Кавказым щыIэ хэкIыпIэхэр къагъэсэбэп
2013-09-04
- Нобэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым кIэртIофрэ хадэхэкIыу езыр зыхуеинум хуэдиз къелэжьыж.
- ЩIыналъэм зэуэ турист мин 15-м зыщагъэпсэхуфынущ
- Къэбэрдей-Балъкъэрым зыхуегъэхьэзыр дызыхуэкIуэ бжьыхьэм экономикэм пыщIауэ екIуэкIыну Iуэху нэхъ ин дыдэм — фокIадэм и 26-м къызэIуахыну «Сочи-2013» XII дунейпсо инвестицэ зэIущIэшхуэм — зэрыхэтынум. КъБР-м и Iэтащхьэ Къанокъуэ Арсен къызэрыджиIамкIэ, ар делегацэм и пашэу щытынущ: тенджыз ФIыцIэ Iуфэм Къэбэрдей-Балъкъэрым куэдкIэ узыщыгугъын инвестицэ проект зыбжанэ утыку къыщрихьэнущ, апхуэдэу зыдэлэжьэну лъэныкъуэхэм зэгурыIуэныгъэхэр ярищIылIэнущ. Къанокъуэ Арсен «РГ»-м и корреспондентыр щыгъуазэ ищIащ республикэ бюджетым къыIэрыхьэ дотацэхэр гъэмэщIэным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIхэм, апхуэдэу щIыналъэм и курорт-турист IэнатIэм зегъэужьынымкIэ зыхуэплъэхэм.
- Къратынум щымыгугъын папщIэ
- — КъБР-м къыIэрыхьэ дотацэхэр гъэ къэс нэхъ мащIэ мэхъу. Макроэкономикэ бжыгъэ нэхъыщхьэхэр зэпымыууэ ефIакIуэ зэпытщ. Псори дызэрыщыгъуазэщи, 2012 гъэм кърикIуахэм япкъ иткIэ республикэм и промышленностым къилэжьар абы япэ ита илъэсым елъытауэ проценти 106,8-рэ мэхъу. Ар къэралым щынэхъыфI бжыгъэхэм ящыщщ. Апхуэдэ Iуэхухэр зэвгъэхъулIэн папщIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр къэвгъэсэбэпрэ?
- — Илъэс зыбжанэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр яхэтыжкъым Урысейм и щIыналъэхэу егъэлеяуэ дотацэ куэд зыхухаххэм. Сэ 2005 гъэм и фокIадэ мазэм республикэм и Iэтащхьэу сагъэуващ. Абы щыгъуэ финанс Iуэхухэр хуабжьу зэкIэлъымыкIуэт. Бюджет IэнатIэм лэжьапщIэмкIэ щIыхуэу сом мелуан 700-м щIигъу щызэтрихьат, къэрал кIуэцI щIыхуэри сом мелард 1,9-рэ хъурт, абы щыгъуэми бюджетым и хэхъуэхэм ящыщу республикэм къызэригъэпэщыжыфыр ерагъкIэ сом мелардищым яхунэгъэсу арат. Бюджетыр гъэзэщIэным, абы и хэхъуэ, хэщI Iыхьэхэр убзыхуным, къэрал кIуэцI щIыхуэхэр зэблэгъэкIыным пыщIа Iуэху псори Iэрызехьэт. ИпэжыпIэкIэ къэбгъэлъагъуэмэ, абы щыгъуэ си къарур нэхъыбэу зыхуэунэтIауэ щытар кризисым пэщIэтынырщ. Финанс Iуэхухэр зэрызэтеувэжам къыдэкIуэу, иджы утепсэлъыхь хъунущ экономикэм зэпIэзэрыту зэрызиужьым.
- Республикэм и бюджет зэгуэтым дотацэу къыIэрыхьэр процент 64,9-м щегъэжьауэ процент 49,9-м нэсу ягъэмэщIащ. Ар зи фIыщIэр налогхэмрэ налог ахъшэу щымыт адрей хэхъуэхэмрэ гъэ къэс нэхъыбэ зэрыхъурщ, дымыпшыныжыну федеральнэ бюджетым къытхуиутIыпщ ахъшэм елъытауэ дэ къызэдгъэпэщыж хэхъуэхэр нэхъ псынщIэу нэхъыбэ зэрыхъурщ. Псалъэм папщIэ, 2011 гъэм елъытауэ налог хэхъуэхэр нэгъабэ проценти 7,3-кIэ къэтIэтыфащ, дымыпшыныжыну къыдат ахъшэр къапщтэмэ, ар проценти 5-кIэ нэхъ мащIэ хъуащ.
