ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэкъуэтыныгъэрщ терроризмэм и бий нэхъыщхьэр

2013-09-04

  • 2004 гъэм Беслъэн къалэм дэт курыт школыр бзаджащIэхэм яубыдауэ щаIыгъым къэхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу иткIэ, Урысейм фокIадэм и 3-м щра­гъэкIуэкI Терроризмэм и бий зэкъуэтыныгъэм и махуэ. Абы теухуа щыгъуэ пэкIу дыгъуасэ щызэхэтащ Абхъазым и утым. Налшык къалэ администрацэм и жэрдэмкIэ зэхаша «Къэбэрдей-Балъкъэрыр террорым и бийщ» зэхыхьэм цIыху куэд кърихьэлIат, абыхэм я нэ­хъы­бэр щIалэгъуалэт.
  •  
  • Канунников Анатолэ

    Терроризмэм и щIэпхъаджагъэхэм цIыху куэд зэрыхэкIуэдар, залымыгъэм зэщIыгъуу пэщIэувэмэ, нэхъ тыншу зэрыпэлъэщынур, къэкIуэнур зэлъытыжа щIалэгъуалэм нэхъыжьхэм я гугъа­пIэхэр зэрырапхыр къыхагъэщу пэкIур къызэIуахащ ар езыгъэкIуэкIахэм.

