Щоджэн Леонид и усэхэр
2014-01-22
- Майе
- Майм
- щхъуэкIэплъыкIэуэ
- Зыкъихуэпащ,
- Сэри дахэкIейуэ
- Нобэ зысхуэпащ.
- Сэ май дахэм
- И уэрэд жысIэнущ,
- Сэ май дахэм папщIэ
- Сыкъэфэнущ.
- Нобэ гуфIэгъуитI,
- Ей зо, зэтехуащ,
- Сэри си цIэр Майещ
- Майм сыкъалъхуащ.
- Майм къалъхуа псори
- Мэхъур дахэкIей,
- Майм къалъхуа псори
- Мэхъур къэфэрей,
- Майм къалъхуа псоми
- Уэрэд жаIэрей.
- Дохутыр цIыкIу
- Сэ си гуащэм
- И щхьэр
- Нобэ Iейуэ
- Къеузащ,
- Арти, а тхьэмыщкIэм
- Сыт сщIэнт — сеIэзащ.
- И пщтырагъри
- Къэспщащ,
- И щхьэ узыми
- Сепщащ.
- Мис итIанэ
- Гуащэ цIыкIур
- Гущэ цIыкIум
- Хэспхэжащ.
- И нэр зэтырипIэри,
- IэфIу жеижащ.
- Мис апхуэдэуэ
- Хъужащ,
- Гуащэр
- Узыншэ
- Хъужащ.
- Абы щхьэкIэ
- Сэри сыкъэгуфIащ.
- Ди мамыжьыр къэкIуэжащ
- Ди мамыжьыр
- КъэкIуэжащ,
- Шэ куэд къихьри
- КъэкIуэжащ.
- Нани сэри
- Дыпежьащ,
- Ди мамыжьым
- Дыпежьащ.
- Нанэ пэгуныр
- Къищтащ,
- Сэри зы фалъэ
- Къэсщтащ.
- КIущэ цIыкIури
- КъэтIысащ,
- Ди гъунэгъуу
- КъэтIысащ.
- Iейуэ лъаIуэу
- КъэтIысащ,
- Шэ ефэну
- КъэтIысащ.
- Ауэ фалъэ
- ИмыIыгъ,
- Ауэ шхэну ари магъ,
- Шэ ефэну магъ.
- Си уэрэд
- СедэIуащ, седэIуащ,
- Жыгхэм жаIэм
- СедэIуащ.
- СедэIуащ, седэIуащ,
- Бзухэм жаIэм
- СедэIуащ.
- СедэIуащ, седэIуащ,
- Уэшхым жиIэм
- СедэIуащ.
- Зэхэсхащ, зэхэсхащ,
- Псоми жаIэр
- Зэхэсхащ.
- Я уэрэдщ, я уэрэдщ,
- Псоми я бзэр
- Я уэрэдщ.
- Си уэрэдщ, си уэрэдщ,
- Сэри си бзэр
- Си уэрэдщ.
- Си бзэ дахэр
- Си уэрэдщ,
- Адыгэбзэр
- Си уэрэдщ.
- Санэ бэв
- Санэм уэшхи
- Къытешхащ,
- Санэм дыгъи
- Къытепсащ,
- Уэшхи фIыуэ
- къытешхати,
- Дыгъи фIыуэ
- къытепсати,
- Санэр мы гъэм
- БэвIей хъуащ.
- Санэ хужьыри
- Бэгъуащ,
- Санэ плъыжьыри
- Бэгъуащ.
- Хужьыри IэфIыбзэщ,
- Плъыжьыри
- IэфIыбзэщ.
- Зэи хуэмыдэу санэр
- Мы гъэм бэвIей хъуащ.
- Ди унагъуи,
- Ди гъунэгъуи,
- Псоми санэр
- ярикъуащ.
- Къуажэм сыкIуэжынщ
- Ди Нанэ Iейуэ
- Сыхуэзэшащ,
- Ди Дади Iейуэ
- Сыхуэзэшащ,
- КIущэ нагъуи
- Сигу къэкIащ,
- Ди хьэ Мыщи
- Сигу къэкIащ,
- Псори, псори
- Iейуэ сигу къэкIащ.