- Дызэрыт илъэсымрэ абы къыкIэлъыкIуэ илъэситIымрэ ятещIыхьауэ къащта бюджетым хэт бжыгъэхэм нэрылъагъу къыпщащI ди Iуэхур ефIакIуэ зэпыту зэрекIуэкIыр. Апхуэдэурэ дылажьэмэ, 2015 гъэм и кIэухым ирихьэлIэу КъБР-м и бюджетым къыIэрыхьэ дотацэхэр иджыри проценти 10 хуэдизкIэ тхуэгъэмэщIэнущ.
- Къэрал щIыхуэхэм республикэм и ахъшэу гъэ къэс щхьэщатыкIхэр куэд хъуркъым, ахэр хэщIхэм я зы процентым нэсыркъым. Абы къыдэкIуэу щIыналъэ бюджетыр нэхъыбэу зытелажьэр социальнэ Iуэхухэрщ. ХэщIхэм я процент 60-м щIигъур хухах егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, социальнэ политикэм. БлэкIа илъэсым теухуауэ а IэнатIэхэм хухахыр проценти 10,2-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэу хэхъуащ экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмрэ зегъэужьыным трагъэкIуэдэн папщIэ капитал нэхъыщхьэм къыхузэщIагъэуIуэ инвестицэхэм. Iэмал хъарзынэхэр хьэрычэтыщIэ IэнатIэ мыинхэмрэ курытхэмрэ къыхузэрагъэпэщащ икIи абы и фIыщIэкIэ хьэрычэтыщIэхэм я жыджэрагъым нэрылъагъуу хэхъуащ. IуэхущIапIэщIэхэр, цIыхухэр щылэжьэну IэнатIэщIэхэр къызэIуахащ, ахъшэшхуэ трагъэкIуэдащ узыншагъэр хъумэным, егъэджэныгъэм, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ я IэнатIэхэм зегъэужьыным. Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ егъэфIэкIуэным хуэунэтIа программэ пыухыкIахэр зэхалъхьауэ ягъэзащIэ.
- — Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьынымкIэ нэхъапэ игъэщыпхъэ унэтIыныгъэхэр сыт хуэдэхэра?
- — Ди зыужьыныгъэм ехьэлIауэ нэхъапэ игъэщыпхъэу щыIэхэр къыщыгъэлъэгъуащ 2025 гъэм нэсыху Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и стратегиемрэ 2030 гъэм нэсыху КъБР-м зегъэужьынымкIэ стратегиемрэ. А документхэм япкъ иткIэ зэхалъхьэри, къащтащ 2012 — 2015 гъэхэм республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм и программэр. Абы япэ щрагъэщхэм ящыщщ турист кластерым зегъэужьыныр, мэкъумэш сырьем елэжьыныр и лъабжьэу агропромышленнэ комплексым зегъэужьыныр, псэупIэхэр зыубгъуауэ ухуэныр. Гулъытэ хэха худощI республикэм зегъэужьынымкIэ стратегие мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэми: ухуэныгъэм ирахьэлIэ материалхэр технологие лъагэхэр и лъабжьэу къыщIэгъэкIыным, электрокъару къэлэжьыным.
- — Уэ щIэх-щIэхыурэ къыхыбогъэщ туризмэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и дамыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу зэрыщытыр. Пэж дыдэу, республикэм хеубыдэ Европэм и щыгу нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ, щIыналъэм зыхуэбгъэдэн щымыIэ псы хущхъуэхэр къыщыщIож. АтIэ курорт-рекреацэ комплексым зегъэужьыным и лъэныкъуэкIэ сыт влэжьрэ?
