэ абы и щIэблэмрэ Уи гъуэгу захуэ пэжым ирикIуэнымкIэ зэран сахуэхъуну, ахэр гъуэгум къытесшыну икIи Iэмал псори къэзгъэсэбэпу щызгъэуэну. Къемэт махуэр къэсыхукIэ си пIалъэр схуэгъэIэпхъуэ!
- Алыхьым ар зыщIэлъэIуа зэманыр иритащ — Алыхь Лъагэр я фIэщ зэрыхъум и быдагъыр къызэрапщытэ Iэмал хъуащ Iиблис къызэрыдихьэххэм зэрыпэщIэтыф щIыкIэр. Япэу къигъэщIа Iэдэм къытехъукIыжа цIыхухэм загуэшащ Алыхьым и лъэужьым иувэу Абы жыIэдаIуэ хуэхъуахэмрэ Iиблис кIэлъыкIуахэмрэу. Япэхэм я гъащIэр ягъакIуэ Алыхьым зэрыфIэфIым хуэдэу тхьэ елъэIуу, псапэ ящIэу. ЕтIуанэхэр Iиблис хуэдэу мэпсэу — диныншэу, гуэныхьыщIэу, Алыхьым фIыщIэ хуамыщIу.
- Апхуэдэу Iиблис къыхахуащ Алыхьым и нэфIыр зыщыхуахэм.
- ЗэзыдзэкIар Жыласэ Заурбэчщ.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).