ФэтэрыщIэу 743-рэ
2013-07-31
- КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къэрал программэ хэхахэмрэ ухуэныгъэ комплексымкIэ и къудамэм къызэрыщыджаIамкIэ, мазих кIуам республикэм сом меларди 2,2-рэ и уасэ ухуэныгъэ щрагъэкIуэкIащ.
- Ар нэгъабэ и апхуэдэ лъэхъэнэм елъытауэ % 1,3-кIэ нэхъыбэщ.
- Уней псэупIэхэри хэту, IуэхущIапIэ лIэужьыгъуэ псоми метр зэбгъузэнатIэ мин 84,7-рэ хъу фэтэрыщIэу 743-рэ яухуащ. Ар илъэс кIуам и щIышылэ -мэкъуауэгъуэ мазэхэм яхузэфIэкIам процент 1,1-кIэ щIегъу.
- Къуажэхэм метр зэбгъузэнатIэ мин 26,7-рэ къызэрыкI фэтэру 239-рэ щащIащ. ПсэупIэхэм я нэхъыбэр метр зэбгъузэнатIэ мин 68-р унагъуэхэм хуозэ. Ар мазихым ятам и процент 80,3-рэ мэхъу.
- КIэрашэ Линэ.