- — 2012 гъэм КъБР-м цIыху мин 200-м нэблагъэм зыщагъэпсэхуащ, мин 15-р нэгъуэщI къэралхэм щыщщ. Иджыпсту республикэм зэуэ къригъэблэгъэфынущ туристрэ зыгъэпсэхуакIуэу мин 15-м нэблагъэ. КъБР-м турист, курорт-рекреацэ комплексым и IуэхущIапIэу реестрым 221-рэ къыщыгъэлъэгъуащ, абы къыдэкIуэу, мы илъэсхэм нэхъыбэ мэхъу апхуэдэ IуэхущIапIэхэр. Иужьрей зэманым къриубыдэу турист инфраструктурэм и IэнатIэу 39-рэ лажьэу яутIыпщащ, иджыри 70 хуэдиз яухуэ.
- «Налшык» курортым и закъуэщ йод, бром, сероводород, азот псы хуабэхэмрэ гидрокарбонат-нартий зыхэлъ псы фIэIухэмрэ зэщIыгъуу зиIэ курорту Урысейм и щIыналъэм щыIэр. Ди щIыналъэ мыиным щыIэ апхуэдэ псы къыщIэжыпIэу 18-м жэщ-махуэм псы хущхъуэу литр мелуан 12 къат, ди деж щыIэщ ятIэ хущхъуэгъуэ къызыхах Тамбукъан гуэлыр. Илъэсым щыщу ди щIыналъэм махуэ 300-р щыуэфIщ, щыдыгъэпсщ, къурш щIыналъэм и хьэуари къабзэщ. ЩIыуэпсым и апхуэдэ фIыгъуэшхуэхэр нэгъэсауэ икIи сэбэп пылъу къэгъэсэбэпын хуейщ цIыхухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэн и лъэныкъуэкIэ.
- Къэралым и Iэтащхьэхэм я унафэкIэ, зыхуэфащэ федеральнэ программэм хагъэхьащ «Налшык» курортым мелард куэд зи уасэ и хъугъуэфIыгъуэхэр къызэрагъэсэбэпыну щIыкIэр. Зыхуэбгъэдэн щымыIэ ефIэкIыныгъэхэр, узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ Iэмалхэр зэриIэм и фIыщIэкIэ, КъБР-м и къалащхьэр псы хущхъуэхэмкIэ узыфэ куэд щагъэхъуж курорт хъуащ. Къэралым и дэIэпыкъуныгъэ игъуэтрэ зыхуэфащэ инвестицэхэри хухахмэ, мы курортыр дунейпсо мыхьэнэ иIэу пхузэтеухуэнущ.
- «Налшык» курортыр федеральнэ программэм зэрыхагъэхьам зэфIэкI инхэр къызэIуех сыт и лъэныкъуэкIи тэмэму лэжьэфын, щIэупщIэшхуэ зиIэн, цIыхухэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэнымкIэ Iуэхутхьэбзэ нэгъэсахэр зэфIэзыгъэкIыфын санаторэ-курорт комплекс зэтегъэувэнымкIэ. Къэралымрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ я мылъкур зэгъэуIуауэ курортым зегъэужьыным трагъэкIуадэмэ, республикэм дэнэ щIыпIи щиIэ пщIэм хэхъуэнущ, абы и инвестицэ щытыкIэр ефIэкIуэнущ.
- ЩIыр къазэремэщIэкIырщ жыг хадэхэр щIыхасэр
- — ЩIыналъэм и экономикэм и зэхэлъыкIэм къегъэув иджырей технологиехэр нэхъ зыубгъуауэ агропромышленнэ комплексым къыщыгъэсэбэпын хуейуэ. Абы и лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьэкIэ гуэр щызэтеува?
