Къудей Дисанэ и текIуэныгъэ
2014-01-22
- Спорт гимнастикэмкIэ пашэныгъэр къэхьыным теухуауэ Кавказ Минерал Псыхэр къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтащ Ставрополь, Краснодар крайхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я гимнасткэ 70-м щIигъу. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ Шэджэм щыщ школакIуэ ныбжьыщIэ Къудей Дисанэ.
- ЕплIанэ классым щIэс ныбжьыщIэр куэдым хунэсащ, ар хэтащ республикэ, щIыналъэ зэхьэзэхуэхэм, спорт гимнастикэмкIэ Сочэ щекIуэкIа урысейпсо гуп зэпеуэм. Дисанэ щIыхь тхылъ 11, дыщэ медали 3, дыжьынуи апхуэдиз къихьащ. Илъэсым щIигъуауэ нэхъ ерыщыжу зызыгъасэ хъыджэбз цIыкIум ехъулIэныгъэ нэхъыфIыжкIи уегъэгугъэ.
- Гимнасткэр я гъэсэнщ 2000 гъэм Сидней щекIуэкIа Олимп Джэгухэм къыщыхэжаныкIа, Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Продуновэ Еленэ, спортым и мастерхэу Тазит Иринэрэ Азычэ Раметэрэ.
- КIарэ Элинэ.