  • — Мы илъэсыр къызэрихьэрэ щIэпхъа­джащIэхэм яIэщIэкIуэдахэр мащIэ­къым, — жиIащ япэу псалъэ зрата, Хэку зауэшхуэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ Зэ­щIэузэда Къарухэм я ветеранхэм я къалэ советым и тхьэмадэ Абдуллаев Мустэфа. — Ди республикэ цIыкIум и лъабжьэр къэзыгъэтIэсхъэну хущIэкъу бзаджащIэхэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди щIалэхэр къагъэсэбэпкIэрэ яхузэ­фIокI щIэпхъаджа­гъэхэр ди щIына­лъэм щалэжьын. Ар къэдмыгъэхъуным ди къару псори ет­хьэлIэн хуейщ. Дяпэ ита нэхъыжьыфI­х­эр нобэрей ди зэхэтыкIэм къыхэплъатэмэ, апхуэдэ щытыкIэр къытхуагъэ­гъунтэкъым. Сыт щхьэкIэ? Ди республикэм и тхыдэ къулейр къэ­пIэтыжмэ, зэи къэхъуакъым иджы хуэдэу зы лъэп­къым къыхэкIахэр щызэ­пэщIэувэж, адыгэм е балъкъэрым езым хуэдэм Iэщэ къыщыхуиIэт. Хабзэхъумэ IэнатIэм пэрытми щIэп­хъаджащIэми я анэхэм я нэпсхэм я гуащIагъэр зэхуэдэщ. Бынырщ анэм и къулеигъэ нэ­хъыщхьэр, абы къыхэкIыу дэтхэнэми и къалэнщ анэм и нэпс къызэрыщIимы­гъэкIыным хущIэкъуу, сытым дежи игъэгуфIэу бгъэдэтыну. Анэхэм я гущхьэр зыгъэтынш хущхъуэущ быныр зэрыщытын хуейр. Республикэм зеужь, абы и унафэщIхэм цIыхухэм я псэукIэр зэрырагъэфIэкIуэн Iуэху щхьэпэхэр зэфIагъэкI, ди щIыпIэм и даха­гъэр хуэдэ щымыIэу телъыджэщ, ди щIы­уэпсыр къулейщ. Ауэ щIыналъэм щыIэ зэпIэ­зэрыт псэукIэр зэтезыкъутэну хуейхэм хъыбарыпцI куэд ягъэIу, апхуэдэ щIы­кIэкIи Урысейм и цIыхухэр Кавказым щыпсэухэм къытщагъэшынэ. Абы зи фейдэ хэлъхэр щыIэщ икIи абыхэм я мурад фIейхэр къаймыхъулIэн папщIэ къытщIэхъуэ щIэблэм зыхегъэщIэн ­хуейщ я хъуреягъкIэ щыIэ фIыр зыхуэдэр, абыхэм я зэманыр Iуэху щхьэпэкIэ гъэнщIыпхъэщ. Республикэм къэкIуэ­нум фIыкIэ ухуэзыгъаплъэ щIалэгъуалэ Iущхэр иIэщ, ахэр гъуэгу захуэм къызэрытрамышыным псори зэгъусэу дыхущIэвгъэкъу. Сабийр къызыхэкIа уна­гъуэм, лъэпкъым, къызыдэкIа жылэм я закъуэкъым абы и дуней тетыкIэмкIэ жэуаптакIуэр, ар псоми къыддалъагъури, жылагъуэр тегузэвыхьын хуейщ абы я гъэсэныгъэр зыхуэдэм.
  • «Вече» урыс щэнхабзэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Канунников Анатолэ и пса­лъэм къыхигъэщащ псори зэкъуэувэрэ республикэм и зэIузэпэщ псэукIэм хуэлажьэу щIадзэмэ, абы и лъэр зэрып­хущIэмыудынур.
  • — Дэтхэнэ зыри зэуп­щIыжын хуейщ: «Республикэм мамырыгъэ, зэIузэпэ­щыгъэ илъын, ар ефIэкIуэн папщIэ, сыт сэ злэжьар?» жиIэу, — къыщIидзащ и къэпсэлъэныгъэр Канунниковым. — Мис а упщIэм и жэуапыр къилъыхъуэкIэрэ, абы куэд зригъэзэхуэнущ, апхуэ­дэуи щыпсэу щIыналъэм и зыужьыныгъэм и гуащIэ гуэр зэрыхилъхьэным хущIэ­­къунущ. Абы щхьэкIэ республикэпсо, къэралпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхушхуэ блэ­жьын хуейуэ аракъым, дэтхэ­нэми и къалэныр жэуаплыныгъэ иIэу зэрызэфIихым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Сэ тIэу сыщыIащ МелыIычхэм я къалэу Беслъэн щыIэм. Зи гур Iейм зэщIиубыда щIэп­хъаджащIэхэм я зэранкIэ  зи гъащIэр къызэпыуда цIыху 334-м, нэхъыбэр зи псэугъуэ дахэ сабийуэ,   кхъащхьэхэр зылъэгъуам зэи щыгъупщэнукъым, зэман дэкIами, абыхэм я благъэ-Iыхьлыхэм я псэм щыщIэр къэIуэтэгъуейщ. Апхуэдэ Iуэху шынагъуэ къэмыгъэхъуным ди къару псори етхьэлIэн хуейщ. Узыпэмылъэщын Iуэхуи гугъуехьи щыIэкъым, дэIэпы­- къуэ­гъу дызэрыхуейр жыт­Iэ­фу, къытщыгугъым зы­щIэд­гъэ­къуэфу зедвгъэгъасэ, пагагъэм зедвмы­гъэ­гъэхь.
  • — Зи бын Iей хуэзэну хуей зы адэ-ани щыIэкъым, псори щIохъуэпс я щIэблэр насыпыфIэ хъуну, — жиIащ КъБР-м и члисэхэм я благочиннэ, протоиерей Бобылёв Валентин. — Сыт хуэдэ Iуэху фыщыпэрыхьэкIи фегупсыс а влэжьынур адэ-анэм къазэрыщыхъунум, итIанэ фэ зэи фыщыуэнукъым. Тхьэм и быну зыкъэзылъытэжхэр, абы и жьауэм щIэту псэухэр зэдэлъхузэшып­хъум хуэдэу зэбгъэдэтын  хуейщ, сытым дежи зыр адрейм дэIэпыкъуэгъу хуэ­хъуу. ГущIэгъу зыхэмылъ цIыхур шынагъуэщ, апхуэдэрщ Беслъэн къалэм къыщыхъуа щIэпхъаджагъэ хьэлъэр зылэжьыфынур. Террорым цIыхум къыхуи­хьын­кIэ хъунур нэсу зыхэ­зымыщIэхэм МелыIычхэм я къалэр ялъэгъуа иужь къагурыIуэнущ абы къихь гузэвэгъуэм и инагъыр. Шэч хэмылъуи, абы и ужь­кIэ абыхэм гъащIэм щаIэ лъапIэныгъэхэм куэдкIэ захъуэжынущ.
  • Абдуллаев Мустэфа