- — Агропромышленнэ комплексыр республикэм и экономикэр къыдахыжыну узыщыгугъ хъуну IэнатIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Мэкъумэш хозяйствэм мыхьэнэ хэха иIэщ КъБР-м щыпсэухэм ящыщу тIу къэс ещанэм и Iуэхур ефIэкIуэнымкIэ. А продукцэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал кIуэцI валовэ продуктым и процент 28-рэ мэхъу. БлэкIа илъэсхэм зэтеуващ мэкъумэш хозяйствэм и Iуэхур унэтIынымрэ абы ахъшэкIэ дэIэпыкъунымкIэ къэралым къигъэсэбэп Iэмалхэр. Иужьрей илъэситхум къриубыдэу агропромышленнэ комплексым зэрызиужьам тещIыхьа бжыгъэ нэхъыщхьэхэр къапщтэмэ, къыбгурыIуэнущ мэкъумэш продукцэр и уасэхэм я лъэныкъуэкIэ хуэдэ 1,5-кIэ нэхъыбэ зэрыхъуар. Гъавэу кърахьэлIэм хуэдэ 1,2-кIэ, кIэртIофым хуэдэ 1,3-кIэ, гъэшым хуэдэ 1,4-кIэ, лым хуэдэ 1,5-кIэ хэхъуащ. Апхуэдэ бжыгъэхэр къызрикIуар а илъэсхэм къриубыдэу республикэм и мэкъумэш хозяйствэм субсидиехэр къызыхуаутIыпщ кредит ахъшэу сом мелард 27-м щIигъу къызэрыIэрыхьарщ, мы IэнатIэм къэралыр сом меларди 7,6-кIэ къызэрыдэIэпыкъуарщ. Къэралымрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ я мылъкур зэщIыгъуу къызэрагъэсэбэпым и фIыщIэкIэ, гъэш, лы къэлэжьынымкIэ, джэдкъаз гъэхъунымкIэ, жыг хадэхэр хэсэнымрэ хадэхэкIхэр гъэкIынымкIэ проект ину, иджырей технологиехэр лъабжьэ зыхуащIа инвестицэ проекту куэд ягъэзащIэу щIадзащ.
- Дауи, иджырей лъэхъэнэм Iэмал пэрытхэр къыумыгъэсэбэпу зы IэнатIэми зыпхуегъэужьынукъым. Апхуэдэ дыдэщ мэкъумэш хозяйствэри. Иджырей экономикэм къегъэув продукцэр и уасэкIи и фIагъкIи къезэгъыу, щIэупщIэ иIэу щытын хуейуэ: мэкъумэшхэкIыу куэд къэбгъэкI къудейкIэ Iуэхур дэкIынукъым, ар ща зэрыхъунуми егупсысыпхъэщ икIи республикэм и мэкъумэшыщIэхэр абы фIыуэ щыгъуазэщ. КъБР-м и агропромышленнэ комплексым хиубыдэ предприятэхэр зэпымыууэ макIуэ дунейпсо, урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэхэм икIи ди ерыскъыпхъэхэм щIыхь тхылъхэр, медалхэр къыхуагъэфащэ. Ар аргуэру зэ щыхьэт тохъуэ ди мэкъумэш хозяйствэр зэманым къигъэувхэм къазэрыкIэрымыхум, абы иджырей технологиехэр къызэригъэсэбэпым.
- Зэман кIыхьым тещIыхьауэ дэ диIэ стратегие мурадхэм япкъ иткIэ, иджырей технологиехэр къыщагъэсэбэп агропромышленнэ комплекс лъэщ зэтедгъэувэнущ. Нобэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым кIэртIофрэ хадэхэкIыу езым хурикъужынум хуэдиз кърехьэлIэ.
- — Республикэр ирогушхуэ пасэу къызыпыкIэ жыг хадэхэр зехьэн и лъэныкъуэкIэ иIэ ехъулIэныгъэхэм. АтIэ агропромышленнэ комплексым и IэнатIэм хиубыдэу а Iуэхум нэхъ щIегугъум и щхьэусыгъуэр сыт?
- — Кавказ Ищхъэрэм и адрей республикэхэми хуэдэу, КъБР-м щIыр къызэремэщIэкIыр гугъуехь нэхъыщхьэхэм ящыщщ. ВапIэхэр щымащIэм и деж мэкъумэш хозяйствэм зегъэужьынымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэр щIыр зэрызепхьэ технологиехэр ебгъэфIакIуэу абы къитым хэгъэхъуэнырщ, апхуэдэу гуащIэдэкIым къыпэкIуэ хъерыр къэIэтынырщ. Мис апхуэдэ хэкIыпIэхэм ящыщ зыщ пасэу къызыпыкIэ жыг хадэхэр хэсэныр. АтIэми, ди республикэм и щIыналъэм и щытыкIэмрэ щIым и зэхэлъыкIэмрэ хуабжьу хуокIуэ пхъэщхьэмыщхьэ бэв къэгъэкIыным.