- Сэ пщэдей,
- Тхьэмахуэм,
- Къуажэм
- сыкIуэжынущ,
- Мис итIанэ псори
- Псори гуфIэжынущ:
- Нани гуфIэжынщ,
- Дади гуфIэжынщ,
- Ди хьэ Мыщи,
- КIущэ нагъуи
- ГуфIэжынщ.
- ГуфIэжынщи, псори
- Сэ къыспежэжьэнщ,
- Махуэ псокIэ
- Сэ сыгуфIэу
- Ахэм сахэтынщ.
- НанитI
- Нанэ дахэу
- Нобэ
- Сэ сыкъихуэпащ,
- Нобэ япэу
- Нанэ садикым
- Сишащ.
- Садым нэгъуэщI
- Нанэ
- ГуфIэу къытпежьащ,
- Иджы сиIэщ
- Сэ нанитI —
- Зыр ди унэ
- Нанэщ,
- Зыр ди садик
- Нанэщ.
- ТIуми фIыуэ
- Сыкъалъагъу,
- Сэри тIури
- ФIыуэ,
- ФIы дыдэу
- Солъагъу.
- Жэщ
- ЩIакIуэ фIыцIэ
- ЩитIэгъауэ,
- Жэщым щIылъэм
- КъыщекIухь,
- Жейр и къэпым
- Из къищIауэ
- Къуажи, жыли
- Щырекъухь.
- Сабий цIыкIухэр
- Жеижауэ
- ПщIыхьым IэфIу
- Хэтщ,
- Ауэ мазэр
- Къэушауэ
- Лыду уэгум
- Уэму итщ.
- Пщэдджыжьым
- Джэджьей цIыкIухэр
- Къэушауэ,
- КIийуэ пщIантIэм
- Къыщажыхь,
- Хьэпшыр цIыкIур
- Къэгубжьауэ,
- Джэджьей цIыкIухэм
- ТохъущIыхь:
- «Фэ Iей цIыкIухэр
- ФыщыкIауэ,
- ПхъэнкIийр
- Уафэм дывопхъей,
- Сэ нэху щыхукIэ
- Сыплъыращи,
- Фысабыри,
- Сывгъэжей».
- Зыдогъасэ
- Си шыпхъу Динэ,
- Динэ цIыкIум
- Уэрэд жиIэуэ
- Зегъасэ,
- Си дэлъху Мэдэ,
- Мэдэ цIыкIум
- Дахэу къафэуэ
- Зегъасэ,
- Сэ пшынауэу
- Зызогъасэ.
- Зыдогъасэ,
- Зыдогъасэ,
- Дэ зэгъусэу
- Зыдогъасэ,
- Дэ дегугъуу
- зыдогъасэ,
- Концерт ттыну
- Зыдогъасэ.
- ИлъэсыщIэр
- Къызэрысу
- Япэ утыку
- Дыкъихьэнущ,
- Дэ ди хъуапсэр
- ДгъэзэщIэнущ,
- Дызэгъусэу
- Концерт ттынущ.
- Псори, псори гуфIэу
- Дэ Iэгу
- Къытхуеуэнущ.
- Зыдогъасэ,
- Зыдогъасэ,
- Дэ зэгъусэу
- Зыдогъасэ,
- Дэ дегугъуу
- Зыдогъасэ,
- Концерт ттыну
- Зыдогъасэ.
- Сэ сыкъофэ
- Фащэ щыстIэгъауэ,
- Пшынэм сыкъыдофэ,
- Сэ сыдихьэхауэ,
- Джэрэзу сыкъофэ.
- Сыкъофэ, сыкъофэ
- Сэ сыдихьэхауэ,
- Сыкъофэ, сыкъофэ,
- Джэрэзу сыкъофэ.
- «УвыIэж зэ!» — жери,
- Си анэр мэшхыдэ,
- «АдыгэлIщ мыр» —
- жери,
- Iэгу къысхуоуэ Дадэ.
- Сыкъофэ, сыкъофэ
- Сэ сыдихьэхауэ
- Сыкъофэ, сыкъофэ,
- Джэрэзу сыкъофэ.