    ЦIыхухэр зауэм къыхуезыджэ зы дини зэрыщы­мыIэр къыхигъэщащ и пса­лъэм КъБР-м и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и уна­фэ­щIым и къуэдзэ Мисиров Хъызыр къыщыпсалъэм.

  • — Лей зезыхьэ цIыхум ар зэи къыхуэгъунукъым, — жиIащ Мисировым. — Гува-щIэхами ар абы къыпе­кIуэ­кIыжынущ. Диныр тегъэ­щIа­пIэ зыщIу Iэщэр къэзыщтэхэр гъуэгу шына­гъуэм тетщ. Диным цIыхухэр къызыхуриджэр мамыры­гъэрщ, гуапагъэрщ. Адэ-анэм я быным щхьэкIэ щIагъэкI нэпсым и пщтырагъыр быным зыхищIэфу щытамэ, къагурыIуэнут абыхэм я псэм щыщIэр. ФIы зигу илъырщ зи Iуэху дэкIы­нур. Фыкъэзылъхуахэм фащысхь, абыхэм я зы нэпс ткIуэпси къызэревмыгъэ­кIуэным фыхущIэкъу. Узы­гъэпIейтей Iуэхущ нобэ дыщIызэ­хыхьар, дяпэкIэ гуфIэгъуэ щхьэу­сы­гъуэкIэ Тхьэм дыз­ригъэхьэлIэ.
  • — Беслъэн къалэ къыщыхъуауэ щытар цIыху акъы­лым къимытIасэ Iуэхущ, — къыпищащ адэкIэ псалъэмакъым КъБР-м и Парламентым и депутат Азычэ Светланэ. — Зы дини зы щэнхабзи щыIэкъым апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэр къитIасэу. ЩIалэгъуалэр фызыщIэгупсысыж: сыт мы дунейм фыкъыщIытехьар? Сэ щIалитIым сраанэщ. Анэм иIэ хъуэпсапIэхэр зыхуэдэр сэ фIыуэ сощIэ. Фэ фи къалэн нэхъыщхьэр фи адэ-анэхэр къыфхуэарэзыуэ гъащIэм увыпIэ тэмэм щывубыдынырщ, унагъуэ дахэ, насыпыфIэ фухуэнырщ. Анэгур махэщ… Быныр фIы­ми Iейми, абы и дежкIэ ар зэхуэдэу лъапIэщ… Хэвмы­гъэщI фи анэхэм я гур. Урысейм и къэкIуэнур зэлъытар нобэ фэ фхэлъ жэуаплыныгъэрщ.
  • ПэкIум хэтащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэри.

  • «Зэкъуэтыныгъэ» жылагъуэ фондым и тхьэмадэ, КъБКъМУ-м и студпрофкомым и унафэщI Шыбзыхъуэ Нарзанрэ КъБКъУ-м и студент зэгухьэныгъэм и советым и унафэщI Лу Азэмэтрэ щIалэгъуалэр къыхура­джащ терроризмэм, экстремизмэм зэкъуэту пэщIэтыну, къызыхэкIа лъэпкъхэм къа­де­кIуэкI хабзэ дахэхэм тету я гъащIэр яухуэну, республикэм и мамыр, зэIузэ­пэщ псэукIэм зэрахузэфIэкI­кIэ я гуащIэ халъхьэну.
  • ЗэIущIэм и кIэм къэкIуэ­нум фIыкIэ зэрыхуэплъэм и нэщэнэу шар зэмыфэгъухэр уафэм драгъэлъэтеящ.
  •  
  • ЩхьэщэмыщI Изэ.