- Шэч къытедмыхьэжу жытIэ хъунущ пхъэщхьэмыщхьэ къэгъэкIынымкIэ зыхуеину Iэмал псори республикэм зэрыщызэтеувар. Иужьрей илъэситхум къриубыдэу ди деж пасэу къызыпыкIэ жыг хадэу гектар 2300-рэ щыхасащ, зэрыщыту Урысейм щыIэкъым апхуэдиз зыхузэфIэкIа. Уней лъапсэхэр хэмыту, жыг хадэхэр хэсэным мэкъумэш IуэхущIапIэу, щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэу елэжьхэм я бжыгъэр 50-м щIегъу. Мы IэнатIэм и техникэ лъабжьэри зэтоувэ. Италием къраша технологиехэм тету, питомникхэр гектари 125-м щыхасащ икIи абыхэм жыгыщIэу мелуани 3-м нэблагъэ гъэ къэс хадэщIэхэр хэзысэнухэм иращэфынущ. Къэралым щыяпэу ди деж къыщызэIуахащ жыг хадэхэмрэ жызум хадэхэмрэ къыщагъэсэбэпыну бетон пкъохэр къыщIэзыгъэкI завод.
- Къэралым и щIыналъэхэм ящыщу КъБР-м и закъуэщ пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ яхъумэн папщIэ пластикым къыхэщIыкIа ашыкхэр къыщыщIагъэкIыр, апхуэдэу мыгувэу ящIу щIадзэнущ хадэхэр уэм щызыхъумэ хъархэр. Абыхэм ящIыгъуу яухуэ иджырей пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI хъумапIэхэр. Республикэм щрагъаджэ пасэу къызыпыкIэ жыг хадэхэм елэжьыну IэщIагъэлIхэр.
- Инвестицэхэм я «сэхыр» быдэу щытынущ
- — 2013 гъэм КъБР-м сыт хуэдэ инвестицэ проектхэр щагъэзэщIэну?
- — Псом япэу къэгъэлъэгъуапхъэщ полимер къабзэхэр къыщIэзыгъэкI «Этана» заводыр ухуэнымрэ (абы и хъуреягъкIэ экономикэ щIыналъэ хэха къызэрагъэпэщыну я мурадщ промышленностым и IуэхущIапIэхэр хиубыдэу) Кавказ Ищхъэрэм и турист кластерым хиубыдэу бгы лыжэ курортхэм зегъэужьынымрэ. А проектитIыр дяпэ илъэс куэдкIэ республикэм и зыужьыныгъэр зыхуэунэтIа «сэхыу» увынущ. Экономикэм и IэнатIэ нэхъыщхьэхэм — промышленностым, агропромышленнэ комплексым, туризмэм псынщIэу заужьынымкIэ лъабжьэр зэтеуващ.
- — КъБР-м иригъэкIуэкI промышленнэ политикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр сыт хуэдэ?
- — Ди промышленнэ политикэм и стратегие нэхъыщхьэр зыхуэунэтIар сырьем елэжь IэнатIэхэм иджырей технологиехэр и лъабжьэу зегъэужьынырщ, щIэныгъэм и къэхутэныгъэщIэхэмрэ иджырей инновацэ лэжьэкIэмрэ къэгъэсэбэпыным зэпымыууэ хуэкIуэнырщ.
- СызэреплъымкIэ, КъБР-м и промышленностым хузэфIэкIынур нэхъыбэу зэлъытар фIагъри уасэри тэмэму щызэпэлъыта IэнатIэхэм зегъэужьынырщ. Сэ иджыпстуи лъэныкъуэ езгъэзакъым Къэбэрдей-Балъкъэрыр Урысейм и щIыналъэ нэхъ зызыужьа дыдэхэм ящыщ сщIыну сиIэ мурадышхуэр, абы къыхэкIыу къарууэ збгъэдэлъыр есхьэлIэнущ ар гъэзэщIа хъуным папщIэ.
- «Российская газета» газет, №6169 (193), 2013 гъэм шыщхьэуIум и 29-м.