ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Шэджэмдэсхэр къофэ

2013-07-31

  • Шэджэм районым Щэн­хаб­зэмкIэ и унэм и утым щIалэгъуалэр мэрем къэс щызэхуэсурэ адыгэ къафэ щызэхаублэ.
  •  
  • А Iуэхур зи жэрдэмыр щIыпIэ ад­министрацэм щэнхабзэмкIэ иIэ къудамэрщ. Абы и унафэщI Вэрокъуэ Ларисэ зэрыжиIэмкIэ, щIалэ­хэм­рэ хъыджэбзхэмрэ къафэ къудей мыхъуу, къафэм и хабзэхэм зыщагъэгъуазэ. «Шэджэм псыкъелъэхэр» цIыхубэ ансамблым и балетмейстер, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Молей Алихъан кIэ­лъоплъ щIалэгъуалэм адыгэ хабзэр зэрагъэзащIэм.
  • Хабзэм тету, адыгэ джэгур уджкIэ зэхуащIыж.
  •  
  • КIАРЭ Элинэ.