ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псалъэхэм я мыхьэнэр

2013-09-07

 

  • ВакIуэ гъукIэ. Лэжьыгъэм, жылагъуэ зэхэтыкIэм епха терминщ. ВакIуэ дэкIынухэр япэм дзейуэрэ зэгухьэу щытащ. Апхуэдэхэм деж, жылэм гъукIэу дэсыр зэгухьа гупхэм трагуашэрт. Вэн-сэныр зэфIэкIыху, гъусэ зыхуэхъуа гупым и Iуэху фIэкIа гъукIэм ищIэртэкъым, абы хэтхэм я Iэмэпсымэхэр зыхуей хуигъазэу ядэла­жьэрт. Абы пэкIуэу гъукIэм и унагъуэм и щIы Iыхьэри хуавэрт, жылэри хутрасэрт. Апхуэдэу гупым ядэлажьэ гъукIэм «ВакIуэ гъукIэкIэ» еджэрт. Вэн-сэныр зэфIэкIа иужь, гъукIэхэр я щхьэ хуэлажьэу щIа­дзэжырт.
  •  
  • ВакIуэдэкI (ВакIуэдэкI махуэ). Мэкъумэш лэжьыгъэм ехьэлIа псалъэщ. Япэ зэманым адыгэхэм пасэу щIадзэрти зыхуа­гъэхьэзырырт гъатхэм вакIуэ зэрыдэ­кIы­нум: зэрывэну Iэмэпсымэхэм кIэлъы­п­лъхэрт, дзейуэ зэгухьэхэрт, гъукIэхэр зытрагуашэрт, н.къ. ИтIанэ махуэ гуэр хахырти, псори зэуIуу лэжьыгъэм зэдыщIадзэрт. А махуэм «ВакIуэдэкIкIэ» еджэрт.
  •  
  • ВакIуэ дзажэ. Лэжьыгъэм, адыгэ шхыныгъуэхэм епха терминщ. ВакIуэ щыдэкI­кIэ здахь гъуэмылэм щыщ Iыхьэщ. Гъатхэм деж ерыскъыр къаймэщIэкIырт, абы къыхэкIыу вакIуэ дэкIхэм я гъуэмылэри нэхъыбэрэ зрагъэкъун хуей хъурт. ИтIанэ вэныр нэхъ лэжьыгъэ тыншу ябжырт, пса­лъэм папщIэ, мэкъуауэным нэхърэ. Мэ­къуауэм хэт цIыхухъухэм лы нэхъыбэ ирагъэшхырт. ВакIуэ гъуэмылэр адрейхэм къыхра­гъэ­щхьэ­хукIыну фIаща цIэщ.
  •  
  • ВакIуэихьэж. Мэкъумэш лэжьыгъэм ехьэлIауэ адыгэхэм ящIу щыта махуэш­хуэщ. Зэдэууэ вэным зэрыщIадзам хуэдэу, псоми зэгъусэу ар яухырт. И Iуэху хуэмыхъуу зыгуэр яужь къинамэ, абы и щIы Iыхьэри хуавэрт. Апхуэдэу гъатхэ вэныр зэфIэкIа нэужь, гуфIэгъуэ зэхыхьэ ящIырт, ефэ-ешхэ, джэгу, шыгъажэ хуэдэхэр хэту. Абы «ВакIуэихьэжкIэ» еджэрт.
  •  
  • ВакIуэ къурмэн. Лэжьыгъэм ехьэлIа адыгэ хабзэщ. Гъатхэ вэн-сэным зыхуэгъэхьэзырыныр зэфIэкIа нэужь, лэжьыгъэм щIа­мыдзэ щIыкIэ губгъуэм тхьэлъэIу ща­щIырт. Абы щыхъуахъуэхэрт мэкъумэш илъэсыр угъурлы яхуэхъуну, вагъэбдзумэ махуэ иралъэну, гъавэ бэв къахуэкIыну, жылэр дунейм и къэхъукъащIэ шынагъуэхэм щихъумэну. Апхуэдэ тхьэлъэIум «ВакIуэ къурмэнкIэ» адыгэхэр еджэрт. Ар зэрыкъуажэу зэхыхьэуи, хьэблэ-хьэ­блэ­кIэрэ е дзей зэрыщIа гупкIэрэ ирагъэкIуэкI хъурт.
  •  
  • ВакIуэ махъсымэ. Лэжьыгъэм, шхыны­гъуэхэм епха псалъэщ. Дзейуэ зэгухьауэ вэхэм я унагъуэм чейкIэ махъсымэ ящIырти, губгъуэм щыIэхэм хурагъашэрт. Абы «ВакIуэ махъсымэкIэ» еджэрт.
  •  
  • Думэн Хьэсэн.
  • Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